ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьэнущ сом мелуан 20-м нэблагъэ

2020-07-14

  • Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэхэм сом мелардитхум щIигъу яхуиутIыпщынущ, медицинэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я мазэ зыгъэпсэхугъуэм пэкIуэ ахъшэм хущIагъун папщIэ. Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. Ахъшэр къыхахынущ УФ-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Урысей гвардием» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм къулыкъу щызыщIэ офицерым къэрал дамыгъэ къыхуагъэфащэ

2020-07-14

  • И къулыкъур щрихьэкIым къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ папщIэ «Iуащхьэмахуэ» СОБР-м и оперуполномоченнэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь        Б. Нурмухьэмэд къыхуагъэфэщащ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэм и медалыр. Дамыгъэ лъапIэр офицерым иритыжащ «Урысей гвардием» и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Васильев Сергей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Кавказ зауэм хэта урыс сэлэтхэм хуагъэува фэеплъыр Iуахыж

2020-07-14

  • Сочэ къалэм и администрацэм и унафэкIэ якъутэжащ Кавказ зауэм хэта урыс сэлэтхэм Адлер щыхуагъэувауэ щыта фэеплъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-07-14

  • Бадзэуэгъуэм и 14, гъубж
  •  Иракым щагъэлъапIэ я революцэм и махуэр. Къэралыр зи унафэм щIэт пащтыхьыр 1958 гъэм традзри, Иракыр Республикэ хабзэм зэрытеувэр хэIущIыIу ящIащ.
  •  Осетие Ипщэм щыIэ мамырщIэкъу къарухэм я махуэщ
  •  1789 гъэм Бастилиер (Париж) къыщащта махуэщ. Франджы революцэшхуэм щыщIидза махуэу ягъэлъапIэ ар.
  •  1860 гъэм Урысейм и къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ.
  •  1867 гъэм Инджылызым щыIэ Рэдхилл мывэ къыщIэхыпIэм Нобель Альфред япэ дыдэу щигъэлъэгъуащ къигупсыса динамитым и лъэщагъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ драматургиер къэзыIэта Ерчэн Леонид

2020-07-14

  • Адыгэм къыхэкIа режиссёр цIэрыIуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэу щыта, УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонид къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дыщокъуэ Фозэ и щапхъэ

2020-07-14

  • Бадзэуэгъуэм и 13-м илъэс ирикъуащ ХьэпцIей къуажэм (Тэрч щIыналъэ) анэдэлъхубзэмкIэ илъэс 44-кIэ щезыгъэджа, лъэпкъ Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьа, щIэблэ куэдым я гъэсэныгъэр зи фIыщIэ Дыщокъуэ Фозэ дунейм зэрехыжрэ. Абы теухуа тхыгъэ ди газетым тетауэ щытащ. Илъэситху ипэ а бзылъхугъэм сыхуэзэри сепсэлъат, и угъурлыгъэр зыхэсщIат. Ауэ зыкъэзумысыжынщи, абы щыгъуэ сэ Фозэ нэсу къысхуэцIыхуауэ схужыIэнутэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы теухуауэ къэс-
  • щIар щхьэщытхъуныр зи жагъуэ цIыхум сигъэлъэгъуам нэсти.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Сабийхэр  зыщыгуфIыкIын  тхылъ

2020-07-14

  • Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Пушкин Александр и «Сказка о рыбаке и рыбке» таурыхъыр, Щауей Мидэ адыгэбзэм къригъэзэгъа «Бдзэжьеящэмрэ бдзэжьей цIыкIумрэ теухуа шыпсэ» тхыгъэ-ри щIыгъуу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Сокъур Алим: Ди цIыхухэр лэжьакIуэшхуэщ, щIыуэпсыр къулейщ. Къалэныр — абыхэм защIэдгъэкъуэнырщ

2020-07-14

  • Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр къызэрыунэхурэ блэкIа илъэс 20-м къриубыдэу экономикэм хуабжьу зиужьащ. Иджы ди къэралым къанэ щымыIэу езым зыкъызэрегъэпэщыж ерыскъыхэкIхэмкIэ, уеблэмэ, гъавэхэкIхэр нэгъуэщI къэралхэм куэду ирещэ. А псори къэхъуфынутэкъым, мэкъумэш IэнатIэм хуэфащэ щIэгъэкъуэн мылъкукIэ имыгъуэтамэ. Къуажэдэсхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъунымкIэ иужь илъэсхэм къэралым щыпашэщ «Мэкъумэшбанк» АО-р. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Сокъур Алим нобэ ди псэлъэгъущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-14

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  •  (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72, 74, 77, 79, 81 — 82-хэм итщ).
  •  
  • ЗэкIэсу къэбэрдеимэ зыщыуа псоми зыщадзыжыну сыарэзыщ! Я пщы уэлийр я пашэу, зы лъхудий къэмынэу ирырелъэж езыхэм ещхьыпс я щыху-пIэ джаурыжьхэм! Сэ мыбы сыкъыщIэкIуар текIуэныгъэщ: щIыналъэр хуит къысхуащI закъуэмэ, хэт и хьэ сызыхуэныкъуэр? Дэ иджыри Карлрэ Мэзепэрэ къытпоплъэ, Ахьмэд сулътIаным а лIитIыр къыщIигъэгугъар елъытыжащ сэ мыбы исхыну текIуэныгъэм. Iуэху къытпэщылъщ. Урыс пащтыхь лъакъуэшхуэжьым и нэр къыхуидмыгъэпкIыу хъурэ?! Алыхьым апхуэдэу иухащи, зы джаур дгъэбэуэнкъым…» — Къаплъэн-Джэрий игу игъэфIыжрэ пэт, шэтырым щабэрыкIуэу къыщIыхьащ Уракъ мырзэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ фадафэ щэнхабзэр

2020-07-14

  • Иужьрей зэманым лъэпкъгъэкIуэдыр къы-зыхэкIыу жыхуэтIэ фадэм губжьрэ ихъу-ипкIрэ хэмыту зэпIэзэрыту дытепсэлъыхьыну фыкъызогъэгугъэ. Фадэ ефэныр анэдэлъхуу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хьэл, хьэмэрэ зэхэтлъхьа? Дауэ къызэдекIуэкIа адыгэмрэ фадэмрэ? Къетхьэжьа Iуэхур тэмэму зэпкърыха хъун щхьэкIэ ди адэжьхэм я гупсысэ гъэпсыкIэм дривгъакIуэ: дыкъэзыухъуреихь дунейм и дэтхэнэ теплъэгъуэри гурыIуэгъуэ щыхъур абы и лъабжьэмрэ къежьапIэмрэ къэбгъуэтыжу «укъыкIуэцIрыкIмэщ»: «ТхьэщIагъкIэ зэджэ мэзышхуэр зы мыщхьэщ, уэгум щызеуэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэщ» — дыдэвгъэкIуейт дэри псынащхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ЗэкIэ езыхэр зэдоджэгуж

2020-07-14

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020-2021 гъэхэм щыIэну зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зыщыхуегъэхьэзыр. Зыгъэсэныгъэхэм къыдэкIуэу зэIущIэхэри ди щIалэхэм ирагъэкIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Удихьэхыу  щIадзэж

2020-07-14

  • Налшык и шыгъэжапIэм зэхьэзэхуэхэм иджыблагъэ щыщIадзэжащ. Абы куэд щIауэ пэплъэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ