ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2019

Джарым Аслъэн ягъэлъапIэ

2019-11-09

  • Адыгэ Республикэм и Правительствэм и Унэм щэкIуэгъуэм и 7-м щы­зэхэтащ щIыналъэм и япэ президенту щыта Джарым Аслъэн Алий и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 зэры­рикъум ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.

 

  • Кавказ Ищхъэрэм хы-хьэ щIыналъэхэм я уна­фэ­щIу щытахэм ящыщу зи Iулыджыр нэхъ лъагэхэм ха­лъытэ нэхъыжьыфIым ехъуэхъуну зэхуэсым кърихьэлIат республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Абхъазым и Президент Хаджимбэ Рауль сымэ, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм я лIы­кIуэхэр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм къабгъэдэкI хъуэхъу гуапэкIэ Джары­мым зыхуигъэзащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Связым и Iэмэпсымэхэр къигъэсэбэпри, КIуэкIуэ К. В. хэтащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыныр» къэрал программэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэм

2019-11-09

  • Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарев Сергей иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыныр» къэрал программэр гъэзэщIэным теухуа зэIущIэ. Свя­зым и Iэмалхэр къагъэсэбэпри, абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, округым хыхьэ субъектхэм я унафэщIхэр.
  • Чеботарев Сергей зэIущIэм зэрыщыжиIамкIэ, зэры­щыту къапщтэмэ, къэрал программэр ягъэува пIалъэхэм къыкIэрымыхуу ягъэзащIэ. Министрым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъектхэм я унафэщIхэр къыхуриджащ къапэщыт лэжьыгъэхэр зыхуей хуэзэу зэрыдагъэкIым я нэIэ трагъэтыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ГИБДД-м машинэ 58-рэ къратащ

2019-11-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и ГИБДД къудамэм дыгъуасэ иратащ машинэ 58-рэ. Техникэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэгъэпэща Scoda Octavia машинэщIэхэм я фIыгъэкIэ нэхъ мащIэ хъуну хуагъэфащэ гъуэгум зэрытет хабзэхэр къызэпызыудхэм я бжыгъэр.

 

  • Налшык къалэм, Абхъазым и утыкум, щекIуэкIа дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир,  управленэм и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Космонавтхэр гъэхьэзырынымкIэ центрым и къудамэхэр Кавказым къыщызэIуахыу щIадзэнущ

2019-11-09

  • Космонавтхэр гъэхьэзырынымкIэ центрым и IуэхущIапIэхэр Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм къыщызэ­Iуахыу щIадзэнущ 2020 гъэм. Омск къалэм щыIэ «Полет» производствэ зэгухьэныгъэм щыщыIам апхуэдэу жиIащ «Роскосмосым» и Iэтащхьэ Рогозин Дмитрий.
  • «Бгылъэ щIыпIэхэм къулыкъу щы­щIэнымрэ парашюткIэ къелъэнымрэ зы­щыхуагъэсэнущ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм къыщызэIутхыну къудамэхэм. Яубзыхуа планым тету апхуэдэ лэ­жьыгъэхэр къыкIэлъыкIуэ илъэсым щIэддзэу едгъэкIуэкIын хуейщ»,- жиIащ Рогозин Дмитрий.
  • Апхуэдэ Санкт-Петербург дэт «Воен­мех» Балтийскэ къэрал техническэ университетым фокIадэм щыщыIам Рогозин Дмитрий зэрыжиIамкIэ, Космонавтхэр гъэхьэзырынымкIэ центрым и къудамэ къыщызэIуахыну зытраухуахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
  •  КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-11-09

  • ЩэкIуэгъуэм и 9,
  • щэбэт
  • Фашизмэм, расизмэм, лъэпкъ зэхэгъэж щIыным япэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
  • Радиацэм пэщIэтыным хуэунэтIа акцэхэм я дунейпсо махуэщ
  • Украинэм щагъэлъапIэ я тхыбзэмрэ я бзэмрэ я махуэр
  • Азербайджан Республикэм и лъэпкъ ныпым и махуэщ
  • 1911 гъэм урыс IэпщIэлъапщIэ ­Котельников Глеб ищIа парашютыр ягъэунэхуащ икIи дунейм щыяпэу а Iэмэпсымэр зэрищIам щыхьэт те­хъуэ тхылъыр къратащ.
  • 1940 гъэм СССР-м унафэ къыщащтащ курыт школхэм хамэ къэралыбзэхэр щегъэджыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Мэртэзей» жыг хадэ

2019-11-09

  • Иджыблагъэ Тэрч къалэм къы­щызэIуахащ «Мэртэзей» жыг хадэ зыгъэпсэхупIэр.

  • А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и унафэщI Мусуков Алий, Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед, щIыналъэм ис нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ Хьэжу Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • ХьэщIэхэр фIэхъус псалъэкIэ къригъэблэгъа нэужь, Дадэ МуIэед жи­Iащ 2017 гъэ лъандэрэ яухуэ зыгъэ­псэхупIэр зэрызэфIагъэхьар. Дадэм къыхигъэщащ КъБР-м и унафэщIхэм я фIыщIэкIэ щIыналъэр федеральнэ программэ зыбжанэмрэ лъэпкъ ­проектхэмрэ зэрыхагъэхьар. Абы фIыщIэ яхуищIащ паркыр зыухуа «СК-Строй» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм. Лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэрызэфIахам папщIэ абыхэм иратащ щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Жэщ-махуэ зимыIэ къулыкъу

2019-11-09

  • КъБР-м щыIэ МВД-м и лэ­жьакIуэхэм къэрал псом и гъусэу ягъэлъапIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэм и махуэр. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэр къызэгъэпэщынымрэ ар зэфIэувэнымрэ ди Хэкум и тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ. 
  • Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и тхыдэр 1718 гъэм къыщожьэ. Пащ­тыхь Пётр Езанэм а зэманым жыла­гъуэ хабзэр зыхъумэну полицэ Урысейм къыщызэригъэпэщауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Россия24» «Къэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ

2019-11-09

  • Блыщхьэ,  щэкIуэгъуэм  и  11
  • 19.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
  • 19.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». ­Репортаж щхьэхуэ (12+)
  • Гъубж,  щэкIуэгъуэм  и  12
  • 19.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
  • 19.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Интервью (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и ТВ

2019-11-09

  • Блыщхьэ, щэкIуэгъуэм и 11
  • 7.07 — 7.10, 7.35 — 7.4I, 8.07 — 8.10, 8.35 — 8.41 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
  • 11.25 — 11.45 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ)
  • 14.25 — 14.45, 17.00 — 17.25, 20.45 — 21.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
  • 17.25 «Афганистаныр дигу къэд­гъэкIыжу». ЗауэлI-интер­националистхэр (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 17.55 «IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэхэр». Урысей МВД-м КъБР-м и Шэрэдж щIыналъэм щиIэ къудамэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и отделенэм и унафэщI Мокаевэ Мадинэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 18.20 — 18.50 «Дэ къытхуэнар». Этнограф Шопар Алан (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

1 КъБР «Мир» канал

2019-11-09

  • Блыщхьэ, щэкIуэгъуэм и 11
  • 6.00, 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
  • 6.30 Iэщыр гъэмахуэ хъупIэхэм къы­зэрикIыжым теухуауэ (12+)
  • 6.50 «ПщIэну ухуеймэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «ЦIыхубэ лIыхъужь». Революционер, Киров Сергей и ныбжьэгъуу щыта Калабеков СулътIан-Хьэмид (балъ­къэрыбзэкIэ) (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и РАДИО

2019-11-09

  • Блыщхьэ, щэкIуэгъуэм и 11
  • 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
  • 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.00 — «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
  • 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и радио

2019-11-09

  • Блыщхьэ, щэкIуэгъуэм и 11
  • «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
  • 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
  • 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъ­­къэрыбзэкIэ, уры­сыб­зэкIэ)
  • 8.10 — 8.35 «ИгъэзэщIа ролхэр» циклым щыщщ. Атэ­лыкъ Т. (адыгэбзэкIэ)
  • 8.35 — 8.55 «Этезов Омар и гъа­щIэм­рэ и лэжьыгъэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 8.55 — 9.00 «Бгырысхэм я махуэгъэпс». Шахмырзэ Сэ­хьид (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
  • 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуа­бэ»

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ар ящыщащ куэдым къахэщ зырызхэм

2019-11-09

  • Адыгэ лъэпкъым, литературэм, щэнхабзэм я дунейм иджыблагъэ хэ­щIы­ныгъэ игъуэтащ — и ныбжьыр илъэс 69-м иту дунейм ехыжащ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, драматург, уса­кIуэ Шыд Юрий Хъалид и къуэр.

  • Ар 1949 гъэм щэкIуэ­гъуэм и 3-м Усть-Жэгуэтэ щIы­налъэм хыхьэ Къы­зыл-Къал къуа­жэм (Къэ­рэшей-Шэрджэс) къы­­щалъхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Евгений Онегин» романыр – адыгэбзэкIэ

2019-11-09

  • «Акрополь» шхапIэ-нэгузегъэу­жьыпIэ центрым щекIуэкIащ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, «Зауэм и бынхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI, «Эстафета памяти» проектыр зыгъэхьэзыра Щэуей Мидэ Пушкин Александр и «Евгений Онегин» романыр адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ тхылъу къызэрыдэкIам теухуа пшыхь гукъинэжыр.

  • Ар къызэIуахащ Щэуей Мидэ и псалъэхэр зыщIэлъ «Гъагъэ, си ­Хэку!» уэрэдымкIэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу КIэхумахуэ ФатIимэрэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ, Таз ФатIимэ зи унафэщI «Шэху уэздыгъэ» творческэ студием екIуалIэ ныбжьыщIэхэр удихьэхыу адыгэбзэкIэ къеджащ усэу тха «Евгений Онегин» романым щыщ пычыгъуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шереметьевхэ, Шереметевхэ, Щэрмэтхэ

2019-11-09

  • Тхьэм псори ехъумэ
  • Шереметьевхэ я лъэпкъ къыхуеджэныгъэ

Останкинэ щIыпIэм ита Шереметьевхэ я лъапсэр. ХIХ лIэщIыгъуэ.

  • Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ я тхыдэм щызекIуэ фIэщыгъэхэм гушхуэныгъэ лей къыпхэзылъхьэ цIэ зыбжанэ ущрохьэлIэ. Абыхэм я щапхъэщ «Шереметьев» унэцIэр. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэр зэрызэдэлажьэм и щапхъэщ хамэ щIыпIэ къыщежьэу урысыбзэм хэпщIа хъуа а унэцIэр. Урыс лъэпкъыр и тхыдэ гъуэгуанэшхуэм кърикIуэху, ар зэуа къудейкъым, атIэ щэнкъэщэхун Iуэхухэми хэтащ, апщIондэху тырку лъэпкъхэм — печенегхэм, половцхэм, тэтэрхэм, чувашхэм, башкирхэм, къэзахъхэм къахэкIахэм унагъуэ даухуэурэ къекIуэкIащ. Аращ къызыхэкIар фIэщыгъэщIэхэр, нэхъ иужьыIуэкIэ унэцIэщIэхэр къэунэхуныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха