ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2019

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-11-26

  • ЩэкIуэгъуэм и 26, гъубж
  • Информацэм и дунейпсо махуэщ
  • ВакъащIэм и дунейпсо махуэщ
  • Абхъазым и Конституцэм и махуэщ
  • 1394 гъэм Сеул Кореем и къалащхьэ хъуащ.
  • 1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Рахъуэ Йлдыз  и  къулыкъум пэрохьэ

2019-11-26

  • Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и зи чэзу конгрессыр щэкIуэгъуэм и 23 — 24-хэм Анкара щекIуэкIащ. Адыгэ гъащIэм хэту, адыгэ Iуэхум иригузавэу зы цIыхуи къэнакъым абы къемыкIуэлIа. МахуитIкIэ екIуэкIа зэхыхьэшхуэм куэд къыщыпсэлъащ, адыгэ нэхъыбэ дыдэ зэрыс къэралым КАФФЕД-м щиIэ мыхьэнэм, абы и къалэн нэхъыщхьэхэм, дяпэкIэ гу зылъитапхъэхэм тепсэлъыхьащ къызэхуэсахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

ТхакIуэм  и  фэеплъ зэхьэзэхуэ

2019-11-26

  • Балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Мечиев Кязим и фэеплъу бэнэкIэ хуитымкIэ III дунейпсо зэхьэзэхуэ Налшык щекIуэкIащ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Мэзкуу къалэм къикIауэ абы хэтащ 2003-2007 гъэхэм къалъхуа щIалэщIэ 850-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Къэбэрдей-Балъкъэр автономиер къызэрыунэхуа  щIыкIэр

2019-11-26

  • КъБКъУ-м и тедзапIэм тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур и тхылъыщIэ къыщыдэкIащ: «Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ автономиер къызэрыунэхуар: щхьэусыгъуэхэр, хэкIыпIэхэр, зыхуэкIуар (1917-1920 гъгъ.)» («Становление национальной автономии Кабардино-Балкарии: предпосылки, альтернативы, итоги (1917-1920 гг.)».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

2019-11-26

ЩоджэнцIыкIу Алийрэ и шыпхъухэмрэ. 1931 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

И  насыпщ апхуэдэ бын зиIэм

2019-11-26

  • IуэхущIапIэм и зэфIэкIыр дэтхэнэ зыми зэрелъытам и щапхъэщ ГъукIэ Заремэ и IуэхущIафэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъуазджэм итхьэкъуа Бэгъуэтыж Светланэ

2019-11-26

  • Мы гъэм шыщхьэуIум и 13-м илъэс 80 ирикъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIына-лъэ Iэджэми къыщацIыху оперэ уэрэджыIакIуэ гъуэзэджэ, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ Бэгъуэтыж Светланэ Батыр и пхъур. 1960 гъэм Налшык дэт музыкэ училищэр къэзыуха хъыджэбзыр абдеж къызэрыщымыувыIэнур гурыIуэгъуэт. Абы иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Собинов Леонид и цIэр зэрихьэу Саратов дэт консерваторэм. 1965-1969, 1977-1998 гъэхэм ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал филармонием, а бжыгъэхэм я зэхуаку дэта илъэсийм ди республикэм      и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэщ. Абы и утыкум щигъэзэщIа оперэ партиехэмрэ романсхэмрэ, нэгъуэщI классикэ жыпхъэхэм щыщхэр, адыгэ лъэпкъ уэрэдыжьхэр цIыхухэм гуимыхуж ящыхъуащ. ЖыпIэнуракъэ, профессиональнэ гъуазджэм щыхузэфIэмыкIамрэ щызримыгъэхъулIэфамрэ укIуэдыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Нартхэм  я  кхъэхалъэ

2019-11-26

  • Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, Москва дэт Къэрал тхыдэ музейм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ и факультетым я IэщIагъэлIхэр щызэгъэуIуа гупым хэтхэм 2014 гъэ лъандэрэ ди республикэм къэхутэныгъэ-щIытIлэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зы  зауэкъым и нэгу щIэкIар

2019-11-26

  • Сэ илъэс пщIейм сынэблэгъащ, ауэ блэкIар фIыуэ сощIэж. А сщIэжхэм ящыщу си гум щIэх-щIэхыурэ къыдовей си адэм ехьэлIауэ псэхупIэ къызимыту сызыгъэпIейтей гукъеуэр — абы илэжьам, и лIыгъэм, и цIыхугъэм, и дуней тетыкIам хуэфэщэн гулъытэ зэрыхуамыщIыжам теухуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГукъэкIыжхэр

ПщIэ лъагэ зыхуэфащэхэр

2019-11-26

  • Урысейм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 25-рэ, КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 15 зэрырикъум теухуа Iуэху гуапэ щекIуэкIащ Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Абы кърагъэблэгъат республикэм и экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пщIэрэ щIыхьрэ яIэу лэжьыгъэ купщIафэ щезыхьэкIа нэхъыжьыфIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

АтIэкIум

2019-11-26

  • А фIэщыгъэр зэрехьэ хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм къыщежьэ Бэкъан (цIыхухъуцIэщ), Ныбэджай (кIахэ адыгэхэм я бзэкIэ «бгъэжь лъыиф, хьэщхьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэлъэдэжым деж къыщыщIидзэ тIуащIэм. АтIэкIум (Адагум) цIэр кIэрыпщIащ абдежым пэмыжыжьэу щыс жылэми. Псым километр 66-рэ и кIыхьагъщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIымахуэ теплъэгъуэхэр

2019-11-26

Налшык, Лениным и уэрам. Cурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Усыгъэм и махуэхэр

2019-11-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, РСФСР-м Горькэм и цIэр зезыхьэ и Къэрал саугъэтыр зрата Зумакуловэ Танзиля и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ республикэм щекIуэкIынущ Усыгъэм и махуэшхуэ зыфIаща Iуэхухэр.
  • Абы хыхьэу къызэрагъэпэщынущ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ