|  | Октябрь, 2019
            КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б. Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и лэжьыгъэм хэтщ2019-10-31 
              
                Страсбург къалэм къыщызэIуахащ Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и 37-нэ пленар зэIущIэр. Урысей Федерацэм икIа официальнэ лIыкIуэхэм ящIыгъуу абы хэтщ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
               
 
                
                Сессиер зытеухуар автономиемкIэ шэсыпIэхэмрэ Европэм щIыналъэ унафэр зэрыщызэрагъакIуэмрэщ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьынущ щIыналъэ политикэм, налогхэр къызэрабжым, зэпIэзэрыт зыужьыныгъэм и мурадхэр зэрыпхагъэкIым, демократиер гъэбыдэнымкIэ IуэхущIапIэхэр зэрылажьэм пыщIа къалэн зэмылIэужьыгъуэхэм.Апхуэдэу зыхэплъэнухэм ящыщщ Урысей Федерацэм щIыпIэ, щIыналъэ демократиер зэрыщызэтеувэр икIи абы ипкъ иткIэ къащтэнущ Европэм и Советым щIыпIэ, щIыналъэ властхэмкIэ и конгрессым и чэнджэщхэр. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-мкIэ къищтащ2019-10-31 
              
                Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я зэхэлъыкIэр 
                Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэр.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэхэр: 
                Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэрКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIымрэ мылъкумрэ я IуэхухэмкIэ и министерствэрКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэрКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 2019-2021 гъэхэм къэхьыным теухуауэ2019-10-31 
              
                КъБР-м и Iэтащхьэм и деж ЩIэныгъэмрэ техникэмкIэ КъБР-м и къэрал саугъэтхэмкIэ щыIэ советым хъыбар фегъащIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал саугъэтхэр къэхьынымкIэ конкурс лэжьыгъэхэр къыIихын зэрыщIидзэм теухуауэ.
                Дэтхэнэри сом зы мелуан хъууэ саугъэту тIу ятынущ щIэныгъэмрэ техникэмрэ я лъэныкъуэкIэ. Саугъэтхэр хуагъэфэщэнущ гуманитар, естественнэ, техникэ щIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ иджырей ехъулIэныгъэхэм къакIэрымыху икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ сэбэп хъу лэжьыгъэхэм; Ресурсхэр къыдэзыгъахуэ, экологие и лъэныкъуэкIэ къабзэу щыт технологиехэр, техникэр, иджырей материалхэр, машинэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зэрызэхалъхьэм икIи къызэрагъэсэбэпым папщIэ, апхуэдэу щIэныгъэмрэ техникэмрэ я ехъулIэныгъэхэр къагъэсэбэпурэ, производствэм зэфIэкIышхуэ къызэрыщагъэлъэгъуам папщIэ.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и къэрал саугъэтхэр къэхьынымкIэ кандидатхэм я документхэмрэ материалхэмрэ къызэрыIах щIыкIэр тетщ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Интернетым щиIэ www.edu.kbr.ru сайтымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и www.pravitelstvokbr.ru порталымрэ.Ягъэува хабзэм тету ягъэхьэзыра документхэмрэ тхыгъэхэмрэ 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м сыхьэт 18-м нэсыху езы авторхэм е абыхэм дзыхь зыхуащIа цIыхухэм къыщыIахынущ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм мы адресымкIэ: 360000, Налшык къалэ, КIыщокъуэм и уэрам, 43, пэш 305-рэ. Телефоныр: 42-07-79. Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Нобэрэ пщэдейрэ2019-10-31 
              
                Жэпуэгъуэм и 31,махуэку
                Экономием и дунейпсо махуэщКъалэхэм я дунейпсо махуэщТенджыз ФIыцIэм и дунейпсо махуэщГимнастикэм и урысейпсо махуэщУрысейм щыIэ СИЗО-хэмрэ тутнакъэщхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщУрысейм щылажьэ Iэпэтэрмэш зэдзэкIакIуэм и махуэщ Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2019-10-31 
              
                Мэзкуу дэт «Artplay» IуэхущIапIэм и хьэщIэщышхуэм жэпуэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ и 31 пщIондэ щекIуэкIащ Кавказым щыщ гъуазджэрылажьэхэм я IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ: «Биеннале современного искусства Кавказа». Ар зэрекIуэкIамрэ абы хэтахэмрэ къыдегъэцIыху езым и цIэр зезыхьэ альбомым.
               
 
                
                «Кавказым и иджырей гъуазджэр» Президент Фондым и унафэщI Астемыр Заирэ щыгъуазэ дещI Iуэхур кърахьэжьа зэрыхъуа щIыкIэмрэ абы и щхьэусыгъуэхэмрэ: «Мы гъэлъэгъуэныгъэр едгъэкIуэкIыну мурад щIэтщIар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу, лъэпкъ щхьэхуэхэм къыхэкIа сурэтыщIхэм, сурэттеххэм, цIыху IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къэрал утыкушхуэм кърахьэну Iэмал яIэн щхьэкIэщ. Зи гугъу тщIыр а лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм теухуауэ зэрыщытракъым, абы щыпсэу, щылажьэ, дунейпсо гъуазджэм дэгъуэгурыкIуэну Iэзагърэ зэфIэкIрэ зиIэ цIыху гъэщIэгъуэнхэм я IэдакъэщIэкIхэм дуней псор щыгъуазэу щытын зэрыхуейрщ, Урысейм щылажьэ адрей гъуазджэрылажьэхэм къакIэрымыхуу». Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Хьэшыр Чылар теухуа пэжыр2019-10-31 
              
                Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм «лъэтеувэ» щыхуащIащ Хьэшыр Аскэр къыдигъэкIа, «Первовосходитель на Эльбрус: Факты и вымысел» зыфIища тхылъым. Ар теухуащ Iуащхьэмахуэ япэу дэкIа адыгэлI Хьэшыр Чылар. Тхылъым щызэхуэхьэсащ Хьэшырым теухуауэ щыIэ дэфтэрхэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди гъунэгъу лъэпкъхэм яхэтщ Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу ихьар мыадыгэу къыщIезыгъэдзыну зыфIэфIхэр. Ауэ абыхэм апхуэдэ лъабжьэ зэрамыIэм мы тхылъыр и щыхьэтщ.
               
 
                
                ЗэIущIэр къызэIуихащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мамырыгъэрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэрэ щыIэн папщIэ» жылагъуэ комитетым и унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр. Абы къыхигъэщащ тхылъыр къыдэзыгъэкIа Хьэшыр Аскэр лэжьыгъэшхуэ зэригъэзэщIар, зи фейдэ къэзылъыхъуэу тхыдэр къизытхыкIыжыну хэтхэм «зэрахьэхэм» мы лэжьыгъэр жэуап нэс зэрыхуэхъуар. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2019-10-31 
              
                
                   
                Тыншкъым хамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, анэдэлъхубзэр щыпIурылъыну, хабзэр щызепхьэну. Апхуэдэу щытми, Европэм щыпсэу адыгэхэм зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ «адыгэщ» жезыгъэIэ нэщэнэ нэхъыщхьэхэр.XVII — XVIII лIэщIыгъуэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм зэбгрипхъа ди лъэпкъэгъухэр Европэм и къэрал зыбжанэм щопсэу. Нэхъыбэр зэрысыр Германиерщ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30 — 40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэпхъуауэ.Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгъэм жыджэру хэт, федерацэм и зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Тыркум къыщыхъуащ. Абы университетыр къыщиухащ, инженеруи лэжьащ. 2000 гъэм Германием Iэпхъуащ икIи куэд дэмыкIыу щэнхабзэ федерацэм хыхьащ, абы щызэрахьэ адыгэ Iуэхухэм хэлэжьыхьыну. Ауэрэ федерацэм и гъэзэщIакIуэ гупым хэтыну дзыхь къыхуащIащ икIи тхьэмадэм и къуэдзэу илъэсихкIэ лэжьащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и исполкомым 2016 гъэм къыхагъэхьащ Европэм щыIэ Хасэхэм я лIыкIуэу, иужькIэ, 2017 гъэм и мэлыжьыхьым, федерацэм и тхьэмадэу хахащ.Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и IуэхущIафэхэр зыхуэдэм, абы иужьрей илъэсхэм зэрызиужьам, адыгэ Iуэхум теухуауэ иIэ гупсысэхэмкIэ и гуапэу къыддэгуэшащ ДыщэкI Эртан: Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            1779 гъэм Къэбэрдейм щекIуэкIа мазибл зауэр2019-10-31 
              
                Нэщхъеягъуэм теухуауэ щыIэ тхыдэ лэжьыгъэхэр
                IуэрыIуатэм «Мазибл зауэ» цIэмкIэ къыхэна лъэпкъ нэщхъеягъуэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м (махуэгъэпсыжьымкIэ — фокIадэм и 29-м) илъэс 240-рэ ирикъуащ. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм и кIуэцIкIэ къэбэрдейхэм я хэкур зэрахъумэжа тхыдэм хиубыдэ пэтрэ, 1779 гъэм къэхъуахэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр нобэр къыздэсым адыгэ тхыдэ щIэныгъэм хэткъым. ЩыIэр Сокъур Валерэ «Мазибл зауэ» зыфIища, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэ закъуэрщ, ари, КъБР-м епха тхыдэ лэжьыгъэхэм къыщагъэщхьэпэн хуэдэу, иджыри къэс урысыбзэкIэ зэрадзэкIакъым. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2019-10-31 
              
                Австрием и къалащхьэр цIыхум и тыншыпIэм тещIыхьа щIыпIэхэм язщ, тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэмкIи бейщи, дуней псор плъакIуэ къыхуокIуэ жыхуаIэм хуэдэщ. Венэ и оперэм, Ратушэм, музейхэм, нэгъуэщIхэми иджы къахэхъуащ кIэрыхубжьэрыхур щагъэс Шпиттелау заводыр. Ар къалэку дыдэм итщ, мэ гуэр ищIын дэнэ къэна, зыхуэпхьынур къыпхуэмыщIэ теплъэ дахэ иIэу, яхузэфIэкIам зэрыригушхуэр IупщIу, хьэщIэ лъапIэхэми зыплъыхьакIуэ къакIуэхэми ирагъэлъагъуу.
               
                  КIэрыхубжьэрыхур щызэхуахьэс бункерым и щхьэм жыгхэр къыщокI. 
                
                «Ущыпсэуну нэхъ тынш дыдэ къалэ» цIэр иджы епщIанэрейуэ зыхуагъэфэща Венэ илъэс миным щIигъу ныбжь иIэми, жьыри хуэхъумащ, щIэуэ щаухуэри дуней псом щафIэгъэщIэгъуэну дахэщ.Дэтхэнэ къалэми къуажэми хуэдэу, Венэ дагъуэшхуэу иIащ Шпиттелау заводыр. 1987 гъэм накъыгъэм и 15-м ар мафIэм исат, кIэрыхубжьэрыхур езырезыру къызэщIэнэри. ЦIыхухэм «уэху» жаIэжат, ауэ узыхуэмеижу унэм къыщIэпхыр здэпхьын уиIэн хуейтэкъэ? Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2019-10-31 
              
                Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гуп
                ЕпщыкIуханэ джэгугъуэЩэкIуэгъуэм и 3(тхьэмахуэ)«Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Урожай» (Краснодар)«Мэхъэчкъалэ» (Мэхъэчкъалэ) — «Дружба» (Мейкъуапэ)«Волгарь» (Астрахань) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс)«Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ)«Интер» (Черкесск) — «Анжи» (Мэхъэчкъалэ)«Алания» (Владикавказ) — «Спартак-Налшык» (Налшык)«Черноморец» (Новороссийск) — «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ)«Краснодар-3» (Краснодар) — СКА (Дон Iус Ростов) Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Футбол 
            
            2019-10-26 
              
                КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щыхуэзащ Франджым и лIыкIуэу Урысейм щыIэ, официальнэу Къэбрдей-Балъкъэрым къэкIуа Берманн Сильви. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм 
            Лъэпкъ Iуэхухэм япыщIа диктант2019-10-26 
              
                ЩэкIуэгъуэм и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтынущ «Этнографие диктант ин» щIэныгъэ лэжьыгъэ зыубгъуам. Мы Iуэхур ехьэлIауэ щытынущ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Къэрмокъуэ Мухьэмэд и фэеплъ пшыхь2019-10-26 
              
                КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум теухуа пшыхь Зеикъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIат Мухьэмэд и лэжьэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, иригъэджахэмрэ и гуащIэм дихьэххэмрэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Щэуей Мидэ зэридзэкIа «Eвгений Oнегин» романыр2019-10-26 
              
                «Бжьыхьэр къихьэхукIэ, псэщIэ къысIуокIэж», — жызыIа Пушкин Александр и цIэмрэ и пщIэмрэ хуэфащэщ жыгым къыпыхуа тхьэмпэм ещхьу жинт гъуэжь гуакIуэ тебзарэ дыщэпскIэ гъэщIэрэщIэжауэ «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIа, Щэуей Мидэ зэридзэкIа «Евгений Онегин»-р. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Даниэлэ и ехъулIэныгъэ2019-10-26 
              
                ГъукIакъуэ Даниэлэ Налшык къалэ дэт 14-нэ гимназием и 6-нэ классым щоджэ. Хъыджэбз цIыкIур еджэным йогугъу, адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ я мызакъуэу, хамэ къэралыбзэхэми хуэшэрыуэщ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха |