ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Унафэхэр зэпэлъытауэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытын хуейщ

2018-08-30

  • УФ-м и Президент Путин В. В. шыщхьэуIум и 29-м
  • Урысейм и цIыхухэм зэрызахуигъэзар
  • Урысейм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
  • 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м Правительствэм Къэрал Думэм къыщыхилъхьащ Пенсэ Iуэхум зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законопроектыр. Ар къэралым и Парламентым япэ къеджэгъуэу бадзэуэгъуэм и 19-м къищтащ. Мыр нэхъыщхьэу зытеухуар, и лъабжьэу щытыр пенсэмкIэ системэр дяпэ илъэс куэдкIэ зэпIэзэрыту икIи финансхэм я лъэныкъуэкIэ зэтету щытынырщ, апхуэдэу щыщыткIэ, иджырей пенсионерхэми, къэкIуэну зэманым пенсэхэр зратынухэми я хэхъуэхэм кIэрымыгъэхуным и мызакъуэу, а хэхъуэхэр нэхъыбэ щIынырщ.

  • Апхуэдэ мурадхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, нэгъуэщI Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм къадэкIуэу, законопроектым къегъэув пенсэм щыкIуэ ныбжьыр нэхъыбэ ящIурэ екIуэкIын хуейуэ. КъызгуроIуэ апхуэдэ Iуэхухэм цIыху мелуанхэм, дэтхэнэ зы цIыхуми я дежкIэ яIэ мыхьэнэр зэрыиныр. Аращ сэ нобэ занщIэу зыщIыфхуэзгъазэр — Правительствэм къыхилъхьэ а зэхъуэкIыныгъэхэм зэпкърыхауэ сытепсэлъыхьын, абыхэм сызэреплъыр нывжесIэн, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу къэслъытэ IуэхухэмкIэ сывдэгуэшэн папщIэщ.
  • Псом япэу фигу къэзгъэкIыжынщ пенсэм щагъакIуэ ныбжьым хэгъэхъуэным теухуа зэныкъуэкъухэр зэрымыщIэкIэ къызэремыжьар, ахэр къыщыкъуэкIар нобэу зэрыщымытыр. Абыхэм совет лъэхъэнэми, 90 гъэхэми тепсэлъыхьащ. Ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу унафэ къамыщтэурэ екIуэ-кIащ.
  • МинитI гъэхэм я пэщIэдзэм Урысейм и Правительствэм хэтхэми экспертхэм ящыщ куэдми трагъэчыныхьу щIадзащ пенсэ Iуэхум теухуа реформэ егъэкIуэкIын, пенсэм щагъакIуэ ныбжьыр къэIэтын зэрыхуейм.
  • Абы папщIэ лъабжьэ пыухыкIахэр щыIэт. Нэрылъагъут 2020 гъэхэм ирихьэлIэу дэ демографием пыщIа гугъуехьхэм дазэрыIууэнур. Сытыт абыхэм я щхьэусыгъуэр?
  • Илъэс 25 — 27-рэ къэс унагъуэ щызэрагъэпэщ, бын щагъуэт балигъ гъащIэм хыхьэхэм я бжыгъэр зэрыщытын хуеям нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэрэ йокIуэкI. Ар къызыхэкIыр Хэку зауэшхуэм и зэманым демографие хэщIыныгъэ ин зэрыдгъуэтарщ. ХэкIуэдахэм къадэкIуэу, абыхэм хеубыдэ зауэ илъэсхэм къамылъхуу къэна цIыху мелуанхэр.
  • Апхуэдэу зи бжыгъэм кIэрыхуа зи чэзу щIэблэр балигъ гъащIэм щыхыхьа лъэхъэнэр хуэзащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм я кум. Мис а зэман дыдэм къэралым къыжьэхэуащ экономикэ, социальнэ кризис хьэлъэмрэ абы и лъэужь гузэвэгъуэмрэ. Абы етIуанэ демографие удын иныр къыдидзащ. Аргуэру абы щыгъуэ сабийуэ дунейм къытехьар нэхъ мащIэщ псори зыхуэплъам нэхърэ. 90 гъэхэм я кIэухым и апхуэдэ демографие удыныр зауэр щекIуэкIа 1943, 1945 гъэхэм къытхуахьам еплъыт хъунущ.
  • ИкIи мис, 90 гъэхэм къалъхуа щIэблэу зи бжыгъэр мащIэр иджы лэжьэгъуэ ныбжьым йоувэ. Абы къыхэкIыу пенсэмкIэ системэм къытехуэ хьэлъэр нэхъри нэхъ ин мэхъу, сыту жыпIэмэ пенсэ ахъшэр къэзылэжьынухэм я бжыгъэм кIэроху, лэжьапIэ Iутхэм пенсэмкIэ IэнатIэм халъхьэ взносхэр нобэрей пенсионерхэм, ди адэ-анэхэм яIэрыхьэу аращи. Мыдрейхэми, езыхэр щылэжьа зэманым взносхэр хухахыу щытащ ди адэшхуэхэр пенсэкIэ къызэгъэпэщыным.
  • А псоми къикIыр гурыIуэгъуэщ — лэжьэгъуэ ныбжьым итхэр нэхъ мащIэ хъуху пенсэхэр тынымрэ ахэр нэхъыбэ щIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр кIэроху. Апхуэдэу щыхъукIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр егъэкIуэкIын хуейщ.
  • Ауэ 2000 гъэхэм сэ зэхъуэкIыныгъэхэр дэсIыгъыу щытакъым. Апхуэдэ си Iуэху еплъыкIэр зэхуэщIауэ едгъэкIуэкI зэIущIэхэми утыку зэIухахэми щыжысIэрт. Псалъэм папщIэ, 2005 гъэм «Псалъэмакъ зэIухахэм» ящыщ зым сэ пыухыкIауэ щыжысIауэ щытащ Президентым и полномочиехэр згъэзэщIэху апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщымыIэнур.
  • Урысейм и Президентым и къулыкъум сыкъыщыIукIа 2008 гъэм пенсэмкIэ IэнатIэм и щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтатэкъым. Сэ иджыпсту къызэрыслъытэмкIэ, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ лъабжьэ псори иIэт, социальнэ и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ — захуагъэ хэлът. Шэч лъэпкъ къытесхьэркъым 2000 гъэхэм я пэщIэдзэмрэ абыхэм я кумрэ пенсэм щыкIуэ ныбжьым хэбгъэхъуэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыщытам.
  • Фигу къэзгъэкIыжынщ а зэманым къэралым иIа псэукIэр. Абы щыгъуэ экономикэр лъэ быдэкIэ зэтеуватэкъым, къэрал кIуэцI валовэ продуктыр цIыкIут, лэжьапщIэр мащIэ дыдэт. ЛэжьапIэншэхэр егъэлеяуэ куэдт, ахъшэм и пщIэри нэрылъагъуу кIэрыхурт. Къэралым щыпсэухэм я Iыхьэ плIанэм нэсыр тхьэмыщкIэ дыдэт. Ику иту цIыхухэр зэрыпсэур илъэс 65-м щIигъу къудейт.
  • Апхуэдэ социальнэ, экономикэ щытыкIэм дыщит лъэхъэнэм пенсэм щагъакIуэ ныбжьым хэдгъахъуэу щIэддзэрэ, абы и хьэкъкIэ, иджыпсту хуэдэу, пенсэхэр нэхъыбэ тщIыну дыхуежьамэ, сытыт абы дызыхуишэнур? Унагъуэхэм ящыщ куэдым, псом хуэмыдэу къалэ цIыкIухэмрэ къуажэхэмрэ дэсхэм, яфIэкIуэдынут я хэхъуэхэм я хэкIыпIэ нэхъыщхьэр. ЛэжьапIэр зэрызэпэубыдам къыхэкIыу цIыхухэм IэнатIэ ягъуэтынутэкъым, пенсэм кIуэнуи Iэмал яIэнутэкъым. Пенсэм щIагъужынкIэ хъуну ахъшэри абы и пщIэм зэрыкIэрыхум дэкIуэдыжынурэ, тхьэмыщкIагъэм хэтхэм я бжыгъэм нэхъри хэхъуэну арат.
  • ЯпэщIыкIэ 90 гъэхэм екIуэкIа гузэвэгъуэхэм я лъэужьыр къызэнэкIын, экономикэм зегъэужьын, социальнэ гугъуехь инхэр дэгъэкIын хуейт.
  • АтIэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щыIа? Дэ зэманыр пщIэншэу дгъэкIуэдакъым. Дэ — цIыхухэри, властри, къэралри — дылэжьащ.
  • Дызыхуеинум хуэдиз ахъшэ зэдгъэпэща нэужь дэ ар хуэдунэтIащ социальнэ зыужьыныгъэм, ди цIыхубэр хъумэным. Зэман кIыхьым тещIыхьа демографие Iуэхухэр, абыхэм хиубыдэу етIуанэ сабий зыгъуэта анэхэм ядэIэпыкъуным-кIэ программэр дгъэзащIэу щIэддзащ. Абы IуэхуфIхэр кърикIуащ икIи блэкIа илъэсипщIхэм къэхъуауэ щыта демографие кIэрыхуныгъэхэр зыбжанэкIэ игъэзэкIуэжащ. Дэ экономикэм щыIэ гугъуехь инхэр къызэднэкIащ икIи 2016 гъэм щегъэжьауэ экономикэм и зэфIэкIыр зэпIэзэрыту хэхъуэу хуежьащ. Иджыпсту лэжьапIэншагъэм и лъэныкъуэкIэ Урысейм и Iуэхур 1991 гъэ лъандэрэ нэхъыфI дыдэщ.
  • Дауи, дэ иджыри зэфIэдгъэкIын хуейуэ куэд диIэщ. Лэжьыпхъэхэр щымащIэкъым гъащIэм и фIагъымрэ цIыхур зэрыпсэур зыхуэдизымрэ зэлъыта IэнатIэми узыншагъэр хъумэнми. Ауэ, шэч къызытумыхьэжынур аращи, къэралым зэфIигъэкIа Iуэхухэм, апхуэдэу цIыхухэр я узыншагъэм нэхъ кIэлъыплъыжу зэрыхуежьам я фIыщIэкIэ иджыпсту Урысейм и цIыхухэм я гъащIэр дуней псом щынэхъ кIыхьхэм ящыщщ. Иужьрей илъэс 15-м къриубыдэу ар илъэси 8-м нэблагъэкIэ (илъэси 7,8-кIэ) нэхъыбэ хъуащ.
  • СощIэ дэ псоми статистикэм дзыхьышхуэ хуэдмыщIу дыкъызэрекIуэкIыр. Зэрыхабзэщи, дэ ди фIэщ хъур гъащIэм щытлъагъурщ, ихъуреягъкIэ тлъагъурщ. Пэж дыдэу языныкъуэхэм гъащIэшхуэ яIэщ, ауэ ди Iыхьлыхэм, ди цIыхугъэхэм ящыщ гуэрхэр пасэ дыдэу дунейм йохыж. Ауэ мыбдеж зи гугъу тщIыр Урысейм цIыхур зэрыщып-сэу зэманыр лъэныкъуэ псори къэлъытауэ къызэрабжырщ икIи абы Лъэпкъ Зэгуэтхэм я Организацэм и экспертхэр щыхьэт зэрытехъуэрщ.
  • Дэ къалэну зыхуэдгъэувыжащ дызыхуэкIуэ илъэсипщIым и кIэухым цIыхур ику иту зэрыпсэур илъэс 80-м щIигъун хуейуэ. ИкIи тхузэфIэкI псори длэжьынущ ди къэралым исхэр узыншэу щытын, абыхэм гъащIэ кIыхь яIэн папщIэ.
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
  • Алъандэрэ сызытепсэлъыхьа псори лъабжьэ пыухыкIам тетщ икIи иджыпсту щыIэ щытыкIэр къагъэлъагъуэ. А псори хъарзынэщ. Ауэ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр цIыху минищэхэм, мелуанхэм я сэбэп зыхэлъхэм зэратещIыхьар зыхэтщIэу икIи къэтлъытэу щытын хуейщ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр пенсэм зэрыкIуэнум икIи зэман нэхъыбэ унагъуэм, сабийхэм, къуэрылъху-пхъурылъхэм зэрытрагъэкIуэдэнум йогупсыс. Адрейхэм я мурадщ адэкIи лэжьэну икIи къратыну пенсэри хэхъуэм и гуэдзэну къагъэсэбэпыну. Апхуэдэ хуитыныгъэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм яIэщ. Ауэ иджы а псори зэманкIэ гъэIэпхъуа мэхъу.
  • ГурыIуэгъуэщ цIыху куэдым апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къазэрехьэлъэкIыр. Сэ ар фIыуэ къызгуроIуэ икIи псэкIэ зыхызощIэ. Ауэ девгъэплъыт дызыхэдэ хъуну диIэ хэкIыпIэхэм.
  • Пенсэхэр зэрыцIыкIум арэзы дытехъуэу пенсэм и IэнатIэр зэIыхьэху, лъэлъэжыху дыпэплъэну? ФIэкIыпIэ зимыIэ Iуэху гугъухэр дгъэIэпхъуэу къыкIэлъыкIуэ щIэблэм къыхуэдгъэнэну, е илъэс 15 — 20-м къриубыдэу къэралыр зыхуэкIуэнур къэтлъытэу тхуэфащэ Iуэхухэр длэжьыну?
  • Къытезгъэзэжынщи, пенсэм и IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIынум, — цIыхухэр пенсэ щагъакIуэ ныбжьым зэрыхагъэхъуэнум псори егъэпIейтей. Апхуэдэу щыщыткIэ, политикэ къарухэм, псом япэу оппозицэм, ар къагъэсэбэпынущ я цIэр ягъэIун, я пщIэр къаIэтын папщIэ. Демократием и хабзэм тет дэтхэнэ жылагъуэми апхуэдэ политикэ хэщIыныгъэхэр Iэмал имыIэу егъуэт. Апхуэдэу щыт пэтми, сэ Правительствэм селъэIуну сыхуейщ сэбэпынагъ къызыпыкIынкIэ хъун Iуэхуу къыхалъхьахэм, оппозицэм къиIэтахэри абыхэм яхэту, икъукIэ набдзэгубдзаплъэу хэплъэну икIи къигъэсэбэпыну.
  • Иджырей, иджыпсту лажьэ властым и гугъу пщIымэ, абы и дежкIэ нобэ нэхъ тыншыр, нэхъ къызэрыгуэкIыр зыри имыхъуэжынырщ. Гугъуехь пыухыкIахэр щыIэми, иджыпсту урысей экономикэр зэпIэзэрытщ. Бюджетым иIэщ Пенсэ фондыр зэрыригъэкъун мылъку. Я нэхъ мащIэ дыдэ хъуамэ, дэ иджыри илъэси 7 — 10-кIэ ягъэува пIалъэхэм ирихьэлIэу пенсэм хэдгъахъуэу декIуэкIыфынущ.
  • Ауэ дэ дощIэ, апхуэдэурэ едгъэкIуэкIмэ, пенсэм хигъэхъуэн папщIэ къэралым Iэмал щимыгъуэтыжын зэманыр къызэрысынур. ИужькIэ езы пенсэхэри и чэзум яхуэмытыжу хуежьэнкIэ хъунущ, 90 гъэхэм зэрыщытам хуэдэу.
  • Феплъыт, 2005 гъэм лэжьапIэ Iут цIыхуу пенсэ фондым взносхэр зэкIэлъыкIуэу къыщыIэрыхьэу щытахэр 1.7-рэ, жьыгъэкIэ пенсэ зратхэр 1 хъууэ щытащ. 2019 гъэм зы лэжьакIуэ къэс пенсионеру тIу хуэзэу щытынущ. Абы къыхэкIыу иджыпсту зыхуэфащэ псори дымылэжьмэ, пенсэ IэнатIэм и хэхъуэхэр кIэрымыхуу къытхузэтегъэнэнукъым, апхуэдэу щыщыткIэ, нобэрей пенсионерхэми къыкIэлъыкIуэ зэманым пенсэхэр зратынухэми я хэхъуэхэр нэхъ мащIэ хъунущ. ЛэжьапщIэм елъытауэ пенсэхэр фIэкIыпIэ имыIэу нэхъ мащIэ хъууэрэ кIуэнущ.
  • Ауэ дэнэ адэкIэ зыкIэрыбгъэхунур? Арыншами пенсэхэр иджыпсту мащIэ дыдэщ икIи ди нэхъыжьхэм къэралым зегъэужьыным хащIыхьам зыкIи езэгъыркъым. Дэ абыхэм я щIыхуэшхуэ ттелъщ.
  • Пенсэ IэнатIэм щегъэкIуэкIыпхъэу къалъытэ зэхъуэкIыныгъэ-хэм пенсионерхэм я хэхъуэхэр къызэтрагъэнэн къудейкъым, атIэ а хэхъуэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ щIыныр къызэрагъэпэщынущ.
  • 2019 гъэм жьыгъэкIэ цIыхухэм ират пенсэм проценти 7 хуэдиз хущIагъунущ, ар 2018 гъэм ахъшэм и пщIэм зэрыкIэрыхуну къалъытэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Ику иту къапщтэмэ, илъэсих благъэм къриубыдэу дэ лэжьапIэ Iумыт пенсионерхэм къаIэрыхьэ ахъшэр гъэ къэс сом минкIэ нэхъыбэ тхуэщIынущ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, лэжьапIэ Iумыт пенсионерхэм ику иту мазэм сом мин 20 къаIэрыхьэу хуежьэнущ. (Иджыпсту ар зэрыхъур сом мин 14-рэ соми 144-рэщ). АдэкIэ, 2024 гъэм и ужькIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр сэбэп хъунущ страховой пенсэхэр гъэ къэс ахъшэм и пщIэм зэрыкIэрыхум нэхърэ нэхъыбэу хагъэхъуэнымкIэ.
  • Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ гъэ къэс пенсэхэм зэрыхагъэхъуэну щIыкIэр пенсэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ законопроектым зэрыхэгъэхьэпхъэр. Ар зэфIэгъэкIын хуейщ Къэрал Думэр документым етIуанэ къеджэгъуэу щыхэплъэнум ирихьэлIэу.
  • ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIэупщIапхъэщ цIыхухэр пенсэм щагъакIуэ ныбжьым химыгъахъуэу, пенсэ IэнатIэр зэпIэзэрыту зэтегъэувэнымкIэ щыIэ нэгъуэщI Iэмалхэм Правительствэр хэплъарэ хэмыплъарэ. Шэч хэлъкъым, хэплъащ.
  • Сэ зэрыхуэзгъэувам тету, Правительствэм а лэжьыгъэр иджыри къэс иригъэкIуэкIащ. ХэкIыпIэ псори куууэ зэпкърахащ икIи зэпалъытащ. Ауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм сэбэпынагъышхуэ яIэнукъым. Нэхъыбэ дыдэу уазэрыщыгугъынур гъуанэ гуэрхэр ягъэбыдэнырщ. Нэхъ Iеижхэри яхэтщ, къэралым и экономикэр зэIагъэхьэнкIэ хъуну.
  • Феплъыт, псалъэм папщIэ, фейдэ къызрикIуэну, захуагъэ зыхэлъу къыпщыхъун Iуэхум — хэхъуэхэмкIэ налогыр къыщабжкIэ ахъшэшхуэ къэзылэжьхэм къыIахыр нэхъыбэ щIыным тещIыхьа Iэмалыр къэгъэсэбэпыным. ФинансхэмкIэ министерствэм къызэрибжамкIэ, апхуэдэ Iэмалыр къагъэсэбэпрэ хэхъуэшхуэ зиIэхэм ят налогыр процент 20-м нагъэсмэ, абы илъэсым къыпэкIуэнур сом мелард 75 — 120-рэ хуэдизщ, абы нэмысынкIи хъунущ. Апхуэдиз ахъшэр сыт хуэдэу зэрагъэзахуэми, махуихкIэ яхурикъуну аращ, сыту жыпIэмэ, Урысейм пенсэхэр щатын папщIэ махуэ къэс сом мелард 20 яIэн хуейщ.
  • Апхуэдэу къыхалъхьащ къэрал мылъкум щыщ Iыхьэ, псалъэм папщIэ, Пенсэ фондым унэу иIэр, абыхэм щIыналъэ къудамэхэм я унэхэри хэту, ящэну. Пэжщ, мы IэнатIэм лэжьапIэ унэхэр щIыным-кIэ иригъэлеящ, абыкIэ сэри сыакъылэгъущ. ЦIыхухэр абы иризэгуоп. Сэ абыхэм срателъхьэщ. КъызэрабжамкIэ, а ухуэныгъэ псоми сом меларди 120-рэ и уасэщ. Ауэ а псори тщэрэ къыщIэкIар хэтлъхьэмэ, пенсэхэр махуих хуэдизкIэ тхуэтыну аращ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ари хэкIыпIэкъым.
  • ЩIыдагъэ, газ компаниехэм, гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексым налог лей телъхьэнри къыхалъхьэ. ЗанщIэу нывжесIэнщи, апхуэдэ щIыкIэкIэ тхузэхуэхьэсыну ахъшэри пенсэхэр нэхъыбэ дыдэу мазитI хуэдизкIэ тыным хурикъуну аращ. АтIэми къэралым пенсэм-кIэ и системэр щытыкIэ дзыхьщIыгъуэджэм иувэнущ, углеводородхэм дунейпсо рынокым щаIэ уа-сэм зэрызихъуэжым елъыта хъунурэ.
  • АтIэ щIыдагъэмрэ газымрэ къытхуахь хэхъуэхэм я хьэкъкIэ къызэрагъэпэщ гъэтIылъыгъэ фондхэм я мылъкур нэхъ тэмэму къытхуэгъэсэбэпыну пIэрэ? Ар зы зэман гуэркIэ къезэгъынущ. Ауэ, зэрыжысIащи, куэдрэ къызэрыхъум хуэдэу, а товархэм я уасэхэр пщэдей ехуэхмэ-щэ? ГъэтIылъыгъэхэр зэман кIэщIым, мазэ зыбжанэм къриубыдэу иухынущ. ЦIыхухэм я гъащIэр, абыхэм я пенсэхэр, хэхъуэхэр щIыдагъэм и уасэу махуэ къэс зызыхъуэжым елъытауэ убзыхуныр къезэгъыркъым.
  • Пенсэ фондым хуаутIыпщ ахъшэм адэкIи хэдгъахъуэмэ хъуну пIэрэ? Абы хущыщIэ ахъшэр федеральнэ бюджетым и мылъкукIэ иридгъэкъуфыну? ЗэрыжысIащи, абы папщIэ зэкIэ иджыри тхурикъун мылъку щыIэщ. ИпэжыпIэкIэ ахъшэ щыIэщ. Ауэ феплъыт Iуэхур къызэрекIуэкIым.
  • Дызэрыт илъэсым а мурадхэм папщIэ бюджетым сом триллиони 3,3-рэ къиутIыпщащ, абы щыщу сом триллион 1,8-рэ страховой пенсэхэр тыным трагъэкIуэдэнущ. Зыхуэдгъэувыжа къалэныр дгъэзащIэу пенсэр ику иту сом мин 20-м нэдгъэсрэ, зыри зэдмыхъуэкIыу едгъэкIуэкIмэ, Пенсэ фондым хуримыкъур хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ хъунущ икIи сом триллиони 5-м нэсынущ. Ар нэхъыбэщ лъэпкъ зыхъумэжыныгъэмрэ къэралым и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ трагъэкIуадэ ахъшэ псоми нэхърэ.
  • Апхуэдэ гъуэгур къыхэтхмэ, дэ гувами-щIэхами финанс IэнатIэр зэтеткъутэнущ, щIыхуэм дыщIигъэнэнкIэ икIи мылъкукIэ къызэмыгъэпэща ахъшэ теддзэу дыхуежьэнущ. Абы кърикIуэнур гурыIуэгъуэщ: ахъшэм и уасэр хуабжьу ехуэхынущ, тхьэмыщкIэхэм я бжыгъэм хэхъуэнущ. Мылъкур зэрытхуримыкъум къыхэкIыу къэралым и шынагъуэншагъэр нэгъэсауэ къытхузэгъэпэщынукъым. Нэхъыщхьэ дыдэу щыт къалэн-хэр: егъэджэныгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымрэ зегъэужьыныр, сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр, гъуэгухэмрэ инфраструктурэмрэ ухуэныр, псэукIэм и фIагъыр къэIэтыныр къытхузэгъэпэщынукъым. Дэ экономикэ, технологие зыужьыныгъэм и лъэ-
  • ныкъуэкIэ адрей къэралхэм Iэмал имыIэу дакъыкIэрыхунущ.
  • Абы къыхэкIыу иджыпсту зыри дымылэжьмэ е мыхьэнэшхуэ зимыIэ Iуэхухэр щIэгъэкъуэн къэтщIыну дыхуежьэмэ, ар къэралми ди сабийхэми яхуэгъэзауэ тэмэмкъым.
  • Къытезгъэзэжынщи, пенсэмкIэ системэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ къагъэлъагъуэхэм сэ илъэс куэдкIэ хуабжьу сакъыу, дзыхь сымыщIу сыбгъэдыхьащ. Уеблэмэ языныкъуэхэм деж апхуэдэ мурадхэр ткIийуэ къызэпызудырт. Ауэ демографие зыужьыныгъэмрэ лэжьапIэ IэнатIэмрэ ехьэлIауэ зэтеувэу хуежьа щытыкIэм къегъэлъагъуэ адэкIэ зыри дымылэжьу едгъэкIуэкI зэрымыхъунур. Ауэ дэ къатщтэ унафэхэр захуэу, зэпэлъытауэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытыпхъэщ.
  • Абы къыхэкIыу апхуэдэ унафэхэм япыщIа гугъуехьхэр Iэмал зэриIэкIэ зыгъэмэщIэну Iуэху зыбжанэ къыхызолъхьэ.
  • Япэр. Законым и проектым къыщыгъэуващ цIыхубзхэр пенсэм щыкIуэну ныбжьыр илъэси 8-кIэ нэхъыбэ ящIу илъэс 63-м нагъэсыну, ауэ цIыхухъухэм папщIэ а ныбжьым илъэситху щIагъуу аращ. Апхуэдэу хъунукъым. Ар тэмэмкъым. Ди къэралым цIыхубзхэм хэхауэ щахуосакъ. Дэ къыдгуроIуэ ахэр лэжьапIэ IэнатIэм зэрыпэрытым къыдэкIуэу, зэрыхабзэщи, унэри, унагъуэри зэрызэрахьэр, сабийхэр зэрапIыр, къуэрылъху-пхъурылъхухэм зэрелIалIэр.
  • ЦIыхубзхэр пенсэ щыкIуэну зэманыр цIыхухъухэм ейм нэхърэ нэхъыбэкIэ гъэIэпхъуэн хуейкъым. Абы къыхэкIыу законым и проектым цIыхубзхэм папщIэ къыщыгъэлъэгъуа илъэси 8-р илъэси 5-м нэсу гъэмэщIапхъэу къызолъытэ.
  • АдэкIэ. Дэ дегупсысын хуейщ сабий куэд зиIэ анэхэр и пIалъэр къэмысу пенсэм кIуэну хуитыныгъэ яIэнми. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубзым сабиищ иIэмэ, ар пенсэ кIуэ хъунущ илъэсищкIэ нэхъ пасэу. БыниплI иIэ — илъэсиплIкIэ нэхъ пасэу. Сабиитху е нэхъыбэ зиIэхэр пенсэ зэрагъакIуэр иджыпсту зытет хабзэм къытенэжыпхъэщ — илъэс 50-м пенсэ кIуэфынущ ахэр.
  • ЕтIуанэу. ЗэрыжытIащи, пенсэм щыкIуэ ныбжьым мащIэ-мащIэурэщ зэрыхагъэхъуэну я мурадыр. ГъащIэм къахуигъэув щытыкIэщIэхэм есэжын, езыхэм яIа мурадхэри абыхэм траухуэжын хуэдэу. Ауэ фIыуэ къызгуроIуэ пенсэм щагъакIуэ ныбжьыр зэрыIуагъэкIуэтым къыдэкIуэну гугъуехьхэр япэу зыхэзыщIэнур зи пен-сэ кIуэгъуэр къэсахэр зэрыарар. Абы гъунэгъу дыдэ хуэхъуахэрщ. ИкIи ар дэ къэтлъытэн хуейщ.
  • Абы ипкъ иткIэ къыхызолъхьэ щыIа хабзэжьымкIэ илъэситI гъунэгъум къриубыдэу пенсэм кIуэн хуеяхэм худэчыхыныгъэ хэха хуащIыну — цIыхухэм пенсэр зэрыхуагъэувыну хабзэщIэм къызэригъэувым нэхърэ мазихкIэ нэхъ пасэу апхуэдэхэр пенсэм ягъэкIуэну. Псалъэм папщIэ, пенсэ щагъакIуэ ныбжьым зэрыщIагъум ипкъ иткIэ 2020 гъэм и щIышылэм пенсэм кIуэн хуейуэ арамэ, апхуэдэ лэжьакIуэм Iэмал иIэнущ 2019 гъэм и бадзэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ пенсэм кIуэну. Къытызогъэзэжри, мазихкIэ нэхъ пасэу.
  • Ещанэу. Сыт зыгъэпIейтейр, уеблэмэ зыгъэшынэр пенсэ ныбжьым нэсахэр? Ахэр мэгузавэ я лэжьапIэр яфIэкIуэдынкIэ. Пенси улахуи ямыIэу къызэрынэнкIэ хъунум егъэпIейтей. Пэжщ, илъэс 50-м ущIигъуа нэужь лэжьапIэ къэбгъуэтыну гугъущ.
  • Абы къыхэкIыу, дэ дегупсысын хуейщ зи ныбжьыр кIуэтахэм IэнатIэ ягъуэтынымкIэ шэсыпIэхэр къахузэгъэпэщыным. Аращи, мы Iуэхум пыщIа зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм пенсэ кIуэгъуэм и пэ къихуэ ныбжьу къэлъытапхъэр цIыхур пенсэ кIуэным илъэситху щиIэж пIалъэрауэ гъэувыпхъэу къыхызолъхьэ. Къытызогъэзэж, мыбдеж зэфIэгъэкIын хуей Iуэху куэдыкIей къыщыкъуокI. Апхуэдэу, цIыхухэм лэжьапIэ езытхэм пенсэ кIуэгъуэ ныбжьым нэблэгъа цIыхухэр IэнатIэм зэрыIуагъэкIым е я ныбжьыр щхьэусыгъуэ ящIу лэжьапIэ къащтэн зэрамыдэм щхьэкIэ апхуэдэхэр административнэ, уеблэмэ уголовнэ жэуапым ешэлIэн хуейуэ гъэувыпхъэу къызолъытэ. Дызэрылажьэ хабзэхэм апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейщ цIыхум пенсэ щыхуагъэув пIалъэр зэрагъэIэпхъуэм теухуа хабзэр къыщащтэм щIыгъуу.
  • Шэч хэмылъу, мыбдежым административнэ текъузэныгъэхэм я закъуэкIэ Iуэхум убгъэдыхьэныр тэмэмкъым икIи захуагъэкъым. Абы къыхэкIыу Правительствэм къалэн щызощI бизнесыр а Iуэхум тезыгъэгушхуэн хэкIыпIэхэр яхуигъэлъэгъуэну, зи пенсэ кIуэгъуэр къэблэгъа цIыхухэр лэжьапIэ къащтэнми, апхуэдэхэр IуамыгъэкIынми я фейдэ хэлъын хуэдэу.
  • Мыбдежым щIызгъужыну сызыхуейр. Зи ныбжьыр хэкIуэтахэр, зэрыхабзэщи, лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыщIэхэщ. Ахэр, я нэхъыбапIэкIэ, дзыхь зыхуэпщI хъун лэжьакIуэфIхэщ. Абыхэм сэбэпынагъышхуэ къыхуахьыфынущ зыщылажьэ IуэхущIапIэхэми компаниехэми. Абы къыдэкIуэу, икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, а лэжьакIуэхэр хуей хъумэ, езыхэм нэхърэ нэхъ щIалэхэми хуэдэу, нэгъуэщI IэщIагъэхэм хуеджэу я Iэзагъэм хагъэхъуэфыну Iэмал етынми.
  • Ар къэлъытауэ, Правительствэм пщэрылъ щызощI пенсэхуэплъэ хъуа цIыхухэм я Iэзагъэм хагъэхъуэным хуэунэтIа программэ хэ-ха къищтэну. Абы Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу лэжьэн щIидзэн хуейщ икIи федеральнэ бюджетым щыщ мылъку хухэхыпхъэщ.
  • Зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхур езыр хуейуэ и IэнатIэм IукIыжмэ икIи лэжьапIэщIэ зэкIэ къимыгъуэтамэ, абы щыгъуи дэ абы социальнэ шэсыпIэхэр къыхузэдгъэпэщыну ди къалэнщ. Абы папщIэ, пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхур зэрылэжьапIэншэм щхьэкIэ ират ахъшэм хуэдитIым щIигъукIэ хухагъэхъуэн хуейуэ къыхызолъхьэ — иджыпсту зэрыщыт сом 4900-м и пIэкIэ 2019 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдза- уэ сом 11280-рэ хуагъэувыну икIи ар зы илъэскIэ иратыну.
  • ИкIэм-икIэжым, лэжьапIэ IэнатIэ зытхэм къалэн ящыщIын зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхум и улахуэми хукIэрамыуду илъэс къэс махуитI иратыну, пщIэншэу диспансеризацэ иригъэкIуэкIыну Iэмал иIэн папщIэ.
  • ЕплIанэу. ЗэхъуэкIыныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ жыпхъэ ткIийм уит хъунукъым. ЗэрыжаIэу, зы къупхъэм къигъэджэлам хуэдэу. Дэ къэтлъытэн хуейщ я псэукIэкIи лэжьэкIэкIи цIыхухэр зэрызэхуэмыдэр.
  • Дэ дыхэплъащ шахтёрхэм, мафIэм пэрыту лажьэхэм, химие IэнатIэ Iутхэм, Чернобыль щыIахэм, нэгъуэщIхэми льготэхэр къазэрыхуэдгъэнэжыну Iэмалхэм.
  • Иджыпсту пенсэ зэрагъэув щIыкIэхэр къахуэгъэнэжыпхъэу къызолъытэ Ищхъэрэ щIыналъэ пхыдзам щыпсэу лъэпкъхэу зи цIыху бжыгъэкIэ мащIэхэми.
  • Дэ защIэдгъэкъуапхъэщ къуажэхэм щыпсэухэми. Мызэ-мытIэу дытепсэлъыхьащ абы, уеблэмэ унафи къэтщтауэ щытащ къуажэдэс пенсионер мылажьэхэм къэралым яхуигъэува пенсэхэм процент 25-рэ яхущIыгъуным теухуауэ. Мэкъумэш IэнатIэм илъэс 30 нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ щылэжьахэм. Ауэ а унафэхэр гъэзэщIэныр ягъэIэпхъуэу къекIуэкIащ. Къыхызолъхьэ а ахъшэхэр 2019 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ яту зэтраублэну.
  • Етхуанэу. Пасэу лэжьэн щIэзыдзахэм, я ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэмысами, зэрылэжьа илъэс бжыгъэм тещIыхьауэ пенсэ къыIахыну Iэмал яIэн хуейуэ къызолъытэ.
  • Иджыпсту законопроектым егъэув пенсэ ныбжьым нэмысами пенсэ хуагъэувыну хуитыныгъэ иIэщ цIыхубзым лэжьыгъэ стажу илъэс 40, цIыхухъум илъэс 45-рэ иIэмэ. Нэхъ пасэу пенсэ кIуэну цIыхум Iэмал къезыт стажри илъэсищкIэ ягъэмэщIэну къыхызолъхьэ. ЦIыхубзхэр абы папщIэ илъэс 37-кIэ, цIыхухъухэр илъэс 42-кIэ лэжьауэ щытын хуейуэ аращ.
  • Еханэу. 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 31 пщIондэ цIыхухэм яIа федеральнэ худэчыхыныгъэ псори Iэмал имыIэу хъумэн хуейуэ къызолъытэ, пенсэ IэнатIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр и пIэ изэгъэхукIэ. Зи гугъу сщIыр ямыгъэIэпхъуэ мылъкумрэ щIымрэ ятехуэ налогхэм щхьэкIэ ягъэува льготэхэрщ.
  • Пэжщ, апхуэдэ худэчыхыныгъэхэр цIыхум щыхуащIэу щытар ар пенсэ кIуа нэужьщ. Ауэ иджы щыIэ хъуа щытыкIэм ипкъ иткIэ, пенсэ IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыщекIуэкIыну зэманым, цIыхухэр зыщыгугъа льготэхэр яхуэтщIыну ди къалэнщ дэ икIи пенсэ кIуа нэужькIэкъым апхуэдэ щIыкIэкIэ защыщIэдгъэкъуэн хуейр, атIэ ныбжь хэхам нэсахэм яхуэдгъэуву зэтедухуапхъэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, а льготэхэр къагъэсэбэп хъунущ цIыхубзхэр илъэс 55-рэ, цIыхухъухэр илъэс 60 хъуа нэужькIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, пенсэ мыкIуэ щIыкIи абыхэм ятынукъым я унэм, фэтэрым, уней хадэм папщIэ къатехуэ налогыр.
  • Сыщыгъуазэщ «Урысей зэкъуэт» партым щIыналъэхэм щиIэ хабзэубзыху зэхуэсхэм я лIыкIуэхэми Федерацэм хыхьэ субъектхэм я унафэщIхэми жэрдэм къыхалъхьауэ зэрыщытар щIыналъэхэм щыIэ льготэхэри цIыхухэм къахуэгъэнэжыным теухуауэ. Ар цIыху-хэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Псалъэм папщIэ, жылагъуэ транспортымкIэ пщIэншэу зекIуэныр, ЖКХ-мкIэ яIэ худэчыхыныгъэхэр, унэхэр зэгъэпэщыжынымрэ газыр щIэшэнымрэ яхуэгъэзахэр, хущхъуэ къащэхунымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи ягъуэт дэIэпыкъуныгъэхэр. Шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр ядызоIыгъ. ИкIи сыщогугъ цIыхухэр пенсэкIэ къызэгъэпэщыным теухуа законыщIэм къару игъуэтыным и пэ къихуэу зыхуэфащэ апхуэдэ унафэхэр щIыналъэхэм къыщащтэну.
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, IэщIагъэлI куэдым ноби къалъытэ зи гугъу тщIы Iуэхухэм унафэ ятещIыхьыныр икъукIэ хэдгъэтIэсауэ. Сэ апхуэдэу къысщыхъуркъым. Дэ абыхэм нэхъапэм дахуэмыхьэзыру щытауэ аркъудейщ. Ауэ ахэр адэкIэ бгъэIэпхъуэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Ар жэуаплыныгъэншагъэу къыщIидзынут икIи абы дыхуишэнкIэ хъунущ ди экономикэми социальнэ IэнатIэми пхуэмыгъэзэкIуэжын щыуагъэхэр щытIэщIэкIыным, цIыху мелуан куэдым я гъащIэр екIэкIуэным, сыту жыпIэмэ иджыпсту нэрылъагъущ къэралым гува-щIэхами а зэхъуэкIыныгъэхэр иригъэкIуэкIын зэ-рыхуейр. Ауэ нэхъ дгъэгувэхукIэ, а унафэр нэхъ ткIий хъууэрэ кIуэ-ну аращ. Нобэ къэдгъэсэбэпым хуэдэ зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэ лъэпкъи, льготэ куэд къахуэнэжхэри, а хьэлъэр ятедмыгъэщIэн щхьэкIэ дызыхуекIуэ Iэмалхэри хэмыту щытыну аращ, дгъэIэпхъуэмэ.
  • Иджыпсту а Iуэхум дытегушхуэу зэфIэдмыхмэ, илъэс бжыгъэ дэкIмэ, шынагъуэ къащхьэщыхьэнкIэ хъунущ жылагъуэм щыщыIэ зэпIэзэрытыныгъэм — апхуэдэу щыщыткIэ, къэралым и шынагъуэншагъэри къэтIэсхъэным дыхуишэныр зыхуэIуа щыIэкъым.
  • Дэ зыдужьыпхъэщ. КъызэднэкIын хуейщ тхьэмыщкIагъэр, ди нэхъыжьхэми, иджырей пенсионерхэми, къэкIуэну зэманым а ныбжьым нэсынухэми яхуэфэ-щэн псэукIэ тынш къахузэдгъэпэщыну ди къалэнщ.
  • Нобэ къыхэслъхьа жэрдэмхэр законопроектым хэслъхьэ зэхъуэкIыныгъэщи, икIэщIыпIэкIэ Къэрал Думэм едгъэхьынущ.
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
  • Сэ зыри щIэзмыуфэу, зэпкърыхауэ икIи щхьэтечу нывжесIащ нобэ щыIэ щытыкIэр зыхуэдэр, апхуэдэуи ди къэралым и пенсэ IэнатIэм адэкIи зиужьыным хуэунэтIа жэрдэмхэр къэзгъэнэIуащ. Иджыри зэ къыхэзгъэщынщи, дэ къытпэщытщ а Iуэхум Iэмал имыIэу унафэ тетщIыхьын хуейуэ, ар гугъущ, ауэ икъукIэ зи чэзущ.
  • СыныволъэIу ар фэри зэхэфщIыкIыну.