ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2019

2019-11-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм
  • и УнафэщIым и япэ къуэдзэм и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и Iэтащхьэм и Указ
  1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прави­тельствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэу гъэувын Говоров Сергей Анатолий и къуэр.
  2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
  •             Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •             и Iэтащхьэ                                                КIУЭКIУЭ  Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м
  • №101-УГ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Указ

КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и Президентым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щаIущIащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм

2019-11-16

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм дыгъуасэ щахуэзащ я щхьэ IуэхукIэ абы къекIуэлIахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Зи Iулыджыр лъагэ Ефэнды Джылахъстэн

2019-11-16

  • Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Ефэнды Джылахъстэн и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 95-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Зэпеуэм щытекIуахэр

2019-11-16

  • КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм щы- текIуахэр махуэку кIуам ягъэлъэпIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ПщIэ

Бейтыгъуэн Залым хуэдэ щыIэкъым

2019-11-16

  • Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щэкIуэгъуэм и 14-м щагъэлъэпIащ зэхагъэхьэжа IэпщэрызауэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэу Италием щекIуэкIам пашэныгъэр щызыубыда Бейтыгъуэн Залым. Урысей Федерацэм щыщу абы и закъуэщ иджыри къэс апхуэдэ зэфIэкI лъагэ а спорт лIэужьыгъуэмкIэ къэзыгъэлъэгъуэфар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Лъэпкъыр зэрыгушхуэ ДыщэкI Марие

2019-11-16

  • КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ зи гъащIэри гуащIэри тыхь хуэзыщIа, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI (ТыIэщ) Марие Сухьэмэдин и пхъум мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 70 юбилейр. Адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэр ящыщщ зи хэкумрэ лъэпкъымрэ и къару емыблэжу хуэлажьэхэм, зи дуней тетыкIэри Iуэху зехьэкIэри куэдым я дежкIэ щапхъэ хъухэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Си къуэш Къэжэр Индрис теухуа гукъэкIыжхэр

2019-11-16

  • Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэси 124-рэ ирикъунут адыгэ пшынауэ, уэрэдус Къэжэр Индрис къызэралъхурэ. Зи гуащIэрэ пщIэнтIэпскIэ псэуж, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм ар къыхэкIащ. Абы и адэ-анэм щIалищрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-11-16

  • ЩэкIуэгъуэм и 16,  щэбэт
  •  Зэхудэчыхыныгъэм и дунейпсо махуэщ
  •  Проект зыщIым и урысейпсо махуэщ
  •  Исландием щагъэлъапIэ я лъэпкъыбзэм и махуэр
  •  1841 гъэм къагупсысащ пхъэмыфым къыхэщIыкIа, цIыхур псым щIезымыгъэлъафэ бгырыпх.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хьэту Пётр и бжьыхьэ усэхэр

2019-11-16

  • Удж-пыху
  • Бжьыхьэ уэфIым и макъамэр,
  • гур ихузми, мэIур гуакIуэу.
  • Сэ уэ зыр узимыIамэ,
  • зым щымыщт дунейм щызгъакIуэр.
  • Нэщхъей дыдэщ дунеижьыр, —
  • пщIащэпыхущи — псэр мэпыхьэ…
  • Уэрщ, уэращ сэ сыщIэхъыжьэр,
  • мы удж-пыхуми сыщIыхыхьэр…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-11-16

  • Тхыгъэ кIэщIхэр
  • Бзэр псэухущ лъэпкъыр зэрыпсэур
  • «Фыфейм зыщывмыдзей, ауэ хамэщ жыфIэу, фызыхуеджэ хъунур къэвмыгъанэ», — жиIэгъащ Шевченкэ Тарас. Дэ къытхэтщ зыфIэмызахуэ нэгъуэщI литературэхэм щыщ тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыныр. Ар щыуагъэшхуэщ. Къэплъытэ хъуну пIэрэ дэ дызыхуей псори ди адыгэ литературэм иIэу? Е щыIэу пIэрэ дэ зыхуей хъугъуэфIыгъуэ псори зиIэ, зыми хуэмыныкъуэж литературэ? Дауи, щыIэкъым. Аращи, зэдзэкIын Iуэхур зэи IэщIыб пщIы хъунукъым. Ар дэтхэнэ литературэри нэхъ къулей зэращI Iэмалщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис