ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Италие, Венеция

2019-11-21

  • Италием и къалэ цIэрыIуэхэм ящыщ Венецие ныбжьышхуэ иIэщ. Ди эрэм и пэкIэ лIэщIыгъуэ етхуанэм а щIыпIэр цIыхухэм псэупIэ ящIат, ауэ къалэ теплъэ щигъуэтар ди эрэм и ебгъуанэ лIэщIыгъуэрщ. Абы къыщыщIэдзауэ епщыкIуханэ лIэщIыгъуэр иухыху «гъуэгу псори а къалэм пхокI» жыхуаIэм хуэдэу щытащ, КъухьэпIэ Европэмрэ КъуэкIыпIэмрэ я сатуущIхэм я зэблэкIыпIэу. Абыхэм я фIыщIэщ а къалэр зэрыщыту музей пэлъытэу ди зэманым къызэрысар.

  • 2017 гъэм щIэныгъэлIхэм жаIауэ щытащ дызэрыт лIэщIыгъуэм и кIэм Венецие псым щIихъумэну. ЩIыкурытыхым сантиметри 140-кIэ зыкъиIэтыну жаIэ 2100 гъэм ирихьэлIэу. Ар къэхъумэ, Венецие и мызакъуэу, Италием и хэгъэгу 33-м псыдзэ къащIэуэнущ.
  • Мы махуэхэм зыплъыхьакIуэхэм къалэр ябгынэ, нэгъуэщIхэр къэмыкIуэну унафэщIхэр мэлъаIуэ. ЩIыналъэм и губернаторым жеIэ къалэм и процент 80-м псы къыщIэлъэдауэ икIи абы хэщIыныгъэшхуэ къыздихьауэ. ЗэкIэ еврэ мелуан 20 трагъэкIуэдэнущ Iэмалыншэ Iуэхухэр зэфIагъэкIыным. Ауэ псыр IэубыдыпIэншэщ, ар здынэсар мылъкушхуэ текIуадэу зэрагъэзэхуэжын хуей хъунущ. ЗэкIэ псыр къалэм хуиту дэтщ, ар и пIэм щиувэжынури зыми жиIэфынукъым.