ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ
2019-11-21
- ЩIэныгъэфI зыбгъэдэмылъ цIыхум IэщIагъэлI нэси къыхэкIынукъым. Ди къэкIуэнур зыхуэдэнур куэдкIэ зэлъыта егъэджакIуэ IэщIагъэр адрейхэм нэхърэ щIэнэхъ гугъур аращ.
- Зэрысабийрэ егъэджакIуэ хъуну щIэхъуэпсу щыта Мамий Залинэ зыхуеджари зэрылажьэ-ри а IэщIагъэрщ. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жиIащ пасэрейм. ЛIакъуиплI хъуауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къадогъуэгурыкIуэ Залинэ къызыхэкIа БжэныкIэхэ я лъэпкъым. Залинэ и адэшхуэ БжэныкIэ Замудин Кыщпэк дэт курыт еджапIэм и унафэщIу илъэс 35-кIэ лэжьащ, фIыщIэрэ щытхъурэ къыхуащIу. Залинэ и анэшхуэми, и адэ-анэми, къыдалъхуахэми IэщIагъэ яхуэхъуар а лэжьыгъэ мытыншырщ. Шэч хэмылъу, Мамийр хущIокъу и нэхъыжьыфIхэм щапхъэ ятрихыну, абыхэм яхуэфащэу къэгъуэгурыкIуэну.
- ГъащIэм зеужь, щIэ куэд къыхохьэ, апщIондэхукIи егъэджакIуэм и щIэныгъэм хигъэхъуапхъэщ. Зи лэжьыгъэм гурэ псэ- кIэ бгъэдэт Мамий Залинэ щеджащ КъБКъУ-м и педагогикэ колледжым и информатикэ къудамэм, КъБКъУ-м и филологие факультетым, ЦIыхухэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтынымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэу Москва дэтым ментальнэ арифметикэмкIэ и къудамэр къиухыжащ. Абы зригъэгъуэта щIэныгъэхэр екIуу зэрепх, зэрылажьэ методикэм щIэщыгъуагъ куэд хелъхьэ, еджакIуэ цIыкIухэр дригъэхьэхыу. Информатикэ IэщIагъэм щыщу сабийхэр хурегъа-джэ робототехникэм. Абы щIэблэм я къэухьым зрегъэужь, гъащIэм, псэукIэщIэм узыщыхуеину, ар тынш пщызыщIыну Iэмалхэм хурегъасэ. Залинэ щIэныгъэ куу къыщIихащ КъБКЪУ-м и филологие къудамэм. Ивахненкэ Евгений и «Еджэныр — уэрэду» тхылъым куууэ зыщигъэгъуэза нэужь, Залинэ езым и Iуэху еплъыкIэхэр къигъэнэIуащ. Тхылъым къыпащэу, Ивахненкэ Евгенийрэ Мамий Залинэрэ я мурадщ етIуанэ томыр мыгувэу къыдагъэкIыну.
- Егъэджэныгъэм щIэуэ къыхыхьахэм ящыщщ ментальнэ арифметикэр. Залинэ ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ а лъэныкъуэми.
- — Ментальнэ арифметикэ гупжьейхэр щолажьэ ди республикэм и языныкъуэ курыт еджапIэхэм, — жеIэ Мамий Залинэ. — Абыхэм къарит щIэныгъэмкIэ арэзыщ еджапIэм и унафэщIхэ-ри адэ-анэхэри, сабийхэм я дежкIи ар щIэщыгъуэщ. Мы унэтIыныгъэр зыкIи зэран хуэхъуркъым егъэджэныгъэмкIэ къэрал хабзэм къигъэув пщалъэхэм, хэбгъэзыхьмэ, дэIэпыкъуэгъу мэхъу. Абы сабийр псынщIэу гупсысэу ирегъасэ, и псантхуэхэр фIыуэ егъэлажьэ. Апхуэдэ дерсхэр щат хамэ къэралхэм. Къысщохъу ди щIыналъэми ар Iэмалыншэу яджын хуейхэм хагъэхьэну.
- Мамийм апхуэдэ дерсхэр щет Бахъсэн къалэ дэт 6-нэ, 8-нэ курыт еджапIэхэм, Налшык дэт 4-нэ гимназием, Шэджэм къа- лэ дэт Сабийхэм зыщрагъэужь центрым. ИлъэсипщIым щIигъуащ Залинэ а унэтIыныгъэм зэрыщылажьэрэ икIи езым и методикэ иIэжщ.
- «ЗэфIэкI лъагэ зиIэ цIыкIухэр» проектым ипкъ иткIэ, Залинэ, сабийхэр игъусэу, игъэхьэзыращ «Нартхэ я дыщэ» теплъэгъуэр. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, дуней псом къыщацIыху Iуащхьэмахуэ лъапэ и деж Iуэху щхьэпэ щалэжьащ егъэджакIуэмрэ сабийхэмрэ. Интернетым и Iэмалхэри къамыгъэсэбэпу, щIыуэпсым и дахагъэмрэ, щIэлъ къэуатымрэ захригъащIэу, хьэуа къабзэм хэту, сабийхэр езыр-езыру зэпсалъэу, зэдэджэгуу, я гупсысэхэмкIэ зэдэгуашэу Залинэ хузэфIэкIащ нарт лъэпкъым и тхы-дэр, и хабзэр, и фащэр къызыхэщыж теплъэгъуэ цIыкIухэм яригъэщIын. Сабийхэм гушхуауэ икIи дихьэхауэ сурэтхэр езыхэм ятхащ, трахащ, адыгэ макъамэ дахэхэри щIагъэувэжри, «Нартхэ я дыщэ» таурыхъ хьэлэмэтыр ягъэуващ.
- Залинэ и гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъуркъым. Сабийхэм ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми, дунейпсо утыкухэми екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ. Езы егъэджакIуэм и зэфIэкIыр зэрыинри къегъэлъагъуэ «Шемякиным и гъатхэ» дунейпсо фестивалым, Москва ментальнэ арифметикэмкIэ щекIуэкI зэпеуэхэм къэпщытакIуэу зэрырагъэблагъэр. Лъэпкъым и тхыдэри, и хабзэри ябгъэдилъхьэкIэрэ, сабийхэм я зэфIэкIым зрегъэужь Залинэ.
- — Дунейм сыт зэбгъэпщэфынур «Уэркъ къафэр»! — жеIэ Мамий Залинэ. — А макъамэм псэр ехьэху, гъащIэм и дахагъэм, и фIыгъуэм ухешэ а къафэ уар-дэм. Илъэс 15-кIэ утыкум щызгъэзэщIа а къафэм къызит щытыкIэр зэзгъэпщэфынур зыщар си егъэджакIуэ IэщIагъэрщ, си сабийхэм ядэслъагъуж ехъулIэныгъэхэрщ, абыхэм естыф гукъыдэжырщ. Адыгэ бзылъхугъэм и хьэл-щэнымрэ егъэджакIуэмрэ зызогъапщэ икIи зызогъэщхь я IущагъкIэ, гъэсэныгъэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, пэжагъкIэ, IуэхущIафэ екIукIэ, псэ щабагъкIэ, гуакIуагъкIэ, бзэ дахэ яIурылъым-кIэ.
- Мамийм гулъытэ хэха яхуещI гъащIэм щытыкIэ гугъум иригъэува сабийхэм. Залинэ апхуэ-дэ цIыкIухэм ябгъэдэтщ тэмакъкIыхьу, бзэ IэфI Iурылъу. Зыхуей зыгъуэт сабийм, дауи, и зэфIэкIым, и гупсысэкIэм нэхъ псынщIэу зеужь. Зи узыншагъэкIэ, IэпкълъэпкъкIэ сэкъат зиIэ цIыкIухэм, е щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу гугъуехь хэхуа ныбжьыщIэхэм егъэджакIуэ Iэзэм къахуегъуэтыф ахэр зыхуэIэрыхуэ, зыхэзэгъэфыну гупжьейхэр, езы сабийхэми ар я фIэщ ещIыжыф.
- Мамийм езыми и сабийхэми мызэ-мытIэу зыкъыщагъэлъэгъуащ дунейпсо утыкум. «Global teacher Prize» егъэджакIуэхэм я дунейпсо саугъэт зэпеуэм и лауреатщ Залинэ икIи нэхъыфIу къалъытахэр щызэхьэзэхуэжынущ мы гъэм щэкIуэгъуэ мазэм и кIэм. Ди гуапэщ Залинэ и мурадхэр къехъулIэну.
- Тхыгъэри сурэтри зейр
- Табыщ Динарэщ.