ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу

2018-08-23

  • Мы гъэм илъэси 100 ирокъу адыгэ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ. И гъащIэ кIыхьыр (1918 — 2008) абы триухуащ нарт эпосыр, адыгэ уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ зэхуэхьэсыжыным. Абы и лэжьыгъэшхуэ хэлъщ «Нарты. Адыгский героический эпос» академическэ къыдэкIыгъуэм, томитIым щызэхуэхьэса «Адыгэ IуэрыIуатэм», тхылъ зыбжанэ хъууэ дунейм къытехьа «Народные песни и инструментальные наигрыши» антологием.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-08-23

  • ШыщхьэуIум и 23, махуэку
  • ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ — 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
  • Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
  • Украинэм и Къэрал ныпым и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Дэ Урысейм дрицIыхущ»

2018-08-23

  • А фIэщыгъэм щIэту Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, дыгъуасэ Iуэху дахэ щекIуэкIащ. УФ-м и къэрал ныпым и махуэм къызэрагъэпэща дауэдапщэм хэтащ школакIуэхэр, волонтёрхэр, студентхэр, нэгъуэщI къалэдэсхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТекIуэныгъэ Инми щIэблэ гъэсэнми зи гуащIэ хэзылъхьа

2018-08-23

  • ЦIыхур дунейм къытохьэри, адэ-анэм я ущииныгъэкIэ япэ лъэбакъуэр еч. АдэкIэ, гъащIэм хыхьэурэ, егъэджакIуэхэм я жьауэм щIэту къыдокIуэтей, йоджэ, гъэсэныгъэ зрегъэгъуэт. Сыт хуэдэ гугъуехь хуэзами, егъэджакIуэхэр я IэщIагъэмрэ зыпэрыт IэнатIэмрэ хуэпэжу, я гумрэ я псэмрэ щIэблэм ират. Мы гупсысэхэм сигу къагъэкIыжащ Дзэлыкъуэкъуажэ школым дыщыщIэтIысхьам къыщыщIэдзауэ зи нэIэ дыщIэта егъэджакIуэхэу Теувэж Ленэ, Тау Жанусэ, Гындыгъу Ахьмэд, Куэт Цуцэ, Бабыгуей Мурадин, Барсокъуэ Хъымсад, Ступников Николай, Дохъушокъуэ Майе, Тау Iэбисал, БжэныкIэ Галинэ, ТIэмашэ Хьэбидэт, Дзу Iэубэчыр, Куэт Валентинэ сымэ. Абыхэм ящыщ зыуэ зи цIэ къисIуа Гындыгъу Ахьмэд Алий и къуэрщ мы тхыгъэр зытеухуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Темыркъан Юрий и илъэс

2018-08-23

Темыркъан Юрий и анэм игъусэу.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2018-08-23

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 27
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 6.40 «ЩIэблэ». Щэныбэ Чэрим (12+)
  • 7.05 «Ди щIыналъэм щыпсэу цIыхухэр». Лэжьыгъэм и ветеран Узеев Б. Хьэбэз къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.10 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 17.00 Мультфильм (6+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, публицист Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

2018-08-23

  • «Сытхэну сыщытIысым деж уафэр зэлъыIукIым хуэдэщ»
  • Адыгэ усакIуэ, прозаик, драматург, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий Инус и къуэр Адыгэ Республикэм и Теучэж районым хыхьэ Къунчыкъухьэблэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1957 гъэм Адыгей къэрал пединститутым щIэтIысхьащ. ЕджапIэр къыщиуха 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ 1978 гъэ пщIондэ «Социалистическэ Адыгей» газетым корректору, корреспонденту щылэжьащ. 1978 — 1991 гъэхэм щIыпIэ радиом адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, 1991 — 1993 гъэхэм «Гъуазэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. 1993 — 1997 гъэхэм Адыгэ Республикэм и радиом и унафэщIу лэжьащ. 1997 гъэм республикэм и тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ, АР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ къалэнхэр зэдигъэзэщIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ЦIыху Iэпкълъэпкъым щыщхэр

2018-08-23

  • Щхьэм и Iыхьэхэр
  • Щхьэ — голова.
  • Щхьэ къупщхьэ (мыр къупщхьэ щхьэхуэ 32 зэгуэгъухэу егуэшыж, шэрыпI псэущхьэ псоми я зэхуэдэу. 33-рэ зиIэр кхъуэ закъуэращ — и пэ бетакъым и лъабжьэр къыхохьэри) — череп (он ещё подразделяется у всех млекопитающих на 32 парных костей, у свиньи — 33 за счет основания пятачка).
  • Щхьэц — волос головы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ

Тхыдэм хыхьэжа СССР-р

2018-08-23

  • Илъэс зыкъом лъандэрэ Беловежскэ мэзыр СССР-р зэрылъэлъэжам и дамыгъэу къокIуэкI. Ауэ щIыпIэм зыри илэжьакъым, IейкIэ тхыдэм къыхэнами: Совет Союз лъэщым и мащэр арыншами къатIакIэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

2018-08-23

Петронас чэщанэ зэтIолъхуэныкъуэхэр дуней псом щынэхъ телъыджэ ухуэныгъэхэм ящыщщ. Абыхэм ягъэдахэ Малайзием и щыхьэр Куала-Лумпур. ТIури зэбгъурытщ икIи ислъам гъуазджэм и хабзэхэм тету яухуащ. Дэтхэнэри къуапи 8 зиIэ вагъуэм ещхьщ. Чэщанэхэр пасэрей щэнхабзэм я дамыгъэщ, абыхэм апхуэдэу уигу къагъэкI мы къэралым Iэмал гъунапкъэншэхэр зэриIэр. ЧэщанитIыр абджыпсым къыхэщIыкIа лъэмыжкIэ зэпыщIащ. УакъиплъыкIмэ, щыхьэрым и щIыпIэ телъыджэхэр уолъагъу. Уардэунэхэм я пэшхэм псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 213-рэ къызэщIаубыдэ. Ар футбол щыджэгу губгъуэу 48-м хуэдиз мэхъу. Дэтхэнэ чэщанэми къат 88-рэ и лъагагъщ. Абыхэм я щхьэгъубжэхэр плъэщIыным зы мазэпсо текIуэдэнущ. Мыбы туристхэмрэ езы къэралым щыпсэухэмрэ куэду щопэкIу. Зэ щыIами, илъэгъуахэр зэи щыгъупщэжыркъым. КIэщIу жыпIэмэ, Петронас чэщанэ зэтIолъхуэныкъуэхэр иджырей Малайзием и нагъыщэ нэхъыщхьэ хъуащ.

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Бжыгъэшхуэхэм  я махуэ

2018-08-23

  • Ди республикэм футболымкIэ и чемпионатым и джэгугъуэ блэкIам топ куэд дыдэ — 48-рэ — щыдагъэкIащ. ЗэIущIэ къэс ику иту ар хырых щрокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Екатериноград станицэр игъэлъапIэу

2018-08-23

  • Налшык къалэ дэт, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ илъэс 240-рэ зи ныбжь, 1780 гъэхэм Кавказ губернием и къалащхьэу щыта Екатериноградскэ станицэм теухуа тхылъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-08-23

  • «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я союзым, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодежь» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария», «Минги Тау», «Нур», «Нюр», «Солнышко» журналхэм, программэхэр къэзыт «Къэбэрдей-Балъкъэр» телекомпанием, «Налшык» жылагъуэ радиотелекомпанием, Урысейпсо къэрал телерадиокомпанием и къудамэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием, «КъБР-инфо» хъыбарегъащIэ агентствэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь «Тетраграф» зэгухьэныгъэм я лэжьакIуэхэр Щоджэн Иннэ Аслъэнбий и пхъумрэЩоджэн Заирэ Замир и пхъумрэ яхуогузавэ абыхэм я анэ, анэшхуэ Щоджэн (Сабий) Нинэ Чэмал и пхъур зэрылIам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха