ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2019

Гурэ  гурэ  лъагъуэ  зэхуаIэщ

2019-11-29

  • Тхыдэм нэхъ жыжьэ дыкIуэцIрыплъыжми, и нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэжми, дэ долъагъу урысхэмрэ адыгэхэмрэ сыт щыгъуи быдэу зэпыщIауэ, зэдэIэпыкъуу, зэрыщIэу зэрыщытар. Абы и щапхъэхэр куэдщ, ауэ дэ иджыпсту нэхъ хэхауэ зи гугъу тщIынур ахэр щызэкъуэува лъэхъэнэрщ. КъыщыщIэддзэнщ епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Кавказым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым

2019-11-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щыхуэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ республикэм къэкIуа, Кавказым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и Iэтащхьэ Пашазаде Алыхьшыкур. ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къуэдзэ Стариков Сергей, Азербайджан Республикэм и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Гасанов Алий, КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI

2019-11-29

  • ДызыхуэкIуэ 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIрагъэдзу хуежьащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэщ.
  • Ди индексыр П 5894.
  •  

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Примаков Е. М. и цIэр зезыхьэ фондыр ди интернатхэм къадоIэпыкъу

2019-11-29

  • Сабийхэм ядэIэпыкъунымкIэ Примаков Е. Н. и цIэр зезыхьэ фондым къиутIыпщащ Нартан къуажэмрэ Приближнэ станицэмрэ дэт интернат еджапIэхэр техническэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыным текIуэдэну ахъшэр. Апхуэдэ унафэ къащтащ Урысей Федерацэм и Сату-промышленнэ палатэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Сату-промышленнэ палатэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Ажалыр щащэр  къыджеIэ!»

2019-11-29

  •  «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм зэдрагъэкIуэкI «Урысейм и сабийхэр-2019» лэжьыгъэм и етIуанэ Iыхьэхэм хиубыдэу, республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым щеджэхэм. «СтIол хъурей» зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэныр, ахэр щIэпхъаджагъэхэм хашэныр къэмыгъэхъуным ехьэлIауэ ящIапхъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Iэзагъэ нэсым и джэлэс

2019-11-29

  • «Урысейр зэфIэкI инхэм я къэралщ» президент платформэм и проектыщIэ «ХьэщIагъэм хуэIэзэхэр» къэралпсо зэпеуэм хэтыну гукъыдэж зиIэхэм абы теухуа я тхылъхэр щэкIуэгъуэм и 13-м къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 20 пщIондэ «мастерагостеприимства.рф» сайтым ирагъэхь хъунущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Етхуанэ къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ

2019-11-29

  • Дунейм къытехьащ литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2019 гъэм и етхуанэ (сентябрь — октябрь) номерыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

КIыщ Мухьэдин ягъэлъапIэ

2019-11-29

  • Москва къалэм Художествэхэм-кIэ и Урысей академием и Президиумым и зэIущIэм абы и президент Церетели Зураб УФ-м щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ЩIДАА-м и академик, художник цIэрыIуэ КIыщ Мухьэдин щритыжащ «Гъуазджэм зэрыхуэлажьэм папщIэ» орденым и ещанэ нагъыщэр, илъэс 80 зэрырикъум папщIэ къыхуагъэфэщар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъ махуэ

2019-11-29

  • Къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъ пэкIу щэкIуэгъуэм и 29-м екIуэкIынущ. Ар Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и деж пщэдджыжьым сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 30-м щызэхыхьэнущ. ПэкIум и кIэухым усакIуэшхуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ

2019-11-29

  •  Палестинэ лъэпкъыр дэIыгъыным и дунейпсо махуэщ. 1947 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм резолюцэ къищтащ Палестинэр Инджылызым и унафэм къыщIэгъэкIыным теухуауэ. Апхуэдэуи абы щыубзыхуат Палестинэм къэралыгъуитI — журтхэм ейрэ хьэрыпхэм ейрэ — къыщызэгъэпэщыныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэ фестивалым пещэ

2019-11-29

  • Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм фрагъэблагъэ Симфоническэ макъамэм и VIII дунейпсо фестивалым, Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Бгырыс щIыналъэм итхьэкъуахэр

2019-11-29

  • Сыт  ахэр  зэгъунэгъу  зыщIыр?
  • ЩIыналъэ дахэм малъхъэдису цIыхур зыщIешэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ лъахэм къэрал Iэджэхэр къыщIэхъуэпсу къокIуэкI. И дахагъэм и мызакъуэу, ахэр ди лъахэм къыхуэпабгъэрт мыр «КъуэкIыпIэм и хэгъэгухэм уазэрыхыхьэ куэбжэшхуэу» зэрыщытым къыхэкIыу. И дахагъэмрэ географие теу- хуауэ иIэ мыхьэнэшхуэмрэ бэлыхь мащIи хагъэтакъым жэнэт пэлъытэ ди лъахэр. Кавказым и курыкупсэм ису, абы и джэлэс пэлъытэу псэуа адыгэхэм а бэлыхьхэм я нэхъыбапIэр къалъысащ. Зауэмрэ банэмрэ хэмыкIыу къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэм я щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ лъыуэ ягъэжар къэзылъытэфын щыIэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сказано об адыгах

2019-11-29

  • ГОСТЕПРИИМСТВО есть одна из важнейших добродетелей черкеса. Гость приезжает со свитой к какому-нибудь князю или тлякотлешу и живет у него неделю или две, или сколько ему заблагорассудится.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Си еджапIэ — си къежьапIэ

2019-11-29

  • ЩIэ
  • «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр мэлажьэ
  • Ди республикэм и къалащхьэ Налшык иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэ Iэмалхэр, «Яндекс. Учебник»-м тету» курсхэр. Егъэджэныгъэхэм хэтащ ди щIыналъэм и егъэджакIуэ 400-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

2019-11-29

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс