Анэхэм яхуэгъэза къэрал гулъытэ
2019-11-23
- Мы гъэм илъэс 21-рэ мэхъури, ди къэралым щагъэлъапIэ бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — анэм — и махуэр. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи ар траухуащ илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм гъэлъэпIэн хуейуэ. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани, къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жылагъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэри аргуэру дигу къегъэкIыж.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха