ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псыр налкъутналмэсым нэхърэ нэхъ лъапIэ мэхъу

2018-08-30

  • ООН-м игъэбелджыла бжыгъэ: 2050 гъэм ирихьэлIэу псы щыщIэнущ дунейм цIыхуу тетым и ныкъуэр.

  • ЗэрыфщIэщи, цIыху бжыгъэр меларди 7,6-рэ мэхъу. Абы щыщу мелардитIым щIигъум мы зэманым псы зэфэн ягъуэтыр- къым. 2050 гъэм ЩIым и цIыхухэм я зэхуэдитIым псы зэрамыIэнур къигъэлъэгъуащ мы Iуэхум теухуауэ ООН-м иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм. ИпэIуэкIэ къэралхэр зэгурыIуат 2030 гъэм ирихьэлIэу цIыху псоми псы зэфэн ягъуэтыфын хуэдэу Iуэху пыухыкIахэр зэдащIэну, ауэ иджы нэрылъагъущ я мурадыр къазэремыхъулIар.
  • ЩIэныгъэлIхэм жаIэу щытащ щIыдагъэм зауэ къызэрикIым хуэдабзэу, псы щхьэкIэ лъэпкъхэр, къэралхэр зэпэщIэувэ зэрыхъунур. ЩхьэусыгъуитI иIэщ псыр щIахуримыкъум: ЩIым щыпсэу цIыхум я бжыгъэм къызэрыхэхъуэмрэ кIуэ пэтми дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъумрэ. Псыуэ щыIэм и процент 70-м нэсыр мэкъумэш IэнатIэм пэрытхэм къагъэсэбэп, процент 20-р — промышленностым, цIыхум унагъуэкIэ, и щхьэ IуэхукIэ къигъэсэбэпыр проценти 10-щ зэрыхъур. ЦIыху бжыгъэм щыхэхъуэкIэ, псыр гъуэтыгъуей икIи лъапIэ зэрыхъунур гурыIуэгъуэщ. Апхуэдэ къабзэуи нэрылъагъущ цIыхуцIэ зиIэм электрокъарууэ къигъэсэбэпыр зэрыхэхъуэр, уеблэмэ псынщIэ дыдэущ ар къызэрыхъур: 2050 гъэм электрокъарууэ къагъэсэбэпыр процент 70-кIэ нэхъыбэ хъунущ.
  • Сыт хэкIыпIэу щыIэр? Япэр — хы, тенджызыпсыр гъэкъэбзэнырщ, уефэ хъууэ. Ауэ абы электрокъаруушхуэ токIуадэ. Псалъэм папщIэ, Сауд Хьэрыпым махуэ къэс щагъэкъабзэ псы кубометр мелуани 5,5-рэ. А Iуэхум текIуадэр щIыдагъэм хуэгъэкIуауэ хьисэп пщIымэ, махуэм хуэзэу баррель мин 350-рэ мэхъу. Аращи, къэрал мащIэщ а Iуэхум пэлъэщыр.
  • IэщIагъэлIхэм къалъытэ мэкъумэш IэнатIэм псыр нэхъ зэгъэзэхуауэ къыщагъэсэбэпын папщIэ псы зэрыщIагъэлъадэ щIыкIэр егъэфIэкIуэн, псы щIэпкIэным хуэмыныкъуэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэр къэгъэщIын, фIей хъуа псыр ягъэкъэбзэжу етIуанэу къагъэсэбэпыжыным хуэкIуэн хуейуэ. Къапщтэмэ, тенджызыпсым шыгъур хагъэкIыу къэзыгъэсэбэпхэм ящыщщ Израилыр, Катарыр, Франджыр, Сауд Хьэрыпыр, Сингапурыр, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэр.
  • «Зи гугъу тщIа Iуэхугъуищри тэмэму зэфIахыфауэ дощIри, цIыхур псым щымысхьмэ, зэримыгъэзахуэмэ, къикIын щыIэкъым», — жаIэ экологхэм.
  • Абы щхьэкIэ къэралхэр зэгурыIуэн, хабзэ зэдагъэбелджылыуэ къызэдащтэн хуейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, псы Iуэхур политикэ утыкушхуэм кърахьэн хуей хъунущ. ЦIыхуцIэ зиIэр зэгурыIуэфмэ, 2050 гъэм ирихьэлIэу псым теухуауэ дызыхэхуэну гугъуехьхэм зыщытхъумэфыну гугъэ щыIэщ.
  • Ди къэралращ узэфэ хъун псы нэхъыбэ дыдэу зиIэр. Ар, зэрыгурыIуэгъуэщи, Урысейм и щIыналъэ псоми зэхуэдэу тегуэшакъым, псы зэфэн зымыгъуэт, псыр къиж щхьэкIэ, абы уемыфэфу щыфIей къуажэрэ къалэу диIэр мащIэкъым. Абы и щхьэусыгъуэр, лейуэ утемыпсэлъыхьми хъунущ, гурыIуэгъуэщи, мы тхыгъэр нэзгъэсынут иджы дыдэ къызжаIэжамкIэ. Мыбы къэгупсыса хэлъкъым.
  • Къуажэшхуэм и зы хьэблэ дэсхэр администрацэм и унафэщIым зэхуишэсауэ йопсалъэ кIэрыхубжьэрыхур губгъуэм щрамыкIутыну (ар дэзыш яIэ щхьэкIэ, ахъшэ ятыну хуейкъыми, езыхэм здыхуэзэм щракIут). Зы цIыхубзым и фIэщыпэу жиIащ: «Сэ къыдэсшыр губгъуэм щиздзыркъым, зэуэ псым хызокIутэ». А бзылъхугъэм и закъуэкъым ар зыщIэр: бжьэпэм тесхэм иракIутэх, псыхъуэм пэгъунэгъухэми ар я пхъэнкIий идзыпIэщ. Псым апхуэдизкIэ мэ къыхих хъуащи, псафэ яху Iэщыр яхуефэжыркъым. Сабийхэм псым зэрызыщамыгъэпскIыжым и гугъу умыщIыххэ. Дызытес къудамэр пыдупщIыжауэ аракъэ абы къикIыр?