Унафэхэр зэпэлъытауэ, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытын хуейщ
2018-08-30
- УФ-м и Президент Путин В. В. шыщхьэуIум и 29-м
- Урысейм и цIыхухэм зэрызахуигъэзар
- Урысейм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Ныбжьэгъу лъапIэхэ.
- 2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м Правительствэм Къэрал Думэм къыщыхилъхьащ Пенсэ Iуэхум зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законопроектыр. Ар къэралым и Парламентым япэ къеджэгъуэу бадзэуэгъуэм и 19-м къищтащ. Мыр нэхъыщхьэу зытеухуар, и лъабжьэу щытыр пенсэмкIэ системэр дяпэ илъэс куэдкIэ зэпIэзэрыту икIи финансхэм я лъэныкъуэкIэ зэтету щытынырщ, апхуэдэу щыщыткIэ, иджырей пенсионерхэми, къэкIуэну зэманым пенсэхэр зратынухэми я хэхъуэхэм кIэрымыгъэхуным и мызакъуэу, а хэхъуэхэр нэхъыбэ щIынырщ.
Зыхыхьэхэр: Хэха