Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и  Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. «Мэшыкъуэ-2018»  щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэр къыщызэIуахым хэтащ
            2018-08-14
            
              
                - ШыщхьэуIум и 10-м Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм я «Мэшыкъуэ-2018» зэхыхьэшхуэр къыщызэIуахым хэтащ КIуэкIуэ Ю. А. Абы къыщызэхуэсащ Урысей Ипщэм и щIалэгъуалэм ящыщу минитIым щIигъу. Зэхыхьэм ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу 205-рэ. Ахэр республикэм щекIуэкIа зэпеуэхэм щытекIуащ икIи унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ езыхэм ягъэхьэзыра проектхэр пхагъэкIыну я мурадщ.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
           
          
            
            2018-08-14
            
              
                - «МИР» («ЩIалэгъуалэ — Жэрдэм — Зыужьыныгъэ») урысейпсо щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, хабзэ хъуауэ, ирегъэкIуэкI «МИР-м и саугъэтыр» зыхуэфащэхэм щарит гуфIэгъуэ зэIущIэ. Иджырейр 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 18-м къызэрагъэпэщы- нущ.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ
           
          
            
            2018-08-14
            
              
                - Ди газетым зэрытетащи, «Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэр Адыгэ Республикэм накъыгъэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 8-м нэсыху щекIуэкIащ. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ
           
          
            
            2018-08-14
            
              
                - Си адэ Ершов Фёдор Михаил и къуэр
 
                - Си адэ Ершов Фёдор Михаил и къуэр 1916 гъэм гъатхэпэм и 1-м Адыгейм къыщалъхуащ, шапсыгъ лъэпкъым къыхэкIащ. Ар къыщалъхуа Джаджэ къуажэм 1868 гъэ пщIондэ зэреджэу щытар Бэлэтокъуэ Айтэч и жылэщ. КIэмыргуеипщ, Урысейм и императорым и дзэм офицеру къулыкъу щызыщIа Бэлэтокъуэ Айтэч и къуажэу щытащ ар. Нэхъ иужьыIуэкIэ мыбдеж щыпсэуащ адыгэ лIакъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщхэр, абыхэм шапсыгъхэри яхэту. ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу абыхэм ящыщ куэдым урыс унэцIэхэр къащтащ икIи къэзакъыдзэхэм къу- лыкъу щащIэу хуежьащ, я лъэпкъ щIыхьыр къагъэлъагъуэ хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэкIэ яIэту.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
           
          
            Зэхьэзэхуэшхуэхэм зыхуагъэхьэзыр
            2018-08-14
            
              
                - Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Озон» спорт комплексым зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ боксымкIэ я командэ къыхэхахэм. ЕхъулIэныгъэшхуэ зиIэ боксёрхэм ящIыгъуу загъасэ щIалэгъуалэми. Псори зэгъусэу абы щыIэщ спортсмен 70.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр