ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

Унафэхэр зэпэлъытауэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытын хуейщ

2018-08-30

  • УФ-м и Президент Путин В. В. шыщхьэуIум и 29-м
  • Урысейм и цIыхухэм зэрызахуигъэзар
  • Урысейм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
  • 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м Правительствэм Къэрал Думэм къыщыхилъхьащ Пенсэ Iуэхум зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законопроектыр. Ар къэралым и Парламентым япэ къеджэгъуэу бадзэуэгъуэм и 19-м къищтащ. Мыр нэхъыщхьэу зытеухуар, и лъабжьэу щытыр пенсэмкIэ системэр дяпэ илъэс куэдкIэ зэпIэзэрыту икIи финансхэм я лъэныкъуэкIэ зэтету щытынырщ, апхуэдэу щыщыткIэ, иджырей пенсионерхэми, къэкIуэну зэманым пенсэхэр зратынухэми я хэхъуэхэм кIэрымыгъэхуным и мызакъуэу, а хэхъуэхэр нэхъыбэ щIынырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Президент Путин Владимир пенсэм теухуа законодательствэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я IуэхукIэ Урысейм щыпсэухэм Зэрызахуигъэзам теухуауэ КIуэкIуэ Юрий жиIар

2018-08-30

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. жиIащ Президент Путин В. В. пенсэм теухуа законодательствэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я IуэхукIэ Урысейм щыпсэухэм Зэрызахуигъэзар къызэрыщыхъуар. «ЦIыхубэм Зэрызахуигъэзам ди къэралым и Iэтащхьэм зэпкърыхауэ къыщытеувыIащ а щытыкIэм дыхуэзыша щхьэусыгъуэхэм, а Iуэхум унафэ тещIыхьыныр икъукIэ гугъуу зэрыщытыр, ауэ къэкIуэну зэманым пенсэ IэнатIэм тэмэму зиужьыным лъабжьэ быдэ иIэн щхьэкIэ, ар Iэмал имыIэу иджыпсту зэфIэгъэкIын зэрыхуейр. ИкъукIэ тэмэму къыхигъэщащ нобэ дытегушхуэу ар зэфIэдмыхмэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэр, къэралым и шынагъуэншагъэр абы къигъэтIэсхъэнкIэ зэрыхъунури.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

 Къайсэр щекIуэкIащ 9-нэ Дунейпсо Адыгэ фестивалыр

2018-08-30

  • Тыркум щыIэ Къайсэр Хасэр илъэс 50 зэрырикъум ирихьэлIэу шыщхьэуIум и 23-м Къайнар къуажэм 9-нэ Адыгэ щэнхабзэ фестиваль щекIуэкIащ. Тырку хъыбарегъащIэхэм къызэратыжамкIэ, мы гъэм абы къекIуэлIащ цIыху мин 40-м нэс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Мы махуэхэм

2018-08-30

  • ШыщхьэуIум и 30, махуэку
  • Залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
  • Тэтэрстан Республикэм и махуэщ. 1990 гъэм Тэтэрстан Республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
  • Къэзахъстан Республикэм и Конституцэм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Темыркъан Юрий и илъэс

2018-08-30

Темыркъан Юрийрэ Къандур Мухьэдинрэ. 1999 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым

2018-08-30

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэхиубла щIэныгъэ зэхуэс Налшык щекIуэкIащ
  • Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ Налшык щызэхэтащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэщIэзыубыда щIэныгъэ конференц. Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIэныгъэрылажьэхэр, а хэгъэгухэм я Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэ- хэр, ди республикэм и щIыналъэ-хэм егъэджэныгъэмкIэ я управленэхэм я методистхэр, школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджу цIыху 240-м нэс.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Псыр налкъутналмэсым нэхърэ нэхъ лъапIэ мэхъу

2018-08-30

  • ООН-м игъэбелджыла бжыгъэ: 2050 гъэм ирихьэлIэу псы щыщIэнущ дунейм цIыхуу тетым и ныкъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

ЕгъэджакIуэхэр ирагъэджэнущ

2018-08-30

  • Мы мазэм и 22-м яублащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр. АбыкIэ ягъэбелджылы курыт еджапIэ- хэм 2024 гъэ пщIондэ къыщыхъуну зэхъуэкIыныгъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Шыфэкъуж Данэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ дохъуэхъу

2018-08-30

  • И псэм и къабзагъым хуэдиз насып-рэ узыншагъэрэ Тхьэм къыбгъэдилъхьэ, зи ужь ит Iуэхум къыпэкIуэ хъерым игу хигъахъуэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

ПсынщIэу Iуэхур зэфIагъэкIри…

2018-08-30

  • «Краснодар-3» (Краснодар) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:2 (0:2). Краснодар. «Краснодар» стадион. ШыщхьэуIум и 28-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
  • Судьяхэр: Смирнов (Кисловодск), Валеев, Сеин (тIури Дон Iус Ростов щыщщ).
  • «Краснодар-3»: Латышонок, Пивоваров (Воротников, 29), Парадин, Корнюшин, Чичбэ (Шершнёв, 63), Голубев, Черников, Григорян (Куражов, 60), Сабуэ, Халназаров, Рзаев (Коломийцев, 70).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2018-08-30

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, фокIадэм и 3
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 6.40 «Классикэр псоми папщIэ» (12+)
  • 7.10 «Си лIыкъуэ». Озаруковхэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.10 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Абхъаз Республикэм и Президент Хаджимбэ Раулрэ Осетие Ипщэ Республикэм и Президент Бибилов Анатолийрэ  йохъуэхъу

2018-08-28

  • «Урысейм Абхъаз Республикэмрэ Осетие Ипщэ Республикэмрэ щхьэхуиту къызэрилъытэрэ илъэсипщI зэрырикъур шыщхьэуIум и 26-м Сыхъумрэ Цхинвалрэ щагъэлъапIэ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ хэгъэгуитIыр дунейпсо хуитыныгъэ зиIэ къэралыгъуэу зэрызэфIэувамкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-08-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий егъэджакIуэхэм
  • я  шыщхьэуIу зэхуэсым хэтхэм
  • ЗЭРЫЗАХУИГЪЭЗАР
  • ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ!
  • Си гум къыбгъэдэкI сэлам фызох Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэсым кърихьэлIахэм. Хабзэ хъуауэ, ар йокIуэкI гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ШыщхьэуIу зэIущIэхэр

2018-08-28

  • Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ
  • унэтIыныгъэхэр яубзыху
  • Тхьэмахуэ блэкIам дэнэкIи щекIуэкIащ шыщхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхэтащ абы хыхьэ район, къалэ IэнатIэхэм къызэщIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэIущIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

КъБР-р зэрыгушхуэхэр

2018-08-28

Шемкин (Къардэн) Михаил

Пащты Герман

Бгъэжьнокъуэ Заурбэч

БжэIумых Хьид

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

« Раньше