ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Абхъаз Республикэм и Президент Хаджимбэ Раулрэ Осетие Ипщэ Республикэм и Президент Бибилов Анатолийрэ  йохъуэхъу

2018-08-28

  • «Урысейм Абхъаз Республикэмрэ Осетие Ипщэ Республикэмрэ щхьэхуиту къызэрилъытэрэ илъэсипщI зэрырикъур шыщхьэуIум и 26-м Сыхъумрэ Цхинвалрэ щагъэлъапIэ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ хэгъэгуитIыр дунейпсо хуитыныгъэ зиIэ къэралыгъуэу зэрызэфIэувамкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-08-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий егъэджакIуэхэм
  • я  шыщхьэуIу зэхуэсым хэтхэм
  • ЗЭРЫЗАХУИГЪЭЗАР
  • ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ!
  • Си гум къыбгъэдэкI сэлам фызох Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэсым кърихьэлIахэм. Хабзэ хъуауэ, ар йокIуэкI гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ШыщхьэуIу зэIущIэхэр

2018-08-28

  • Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ
  • унэтIыныгъэхэр яубзыху
  • Тхьэмахуэ блэкIам дэнэкIи щекIуэкIащ шыщхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхэтащ абы хыхьэ район, къалэ IэнатIэхэм къызэщIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэIущIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

КъБР-р зэрыгушхуэхэр

2018-08-28

Шемкин (Къардэн) Михаил

Пащты Герман

Бгъэжьнокъуэ Заурбэч

БжэIумых Хьид

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Мы махуэхэм

2018-08-28

  • ШыщхьэуIум и 28, гъубж
  • 1851 гъэм Санкт-Петербургрэ Москварэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгум мафIэгухэр пIалъэ убзыхуам тету щызекIуэныр зэтраублауэ щытащ.
  • 1920 гъэм Урысейм цIыхуу щыпсэур зыхуэдизыр зрагъэщIэн папщIэ, совет къэралыгъуэщIэм и Правительствэм и унафэкIэ, ахэр япэу къыхатхыкIауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Краснодар-3» — «Спартак-Налшык» — 0:2

2018-08-28

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ дыгъуэпшыхь Краснодар щызэхэта зэIущIэр апхуэдэу иухащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Темыркъан Юрий и илъэс

2018-08-28

Кинорежиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александррэ Темыркъан Юрийрэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Ди зэныбжьэгъугъэр ди тхыдэм къыщожьэ

2018-08-28

  • Мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ди тхыдэм къыщожьэ» дунейпсо гъэмахуэ школым и зэхуэс. Ар егъэкIуэкIыным илъэсищ лъандэрэ мылъку халъхьэ «Русский мир» фондымрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

2018-08-28

  • Аушыджэр къуажэм щыщ, КъБР-м промышленность псынщIэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Слъон Лэдин Жэмалдин и къуэр къыщалъхуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 70 ирокъури, дохъуэхъу

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Ислъамым и нур

2018-08-28

  • Уаз
  • Гъэр и кIэм ноблагъэ
  • Сэджытым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр
  • Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ гъэр и кIэм зэрынэблэгъам ипкъ иткIэ, фигу къыдогъэкIыж зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIахэм а къалэныр зэрагъэзэщIапхъэр. Сэджытыр Алыхьым къалэн къытщищIа Iуэхугъуитхум ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Театрыр ноби зи пщIыхьым хэт

2018-08-28

  • Театрыр дунейпсо гъуазджэм и Iыхьэ нэхъ лъэрыхь дыдэхэм ящыщщ. Ар и «щхьэцыгъуэхэмкIэ» хэухуэнащ литературэм, макъамэм, къафэм, уэрэдым, гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Си псэм и гъунэгъу

2018-08-28

  • Къызбруным цIыхухэр пхауэ
  • щрадзыхыр уэ плъэгъуакъым.
  • ЩоджэнцIыкIу Алий
  • Къэбэрдейм и щIыналъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ Къызбрун куейр, а цIэ дыдэр зиIэ бгы лъапэм щIэс къуажэшхуэми илъэс куэдкIэ зэрихьащ а цIэ дахэр. Мы бгыми щIыналъэми зэмылIэужьыгъуэу хъыбарышхуэ яIэщ. А бгым «хузэфIэкIащ» 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэшхуэм щыгъуэ зы нэмыцэ зэрыпхъуакIуэ абы димыгъэкIын. Ар я тIысыпIэу щытащ ди зауэлIхэм, лIыгъэшхуэ абдеж щызэрахьащ. Нобэ зи гугъу сщIынури пщэдджыжь къэскIэ сызыIуплъэ Къызбруныжь си гъащIэм зэрыхэтым и зы Iыхьэ тIэкIущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нартхэм я хэтIэхэсэ

2018-08-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэм ипкъ иткIэ, щэбэт кIуам Нарткъалэ щызэхуэзат щIыпIэ «Нартымрэ» «Нартанымрэ». Абыхэм я хэтIэхэсэр хьэщIэхэм я текIуэныгъэ инкIэ иухащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Медаль зэмылIэужьыгъуэу плIы

2018-08-28

  • Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм боксымкIэ и чемпионат. Абы хэтащ спортсмени 100-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм медаль зэмылIэужьыгъуэу плIы къахьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр