Амазонкэхэр – адыгэщ
2020-07-09
- Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкІэ Урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВООПИК) и Ростов къудамэм и археолог экспедицэм хэтахэм хъыбар къатащ мэуэт лъэпкъым (иджырей адыгэхэр къызытехъукІахэм) щыщ цІыхубз-зауэлІым (амазонкэм) и къупщхьэхэр къызэрагъуэтыжар.
- Къудамэм и унафэщІ Кожин Александр зэрыжиІамкІэ, мащэр къыщызэтрахащ федеральнэ мыхьэнэ зиІэ археологие фэеплъ щІыпІэм – ди эрэм и пэщІэдзэм щыІа Кобяковэ пасэрей къалэ жьым.
- — Археологхэр куэдрэ ирохьэлІэ яхъунщІа мащэхэм, — къыхигъэщхьэхукІащ Кожин, — ауэ, ди насыпти, мыр къызэтенащ. ЦІыхубзыр псэуащ ди эрэм и етІуанэ лІэщІыгъуэм. Къупщхьэхэм ябгъурылът зы метр зи кІыхьагъ гъущІ джатэ, апхуэдэу жэз гъуджэ, щыгъэхэр, кхъуэщын цІыкІу зыбжанэ.
- Археологхэм цІыхубзыр амазонкэу къалъытащ. ІэщІагъэлІ Ларенок Верэ и псалъэхэм тепщІыхьмэ, цІыхубз-зауэлІым къыщІэнахэм щІэныгъэм дежкІэ мыхьэнэшхуэ яІэщ: «Геродот тетхыхьащ ди эрэм ипэкІэ VІІ-VІ лІэщІыгъуэхэм псэуа Іэпхъуэшапхъуэ лъэпкъхэм ящыща амазонкэхэм. Ауэ къызэрыщІэкІымкІэ, зи пІэ имыкІыу псэу лъэпкъхэми бийхэм зыщахъумэн папщІэ зауэлІу къащтэрт цІыхубзхэр».
- ГъэщІэгъуэнщ мыри: амазонкэхэр щхьэгухъут, и щыгумкІэ щыхэшауэ. Щысабийм къыщыщІэдзауэ и щхьэр хъыданкІэ япхэу къыщІэкІынут хъыджэбзыр зыщыщ лъэпкъыр кърагъэщІэн папщІэ.
- СТРОИТЕЛЕВЭ Еленэ.
- Дон Іус Ростов къалэ.
- («Известия» газет)