Адыгэ мамлюк сулътIанхэм ятеухуа фильмыщIэ
2019-11-21
- ЩэкIуэгъуэм и 17-м «Геностудие» кинокомпанием игъэхьэзыра дунейпсо хьэрып сериалыщIэ утыку къыщрахьащ. Зэреджэр: «МафIэ пащтыхьыгъуэхэр» (инджылызыбзэкIэ — «The Kingdom of Fire», хьэрыпыбзэкIэ — «Мамалику Ннар»).
- ФИЛЬМЫР драмэ жанрым итщ, серие 14 мэхъу, я дэтхэнэ зыри дакъикъэ 45-кIэ екIуэкIыу. Тхыдэр зи тегъэщIапIэ теплъэгъуэхэр нэхъыбэу зытеухуар 1516 гъэм екIуэкIа, шэрджэс мамлюкхэм я тетыгъуэр щиуха Мардж Дабикъ зауэзэрылIырщ. Ара къыщIэкIынщ иужьрей зэпэщIэувэгъуэм хиубыда Тумэн-бей сулътIанымрэ Селим Езанэмрэ я сабиигъуэри къыщIагъэлъагъуэр. Къанщауэ Гъури, Тумэн-беи, Селим Езанэ сулътIанри, тхыдэм къыдигъэцIыху нэгъуэщI лIыхъужь Iэджи хэтщ зи гугъу тщIы фильмым. ИджыпстукIэ сериалыр щекIуэкIыр МВС Сауд Хьэрып каналырщ, ауэ «МафIэ пащтыхьыгъуэхэр» зэрызэрадзэкIынум шэч хэмылъу хэIущIыIу хъуну хунэ- са лэжьыгъэщ.
- Япэ серием Тумэн-бей щIалэ цIыкIуу Шэрджэсейм къызэрырашым щыгъуазэ дещI: «Шэрджэсей», — дыкъыщоджэ сабийр щыпсэу щIыналъэр къэзыгъэлъагъуэ сурэтым, ауэ щыуагъэкIэ «Кавказ Ищхъэрэм» и пIэкIэ «Азие Курыт» жаIэри кIэщIатхащ. Фильмым тегъэщIапIэ хуэхъуа хъыбарыр зэхэзылъхьар Абдул-Малик Мухьэмэд Сулеймэнщ, режиссёрыр Вебер Питерщ. Къанщауэ Гъур и ролыр зыгъэзащIэр Асэф Рашидщ, Тумэн-бей-балигъыр — Нэбэуий Хъалидщ, Селим Езанэр — Мэхьмуд Нэсрщ.
- ЧЭРИМ Марианнэ.