ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Iуащхьэмахуэ» курортым и илъэс  50-р

2019-11-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм гъэм и къыкIэлъыкIуэ бгы-лыжэ лъэхъэнэм зыщыхуагъэхьэзыр. Дунейм и щытыкIэм къахузэпищэмэ, Iэмал къаритмэ, абы и къызэIухыныр щэкIуэгъуэм и 30-м ирырагъэхьэлIэнущ. IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, а махуэр икIи юбилейщ — курортыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 50 ирокъу.

  • Зэрызыхуагъэхьэзырам тетщIыхьмэ, зыгъэпсэхугъуэм и иджырей къызэIухыгъуэр къызэрымыкIуэу нэгузыужьу екIуэкIынущ — а махуэм зыкърырезыгъэхьэлIэнухэм сыхьэт 11-м къыщыщIэдзауэ 17-м нэсыху кIапсэ гъуэгухэмкIэ пщIэншэу Iуащхьэмахуэ и джабэ нэкIухэм зыдрырагъэшеифынущ, лыжэхэмрэ сноубордхэмкIэ, зэрыхуейм хуэдэу, къежэхыфынущ. А махуэм зэхашэну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтынухэр къыхураджащ спорт щыгъын нэхъ зыкъизыххэмкIэ загъэщIэрэщIэну. Сыту жыпIэмэ, хьэщIэхэм ящыщу фащэ нэхъ екIукIэ икIи дахэкIэ зэщыхуэпыкIам и цIэ ираIуэу икIи ягъэпажэу, ски-пасс щхьэхуэ IэщIалъхьэнущ, лъэхъэнэщIэм и кIуэцIкIэ бгым кIапсэ гъуэгукIэ пщIэншэу иридэкIуеифын хуэдэу. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм хэтыну псоми тыгъэ гукъинэж цIыкIухэр иратынущ.
  • ГуфIэгъуэм ехьэлIа Iуэхухэм пщэдджыжьым сыхьэт 11-м щIидзэнущ. Пщыхьэщхьэм Азау хуейм   хьэрэкIытIэ щхъуэкIэплъыкIэхэр ягъэлъэтэнущ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.