ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ШыщхьэуIу зэIущIэхэр

2018-08-28

  • Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ
  • унэтIыныгъэхэр яубзыху
  • Тхьэмахуэ блэкIам дэнэкIи щекIуэкIащ шыщхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхэтащ абы хыхьэ район, къалэ IэнатIэхэм къызэщIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэIущIэхэр.

  • Ахъуэхъу Таймураз зэIущIэр къызэIуех.

    2018 — 2019 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэ апхуэдэ зэхуэсхэм щыхэплъэжащ илъэс блэкIам яIа ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмыса Iуэхугъуэхэмрэ, лъэхъэнэщIэм зэфIахыну лэжьыгъэхэр щаубзыхуащ, мурадхэр къагъэнэхуащ.

  • Налшык дэт «Успех» еджапIэм мэрем кIуам къыщызэрагъэпэщащ къалащхьэм дэт еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я шыщхьэуIу зэхуэс. Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ щIыпIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэ 200-м щIигъу. Апхуэдэу зэхуэсым и лэжьыгъэм кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мовсисян Грант, КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и комитетым и пашэ Азычэ Светланэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шонтуковэ Иринэ, егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и унафэщI Бэрокъуэ Эдуард, егъэджакIуэхэм я къалэ профсоюзым и пашэ Уэлджыр Татьянэ, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • ШыщхьэуIу зэIущIэр къызэIуихри, Ахъуэхъур къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэ къэблэгъамкIэ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, мыпхуэдэ зэхуэсхэр хуабжьу щхьэпэщ блэкIа лъэхъэнэм зэфIэха хъуа Iуэхугъуэхэм уариплъэжынымкIэ, гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэ унэтIыныгъэхэр убзыхунымкIэ. Къалащхьэм и егъэджакIуэхэм министрым и цIэкIэ ехъуэхъуащ Шонтуковэ Иринэ. ЩIэблэм хуэунэтIа хэкупсэ, лъэпкъ гъэсэныгъэхэр нэхъри ирагъэфIэкIуэну къызэхуэсахэр къыхуриджащ Абдуллаевым.
  • АдэкIэ псэлъапIэр хуит зыхуащIа Бэрокъуэ Эдуард зэхуэсым кърихьэлIахэр зэпкърыхауэ щигъэгъуэзащ къалащхьэм и егъэджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ гъэ еджэгъуэ блэкIам щызэфIаха Iуэхугъуэхэм, апхуэдэуи къытеувыIащ лъэхъэнэщIэм къапэщылъ къалэнхэмрэ зыхуагъэувыжа мурадхэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, къалэм и еджапIэхэм ящыщ куэдым илъэс блэкIам ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэрагъэхьар. Хэхъуащ ЕГЭ-мрэ ОГЭ-мкIэ балл лъагэхэр къэзыхьа, щIыналъэпсо, къэралпсо зэпеуэхэм щытекIуа ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм. УзыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэхэм ящыщщ Налшык и школхэм я езанэ классхэм щIэтIысхьэ цIыкIухэм я бжыгъэр зэрынэхъыбэри. Нэгъабэрейм еплъытмэ, апхуэдэхэр цIыху 800-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэдэу мыгувэу къалащхьэм къыщызэIуахынущ ныбжьыщIэ 1224-рэ зыщеджэн курыт школыщIэрэ сабии 150-рэ зэкIуэлIэну гъэсапIэщIэрэ.
  • Бэрокъуэм и докладым пащэу, ар къызэпкърахыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ курыт школ №27-м и унафэщI Шэрий Мадинэ, гимназие №4-м и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Тембот Эммэ, «ЕгъэджакIуэ-2018» урысейпсо зэпеуэм и щIыпIэ, щIыналъэ Iыхьэхэм щытекIуа Кочетов Игорь, сабий сад №56-м и унафэщI ТыIэщ Радмилэ, гъэсапIэхэм я ФГОС программэм и Iыхьэхэр зэхэзыгъэува Коренблит Станислав, нэгъуэщIхэри.
  • Егъэджэныгъэм зезыгъэужь Iэмалхэр
  • КупщIафIэт Бахъсэн къалэм щекIуэкIа шыщхьэуIу зэIущIэри. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Азрэт, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, егъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и пашэ Борэн Маринэ, къалэм дэт школхэмрэ сабий садхэмрэ я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, нэхъыжьыфIхэр, нэгъуэщIхэри.
  • Зэхуэсыр къызэIуахащ ныбжьыщIэхэм махуэшхуэм хуагъэхьэзыра концерт дахэкIэ. АдэкIэ псалъэ къэзыщта Къардэн ФатIимэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэщIэр узыншэу, купщIафIэу ирахьэкIыну. Ар къахуеджащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим егъэджакIуэхэм къахуигъэхьа зэрызыхуагъазэм.
  • ЩIыпIэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр илъэс блэкIам зэрылэжьамрэ гъэ еджэгъуэщIэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ ятеухуат Борэн Маринэ и докладыр. «Егъэджэныгъэм зезыгъэужь Iэмалхэр» фIэщыгъэр зиIа а къэпсэлъэныгъэм унафэщIым нэсу щызэпкърихащ 2017 — 2018 гъэ еджэгъуэм IэнатIэм зригъэхъулIэфахэмрэ зыхунэмысахэмрэ. Апхуэдэуи къыхигъэбелджылыкIащ къапэщылъ къалэнхэмрэ яIэ мурадхэмрэ. УнафэщIым и докладым къыщIагъуу къэпсэлъащ школхэм, сабий садхэм я унафэщI зыбжанэ.
  • Зи лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIа егъэджакIуэфIхэмрэ гъэсакIуэ пэрытхэмрэ я цIэхэр къраIуащ зэIущIэм и кIэухым. Абыхэм хуагъэфэща тхылъхэр, саугъэтхэр, дамыгъэ лъапIэхэр иратыжынущ ГъэсакIуэм, ЕгъэджакIуэм я махуэшхуэхэм ирихьэлIэу.
  • ШыщхьэуIу зэхуэсхэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ятеухуа резолюцэхэр къащтащ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.