ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июль, 2018

Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури!

2018-07-31

  • Чэзу  зимыIэ щыIэкъым
  • Илъэс 20 дэкIыжащ адыгэ гупышхуэ зэуэ Хэкум къызэрихьэжрэ. 1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м Адыгейм къагъэIэпхъуат унагъуэ 23-рэ, Косовэ (Югославие) щыпсэуа адыгэхэм ящыщу. Абы и пэкIэ зы мазэкIэ дызэIэбэкIыжмэ (1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м), УФ-м и Правительствэм къищтат «Косовэ автоном щIыналъэм (Югославие Зэгуэт Республикэ) щыпсэу адыгэхэр (черкесхэр) къагъэIэпхъуэн папщIэ икIэщIыпIэкIэ къэралым ищIапхъэр» жыхуиIэ Унафэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-07-31

  • Ди псэлъэгъухэр
  • Бырсекъуэ Орфан:  Хэкум къызэрызгъэзэжам
  • зы махуи сыхущIегъуэжакъым
  •  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым илъэс зыбжанэ хъуауэ хэт, абы и вице-президент, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Сириемрэ щыпсэу адыгэхэр зэпызыщIэ, зи Хэку къэзыгъэзэж ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху дэзыгъэкI, зи IэщIагъэкIэ дохутыр Бырсекъуэ Орфан «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм ди хьэщIащ, Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-07-31

  • Ди  псэлъэгъухэр
  • Къумыкъу Мамдухь:     «ДыкъэкIуэжын хуеякъым» псалъэхэр зы лъэпощхьэпоми жыдигъэIэфакъым
  • Я унэ бжэIупэм къыщыспежьа Мамдухьрэ гуфIэжу пэшым сыщIэзыша Сихьэмрэ слъэгъуа иужь, зэуэ мыращ сигу къэкIар: абыхэм ядэнт хэхэсу къэнэну, я бынхэм адыгэбзэ ямыщIэну, лъэпкъым хамыгъэзэгъэжу?!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-07-31

  • Щапхъэ зытрахунагъуэ
  • Сытым деж жыгыр щыдахэр?
  • Налшыкдэсхэми абы щеджэ-щылажьэхэми, щIэх-щIэхыурэ IуэхукIэ къалэм къакIуэхэми ящыщу хэт зымыцIыхур Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Тамерис» шхапIэ хъарзынэр?! Ахэр зей зэщхьэгъусэхэу Едыдж Нихьаирэ Шыкуэ Шукранрэ хуэдэ цIыху зэщIэкъуарэ дахагъэр зи плъапIэрэ уагъэлъыхъуэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КIуэкIуэ Юрийрэ Битаров Вячеславрэ тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Алание Республикэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр адэкIи егъэфIэкIуэным

2018-07-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр иджыблагъэ щыIащ Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм. КIуэкIуэ Юрийрэ Битаров Вячеславрэ тепсэлъыхьащ зэгъунэгъу щIыналъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зегъэужьыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Iуащхьэмахуэ»  курортым  зрагъэужьын папщIэ  сом  мелардихым нэблагъэ  къыхуаутIыпщ

2018-07-28

  • «Iуащхьэмахуэ» урысейпсо турист-рекреацэ комплексым и инфраструктурэм хиубыдэ ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ Урысей Федерацэм и Премьер-министр Медведев Д. А. и унафэкIэ сом меларди 5-рэ мелуан 711-рэ къыхуаутIыпщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Кабардинка»-р  Марашрэ Гёксунрэ къыщофэ

2018-07-28

  • Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтыну Тыркум къэкIуа гупыр япэ махуэм иригъэблэгъащ Мараш къалэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ Эркоч Фатхьи Мехметрэ щIыналъитIым я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм, адыгэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэшыныгъэм, нэгъуэщI Iуэху дахэхэми тепсэлъыхьахэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

Тхьэгъэпсо Риммэ Жидэ  и  пхъур

2018-07-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр мэщыгъуэ «Голос Чегема» газетым и редактор нэхъыщхьэ Тхьэгъэпсо Риммэ Жидэ и пхъур зэрылIам къыхэкIыу.
  • Жэуаплыныгъэрэ егугъуныгъэрэ зыхэлъ цIыхуу зэрыщытым къыхэкIыу, абы фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъущ зыпэрыта IэнатIэ псоми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи  хэку  къэIэпхъуэжахэм  я  щIэблэм  ягъуэт  гулъытэ

2018-07-28

  • Хамэ къэрал къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэр я хэкужь изэгъэжынымкIэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд ирегъэкIуэкI Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Граждан жылагъуэм зиужьыным хуэунэтIауэ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта жэрдэ-мым ипкъ иткIэ ДАХ-м къихьа грантыр IуэхуфI куэдым я къежьапIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Мы махуэхэм

2018-07-28

  • Бадзэуэгъуэм и 28, щэбэт
  • Гъуэжь узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
  • Сату IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
  • 1586 гъэм Европэм кIэртIоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкIыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.
  • 1697 гъэм Камчаткэ хытIыгуныкъуэр зэрыщыIэр къахутащ.
  • 1713 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Рижскэ губерниер.
  • 1858 гъэм криминалистикэм япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ IэпапIэхэр.
  • 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ. Ар екIуэкIа зауэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ. Абы цIыху мелуанипщIым щIигъу хэкIуэдауэ, мелуан 22-рэ уIэгъэ щыхъуауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, щIэныгъэлI телъыджэ  Хъурей Феликс и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу

2018-07-28

  • ЦIыхум и къалэн нэхъыщхьэр бэм ядэIэпыкъунырщ,
  • сэбэп хъууэ дунейм тетынырщ
  • «Къэббалъкъавтотранс» IуэхущIапIэм и унафэщIу, Налшык къалэм и Iэтащхьэу щыта, техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, философие щIэныгъэхэм я доктор БизнесымкIэ институтым илъэс 25-рэ хъуауэ и ректор, РСФСР-м и цIыхубэ депутат Хъурей Феликс Ахьмэд и къуэм бадзэуэгъуэм и 20-м игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуар. БлэкIам, къикIуа гъуэгуанэм, зэфIигъэкIа Iуэхухэм тедгъэпсэлъыхьыну иджыблагъэ нэхъыжьыфIым дыIущIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТекIуэныгъэкIэ   Владикавказ  щрагъажьэ

2018-07-28

  • «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:2 (1:0). Владикавказ. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 25-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-07-28

  • ЗэвгъэцIыху
  • Къалэ нэхъ ехьэжьахэр
  • Дуней псом щынэхъ дахэ дыдэу блэкIа илъэсым къалъыта къалипщIым япэр Лондонщ (Инджылыз). Пэжщ, узэплъынрэ телъыджэ пщыхъунрэ и куэдщ а къалащхьэм. Дыгъэ къызэрыщепсым нэхърэ уэшх къызэрыщыщешхыр нэхъыбэми, псом нэхърэ нэхъ дахэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

И  IэщIагъэм   зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм  папщIэ

2018-07-26

  • Урысей Федерацэм и Президентым и хэщIапIэу Кремлым щыIэм и пэш нэхъыщхьэхэм ящыщым — Екатерининскэ пэшым иджыблагъэ къэрал наградэхэр зыхуагъэфэщахэм щратыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэ дунейр зэроубыдыж

2018-07-26

  • 2008 гъэ лъандэрэ къыдэкI «Урысей щIэныгъэ журналым» и 59-нэ номерыр дунейм къытехьащ. Тхыдэм, гъэсэныгъэм, психологием, бзэ щIэныгъэм, хабзэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса мы къыдэкIыгъуэр иджы къызэIуех тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Ершов Виталий публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд теухуауэ игъэхьэзыра тхыгъэм: «Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр щIэныгъэлI, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лэжьыгъэхэм къызэрыхэщыр».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше