ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

ТхьэмыщкIагъэ къызылъыса  цIыхухэм и чэзум ядэIэпыкъун

2018-08-02

  • КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм и гугъу щащIащ бадзэуэгъуэм и 30-м къыкъуэуа жьапщэшхуэм и зэранкIэ, республикэм и щIыналъэхэу Прохладнэм хы- хьэ жылагъуэхэм ящыщу 7-мрэ Дзэлыкъуэм хиубыдэ къуажи 4-мрэ къыщыхъуа зэхэкъутэныгъэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу гъэзэкIуэжы-нымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. Зи гугъу тщIы районхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр, Iуэхур зэпха министерствэ, ведомствэ зыбжанэм я тхьэмадэхэр щызэрихьэлIа зэхыхьэр къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Лъэпкъыр   зэпызыщIэж   махуэ

2018-08-02

  • Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр екIуу щагъэлъэпIащ Налшык къалэ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм и жэрдэмкIэ, КъБР-м къэзыгъэзэжахэр «Трек» шхапIэм щызэхуашэсри, дахэу зэбгъэдэсащ, лъэпкъым и гугъуехьхэм, хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым, хамэщI исхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм хэтащ КъАХ-м и район, къалэ хасэхэм я тхьэмадэхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Сабий спорт утыкущIэ

2018-08-02

  • Бахъсэн къалэм Фрунзе и цIэр зезыхьэ и уэрамым гуфIэгъуэ щытыкIэм иту дыгъуасэ къыщызэIуахащ сабий спорт утыкущIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-08-02

  • ШыщхьэуIум и 2, махуэку
  • УФ-м и Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ. Ар Белоруссиеми Къэзахъстанми щагъэлъапIэ. 1930 гъэм Москва дзэ округым зыгъэсэныгъэхэр Воронеж къалэм пэмыжыжьэу щригъэкIуэкIыу япэ дыдэу хьэуа десант абдеж къыщетIысэхауэ щытащ. Аращ махуэм лъабжьэ хуэхъуар.
  • Азербайджаным щагъэлъапIэ Лъэпкъ кином и махуэр
  • Македоние республикэм и махуэщ
  • Коми республикэмрэ Ненецкэ автоном округымрэ щагъэлъапIэ Щыхьым и махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъым папщIэ псэуа Есэн Сэбахьэтдин

2018-08-02

  • Тырку Республикэм къикIри мы махуэхэм къытIэрыхьащ хъыбар гуауэ. Куэдрэ сымэджа нэужь, дунейм ехыжащ адыгэм папщIэ псэуа, зи хэкужьымкIэ зигури зи псэри щыIэу зи гъащIэр зыхьа, зи анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэмрэ зи пкъынэлъынэхэм, гупсысэхэм зэи хэмыкIыу щыта хэкупсэ нэс Есэн Сэбахьэтдин Сэлмэн и къуэр. ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр нэхъ тынш щIыным, адэжь щIыналъэм ахэр пыщIауэ щытыным хуэгъэпса Iуэхугъуэ куэд зэфIэзыха адыгэлI щыпкъэхэм ящыщт а нэхъыжьыфIыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Камиллэ и щапхъэ

2018-08-02

  • Курыт школыр къэзыухауэ зи щIэныгъэм адэкIи хэзыгъэхъуэну мурад зыщIахэм я дежкIэ мы лъэхъэнэр пыIэзэфIэхьщ. Дэфтэрхэр еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм езыгъэхьа абитуриентхэм иджыпсту къаIэрохьэж зыщIэхуа IэнатIэхэм къикI хъыбархэр. Налшык дэт гимназие №14-р дыщэ медалкIэ къэзыуха Куэшмэн Камилли щыгуфIыкIащ мы махуэхэм къыхуагъэхьа дэфтэрым. Пщащэ Iущыр ирагъэблагъэ УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и Дипломатие академием щеджэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

МэIухухэр,  афэ джанэхэр,  фащэхэр

2018-08-02

  • «Сосрыкъуэу си къан, Сосрыкъуэу си нэху, Зи мэIухур дыщафэ, Афэр зи джанэ куэщI» — нарт эпосым хэт а псалъэхэр уигу къегъэкIыж ЕсэнтIыгу къыщызэIуаха выставкэ хьэлэмэтым. Абы щагъэлъагъуэ Адыгейм ираша пасэрей адыгэ (шэрджэс) хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Ахэр псори зэхэту 180-м щIегъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Джулат  щIыпIэр  ЮНЕСКО-р зыкIэлъыплъынухэм  хагъэхьэ

2018-08-02

  • Бадзэуэгъуэм и 25-м Налшык щрагъэкIуэкIащ «Джулат — дунейпсо тхыдэ-щэнхабзэ парк» фIэщыгъэм щIэт пресс-конференц.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2018-08-02

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 6
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (12+)
  • 6.35 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 6.45 «Пэгъупэнтыхь». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, драматург КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (12+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.10 «И гъащIэр IэщIагъэм теухуауэ». Сэралъп Борис (12+)
  • 8.40 «ЦIыху Iущхэм зэрыжаIауэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Сабиибзэр зи бзэ, сабиипсэр зыхэзыщIэ АфIэунэ Лиуан Алий и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

2018-08-02

  • Сабий усакIуэ АфIэунэ Лиуан Алий и къуэр Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм абы къиухащ классибл школыр. 1957 — 1960 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ. «Къэббалъкъпромстрой» трестым рабочэу лэжьэн щыщIедзэ, зэрылажьэм хуэдэури епщIанэ классыр къеухыж. 1970 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ пенсэм кIуэху (1998) Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым Налшык щиIэ и базэм щылэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Фыхэди… урысыбзэр къыхэфх

2018-08-02

  • УФ-м и Къэрал Думэм къищтащ анэдэлъхубзэхэр дяпэкIэ зэраджыну щIыкIэр зыубзыху Хабзэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Ахъшэ ухуей?  Еджэ

2018-08-02

  • Урысейм къалэн зыщищIыжащ илъэсихым къриубыдэу иригъэфIэкIуэну щIэблэм щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт щIыкIэр, икIи а Iуэхур нэхъыфIу къызэхъулIэ къэралипщIым ящыщ хъуну. Ар Президент Путин Владимир и жэрдэмщ, «ЩIэныгъэ» зыфIаща лъэпкъ проектым а илъэсихым къриубыдэу сом мелард 674-рэ трагъэкIуэдэну Правительствэм игъэбелджылащ. «Мы ахъшэр зэрыщыту федеральнэ бюджетым щыщщ», — жиIащ вице-премьер Голиковэ Татьянэ, УФ-м и Ректорхэм я Советым и президиумым къыщыщыпсалъэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

 Куэдым  къатехьэлъэ  кубок

2018-08-02

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ) — 0:4 (0:2). Урысей Федерацэм и кубокым и финалым и 128-нэ Iыхьэ. Налшык. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 30-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
  • Судьяхэр: Шамарэ, Валеев, Сеин (псори Дон Iус Ростов щыщщ).
  • «Спартак-Налшык: Уэрсей, Аслъэныкъуэ (Мэшыкъуэ, 80), Ольмезов, Белоусов (Бэрсэдж, 61), Абазэ, Хьэгъур, Дэхъу (Тебэрды, 78), Iэпщацэ, КIэдыкIуей, Бажэ (Михайлов, 46), Машэжь (Ашу, 56).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Социализмэм  дыхуэпэжщ, ауэ  зыдмыхъуэжу  хъунукъым

2018-08-02

  • Кубэ хытIыгум лэжьыгъэшхуэ щаублэ. Социализмэмрэ коммунист партымрэ я фIыщIи ямыгъэкIуэду, а тIури я гъуазэу дяпэкIи псэуну зэрыхуейр къэралхэм и унафэщIхэм жаIэ, ауэ Конституцэр яхъуэжынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку