ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Усэ лъагъуэ: Къармэхьэблэ – Москва

2019-11-21

  • Къэшэж Иннэ и усэ лъахэр гуапэщ, щабэщ, лъэщщ, къабзэщ. А лъахэм и лъагъуэр Кавказырщ, Къэбэрдейрщ, Iуащхьэмахуэрщ, Налшыкщ, Къармэхьэблэщ…

  • Усыгъэ лъахэм гъуэгущхьибл щызэхэкIым, дэтхэнэми усыгъэ лъэщым и нэху тредзэ. АтIэми, усакIуэм и сатырхэр ирешэлIэж адэжь щIыналъэм. ЛъыкIэ, псэкIэ, IэпкълъэпкъкIэ Иннэ пыщIащ Хэкум. Усэхэм уи пащхьэм сурэт щащI псалъэ къыхэщыпыкIахэмкIэ. Дыкъеджэурэ, ди нэгу къыщIоувэ Балъкъ псыхъуэр, Налшык и уэрамхэр, даIуощIэ Иннэ и адэм, и анэм, и цIыхугъэ куэдым, къытщIехьэ лэкъум хуабэм и мэр… Къэшэж Иннэ и усыгъэм псэр епсыхь — дунеяплъэ ирешажьэри, гупсысэкIэ кърешэлIэж.
  • Дызыхуэныкъуэт лъэпкъыр дызыгъэфIа усакIуэм и тхыгъэхэм анэдэлъхубзэ яIурыльхьэныр. Къармэ Iэсият зэридзэкIа усэхэр щызэхуэхьэсащ «Лъабзэ» тхылъым. Ар «Черкесика» серием и нэIэ щIэту къыдэкIащ, абы и редакторыр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. «Къэшэж Иннэ и усэ псынащхьэхэр» фIещри, ХьэфIыцIэм и гупсысэхэмкIэ тхылъыр къызэIудох, псынащхьэ къэси Iубыгъуэ зыIудогъахуэ. «Уэс шэджэнэплъхэм я псысэ» жеIэ Къармэ Iэсият, Къэшэжым теухуауэ и гупсысэхэр къыщызэщIикъуэжкIэ.
  • Иннэ и усэхэр сатыр къэс зэрызыхищIар, псалъэ къэс зэригъэвар щыболъагъу Iэсият и деж. КIуэаракъэ, зым и усыгъэ лъэмыжым мыдрейр къытеувэу къыпэплъэу, абдежым усэм и Iунэхэмрэ и щэхухэмрэ щызэIэпахам хуэдэщ. Къэшэж Иннэ щIылъэм трипхъа усэ жылэхэр къыщыхэкIыкIа щIыпIэхэм Къармэ Iэсият ирикIуащ — нэгъуэщIу усэм и купщIэр къихьэсыфынтэкъым ди деж.
  • Къэшэж Иннэ и усэхэм ящыщу цIыхубэм нэхъыбэ дыдэрэ зэпадзыжхэр адыгэбзэкIэ Къармэ Iэсият къызэригъэпсалъэм и щапхъэ зыбжанэм девгъэплъыт…
  • Сэращ — Кавказыр. Сэ сщыщыпсу
  • уэсэпс Iумылырщ здытехар,
  • дуней хъурейр ди щIэщыгъуэпсу
  • нэ телъыджитI щызэтехуар.
  • («Сэращ — Кавказыр»)
  •  
  • * * *
  • Уей мэлыхъуэ бжьамийхэр бзэрабзэу,
  • Уафэрысу макъамэр зи удж,
  • А уэрэдым и дамэр схуэхъуапсэу,
  • Бгырыс псысэурэ лъыр къысфIоудж.
  • («Къэбэрдей»)
  •  
  • * * *
  • Пшынэ Iэпэр убзэурэ бзэрабзэу,
  • Зэм зимыгъэнщIыжу укъилыпщIт…
  • Зэми Iущэщэжырт, хур хъыджэбзу —
  • Iэсэу хэщэтыкIыу къэгумэщIт.
  • («Къафэ»)
  •  
  • * * *
  • Мис иджы, пщащэ цIыкIухэ, фи кIуэдым,
  • ПIалъэу зэ фхурабзам фылъоIэс…
  • Си дэлъху уардэхэм я натIэц вындым
  • ПыIэ къуацэхэр ныщхьэрагъэс.
  • («Къармэхьэблэ нысашэ»)
  •  
  • * * *
  • Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ,
  • НэгъуэщI нэхъ мыхъуми, зэ дегъэпщIыхьыж,
  • Бгъэджэгуу псысэм и макъыбзэ шхуэIур
  • уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж.
  • («Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ»)
  • 2019 гъэр Къэшэж Иннэ и илъэсу игъэуващ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм. Илъэсым мы тхылъри хуэфэщэн хэлъхьэныгъэщ. Тхылъыр щызэбгрокI адыгэ унагъуэхэм, абыхэм щоIу Иннэ и усэбзэр! УсакIуэм дыщIыгъущ, тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм щегъэжьауэ. ЖиIэр зыхыдощIэ, долъагъу, допIейтей. УсакIуэм и нитIым дыщIэплъэ хуэдэщ… АтIэ сыту къабзэ ахэр! Тхылъыр зэгудопIэжри, сатырхэр дзапэусэу къытхуонэ, Иннэ и нитIри ди нэгу зэрыщIэтщ!
  • ГУГЪУЭТ  Заремэ.