ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Абхъаз Республикэм и Президент Хаджимбэ Раулрэ Осетие Ипщэ Республикэм и Президент Бибилов Анатолийрэ  йохъуэхъу

2018-08-28

  • «Урысейм Абхъаз Республикэмрэ Осетие Ипщэ Республикэмрэ щхьэхуиту къызэрилъытэрэ илъэсипщI зэрырикъур шыщхьэуIум и 26-м Сыхъумрэ Цхинвалрэ щагъэлъапIэ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ хэгъэгуитIыр дунейпсо хуитыныгъэ зиIэ къэралыгъуэу зэрызэфIэувамкIэ.

  • БлэкIа илъэсхэм Урысей Федерацэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ республикэхэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр щекIуэкIащ социально-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIауэ, нэхъыщхьэращи, щIыналъэм мамырыгъэрэ зэпIэзэрытыныгъэрэ щызэфIоувэ.
  • Абхъазыр, Осетие Ипщэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэд щIауэ ныбжьэгъугъэкIэ, зэдэIэпыкъуныгъэкIэ зэпхащ, экономикэ зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым, Правительствэм, ди щIыналъэм щыпсэухэм, си щхьэм къабгъэдэкIыу сохъуэхъу Абхъаз Республикэм и Президент Хаджимбэ Раулрэ Осетие Ипщэ Республикэм и Президент Бибилов Анатолийрэ. ЕхъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ, мамырыгъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ ди къуэш лъэпкъхэм яIэну ди гуапэщ», — итщ хъуэхъу тхылъым.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ
  • я пресс-IуэхущIапIэ.