ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэфIэкI лъагэ зиIэ

2019-11-21

  • Лъэпкъ щIэныгъэлI икIи къэхутакIуэ пажэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, къэрал икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел ящыщщ зи зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэзыгъэпсахэм. ЩIэныгъэлI щыпкъэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 80 ирикъуащ. Абы щыщу 55-м щIигъур Тхьэгъэпсом хухихащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм.

  • ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ Тхьэгъэпсом. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнок (Къэсейхьэблэ) жылэм 1939 гъэм къыщалъхуащ ар. Къуажэм дэт курыт школыр дыщэ медалкIэ къиуха нэужь, комсомол лэжьыгъэми жану хэт щIалэр ухуакIуэ бригадэм хыхьащ иужькIэ, 1958 гъэм, щIэтIысхьащ Бауманым и цIэр зэрихьэу Москва дэт техникэ еджапIэ нэхъыщхьэм (МВТУ), инженер IэщIагъэм хуеджэну. Студент илъэсхэр жыджэру ирихьэкIащ адыгэ щIалэщIэм. А лъэхъэнэм ирихьэлIащ Хьэжысмел и япэ къэхутэныгъэхэри. ЗыщIэхъуэпса IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ Тхьэгъэпсом икIи егъэджакIуэу лэжьэн щыщIидзащ КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетым. ЗэфIэкI лъагэ къызыкъуэкIыну гу зылъата щIалэм университетым и унафэщIхэм чэнджэщ иратащ адэкIи и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Абыхэм я псалъэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу, Хьэжысмел 1968 гъэм щIэтIысхьащ МВТУ-м и аспиранту-рэм икIи ар ехъулIэныгъэкIэ къиу-хащ, техникэ щIэныгъэхэм я канди-дат цIэр къыщIыфIаща щIэныгъэ лэжьыгъэри къызыхуэтыншэу пхигъэкIри.
  • Бгъэдэлъ зэфIэкIым хэзыгъэхъуа щIэныгъэлI щIалэм лэжьыгъэм щыпишэжащ КъБКъУ-м. Ар щытащ егъэджакIуэу, кафедрэм и доценту, абы и унафэщIу. Сыт хуэдэ къалэн пщэрылъ къыщамыщIми, ноби зэрихабзэу, Тхьэгъэпсом ахэр ныкъусаныгъэншэу зэфIихырт. Ар елIалIэрт инженер IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ ди республикэм щыщы- щIэ мардэхэр зэрыригъэфIэкIуэным, абы и щIэныгъэ-методикэ лъабжьэр нэхъри гъэбыда зэрыхъуным. Апхуэ-дэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, Хьэжысмел зэфIихырт техникэм епха къэхутэныгъэ купщIафIэхэр, пкъыгъуэщIэхэмрэ IэмэпсымэщIэхэмрэ къигупсысу. Апхуэдэхэм я бжыгъэр 30-м  нос. Абыхэм ятещIыхьа къэхутэныгъэхэм абы триухуащ щIэныгъэ лэжьыгъэу пщIы бжыгъэхэр. ЩIэныгъэлIыр шэщIауэ ядэлажьэрт ди къэралым и къэхутакIуэ IэнатIэ нэхъ лъэрызехьэхэм. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, налмэсым елэжьынымкIэ къэралпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр, Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Быдагъышхуэ зиIэ пкъыгъуэхэм елэжьынымкIэ и институ-тыр, Къэхутэныгъэхэм я методикэм-рэ техникэмкIэ союзпсо щIэныгъэ институтыр, «Тэрчналмэс» Къэбэрдей-Балъкъэр завод иныр. Абыхэм Тхьэгъэпсом и къэхутэныгъэхэр щагъэунэхурт. А унэтIыныгъэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм папщIэ Тхьэгъэпсом 1976 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр, 1981 гъэм — РСФСР-м и Совет нэхъыщхьэм и Президиумым къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр. 1982 гъэм абы къыфIащащ «СССР-м и къэхутакIуэ» цIэр.
  • 1983 гъэм Тхьэгъэпсор КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым лэжьапIэ ирагъэблэгъащ. Ар ягъэуващ обкомым щIэныгъэмрэ еджапIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. ИлъэситхукIэ а къулыкъум пэрытауэ, Хьэжысмел пщэрылъ къыхуащIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр къалэныр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм я кIэухыр — 90 гъэхэр ди къэралым и дежкIэ зэман къызэрыгуэкIыу зэрыщымы-тар куэдым ящIэ. Егъэджэныгъэ, щIэныгъуэ IэнатIэхэр «къызэфIэмыщIэу» ди щIыналъэм а лъэхъэ- нэм къызэрыщызэтенар, уеблэмэ зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэщIэ- хэр абыхэм къызэрыщыунэхуар куэдкIэ зи фIыгъэр Тхьэгъэпсом бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэращ, ар жыжьэ плъэф къэрал лэжьакIуэу, хэкупсэ нэсу зэрыщытырщ. МинистрыщIэм зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэкIэ запищIащ СССР-м щыIэ еджапIэ, щIэныгъэ IэнатIэ пашэхэм. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-р, Герценым, Шолоховым я цIэхэр зезыхьэ Москва педагогикэ университетхэр, Екатеринбург дэт инженер-педагогикэ университетыр, нэгъуэщIхэри. ЯриухылIа зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ, абыхэм ди республикэм пап-щIэ щагъэхьэзыру хуежьащ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр. Къэралым щыяпэу Налшык 1992 гъэм къыщызэIуахауэ щытащ ДизайнымкIэ колледж. ИужькIэ Хьэжысмел абы и унафэщIуи илъэс куэдкIэ лэжьащ. Апхуэдэт республикэм и курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щеджэхэр IэщIагъэм хашэу къызэраублари. АбыкIэ еджапIэхэм щапхъэ яхуэхъуауэ щытащ Налшык дэт лицей №2-р. Министрым и жэрдэмкIэ абы лэжьапIэ кърагъэблэгъауэ щытащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэм ящыщ куэд, 10 — 11-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэхэм езыхэм къыхаха унэтIыныгъэхэмкIэ щIэныгъэ куу ирагъэгъуэтын папщIэ. 1993 гъэм школым япэу къыщIэкIа апхуэдэ гупыр, къа-     нэ щымыIэу, КъБКъУ-м щIагъэтIысхьауэ щытащ ректорым и унафэкIэ, къызэрапщытэ экзамен лъэпкъ ямыту, апхуэдизу лъагэт а ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэри.
  • Тхьэгъэпсор министру щылэжьа илъэсхэм республикэм и курыт школ 28-м щрагъэжьауэ щытащ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ пэщIэдзэ щIэныгъэ етыныр.
  • Егъэджэныгъэм къыхыхьэ а зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм къадэкIуэу, Тхьэгъэпсом хузэфIэкIащ зи пашэ IэнатIэм нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIи зригъэужьын. Къапщтэмэ, а илъэс-хэм ди республикэм щаухуащ школыщIэхэр, сабий садыщIэхэр. Апхуэдэу министрым и жэрдэмт училищэхэм статусыщIэхэр егъэгъуэтауэ, зи щхьэ хущытыж еджапIэ щIыныр. КъищынэмыщIауэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщу заводхэм, фабрикэхэм, мэкъумэш хозяйствэхэм ейуэ щытахэр ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм и унафэм щIигъэуващ Тхьэгъэпсом. Апхуэдэу хъума хъуащ 90 гъэхэм зэхуащIыжа IуэхущIапIэхэм епхауэ лэжьа егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэр. Ари акъылыфIагъэ зыхэлъ Iуэхугъуэшхуэт.
  • НыбжьыщIэ зэчиифIэхэр, республикэпсо, къэралпсо предмет олимпиадэхэм увыпIэфIхэр къыщызыхьахэр а унэтIыныгъэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм экзаменыншэу щIэгъэтIысхьэнри къыщыхалъхьар Тхьэгъэпсо Хьэжысмел и министрыгъуэ илъэсхэращ. Ари хэкIыпIэфIт сабийхэр еджэным нэхъри дебгъэхьэхынымкIэ. Тхьэгъэпсом къыхилъхьа жэрдэмыр иужькIэщ адрей щIыналъэхэм къыщащтар.
  • Апхуэдэ икIи нэгъуэщI Iуэху зехьэкIэ пэрыт куэдым я лъабжьэ быдэ егъэджэныгъэ IэнатIэм щигъэтIылъащ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэман, щIэныгъэлI икIи егъэджакIуэ Тхьэгъэпсо Хьэжысмел. 1992 гъэм абы къыфIащауэ щытащ «ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и отличник» цIэр.
  • Техникэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIым гуманитар унэтIыныгъэми и зэфIэкIхэр щегъэлъагъуэ. Абы егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэм-рэ зэрызэхэлъ пкъыгъуэхэр, а IэнатIэхэм заужьыным хуэгъэпса и еплъыкIэхэм епха къэхутэныгъэ инхэр ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщщ 90 гъэхэм я кIэухым Налшыкрэ Москварэ ду- нейм къыщытехьауэ щыта «Егъэджэныгъэм и философиер», «Егъэджэныгъэм къыхыхьэ мардэщIэхэр», «Дизайныр щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ къапкърыкIа Iуэхугъуэщ», нэгъуэщIхэри. А къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ доктор диссертацэр Тхьэгъэпсом утыку кърихьащ 1997 гъэм икIи ар ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ Урысей къэрал педагогикэ университетым, пщIэшхуэ иIэу. Абы къыфIащащ «философие щIэныгъэхэм я доктор» цIэ лъапIэр.
  • 1999 гъэм щIэныгъэлIым лэжьыгъэм щыпищащ КъБКъУ-м философиемкIэ и кафедрэм, профессор къулыкъум пэрыту. Абы куууэ, шэщIауэ иригъэкIуэкIыу хуежьащ философие-культурологие, социальнэ философие, политологие къэхутэныгъэ инхэр. Ахэр къытрадзэрт «Вопросы философии», «Философские науки», «Вестник РАН», «Политические исследования», «Педагогика», «Высшее образование в России», «Научная мысль Кавказа» щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. Уеблэмэ абыхэм я къыдэкIыгъуэ щхьэхуэ зыбжанэ зэхагъэуващ Тхьэгъэпсом и унафэм щIэту.
  • А псоми къадэкIуэу, Хьэжысмел хуосакъ щIэныгъэ лъагэм щIалэгъуалэр хэшэным, лъэпкъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. Ар иджыпстуи жыджэру пэрытщ егъэджэны-гъэ IэнатIэм. ЩIэныгъэлIым и унафэм щIэту ягъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ канди-дат диссертацэ куэд. Ди къэралым      и Президентым 2011 гъэм къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ Тхьэгъэп-      со Хьэжысмел хуэфащэ дыдэу къыфIащащ «УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэр.
  • ЩIэныгъэлI щыпкъэр, къэхутакIуэ емызэшыр, егъэджакIуэ Iэзэр, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэр лъэпкъым и къуэ пэжщ, хэкупсэ нэсщ. Ар дапщэщи жыджэру хэтщ ди щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхугъуэхэм. ЦIыхубэм я дзыхь кърагъэзу, Тхьэгъэпсор хахауэ щытащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату. Аращ КъБР-м и Iэтащхьэм и нэIэм щIэту Жылагъуэ-чэнджэщакIуэ советым и лэжьыгъэр 2007 — 2013 гъэхэм зэзыгъэуIуар. Лъэпкъыбзэхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэш-хуэ иIащ Тхьэгъэпсом и министрыгъуэм пэщIэдзэ классхэр зэрырагъаджэ программэм сабийм Iурылъ анэдэлъхубзэр лъабжьэ хуащIауэ зэрыщытами. А лъэхъэнэращ ди щIыналъэм и курыт школхэм я программэм «КъБР-м и тхыдэр», «КъБР-м ии географиер» предметхэр хагъэхьауэ щыщытари.
  • IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуа Тхьэгъэпсо Хьэжысмел ди гуапэу дохъуэхъу и илъэс 80 юбилеймкIэ. Зи щIэныгъи, зэфIэкIи, къаруи къэралым, щалъхуа хэкум заужьыным, ехъулIэныгъэ яIэным  хуэзыгъэпсу  дунейм  тет цIыху щыпкъэр узыншагъэ быдэ иIэу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу куэдрэ Тхьэм игъэпсэу.
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.