2019-11-21
- Лъэпкъ щIэныгъэлI икIи къэхутакIуэ пажэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, къэрал икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел ящыщщ зи зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэзыгъэпсахэм. ЩIэныгъэлI щыпкъэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ирикъуащ. Абы щыщу 55-м щIигъур Тхьэгъэпсом хухихащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
2019-11-21
Сурэтым итщ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м къыбгъэдэкIыу ВКП (б)-м и XVIII съездым хэта лIыкIуэхэр (сэмэгумкIэ къыщегъэжьауэ): Къэбэрдей-Балъкъэрым и областной парт организацэм и япэ секретарь Кудрявцев Александр (1906 – 1970 гъгъ.); Шэрэдж райкомым и япэ секретарь Батчаев Исмэхьил (1913 — 1980), обкомым и секретарь Бырсекъуэ ХьэзрэIил (1909 — 1990), КъБАССР-м и Совнаркомым и унафэщI ЖьакIэмыхъу Тузер (1903 — 1977) сымэ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр