ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Президент Путин Владимир пенсэм теухуа законодательствэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я IуэхукIэ Урысейм щыпсэухэм Зэрызахуигъэзам теухуауэ КIуэкIуэ Юрий жиIар

2018-08-30

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. жиIащ Президент Путин В. В. пенсэм теухуа законодательствэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм я IуэхукIэ Урысейм щыпсэухэм Зэрызахуигъэзар къызэрыщыхъуар. «ЦIыхубэм Зэрызахуигъэзам ди къэралым и Iэтащхьэм зэпкърыхауэ къыщытеувыIащ а щытыкIэм дыхуэзыша щхьэусыгъуэхэм, а Iуэхум унафэ тещIыхьыныр икъукIэ гугъуу зэрыщытыр, ауэ къэкIуэну зэманым пенсэ IэнатIэм тэмэму зиужьыным лъабжьэ быдэ иIэн щхьэкIэ, ар Iэмал имыIэу иджыпсту зэфIэгъэкIын зэрыхуейр. ИкъукIэ тэмэму къыхигъэщащ нобэ дытегушхуэу ар зэфIэдмыхмэ, жылагъуэм и зыужьыныгъэр, къэралым и шынагъуэншагъэр абы къигъэтIэсхъэнкIэ зэрыхъунури.

  • Апхуэдэуи мыхьэнэшхуэ зиIэ жэрдэмщ цIыхубзхэр пенсэм щагъэкIуэну пIалъэу къагъэлъэгъуам зэрыхигъэщIыжари. Абыхэм ящыщу бынитху е нэхъыбэ зиIэхэм иджырей хабзэм тету пенсэ зэрыхуагъэув щIыкIэри зэрыщытауэ къагъэнэжащ, ахэр илъэс щэ ныкъуэ щрикъум деж пенсэ кIуэ хъунущ. А псом къадэкIуэуи, цIыхур пенсэм щагъакIуэ ныбжьым зэрыхагъэхъуэнур мащIэ-мащIэурэщ. Дэ дыкъапщтэмэ, ди деж хъума щыхъунущ щIыналъэм щызекIуэу щыта худэчыхыныгъэхэр, абыхэм ЖКХ-м щIат пщIэри, унэхэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным пыщIахэри, хущхъуэ къэщэхуным, нэгъуэщIхэм ехьэлIахэри. Абы папщIэ зыхуеину зэхъуэкIыныгъэхэр къыхалъхьэнурэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым щыхэплъэнущ 2018 гъэм фокIадэм и 27-м».
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.