ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2018

КIуэкIуэ Казбек и къулыкъум пэрохьэ

2018-09-29

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм япэу утыку къыщихьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2018-09-29

  • Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэ
  • Адыгей. ФокIадэм и 28-м АР-м щагъэлъэпIащ Лъэпкъ фащэм и махуэр. ГуфIэгъуэ Iуэхухэр щекIуэкIащ Мейкъуапэ дэт Къэрал филармонием.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Анэ (унагъуэ) мылъку зиIэхэм папщIэ

2018-09-29

  • «Анэ (унагъуэ) мылъкум и къэрал сертификатыр зиIэ цIыхухэм ипотекэкIэ къащта кредитым щхьэщатыкI процент ставкэхэм ящыщ Iыхьэхэр щапшыныжкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхэкIыу банк Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэным и IуэхукIэ» ХъумапIэ банкымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр адэкIи мэлажьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

МэшбащIэ Исхьэкъ хьэрыпыбзэкIэ «мэпсалъэ»

2018-09-29

  • СССР-мрэ РСФСР-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, АР-м, КъШР-м, КъБР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и тхыдэ романхэу «Шэрджэсхэр», «Ридадэ» жыхуиIэхэр хьэрыпыбзэкIэ дунейм къытехьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

«Адыгэ  псалъэр»  адыгэ  унагъуэ  псоми  илъын  хуейщ

2018-09-29

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • ФокIадэм и 1-м щIидзауэ КъБР-м Пощт зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм ирегъэкIуэкI 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ трегъэдзэным теухуа лэжьыгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым хэтахэм абхъаз лъэпкъым зэрызыхуагъазэ

2018-09-29

  • ПщIэ зыхуэтщI ди абхъаз къуэшхэ, шыпхъухэ!
  • Абхъаз лъэпкъым и Хэку за- уэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур — Абхъазым и тхыдэм мыхьэнэшхуэ щы- зиIэ махуэшхуэр — къоблагъэ. Абхъаз Республикэ щхьэхуитым и гуфIэгъуэ нэхъыщхьэу щытщ и ТекIуэныгъэм и махуэр. Дэ зэи тщыгъупщэнукъым абхъаз лъэпкъым и ТекIуэныгъэр, бэлыхьышхуэхэр къыщIызэранэкIар, цIыху куэд зыхэкIуэдар икIи хэщIыныгъэшхуэхэр къахуэзыхьар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессым и Резолюцэ

2018-09-29

  • 2018 гъэм фокIадэм и 19-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ХII Конгрессыр. Абы кърихьэлIащ Урысей Федерацэм (Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм) я адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, апхуэдэуи хамэ къэралхэм щылажьэ шэрджэс зэгухьэныгъэхэм: Тыркум, Сирием, Иорданием, США-м, Израилымрэ Европэ Союзымрэ къикIахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Сызэрыадыгэм срогушхуэ

2018-09-29

  • ЩIэблэм щIэныгъэ куу етыным къыдэкIуэу, гъэсэныгъэ екIу хэлъхьэнми гулъытэ хэха щигъуэт IуэхущIапIэхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтыр. Мыбы къыщрахьэжьэ Iуэхухэм я нэхъыбэм и жэрдэмщIакIуэщ икIи къызэгъэпэщакIуэщ институтым гуманитар, социально-экономикэ щIэныгъэхэмкIэ и кафедрэм илъэс куэд щIауэ и унафэщI, культурологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент ЩауэцIыкIу Людмилэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Шэрджэс лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ

2018-09-29

  • Шэрджэсхэр (адыгэхэр) фэилъхьэгъуэм «щыгъынкIэ» еджэрт. ШэкIэ яузэд Iэщэр къызэрежьэу шэрджэсхэм фэилъхьэгъуэщIэ къагупсысащ, «Адыгэ фащэкIэ» еджэу, «шэрджэс теплъэ» мыхьэнэр къикIыу. Цейм хъурыфэ пыIэр, джанэр, хьэзырхэр зытет джанэ щIыIутелъыр, къамэ зыкIэрыщIа бгырыпхыр, сэшхуэр, фочкIэщIыр, джэлэфейр, лъахъстэн вакъэр щIыгъут. Адрей лъэпкъхэм я фащэхэм зыкIи хуэбгъадэ мыхъуну зэхэлъщ ар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Утыкур ягъэдахэ

2018-09-29

  • Бахъсэн къалэм и утыку нэхъыщхьэр, Щэнхабзэмрэ спортымрэ я уардэунэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэм и гупэм деж иIэр, мывэ джафэкIэ къращIыкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-09-29

  • ФокIадэм и 29, щэбэт
  • Тенджызым и дунейпсо махуэщ
  • Гум и дунейпсо махуэщ
  • 1887 гъэм Германием къыщызэрагъэпэщащ «Гамбург» футбол командэр.
  • 1907 гъэм Петербург трамвайм лэжьэн щыщIидзащ.
  • 1916 гъэм «Стандарт-Ойл» компаниер къызэзыгъэпэща Рокфеллер Джон дунейм япэу мелардырыбжэ щыхъуащ.
  • 1956 гъэм Совет Союзым къыщызэрагъэпэщащ зауэм хэтахэм я комитет.
  • Япэ адыгэ тхакIуэ, генерал-майор Къаз-Джэрий СулътIан къызэралъхурэ илъэс 211-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2018-09-29

  • УпщIитIым  я  зы  жэуап
  • Муслъымэн щIалэм и Iиманыр ирикъуртэкъым. Алыхь зэрыщыIэр и псэкIэ зыхищIэми, языныкъуэхэм деж мащIэу шэч къытрихьэрт. КъищынэмыщIауэ, абы къыгурыIуэртэкъым мафIэм къыхащIыкIа шейтIаныр жыхьэнмэ мафIэм зэрыхадзэнур. Апхуэдэ щытыкIэм ар хуабжьу гугъу иригъэхьырт. Апхуэдэу щыхъум, щIалэм мурад ищIащ дин щIэныгъэлIым и деж кIуэуэ псэр зымыгъэтынш щыты-кIэр хуиIуэтэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-09-29

  • Шхыныгъуэхэр
  • Iыхьэ-Iыхьэурэ гъэжьа лы,  къэрмэфибл ущэба хэлъу
  • Нэхъ къагъэсэбэпыр Iэщышхуэм и лыпцIэ щабэрщ. Лыр псы щIыIэкIэ ятхьэщI, ягъэжэпхъри Iыхьэурэ, я Iувагъыр см 2,5-рэ, я хьэлъагъыр г 150-200 хъууэ зэпаупщI. Шынакъ мыулъийм иралъхьэ, бжьыныху уба, шыгъу, шыбжий сыр хьэжа халъхьэри, фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъэ 20 хуэдизкIэ щагъэтыну щIыIапIэ ягъэув, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Нэхъыжьым и псалъэм и къару иныр

2018-09-25

  • Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ ­Ищхъэрэм щыIэ Матовников Александр фокIадэм и 20-м яIущIащ Нэхъыжьхэм я совету ­КИФЩI-м щыIэм хэтхэм. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIэблэр гъэсэным теухуауэ къэрал ­къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэмрэ зэ­рызэдэлажьэр егъэ­фIэ­кIуэнымкIэ щы­Iэ Iэмалхэм.

  • Матовников Александр жиIащ къа­Iэта Iуэхум Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, зыщыщ лъэпкъкIэ, динкIэ зэры­зэ­темы­хуэр къагъэсэбэпу зэрыхьзэрийрэ зэгу­ры­мыIуэрэ къагъэхъуну хуей гуэрхэр зэ­рыщыIэр къэплъытэмэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ тыгъэхэр зэIэпах

2018-09-25

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIащ Тыркум щыпсэу хэхэс адыгэхэм я щIэблэ сурэтыщI Бзаджэ Эргун, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым и лIыкIуэхэу Хьэпай Биль­гиерэ Токъу Несринрэ.

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд Тыркум къикIа ди лъэпкъэ­гъухэр хи­гъэ­гъуэ­защ редакцэм и тхы­дэмрэ и лэжьыгъэм­рэ зыхуэдэм.
  • Бзаджэ Эргун и Iэ­дакъэ къыщIэкIа лэ­жьыгъэхэр Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Налшык щигъэлъэгъуащ. А сурэтхэм ящыщщ абы ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд ­тыгъэ къыхуищIар. Ап­хуэ­дэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэ­жьакIуэ Щоджэн Iэминати зы сурэт ­къритащ, и лэжьыгъэм къы­щи­гъэ­сэ­бэпын папщIэ. Мухьэмэд хьэщIэхэм яритащ «Кабардино-Бал­кария» сурэ­тылъэ-альбомыр, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ щри­къум ирихьэлIэу къыдагъэкIар.
  • Хэкурысхэмрэ хэхэс­хэмрэ гуапэу зэбгъэдэсащ, я Iуэху зыIутымкIэ зэ­щIэуп­щIащ, дяпэкIи зэрыщIэну, зэкIэ­лъы­кIуэну зэгурыIуащ.
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Ди зэпыщIэныгъэхэр

« Раньше