ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

«Мэшыкъуэ-2018» зэхуэсым и лэжьыгъэр еух

2018-08-25

  • Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэм я щIыналъэпсо зэхыхьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм деж къыщызэрагъэпэщам лэжьыгъэ купщIафIэ къыщрахьэлIащ. КИФЩI-м хыхьэ субъекти 7-м, апхуэдэуи ди къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм, Тыркумэным, Осетие Ипщэм я лIыкIуэ щIалэгъуалэр жыджэру хэтащ «Мэшыкъуэ-2018» форум иным. ТхьэмахуитIкIэ екIуэкIа зэхуэсым уты-кум Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ куэд къыщрахьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

2018-08-25

  • Зэрызэдэлажьэм зраугъэубгъу
  • Абхъаз. Урысеймрэ Абхъазымрэ мыхьэнэшхуэ ират я зэдэлэжьэныгъэм. Дыгъуасэ Кремлым щызэхуэзащ Урысейм и Iэтащхьэ Путин Владимиррэ Абхъазым и Президент Хаджимбэ Раулрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

ЛъэпкъылIым и фэеплъыр ягъэлъапIэ

2018-08-25

  • Дыгъуасэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы и хьэщIэщым, КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэм, и блыным фIадзащ щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж телъыджэм, тхакIуэм, артистым и сурэт екIу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Бахъсэн зыщыхуагъэхьэзыр Адыгэхэм я махуэмрэ Къалэм и махуэмрэ

2018-08-25

  • Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим шыщхьэуIум и 23-м иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Адыгэхэмрэ Къалэм и махуэхэмрэ зыхуэгъэхьэзырыным. Абы кърихьэлIащ къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, хабзэхъумэ органхэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-р зэрыгушхуэхэр

2018-08-25

Бырс Анзор

Щоджэн ТIэлашэ

Къалмыкъ Хьэжмурат

Бгъэжьнокъуэ Хьэчим

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

2018-08-25

  • Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым КъБР-м щыIэ и Оперативнэ штабым республикэм исхэр къыхуреджэ «ЩIэныгъэм и махуэмрэ» «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэм и махуэмрэ» щагъэлъапIэ лъэхъэнэм терроризмэм зыщыхъумэнымкIэ хабзэхэр ягъэзэщIэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!

2018-08-25

  • 2018 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэгъуэр иухащ, ауэ дызыхуэкIуэ фокIадэ мазэм къыщыщIэдзауэ «Адыгэ псалъэм» къытехуэ тхыгъэхэм фыкъеджэну фыхуеймэ, апхуэдэ Iэмал фиIэщ. Мы мазэм и 28 пщIондэ пощтхэм Iэ щытевдзэмэ, ди газетыр ныфхуахьынущ фокIадэм къыщыщIэдзауэ.
  • МазиплIымгазетым и уасэр сом 376-рэ кIэпIейкIэ 32-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛъэныкъуитхукIэ къапщытэ

2018-08-25

  • КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм медицинэ IуэхущIапIэхэм ящIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэзыпщытэ и Жылагъуэ советым хэтхэу Шэрджэс Юрэ, Къагъырмэс Юрэ, Умэ Светланэ сымэ иджыблагъэ щыIащ Чэнджэщ-диагностикэ медицинэ центрым, ЭндокринологиемкIэ республикэ центрым, ЩеIэзэ-физкультурэ республикэ диспансе- рым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Анэпсэр — ар псынэщ, ар псысэщ

2018-08-25

  • Анэ. А псалъэм щIэлъ къарури пкърылъ мыхьэнэри къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ. Аращ цIыху гъащIэм и щIэдзапIэр, быным и дунейр хуэзыгъэнэхур, хуэзыгъэхуабэр, хуэзыгъэIэфIыр. Апхуэдэщ дэ зэрыбыниплIым — зэшыпхъухэу Залинэ, Заринэ, Регинэ, ди дэлъху закъуэ Рашид сымэ — къытщхьэщыт ди анэ дыщэр. Ар Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Щомахуэ Дусящ. Мы махуэхэм ди анэм худогъэлъапIэ и илъэс 60 юбилейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Полицейхэр Iуащхьэмахуэ докI

2018-08-25

  • «Урысей МВД-м и лэжьакIуэ псоми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху щекIуэкIащ Европэм и щыгу нэхъ лъагэм — Iуащхьэмахуэ. «Полицейхэм абы дэкIыныр траухуащ урысей полицэр илъэси 300 зэрырикъуам», — жиIащ Урысей МВД-м и лIыкIуэу яхэта Волк Иринэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэрал щIэгъэкъуэныгъэм и фIыгъэкIэ

2018-08-25

  • Щхьэлыкъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и кIуэцIыр зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-08-25

  • ШыщхьэуIум и 25, щэбэт
  • Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ
  • Бразилием щагъэлъапIэ Сэлэтым и махуэр
  • 1609 гъэм Италием щыщ физик, астроном Галилей Галилео цIыхухэм яригъэлъэгъуащ и IэмэпсымэщIэр — телескопыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Нартым» куэд хузэфIокI

2018-08-25

  • Налшык и «Спартак» стадионым щызэхэтащ РегбимкIэ Урысейм и щIыналъэ лигэм («Кавказ Ищхъэрэ» дивизион) и зи чэзу зэIущIэр. Абы щызэпэщIэтащ КъБР-м и командэ къыхэха «Нартымрэ» Осетие Ищхъэрэ — Аланием и «Сартматы»-мрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

«Хьэтхэм» узрагъэгупсысыр

2018-08-25

  • Къаныкъуэ Анфисэ и романыщIэм теухуауэ
  • Тхьэмахуэ зыбжанэкIэ ди щIэджыкIакIуэхэмрэ дэрэ Iэмал диIащ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ, тхакIуэ Фырэ — Къаныкъуэ Анфисэ и роман дыкъеджэну. Тхыдэм зыхуэзыгъазэ тхакIуэ мымащIэ диIэ пэтми, адыгэхэр къызытепщIыкIауэ ялъытэ хьэтхэр лъэпкъ литературэм и дунейм зэкIэ щытлъэгъуакъым. «Ди бзэр мэкIуэдыж, псоми дакъыкIэроху», — жаIэурэ Iуэхур абыкIэ зэфIэзыгъэкIхэм ящымыщу, тхыди, лъэпкъи, бзэи, литератури дызэриIэр ди нэкIэ дигъэлъагъуу, Анфисэ роман итхащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Самбэм и пащтыхь Хьэсанэ Мурат

2018-08-25

  • Адыгейм и Куэшхьэблэ щIыналъэм хыхьэ Еджэрыкъуей къуажэм къыщалъхуа Хьэсанэ Мурат самбэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз зиIа ЩIы хъурейм щыгъуэтыгъуейщ: дуней псом 11-рэ и чемпион хъуащ, Дунейпсо кубокыр 8 къи-хьащ, Европэм 5 щытекIуащ, 19-рэ къэралым дыщэр щызыIэригъэхьащ. Илъэс пщыкIутхум щIигъукIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и капитану щытащ икIи зыхэт спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщ дыдэу куэдрэ къалъытащ. 1993 — 2006 гъэхэм абы самбэмкIэ къэралми дунейми къыщыпэлъэщын щIагъуэ щыIакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше