ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу  и нэлат

2020-07-09

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  •  (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68,
  • 70 — 72, 74, 77-79-хэм итщ).
  • Зэгуэр и адэшхуэм (нэхъ иужьыIуэкIэ — и адэм) зэрищIу щытам ещхьыпсу, кIэмыргуеипщыр хьэмбыIуу псынащхьэм йотIысылIэ:
  • — Уи пщэдджыжьыр дахэу, псынэ нэху! Сытхэр уи псысэ нышэдибэ? Дауэрэ къыпхэпса ди дыгъэ? — жриIэурэ псынэм и шкIур Iущабэм щIодэIури: — Ардыдэщ дэри. Ардыдэщ… Уэ уэщхьу ди мывэпэщIэдзхэр нэхъри быркъуэшыркъуэщ иджыпсту. СымыщIэ, кIэрыху димыIэу дыпхрыкIыфынуми…

  • Енэм адыгэ къуажэм къыщалъхуа космонавт Березовой Анатолий и хьэщIэщ. 1998 гъэ

  • И Iэгу бгъузэ дахэхэр псынэку Iувым щIигъэлъадэри, Бэлэтокъуэ Iэгубжьэ зэгуэлъу псы мылым еIубащ. Псынэм и щIыIэпс къабзэм ехъуэпсэжщ, зыбжанэрэ и напэпкъым хуиту щIикIэри, игу зигъэнщIыжаурэ куууэ щэтащ. КIэмыргуеипщым и псэр пхъэрырт и пхъурылъхур иджыпсту а здэщыIэм: «Даур зи щIалагъ, шэчрэ шубыхьэрэ иримыщIэкIыжу, и лIакъуэм гугъу зыхурегъэхь, псэкIэ лъэпкъым хуолажьэ. Сэ зэнтхъ хьэкхъуафитIым я зэхуаку Iусыншэу дэлIыхьа алащэжьым нэхъей (мыжьмыгууи сыщымытат), япэ къыгуэщэт нэпкъым си шхулъэр иригъэпкIауэ арат-тIэ? Мис псынэр: ухуеиху щIэIэбэурэ зэщIэгъэутхъуэ — зигъэжэбзэжынущ. Псынэщ ар. Си псэри апхуэдэ дыдэщ — зиукъэбзыжын хуейщ!..
  • Бетэмал… Iэлигъуэт-пэщэр къызэхъуцацэу къыщежьам и япэ махуэм щыпызупщIын хуеят. «Гъэузи гъэхъуж» жиIакъэ цIыху Iущым. Згъэузынти, ар си щхьэ закъуэ Iуэхуу щытатэмэ, къэбэрдейхэм я цейкъуащIэм зыкIэрызыщIа бзаджэм кIэмыргуейхэр къезгъэл си гугъэжат! АбыкIэ нэгъуей пэщэи кърым хъани зыпызгъэкIын къысфIэщIыжурэ дзэгъашхэ яхуэсщIащ. Мэл хъушэрэ гъавэкIэ щхьэ уадэмыIэпыкъурэ иджыри Бэлэтокъуэпщ?! КIэмыргуейхэри нэхъри згъэщхьэрыуауэ арщ. Iущтэкъэ-тIэ: «бзаджэм уи кIэкъуащIэ зыкъыкIэрищIэмэ, пыупщIи блэкI!» — жызыIа пасэрей адыгэр?!» А гупсысэхэм я нэщхъейм зэуэзэпсэу къыхэбжьахъуэрт кIэмыргуеипщыр нэхъри зыгъэдыхьэшхыр:
  • ХьэтIохъущокъуэпщым деж, Къэбэрдейм зэуакIуэ блэкI кърым хъанымрэ  Бэлэтокъуэм и натIэгу нэ закъуэ исми къэзымыцIыху тырку сулътIанымрэ иджы закъыфIэщIыжыпауэ фэ ятетщ! Сэнджакъбей къысфIащри, дыщэ сэшхуи къысхуагъэдадий: «КъакIуэ кIэмыргуеипщ, ди бжэIупэ банэ пхуIуткъым. КъакIуэ», — жыхуаIэщ.
  • СулътIанхэри хъанхэри зэкIэсу укIуэт! Даур и гум сызэреуарщ псом нэхърэ нэхъ къыстехьэлъэр. Иджы согупсысыжри, пэжщ Даур и гъуазэр. Пэжщ… Мыдрейхэрщи, сымыкIуэмэ, залымыгъэкIэ сашэну къысхуодалъэ…»
  • … Псынэ Iуфэм гупсысэу Iус пщым Андемыркъан бейгуэлыр къыхуэкIуэрт:
  • — Зиусхьэн, уи шыпхъур, Къудас гуащэшхуэр къыпщIоупщIэ.
  • Бэлэтокъуэр и шыпхъум Iуплъэн фIэфIу, игу къызэрогъуэтыжри, хадэм къокIыж.
  • Гуащэшхуэ Къудас и дэлъху закъуэр пэшым щыщIыхьэм, къэтэджри жьэпкъыпэ щхьэщэ къыхуищIурэ, шэнт щхьэгуэр къыхуигъэкIуэтащ:
  • — КъэтIысыт, си псэм и нэху…
  • КIэмыргуеипщыр етIысэхри, и шыпхъум Iуплъэурэ пыгуфIыкIащ: «Гуащэу щыIэм я гуащэщ мы си шыпхъу дахащэр!»
  • Къудаси, и псэр здызэтепщIыкIыр нэгъуэщI гъуджэжьхэм я щхьэфэти:
  • — КъызжыIэт уи Iуэху зыIутыр. Сэ сщIэр — сэ сощIэ. Уи жьэкIэ къысхуэпIуэтэнуращ иджы сызыпэплъэр. ЖыIэ…
  • — Тас… дыгъуаси вэсэмахуи, — Болэт подыхьэшхыкI, шыпхъум и сабиицIэмкIэ зэресагъэжьу зыхуигъазэурэ, — дапщэрэ зыр жысIэн зэрыхуейр?
  • — Дыгъуасэрей махуэр, зиусхьэн, дыгъуасэм шэсри, Къубус щхьэдэхыжащ. Нобэр иджыри шыфIэдзапIэм щолъэдэкъэщыкI. Ди анэм и жыIауэ, нэхъ гуауэмкIэ къыщIэдзи, нэхъ пщIэгъуалэмкIэ щхьэдэдзыхыж. Си псэр нодаIуэ.
  • — Нобэрей IуэхукIэ, гуащэшхуэ, Iейр фIым йобэкI.
  • — Зы дахэм дагъуищэ игъэпщкIуу жаIэрт пасэрейхэм. Ди бжэIупэм лъагъуэ IузыщIыкIа нэгъуей шухэмкIэ къыщысхущIэдзэт.
  • — Къэбэрдей гъуэгу тет хъаным зэуакIуэ сыздишэну къысхуегъэлIыкIуэ.
  • — А хъыбарым жьакIэтхъу ищIыжащ, зиусхьэн. Уэрэдрэ Iуданэу лъахэм зэIэпахыр щIэщыгъуэжкъым. НэгъуэщIщ сэ къызжепIэн хуейр: тырку сулътIаным сэнджакъбей къулыкъу къызэрыпхуигъэфащэр? Ар къыщIысщубзыщIар?
  • — Дауэ пщызбзыщIынт! ТIуми зы зэманщ ар къыщытщIар. Умыгузавэт уэ!
  • — КIэмыргуей хьэщIэщхэм щымыщIэщыгъуэж а хъыбарыр си дэлъху нэхъыщIэм и пащIащхьэ банэмэ, дауэ сымыгузэвэнрэ? Сытыр уи хьисэп-тIэ? — Къудас и дэлъхум еплъурэ ауаныщI хъуэрыбзэу къыхущIегъуж: — Ярэби, тырку сэнджакъбей цIэр зыхуэфащэу зылI Шэрджэс Ипщэм имысыжу пIэрэт? Уэр нэмыщI жыхуэсIэщ!
  • Бэлэтокъуэхэ япхъу гуащэшхуэм и Iущ куумрэ щIагъыбзэ шэрэзымрэ дэпагэу, кIэмыргуеипщыр аргуэру пыгуфIыкIырт.
  • — Нобэ сышэсу сымыкIуэмэ, пщэдей кIэсу сахьыну къысхуэдэлъащ.
  • — Хьэгъапхъэ ящIу арагъэнщ. Алыхьу лъэщым къытхуимыхькIэ апхуэдэ! — дэлъхум и пщIэм тегужьеикIыу гуащэшхуэр лъаIуэри, Iущу зэригъэзэхуэжащ: — Зиусхьэн, кIэмыргуеипщыр хьэ гъэсам ещхьу кърым хъаным и джэ макъым ирижэ нэхърэ, Iэпхлъэпхрэ кIэсу залымыгъэкIэ хуашэмэ нэхъ напэщ адыгэм дежкIэ. Уи лъэпкъэгъухэм ар нэхъ къагурыIуэнущ.
  • — Абазэхэхэм, мэхъуэшхэм, беслъэнейхэм сралIыщхьэу, тырку сэнджакъбей сыхъуну ухуейтэкъэ?
  • — Нэгъуейхэри, адрей тедзэщ хэхэсхэри къащIыбгъужын пщыгъупщащ, си дэлъху закъуэ, — ауан щIэлъу подыхьэшхыкI гуащэшхуэри. — Сэракъым, зиусхьэн, узэупщIынур. Зэ закъуэ нэхъ мыхъуми, уи псэм зэ жэуап къыпыпхыну и чэзу хъуащ.
  • ПщIантIэмкIэ къиIукIа Iэуэлъауэм плъэну Бэлэтокъуэр щыщIэкIым, Къудас щхьэгъубжэм доплъ… Нэгъуей шу зыбжанэ пщIантIэкум итт, шылъэкIэ удзыпцIэ дахэр яхьу. Гуащэшхуэм псынщIэу псори зэригъэзэхуащ… Гъэмахуэ пырхъуэм щIэгъэкъуа пкъо сэхым нэс къэкIуатэри, Къудас бейгуэлыр ириджащ. И макъым зримыгъэIэту зэкIэлъигъэпIащIэурэ:
  • — ДэкI пщIантIэм. Гъуоуэ хыхьэ. Кърымыр КIэмыргуейм къоныкъуэкъу.
  • АфIэкIа хэлъакъым: Болэтхьэблэ гъуо зэпэджэжхэм дэпIейтейри, зи лъэ лъэрыгъ изылъхьэм кIэмыргуеипщым и пщIантIэмкIэ драгъэзеящ.
  • Пщым и пщIантIэм дэт бейгуэлхэм шыхэм зрадзри, сэшхуэ Iэпщэхэр яIыгъыу Бэлэтокъуэ и гупэ къиуват. Куэбжэпэм уэру кIэмыргуей шухэр къеIэрт. Нэгъуейхэри, я сэшхуэхэр кърапхъуэтауэ пщы бейгуэлхэм къапэщIэтт. Арыххэу нэгъуейхэм я шупашэ Бэубэч бжэщхьэIумкIэ плъэри:
  • — Iэщэхэр сампIэм ифлъхьэ! Фепсых! — жиIэурэ шым пIащIэу зыкъригъэлъэтэхащ…
  • Шухэр унэмкIэ плъэуэрэ, Iэщэр иралъхьэжауэ, зэкIэлъхьэужьу епсыхырт: бжэщхьэIум къыфIэкIауэ псы щхъуантIэм ес нэхъей, пщIантIэ удзыпцIэм хуэму кърикIуэрт Бэлэтокъуэхэ я гуащэр. Къудас и щхьэц ухуэнар, блапцIэ гъумыщIэу, дыжьын щIыIу бгырыпхым теджагуэурэ, дэнлъэч зэта дарий сэнжэхумкIэ еукIуриехыжырт. ЩхьэпцIэт кIэмыргуеипщым и шыпхъу пажэр: шылэхъарыр Iэдий ижьым еупцIэкIауэ фIэлъти, кхъуакIэ зэблэпхъыр удз щхъуантIэм кIыхьу здыхилъафэрт. Бзылъхугъэм и набдзэ фIыцIэ къурашэ лъагэхэм къащIэплъ нэ къащхъуэ-щхъуантIэхэм къащIих бзий лъэщым лIы зэпэщIэувахэр ундэрэщхъуауэ зэщIиIулIэрт…
  • Епсыхауэ зэхэт шу гупым Къудас гъунэгъу яхуэхъури, ипэ щIыкIэ адыгэбзэкIэ, итIанэ нэгъуеибзэкIэ:
  • — СызэхэфщIыкIащи, Алыхьым фиузэщI! — жиIэри и дэлъхур здэщытымкIэ зигъэзащ. — Зиусхьэн, сэшхуэкъипхъуэткIэ къытхудыхьа мы шухэм ппахыну нэхъ къыщIоныкъуэкъур сыт?
  • Бэлэтокъуэм и шыпхъум Iуплъэри, жылэ къызэхуэсам зэхахын хуэдэ, макъ лъагэкIэ:
  • — Кърым хъаным деж сахуэмыкIуэурэ, езыхэм пIалъэ гуэр схуагъэувати, иджы залымыгъэкIэ сашэну къыскIэлъыкIуащ.
  • — Мыбыхэм я псалъэр унафэрэ я IуэхущIафэр залыму зыщагъэткIийкIэ, дауи, аманат къытхуагъэнэну къыщIэкIынщ, кIэмыргуеипщым и щхьэ зэрыхуагъэфащэу? — мамыру щIоупщIэ Къудас. Бэлэтокъуэм нэгъуэщI псалъэ къыхуэгъуэтыжакъым:
  •  — Гуащэшхуэу, си шыпхъу дыщэ!..
  • — Аращ, зиусхьэн, хабзэр. Ауэ, Iуэхуракъэ, мыгъуагъэу щыIэр зи бжьакъуэкIэрэфыжьым къипща езы кърым хъаныр мыбдеж зэтекъыстэжауэ къысхурагъэтIысэхыну щытми, кIэмыргуеипщым и шыкIэ налъэ щIэстынутэкъым! ЗалымыгъэкIэ уашэмэ, укIуэнщ, ауэ а къыуащIар адыгэ лъахэм нэрылъагъу ящыхъуу, езы Къэбэрдейми ар нэмысыжу хъунукъым! Кърым хъаным ущыхуашэкIэ, уи бейгуэлхэм я закъуэкъым шу гъусэу ныбдэкIуэнур: зи лъэ лъэрыгъ изылъхьэу, Iэщэ зезыхьэр уи ужь ниувэнщ! Алыхь лъэщым сэкъатыншэу укъытхуихьыж, кIэмыргуеипщ!
  • … ШихкIэ зэщIэщIа гулэгъунэм ису кIуэрт Кърымым и хъаныр. Къаплъэн-Джэрий щIыгъуу иджы кIуатэрт дзэм и щIылъэныкъуэр, къищынэмыщIауэ, хъаным езым и щхьэхъумэхэр и ужь итыжт. Беслъэнейм и гъунапкъэр къызэранэкIрэ пэт, щхьэхъумэм хъаным къыжриIащ Бэлэтокъуэпщыр къызэрагъэсар.
  • — Дэнэ щыIэ езыр? — и губампIэ тIысыжауэ мэдыхьэшх Къаплъэн-Джэрий.
  • — Мес, дзэм бгъурытурэ ныткIэлъокIуэ.
  • Шылэ кхъуакIэхэр зэпэджэгуу къызыIущ данэ Iупхъуэр ирилъэфэкIри, хъаныр гущхьэгъубжэм дэплъащ:
  • — Къыздишаи иджы дыкъыщIигъэгугъа и кIэмыргуеидзэр!
  • — Дыгъэр зи теплъэ… Бэлэтокъуэ- пщым и щхьэхъумэ кIэмыргуей шухэр куэду къыкIэлъыкIуауэ аркъудейщ…
  • — Къэбэрдейхэм ещхьыркъабзэу, фиблщ мы кIэмыргуейхэри. ЗагъэпIийуэ! Я лIыгъэ фэрыщIыр ягъэлъагъуэу… И шу гъусэхэр зэрыщыту пывупщIи, езыр си гулэгъунэм и ужь къивгъэувэ! ЖэщитI-махуитIкIэ дыщызыпигъэплъакIэ, нрехьэмкIэ иджы увыIэпIэм дынэсыху.
  • Кърым хъаным и щхьэхъумэхэр Iуву зэувэкIа Бэлэтокъуэпщыр, хуей-хуэмейми, гулэгъунэм хьэмкIэлъэхъуу кIэлъыжэн хуей хъурт. Пщыр къэзыухъуреихьахэм Бэубэч яхэтыжтэкъым. Зы теуэгъуэ якIуу, Болэт зэплъэкIа нэужь, къыгурыIуат и шугъусэхэр зэрыпачар: бейгуэл шууипщI хуэдиз къэнэжауэ арт къыдежьахэм ящыщу. Андемыркъан бейгуэлым, и шым епсалъэ зищIурэ, пщым и ужь зэриIыгъыр къриIуэкIырт.
  • Хъаным и гулэгъунэр жэрыжэкIэ пIащIэрти, шугъусэхэри щIэмычэу хьэмкIэрт. КIэмыргуеипщым фIы дыдэу къыгурыIуат хъаным ауан хэлъу къызэригъэпудыр, апхуэдэу щытми, зишыIэмэ иджыпсту нэхъыфIу къилъытэрт.
  • КIэи пэи зимыIэ кърымыдзэ фIыцIэр, зиIуантIэурэ, КъэбэрдеймкIэ пщырт. Абыхэм къахуеплъых уэсыщхьэ къуршхэм мамыру къащхьэщытт адыгэ уанэм ещхьу дыкъуакъуэ Iуащхьэмахуэр.
  • КIэмыргуеипщыр иджы къуршхэм хыщIэу ириплъэурэ гупсысэрт: «Мы сщIэм къикIыр сыт?! Хэт сыхъуну? СыхьэщIэ? Сыгъэр? Хъаным и щхьэхъумэу, къэбэрдейхэм сахэзэухьыну сыкIуэрэ?! Пэжт Даур а къызжиIар! Нышэдибэ Къудас гушыIэнэпцIу къызидзар-щэ: «Зэ нэхъ мыхъуми, уи псэм зы жэуап къыпых!» Сыт напэкIэ саIуплъэжыну иджы си лъэпкъэгъухэм? Бэлэтокъуэ лъэпкъым и пщIэр къысхудэхыжыну зэгуэр?! «Укъыщалъхуари зы махуэщи, ущылIэжынури зэ лIэгъуэщ» — жаIэртэкъэ пасэрейхэм… ЛIыгъэ уиIэкъэ, Бэлэтокъуэ?» — кIэмыргуеипщыр зэмыплъэкIыу Андемыркъан бейгуэлым еджэри:
  • — ДылIэнщ, Андемыр, е дылIынщ, — жиIэурэ, сэмэгумкIэ къыбгъурыт кърым зауэлIым сэшхуэ уэгъуэ ирихщ, ижьымкIэ щытыр Андемыркъан къриупщIэтэхри, тIуми лъэныкъуэкIэ зрачащ. Нэхъ япэIуэ иту кIуэ щхьэхъумэхэм къэхъуар къагурымыIуауэ зыкъыщагъазэм, мыдрей бейгуэлхэр ежэри ахэри зэтраупщIэтащ. КIэмыргуеипщым и шу гъусэхэр и ужь иту мэз лъапэм нэсыжакIэт зы шу абрагъуэ щакIэлъыджам:
  • — Бэлэтокъуэ! Уи шыпхъу жьэхъум и кIэкъуащIэ ущIэпщхьэжыну хуабжьу упIащIэрэ?
  • КIэмыргуеипщым фIыуэ ицIыхурт а къэкIиям и макъыр.
  • — Уи гъуэгу ирикIуэ, Абрэдж. Уи зиусхьэнхэм уакъыкIэрыхумэ, зыкъыпхуагъэгусэнщ!
  • Хьэргъэшыргъэм къыдэуша Къаплъэн-Джэрий жейбащхъуэу зиплъыхьри щIэупщIащ:
  • — Къэхъуар сыт?
  • — Дыгъэр зи теплъэ… Бэлэтокъуэ-пщыр щIэпхъуэжащ.
  • Хъаным щабзыщIащ и щхьэхъумэхэм къащIыхьа кIэрыхур.
  • — Дэнэ кIуэн!.. Бэлэтокъуэ кIуапIэ иIэкъым, — хущхьэурэ зиукъуэдийщ,              и жейбащхъуэнэхэм Iэгу-IэштIымкIэ щIэIуэтыхьри, а зэрыхущхьэурэ пищащ: — Къэбэрдейм кIуэсэжа хъыджэбз фейцеижь цIыкIур тщIыгъурэ, ХьэтIохъущокъуэпщыр мы ди гулэгъунэм щIэщIауэ дыкъыщыкIуэцIрыкIыжкIэ, Бэлэтокъуэри абы гъусэу гуэтщIэнщ. Кърымым дихьэжыху а тIум едгъэлъэфынщ си гулэгъунэр. Дынэсыжмэ, Налмэс хъангуащэм хуит хуэтщIынщи, щIопщкIэ зигъэнщIыху едгъэкъунщ! Мис апхуэдэщ къытпэувхэм Iыхьэу ягъуэтыжынур. Шэджагъуэр къоблагъэ… Жыжьэ иджыри увыIэпIэр? ВжесIатэкъэ фи кIэр фымылъэфыну!
  •  … Мэзым хыхьэжа кIэмыргуейхэр иджы епсыхауэ зыкIэлъыплъыжырт. Андемыркъан бейгуэлым Бэлэтокъуэм и лъакъуэ лъызащIэр щилъагъум:
  • — Зиусхьэн, уи лъэтхьэмпэ сэмэгум дебгъэплъамэ нэхъыфIт.
  • — ЩIопщакIуэ схуэпщIын уи гугъэу умыжакъуэ, — мэдыхьэшх кIэмыргуеипщыр.
  • Бэлэтокъуэр гушыIа щхьэкIэ, уIэгъэр а зэригугъам хуэмыдэу куут: унэм нэсыжыху фэндырэу фIэбэга лъэтхьэмпэм лъахъстэн лъейр лэныстэкIэ щамыупщIэтыкIыу хъуакъым.
  • И дэлъхумрэ езымрэ я закъуэу къызэхуэна нэужь, Къудас гуащэшхуэр пыдыхьэшхыкIри:
  • — Уи уIэгъэр, зиусхьэн, Алыхьым и сэламщ. ЦIыхухэм егъэщIэн хуейщ Бэлэтокъуэхэ щIопщакIуэ зэраIэр.
  • — Къудас!.. — пхъашэу къыхэкIиикIащ Бэлэтокъуэр.
  • — НэхъыфIыр зыщIэр сэращ. Ныщхьэбэ фIэдмыгъэкIыу ди щIопщакIуэщ…
  • — Тас… МобыкIэ Къэбэрдейр… Даур…
  • — Къэбэрдейм нэхърэ, дэ ди Iуэхур зы Iэпхъуалъэ изыгъуэкIэ нэхъыфIкъым иджыпсту, зиусхьэн! Си къуэ щхьэзыфIэфIыр къызэмыдаIуэмэ, сыт си Iэмалыр? Алыхьым солъэIу уи пхъурылъхур къихъумэну.
  • ХХХ
  • 1708 гъэм и шыщхьэуIу мазэт. Пащтыхь Карл XII зи шупашэ Швецие лъэс-шуудзэм Новгород-Северск къалэм и ищхъэрабгъу-къэблэр къиухъуреихьри иубыдыпат.
  • Шэтырышхуэм и гупэм къиувауэ Карл  иджы зиплъыхьырт. Зэм къэблэмкIэ, зэми ищхъэрэкIэ нэрыплъэр триухуэурэ, пащтыхьым зригъэлъагъурт урысеищIым и тафэ гъунапкъэншэхэр. Шведхэм я лъэ иджыри здынэмыса вагъэщIапIэ пэрыхьэтхэмрэ мэзылъэ Iувхэмрэ нэрыплъэ абджым къыщыIуидзэкIэ, Карл нэхъри зэгуэпырт: «Мы абрагъуэр псори си бий кIэуфIыцI лъакъуэшхуэжьым IэщIэлъу арщ!» Пащтыхь зэрыпхъуакIуэр хуемыгъэфIыжу щIэхъуэпсырт «император» къыфIащыну зи нэ къикI Пётр хьэлыншэм и пэ тыкъырышхуэр зэгуэр урысыщIу щытам щыщихъуэну махуэм!
  • Илъэс тIощIрэ тхурэ къэзыгъэщIа швед пащтыхь псыгъуэ кIантIэм и нэкIатхъэ ешахэр дыгъэ бзий псыпсым дыщIиукъуанцIэурэ иджы игъэщIагъуэрт: «Я дыгъэри нэгъуэщIу къопс мы хъыдан лъэтхьэмпэжьхэм… Мыдэ, зэ догуэ… КъыбжьэдэзгъэпкIыжынщ сэ а 1706 гъэр! Дэнэ щыIэ иджы Даниер, Саксониер, Польшэр? IэджэкIэ уащыгугъатэкъэ абыхэм? Мес-тIэ, мо дыгъэм нэхърэ нэхъ цIыплъу мафIэм езгъэлыпщIыжащ щыри! Уи закъуэ- пцIийщ уэ. Сэ гъусэ лъэрызехьэ пэжхэр сиIэщ. Уи ныбжьэгъу гупсэу щыта Мазепэр иджы сэращ зыдэщIыр. Тырку сулътIанри кърым хъанри си дамэгъухэщ. Модэ къэбэрдейхэр зэтраукIэмэ, мыгувэу къыслъэщIыхьэжынухэщ. Пэжым ухуеймэ, урыс пащтыхь, сэ сахуэныкъуащэкъым абыхэм: езыхэр нэхъ къысхуэныкъуэщи, къызоубзэ…»
  • Карл XII зыдищIэжырт и Iуэху куэдкIэ зэрынэхъыфIыр икIи ар и напщIэм телъу, урыс пащтыхьым гукIэ ехъурджауэрт: «Уи закъуэ зэпэхъурейуэ утыку укъыщинэм щыгъуэ пщIэжрэт укъызэкIужыну узэрыхэтар? Мис иджы Европэ псор къыпщIэплъу лъэгуажьэпэкIэ си пащхьэ ущезгъэтIысэхынщ! Дапщэщми пщIэркъэ? Си дзэ лъэщыр а Московэ* ныщыдыхьэ махуэм!»
  • Гушэрхъ макъ къэIури, Карл зэплъэкIащ: гулэгъунэ къыIухьам къиувыкIырт Мазепэ Иван. Украинэм и гетманыр убзафэу къаплъэурэ пащтыхьым щабэрыкIуэу къыбгъэдохьапэри щхьэщэ ещI:
  • — Нобэ щегъэжьауэ сыпщIыгъущ, пащтыхьышхуэ! Ди зэгурыIуэм тету, си дзэхэри къесшэлIащ. Си ныбжьэгъу фи гугъа а Московэ пащтыхьыр — си бий егъущ. Уэращ иджы сызыкъуэтыр. Нобэ хуэдэ гуфIэгъуэ махуэм нэгъуэщI зы хъыбар хьэлэмэти къыпхуздэсхьащ: Къаплъэн-Джэрий щхьэ мин щэ ныкъуэм щIигъу дзэм я шупашэрэ, текIуэныгъэр и Iэпщэу Къэбэрдей зауэм нобэ-ныжэбэ къокIыж. Ари къыдгухьэнущ мыгувэу.
  • — Апхуэдэу уигурэ уи щхьэрэ а хъанымкIэ зэтелъмэ, ари фIы дыдэщ. Уэращи, тхьэм уиузэщI. Ахьмэд сулътIаным Кърымым теухуауэ сыкъызэригъэгугъар лIы хуэдэ игъэпэжауэ арщ а жыпIам къикIыр… Уэри шэч къытумыхьэ, гетман, Украинэр Iэрылъхьэ зэрыпхуэсщIынум! Неблагъэ. Ди текIуэныгъэр адэкIэ дубзыхунщ.
  • Швецием и пащтыхь щIалэ псыгъуэ лъагэм и гуфIэгъуэм щIэи гъуни иIэтэкъым. И напщIэхухэм хъуаскIэ къащIихрэ, и Iупэ пIащIэхэр зыхуэмыубыду фIызэтежу, Карл и нэрыплъэр уафэмкIэ игъэдалъэрт. Мазепэти, хуабжьу арэзы хъуауэ, пащтыхь щIалэр гуфIэжу зэпиплъыхьырт. Хьэгъэщагъэмрэ зэфIэхь-зэфIэшхымрэ хьэжьпэжь хэхъухьыжа гетман лъэгубгъуэм, и Iэхэр ину щIиупскIэурэ Карл XII и шэтырым щIыхьэрт.
  • XXXI
  • Щэхущ Борэхьэблэр. Псэ щыдыму къыпхуэщIэркъым… Я хьэпи-шыпи зэщIакъуэу, сабийхэри Iэщри здащтэу къурш щэхухэм Iэпхъуа жылэдэсхэм нэхъри зытрамыгъэхьэлъэн папщIэ, лIыжь-фызыжьи хьэблэм яхудэкIатэкъым. Зыбжанэт зэрыхъур а жьыкIэфэкIэ гуащIэншэхэр. Мэчыхъу ныкъуэдыкъуэри абыхэм ящыщ зыти, и фызыжьымрэ и хьэжьымрэ нэхъ гурыфIыгъуэ имыIэу пIэм хэлът.
  • … Пасэу къэушащ нышэдибэ Мэчыхъу. ХьэтIохъущокъуэпщым и мэзхэр кIыфI зэхэту щIэзыпщытыкIыу къэгъуэгурыкIуа мэзхъумэ лIыжьыр адакъэхэм япэ къэтэджу есат. Иджы пIэхэнэщи, здэпIэщIэн иIэжкъым. Жьыгъэр езыри жэщ жеиншэщ. ЦIыхур жьы щыхъум деж щIэмыжейр гупсысэм ихьу аркъудейкъым. Зи гуащIэ кIуам ишхри, къижейри, зыхуэныкъуэри нэхъ мащIэ мэхъу. Жьыгъэ зэIар иригуауэщхьэуэркъым а мащIэм: мамыру, Iэдэбу махуэхэм IуощIэ, жэщхэр ирагъэжьэж.
  • ФокIадэ пщэдджыжьыр иджыри кIыфIзэхэтщ. Бжьыхьэпэ хьэуа Iувым къыщIихузыкIа псыIагъэр унащхьэ бгъэн кIапэлъапэм зэрыпыткIукIыжым щIодэIу лIыжьыр. Щхьэгъубжэ гущхьэ плъыфэм и лъабжьэм хьэжьыр щхьэхынэу щогъырым, хьэщпакъымкIэ къыщоIу жэщ кIыхьым зи пкъыр дэундэрэбжьа уанэшым и хэпырхъэ макъыр.
  • Унащхьэ бгыкъум кIэрыщIа фэ кIапсэм быдагъ иджыри зыщIэлъ IитIымкIэ зыкIэрещIэри, Мэчыхъу пIэкум къотIысхьэ. ЩIым йоплъых лIыжьыр. Пэш лъэгум дахэу щIыфэ къетащ, жьэгу плIанэпэм къэрэкъурэ IэплIэ дэлъщ. Мэчыхъу къыпэзанщIэ блыным бгъэдэтщ фызыжьым и пIэр. Мэлгуэшхэ я пхъур иджыри къэуша хуэдэкъым… Мэчыхъу ар игъэщIагъуэу гъуэлъыпIэмкIэ маплъэ: зыщигъазэри къыщызэфIэтIысхьэри цырхъыншэу зыхэзыщIэу щыта и гъащIэ гъусэр, мызыгъуэгукIэ ешагъэнщ, къэушыххэркъым. Мэчыхъу, фызыжьыр здэщылъымкIэ хэплъызэурэ и щхьэ хуошхыдэж: «Сэ сызэрилъафэурэ езым и лъэр щIэукIуриикIынущ мы тхьэмыщкIэжьым. Ирежей иджыри тIэкIу, зыщIыпIи къыкIэрыхуркъым. Мыдэ Мышыт щхьэгъубжэмкIэ къыщыбанэу къимыгъэушащэрэт…»
  • … МыпIащIэу унэм къыщIэкIуатэ нэхулъэм хоплъэ Мэчыхъуи, пэш кIуэцIым иджы нэIурыту Уафэбгыкъу и теплъэр къыхухощ! ЛIыжьым и нэгу къыщIегъэхьэ Кургъуокъуэ дзэхэр Iыхьэ зэрырищIыкIар, елъагъу а Iыхьэхэр здигъэтIысынкIэ хъуну къуакIэхэмрэ бгъуэнщIагъхэмрэ. Бжьэпэхэр, щыхупIэхэр, бгы жьэгъухэр теплъэгъуэ кIэщIурэ зи нэгу щIэкI лIыжьым мыпIащIэурэ зэрегъэзахуэ: «Лъэщым и мащIэ жыхуаIэращ. Пщы уэлийм и Iущыр текIуэу, дзэр хьисэп тэмэмкIэ бгылъэм ириугуашэ нэужьым, кърымыдзэр хуейуэ щытмэ, иремин хыщI е блыщI — ягъэпIэтIэуэнукъым къэбэрдейхэм! Апхуэдэщ къуршхэм я мэгъу щэхур. ХьэтIохъущокъуэри ягъэсэжхэм хуэдэлIкъым… Догуэт, шу дапщэу пIэрэ Джылахъстэнейм къикIар? Кургъуокъуэ абыхэм тIысыпIэ яхуищIар Афэбг и жьэгъухэрауэ жиIатэкъэ Жэбагъы? Алыхьым и къарур лъэщщ, ХьэтIохъущокъуэпщым иджы IэщIэлъщ шуми лъэсми — мин пщыкIутху. Кърым хъаным ейр тхукIэ нэхъыбэщ, ауэ къэбэрдей пщы уэлийм къыкъуэтщ мышурэ мылъэсу къуршыпсэ пэкIу. Дызижагъуэр къиухьэ а Уафэбгыкъу и джатэрых бжьэпэм! «КъежьэкIей кIуэдыжыкIейщ» щIыжаIэр къуршхэм къащхьэщих Iулыджыр Къаплъэн-Джэрий ещхьу зыщыгъупща гуэрхэу къыщIэкIынщ…
  • ХьэтIохъущокъуэпщыр езыри къуршыпсэщ. А лIым фIыуэ ещIэ гуащIэ лъэщыр здыщызекIуэр. Пщы уэлийм и лъэ жьы щIэтщи, и шабзэпэ бзэщхъуркъым, ауэ… дзэпщу зэи згъэунэхуакъым Кургъуокъуэ… Иджы зауэ Iуэхум дауэрэ хэзэгъэну пIэрэ? — Мэчыхъу игукIэ зыхуодыхьэшхыжри: — И щхьэ закъуэу мыщэ абрагъуэм зыпэщIэзыдз лIыр езым хуэдэлI гуэр къыпикIуэтыжу абрэмывэм зыкъуидзэнукъым, дауи! Ар хьэкъщ. Пщы уэлийм игурэ и щхьэрэ зэтемылъатэмэ, кърымыдзэр къуакIэбгыкIэмкIэ дишэхынутэкъым!» — гукIэ арэзы дыдэ техъуэжри, лIыжьым макъышхуэ иригъэщIу и Iэгухэр лъэгуажьащхьэхэм ятриупцIащ. Мэчыхъу игъэIуа «цIомпIэм» фызыжьыр къыдэуша фIэщIу гузэвэжри:
  • — Укъэзгъэуша мыгъуэ хъунщ, сыхуеятэкъым… — абы ирихьэлIэу Мышыт кIэбдзкIэ щыту щхьэгъубжэ лъахъшэм зыкъыдриупсейри, пщIэуурэ щIэкъугъыхьыжу щыхуежьэм, Гурытым:
  • — УвыIэт иджы, угъурсыз, Мэлгуэшхэ я пхъур къыумыгъэуш! Уагъэшхэнщ моуэ куэд дэмыкIыу.
  • АрщхьэкIэ Мышыт нэхъри гущIыхьэрэ, нэхъри укъуэдияуэ къыщикъугъыкIым:
  • — Къэхъуар сыт, Мышыт?! Зэхэпхыркъэ, Гурытхэ я нысэ? Къэуш. Къэушыт… Упсэлъэжыркъэ мыр, зиунагъуэрэ?!
  • … ЛIыжьыр джэрт. Фызыжьыр щымт. Щымыхъужыххэм кIапсэр иIыгъыурэ Мэчыхъу гъуэлъыпIэм зыкъригъэщэтэхри, и лъакъуэ псэншэхэр зыкIэлъилъэфурэ фызыжьыр зыхэлъ пIэм епщылIащ. КъимыгъэскIэн и мураду, и Iэр ишийри, сакъыу ентIэIуащ фызыжьым и натIащхьэм. ФIэщIыIэIуэу, и Iэгур иригъэжэхри, фызыжьым и жьэпкъыпэм Iэ дилъащ…
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • [«швецием и пащтыхь Карл XII ещхьу къызэрымыгуэкI цIыху Европэ тхыдэм и XVIII лIэщIыгъуэм хэтакъым», — ятх абы и пащтыхьыгъуэр зыджыж щIэныгъэлIхэм. Карл хужаIэрт лIы быдэу, шынэ зымыщIэ зауэлIу, ауэ щыхъукIи, ар ерыщагърэ залым жагъынкIэ зэхэща цIыхут. Карл пащтыхьыгъуэ щраша махуэм архиепископ Успальскэм иIыгъ пащтыхь тажыр къыщхьэритIэгъэным пэмыплъэу, езыр пэIэбэщ, къыIэщIихри и IэкIэ зыщхьэритIэгъэжат. Пэжщ, Карл XII и текIуэныгъэхэм ирипагэу зэи щытакъым. Апхуэдэ дыдэуи игу иригъауэртэкъым нэгъуэщIхэм езыр къыщыхагъащIэр. Тыншу зыщигъэгъупщэрт къемыхъулIа зауэхэр.
  • 1700 гъэм Данием, Саксонием, Польшэм, Московием зэращIылIа зэгурыIуэм ипкъ иткIэ, Швецием Балтие тенджызыр паубыдыжат. Апхуэдэу яублауэ щытащ Швецием иращIылIа зауэр — «Севернэ» фIэщыгъэр иIэу тхыдэм хыхьар. Карл тIэкIу драгъэчыхыну чэнджэщ тэрэз езытахэм къажриIат: «ЗэрыпхъуакIуэ зауэ зэи сыхэмыхьэну сигу илът, арщхьэкIэ хабзэ пэжым епцIыжахэм зезгъэщIэжын нэхъ хэмылъу, Iэщэр иджы къызощтэ». Пётр I къыгурыIуэрт Швецием зыпишэкIэ фейдэ къызэрыхимыхынур икIи, екIужын фIэщIу, Карл лIыкIуэ хуищIат… АрщхьэкIэ «Московэ сыныдыхьэмэ, дызэпсэлъэнщ», — жиIэри, зауэкIэ къебгъэрыкIуэпащ. Пэжщ, Карл XII (нэхъ иужьыIуэкIэ) хущIегъуэжат а псалъэм].
  • Къэбэрдей плъырхэм бийхэр ирахужьэ. Сурэтыр 1833 гъэм ящIащ