ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ  КIуэкIуэ Юрий Къурмэн махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу

2018-08-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм Къурмэн махуэшхуэмкIэ си гуапэу сохъуэхъу. А махуэ гъуэзэджэр лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ хъугъуэфIыгъуэхэм къыгуэпхынкIэ Iэмал зимыIэ я Iыхьэщ, ар ди зэхэщIыкIым и купщIэщ икIи ислъамым и хабзэхэр гуапагъэм, захуагъэм, гущIэгъум, хуэныкъуэм ядэIэпыкъуным зэрытетыр дигу къегъэкIыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Конституцэм   щыгъэбыда  хуитыныгъэ

2018-08-21

  • Мы зэманым жылагъуэм гулъытэ ин зыщыхуащI Iуэхугъуэхэм ящыщщ лъэпкъыбзэхэр курыт шко-лым щегъэджыным, анэдэлъхубзэхэр хъумэным епхахэр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм теухуауэ КъБР-м и прокуратурэм дэфтэр щхьэхуэ игъэхьащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

«Мэшыкъуэ-2018» зэхуэсыр  купщIафIэу мэлажьэ

2018-08-21

  • Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэм я щIыналъэпсо зэхыхьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм деж къыщызэрагъэпэщам и езанэ пIалъэм и лэжьыгъэр и кIэм нэблэгъащ. Иужьрей махуэхэр зи щIалэгъуэхэм купщIафIэу, хьэлэмэту ягъэкIуащ. Абыхэм хьэщIэ лъапIэхэр къахуэкIуащ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэм къызэрагъэпэща творческэ утыку цIыкIухэми я лэжьыгъэхэм пащащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

Псэкупсэм и джэлэс нэс

2018-08-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым мы махуэхэм щыIэщ «Альманах. Образы мира. Адыги» хэзыгъэгъуазэ проектым и тхьэмадэ, лъахэхутэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Осташкэ Андрей зи пашэ, Кърым Республикэм и къалэ зэмылIэужьы-гъуэхэм щылажьэ журналистхэр зыхэт гупыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ

«Тхыдэр – цIыху щапхъэкIэ»

2018-08-21

  • А фIэщыгъэр зэрихьэу иджыблагъэ Налшык къыщыдэкIащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт и тхылъыщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-08-21

  • ШыщхьэуIум и 21, гъубж
  • Муслъымэн махуэгъэпсымкIэ Къурмэн хьид махуэ лъапIэщ
  • Латвием и къэрал щхьэхуитыныгъэр щызэфIагъэувэжа махуэщ
  • 1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
  • 1911 гъэм Луврым щIадыгъукIащ Леонардэ да Винчи и сурэт цIэрыIуэ «Джоконда» зыфIищар. Ар зыхузэфIэкIари а музейм щылажьэ, гъуджэхэр щIыным хуэIэзэ Перуджи Винченцэт. ИлъэситI дэкIа нэужьщ абы и лъэужь техьэу сурэтыр къыщагъуэтыжар, дыгъуакIуэри щагъэтIысар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи анэдэлъхубзэр зыджыну гукъыдэж зиIэм къэрал унафэри зэран къыхуэхъуфынукъым

2018-08-21

  • Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр.
  • Лъы зыщIэтыр фысакъ.
  • Псы зыщIэтыр текIуэту,
  • ВгъэIу бзэ хуабэм и макъ.
  •  Бещтокъуэ Хьэбас.
  •  
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэралми анэдэлъхубзэр къызыдалъхуахэми лъэпкъыбзэм хуэфащэ гулъытэ нобэ щыхуамыщI, уеблэмэ, ар Iумпэм щащI зэманщ: Урысейм и республикэхэм я курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэ-къэралыбзэ дерсхэр хэгъэзыхь щымыIэу щегъэджыным ехьэлIауэ УФ-м и Къэрал Думэм къыщыхалъ-хьа унафэр ещанэ къеджэгъуэкIэ къыщащтащ. Армырми, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэхэр гъэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу, республикэм къыщыдэкI газетхэм (лъэпкъыбзэкIэ къыдэкIхэри къызэщIиубыдэу) я бжыгъэр илъэсым и пэщIэдзэм ягъэмэщIащ, тиражхэми иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу кIэрыхуащ. Къэрал Думэм дяпэкIэ анэдэлъхубзэхэр зэраджыну щIыкIэм елъытауэ къыхилъхьа Хабзэ мыхъумыщIэм (анэдэлъхубзэхэр курыт еджапIэм и программэм Iэмал имыIэу хэтын хуейхэм ящыщщ, ауэ я анэдэлъхубзэу щхьэж къалъытэм теухуауэ урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ хэдэу зыхуейр къыхахыу лъэIу тхылъ ятхыну хуитыныгъэ яIэщ) и зэранкIэ, фокIадэ мазэм гъэ еджэгъуэщIэр ирагъэжьэжмэ, республикэм щыпсэу урысхэм къадэкIуэу, зи бзэр къызытехьэлъэ къалэдэс адыгэхэми урысыбзэр я анэдэлъхубзэу къалъытэнкIэ шынагъуэ щыIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

«Адыгэ лъэпкъым сыкъызэрыхэкIар насыпышхуэщ»

2018-08-21

  • СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, Санкт-Петербург дэт къэрал филармонием и академие симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI икIи и дирижёр нэхъыщхьэ, макъамэ щэнхабзэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм папщIэ Совет Союзым, РСФСР-м, Урысей Федерацэм я Къэрал саугъэтхэр, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща Темыркъан Юрий Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ПщIэ лъагэ

2018-08-21

  • Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэхуэсым къищта унафэм ипкъ иткIэ, а зэгухьэныгъэм хагъэхьащ ди лъахэгъу, хэкупсэ нэс Пщыбий СулътIан Хъанджэрий и къуэр. Апхуэдэ пщIэ лъагэр нэхъыжьыфIым къихьащ и къалэмыпэм къыпыкIа художественнэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм жылагъуэм гулъытэшхуэ зэрыщагъуэтам, лъэпкъ литературэм зиужьыным тхакIуэм хуищIа хэлъхьэныгъэм я фIыгъэкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Куэд  зыхузэфIэкIа  икIи  зылъэгъуа

2018-08-21

  • Мамхэгъ СулътIан Исмел и къуэм
  • и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу
  • Мамхэгъ СулътIан 1928 гъэм Арщыдан къуажэм Мамхэгъ Исмелрэ Лакъунхэ япхъу Гуащэнэрэ я унагъуэм къыщалъхуащ. Ар зэман бзаджэт: цIыхухэр хэкум ирагъэкIырт, «кулак» зыфIащахэм я щIы Iыхьэхэр къытрахырт, нэгъуэщI лейхэри зэрахьэрт. Илъэситху фIэкIа мыхъуу СулътIан и адэр дунейм ехыжащ, илъэсиплI дэкIри и анэри лIащ. Апхуэ-дэу СулътIанрэ и шыпхъу Ленэрэ ибэ хъурей хъуахэщ. Ипэ щIыкIэ щIалэ цIыкIур и адэм и унэу щытам къыщызэIуаха школым кIуэн иригъэжьат, арщхьэкIэ и анэр зэрылIэу ари къигъэнэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

КъБР-р зэрыгушхуэхэр

2018-08-21

КIыщокъуэ Алим

Кулиев Къайсын

Тут Заур

Къумахуэ Мурадин

Зумакуловэ Танзиля

Балъкъэр Фоусэт

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Пащт-Хъан Алим и зэфIэкIхэр

2018-08-21

  • КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыщэ, дыжьын медалхэр зыхуагъэфэща Пащт-Хъан Алим и творчествэр фIыуэ зылъагъухэм иджыблагъэ щаIущIащ Налшык дэт «Акрополь» IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Натхъуэр Алыджым мэIэпхъуэ

2018-08-21

  • Адыгэ футболистхэм ящыщу иджыпсту нэхъ цIэрыIуэ дыдэ, Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс, илъэс зыбжанэкIэ Урысей Федерацэм щыджэгуауэ, иджыблагъэ Алыджым Iэпхъуащ икIи абы хыхьэ Пирей къалэм и «Олимпиа-кос»-м и фащэр щитIагъэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

«Чайка»-р псоми къащхьэщытщ

2018-08-21

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым зи чэзу, еплIанэ, джэгугъуэр щызэхэтащ. «Спартак-Налшыкым» ар блигъэкIати, етхуанэ увыпIэм нэс къекIуэтэхащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Чемпионхэр яIэт

2018-08-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и унэм щагъэлъэпIащ бэнэк IэхуитымкIэ щIалэгъуалэм я Европэпсо зэхьэзэхуэм дыщэ медалхэр къыщызыхьа Шокъум Ахьмэдрэ ЗакIуий Азэмэтрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр