ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2019

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэрал Советым и зэIущIэм хэтащ

2019-12-28

  • Урысейм и Президент Путин Владимир дыгъэгъазэм и 26-м Кремлым щригъэкIуэкIащ Къэрал Советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къэралым и аграрнэ политикэм, мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь хъерым хэгъэхъуэным, къуажэхэм зегъэужьыным. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэхэр КъБР-м щохьэщIэ

2019-12-28

  • КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щахуэзащ федеральнэ медицинэ центрхэм я IэщIагъэлI пашэхэм: дуней псом щыцIэрыIуэ нейрохирург, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, профессор, Склифосовский Н. В. и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым нейрохирургиемкIэ и къудамэм и щIэныгъэлI лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Крылов Владимир, Склифосовский Н. В. и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым нейрохирургие дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и къудамэм и унафэщI Лукьянчиков Виктор, Евдокимов А. И. и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал медико-санитар университетым и клиникэм и медицинэ центрым и травматолог-ортопед Сычевский Михаил сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Махуэшхуэр къоблагъэ

2019-12-28

  • ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым зэхыхьэ гукъинэж къахузэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и школ-интернатхэм щыIэ сабийхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зэпсэлъэныгъэ щхьэпэ

2019-12-28

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дыгъэгъазэм и 24-м Правительствэм и Унэм щыхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

БжэныкIэ Мухьэб Мусэбий и къуэр

2019-12-28

  • 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м дунейм ехыжащ журналист, публицист цIэрыIуэ, социолог, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт БжэныкIэ Мухьэб Мусэбий и къуэр. Аращ ди республикэм щыщу япэ дыдэу «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр зыфIащар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-12-28

  • Дыгъэгъазэм и 28, щэбэт
  • Кином и дунейпсо махуэщ
  • Кинематографым и махуэщ. 1895 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Люмье зэкъуэшхэу Огюстрэ Луирэ дунейм щыяпэу Париж щагъэлъэгъуащ езыхэм къагупсыса аппараткIэ траха фильм кIэщIхэр.
  • 1869 гъэм США-м щыщ Семпл Уильям Финли ягъэныщкIу сагъыз къызэригупсысам и щыхьэт тхылъ иратащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр зи хъуэпсапIэ ХьэкIуащэ Андрей

2019-12-28

  • Лэжьыгъэращ  цIыхур  зыгъэдахэр
  • Критик, литературэдж, щIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэр Тэрч районым хыхьэ Арыкъ (Борыкъуей) къуажэм 1929 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къыщалъхуащ. 1948 — 1952 гъэхэм ар щеджащ Ленинград дэт къэрал университетым и филологие факультетым. Налшык къигъэзэжа нэужь, Къэбэрдей радиовещанэм мазэ зытIущкIэ щыIащ. АдэкIэ, Къэбэрдей къэрал пединститутым и аспирантурэм щIэтIысхьэри, 1955 гъэм ар къиухащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-12-28

  • Псалъэжьхэр
  • Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып
  • Ныбэм имылъмэ, лъэр щIэкIыркъым.
  • Псым къыхадза бдзэжьейуэ ныджэм къытенащ.
  • Узэфыгъуэ къыптокIуэ.
  • ЦIыху акъылыншэрэ мафIэншэ жьэгурэ.
  • ШкIащIэм ягъэдела выжь хуэдэ.
  • Iуэхур кIэкIэ зэрехьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

ЦIэ телъыджэ — «ТекIуэныгъэ»

2019-12-26

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Дзэлыкъуэкъуажэ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексыщIэ къызэрыщызэIуахам теухуа дауэдапщэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2019-12-26

Налшык дэт Псей нэхъыщхьэм деж. 2019 гъэ, дыгъэгъазэм и 25

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа щIэныгъэлI

2019-12-26

  • Дыгъэгъазэм и 25-м илъэс 90 ирикъуащ адыгэ щIэныгъэлI телъыджэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Сокъур Мусэрбий къызэралъхурэ. Къэбэрдей литературэм и тхыдэр куууэ зыджа къэхутакIуэщ ар, абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я тхыгъэхэр  щызэпкърыха лэжьыгъэ хьэлэмэт куэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Ислъамым и нур

2019-12-26

  • Дерс щхьэпэ
  • Уэ пхузогъэтIылъ, си адэ
  • «Псыпэр зрижэм псыкIэр ирожэ» жиIащ адыгэ псалъэжьым. Ар купщIэшхуэ зиIэщ, мы ди хъыбарри абы и щыхьэтщ.
  • Щхьэгъуси быни зыгъуэта щIалэ псэурт, жьы дыдэ хъуа и адэм и гъусэу. Зэгуэрым щIалэм и щхьэгъусэм жиIащ зыхузэфIэмыкIыж и тхьэмадэр зэриужэгъуар, абы гугъу зэрыдехьыр, къызэрехьэлъэкIыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-12-26

  • Дыгъэгъазэм и 26, махуэку
  • Урысейм и ПВО-м хыхьэ дзэхэм я махуэщ
  • Инджылызым, Австралием, Новэ Зеландием, Канадэм щагъэлъапIэ тыгъэ щIыным и махуэр
  • Словением и щхьэхуитыныгъэмрэ и зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ
  • 1783 гъэм Франджым щыщ физик Ленорман Луи Себастьян, езым иригъэфIэкIуэжа парашютыр къигъэсэбэпри, Париж дэт унэ лъагэм япэ дыдэу къелъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-12-26

  • Шэшэн Республикэм Урысейм и чемпионат щекIуэкIащ «аэротрубные дисциплины» жыхуаIэмкIэ. Ар къызэрагъэпэщат спецназым и Урысей университетымрэ УФ-м парашют спортымкIэ и федерацэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-12-26

  • 1 КъБР  „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, дыгъэгъазэм и 30
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку  хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «НэгъуэщI насып сэ сыхуеякъым». КъБР-м и цIыхубэ артист Думэн Мурадин (адыгэбзэкIэ) (16+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

« Раньше