ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2018

 КНР-мрэ КъБР-мрэ  я зэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIакIуэ

2018-08-04

  • Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ КНР-м и чрезвычайнэ икIи полномочнэ лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Лирэ. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов Ильяс, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., Къэрал Думэм и депутатхэр, районхэмрэ къалэхэмрэ я Iэтащхьэхэр, министерствэхэм, ведомствэхэм я унафэщIхэр, хьэрычэтыщIэ Iуэхум пэрытхэр, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Европэм  и  спортсмен  телъыджэ Ласицкене Марие

2018-08-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменкэ Ласицкене (Кучинэ) Марие блэкIа мазэм кърикIуахэм япкъ иткIэ атлетикэ псынщIэмкIэ Европэм и спортсмен нэхъыфI цIэр зыхуэфащэхэм ящыщу къалъытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБКъу-м  и  лэжьакIуэхэм Президентым  и  гулъытэр  къалъоIэс

2018-08-04

  • ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я XIX дунейпсо фестивалым зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ 2017 гъэм зэфIагъэкIахэм папщIэ щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэм иджыблагъэ иратащ Урысейм и Президент Путин В. В. къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъымрэ фэеплъ медалрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Спартак-Налшык» — «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 1:1

2018-08-04

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ дыгъуэпшыхь Налшык щызэхэта зэIущIэр апхуэдэу иухащ.
  • «Спартак-Налшыкымрэ» Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо»-мрэ зэрызэпэщIэтамрэ зи чэзу джэгугъуэм и ужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ.
  • Хьэтау Ислъам.

Зыхыхьэхэр: Футбол

Адэжь щIыналъэр зи плъапIэхэр

2018-08-04

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ хэкужьым къыщызэрагъэпэщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъу сабийхэм я зыгъэпсэхупIэ лагерхэр. Адэжь щIыналъэм къэкIуэныр зи хъуэпсапIэ цIыкIухэм я бжыгъэм гъэ къэси къыхэхъуэ зэпытщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

ЦIыхухэм   я  гукъыдэжыр  къаIэт

2018-08-04

  • Иджыблагъэ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щекIуэкIащ Адыгэ-абхъаз пшыналъэхэмрэ къафэхэмкIэ «Бзабзэ» гупым и концертышхуэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар зэхэзышар, гупым и художественнэ унафэщIыр ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIыуэ къыщацIыху шыкIэпшынауэ, композитор, IуэрыIуатэдж, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр зыщI Иуаз Зуберщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Унагъуэ дахэхэр утыку йохьэ

2018-08-04

  • Мы зэманым къэралым щокIуэкI «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэхэр. Апхуэдэ зэхыхьэ иджыблагъэ щекIуэкIащ ди республикэми. Абы къыхэжаныкIахэм ящыщщ Бахъсэн районым къикIа унагъуиплIыр: Жылаухэ, Темботхэ, Къуэдзокъуэхэ, Хъуэтхэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Адыгэбзэ  зэзыгъащIэхэм  я  дэIэпыкъуэгъу

2018-08-04

  • Бзэр яIэщIэгъупщыкIыжауэ хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыхуэныкъуэ тхылъ иджыблагъэ дунейм къытехьащ. «Адыгэбзэ зэзыгъащIэхэм папщIэ» зыфIаща тхылъыр Щокъул Илхъан и Iэдакъэ къыщIэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-08-04

  • ШыщхьэуIум и 4, щэбэт
  • 1777 гъэм Лондон дунейм щыяпэу цирк къыщызэIуахащ.
  • 1836 гъэм Москва и Кремлым и пщIантIэм щагъэуващ Пащтыхь-Тхьэгъуш жыхуаIэр. Щагъэжа щIыпIэм деж илъэсищэм нэблагъэкIэ щылъащ ар, тонн щитIым нэблагъэ и хьэлъагъти, къахуэмыгъэхъейуэ. Архитектор Монферран Огюст ар къэпIэту бгъэIэпхъуэ зэрыхъуну Iэмалыр къигупсысри, шыщхьэуIум и 4-м тхьэгъушыр трагъэувауэ щытащ абы хуагъэхьэзыра лъагапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сыт псом япэр?

2018-08-04

  • Псалъалъэхэм, социологие, лъэпкъ Iуэхухэм тепсэлъыхь тхылъхэм уащыхэплъэкIэ, ухуозэ лъэпкъ псалъэм и мыхьэнэр къызэрыбгурыIуэнур зэтемыхуэу жаIэу. Ауэ лъэпкъым и пкъы- гъуэ нэхъыщхьэ дыдэу а псоми арэзыуэ япэ ирагъэувэр мыращ: зы щIыналъэ щыпсэуныр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хэкур. АтIэ, цIыхур уафэм е хы щIагъым щыщымып-сэуфкIэ, дауи, зы щIы кIапэ (Хэку) иIэн хуейщ, щыIэн, псэун щхьэкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей

Адыгэхэр  зыIууэ  гугъуехьхэр   мащIэкъым

2018-08-04

  • Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэмрэ журналистхэмрэ я зи чэзу зэIущIэр Черкесск къалэм щекIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ адыгэ газетищым я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Дербэ Тимур, Абидокъуэ Лусанэ. Апхуэдэуи къеблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий, Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыжь, Тыркум щыIэ Эрджиес университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и профес- сор Иуан Зэуал, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал телевиденэм адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI ЩакIуэ Мусэлий сымэ, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Хэкужьым  щIыхуэ къытенэркъым

2018-08-04

  • Щамым къикIыжу Хэкум къэзыгъэзэжахэм яхьэлIа лъэпощхьэпор мащIэкъым. Ауэ узыгъэгужьейуэ зэфIумыхыфынуи щыткъым. Псоми езым ехьэлIа кIуапIэрэ Iэмалрэ яIэжщ. Арами, дызэмыупщIыжу къанэркъым: «Сыт мы Iуэхум щынэхъыщхьэу къэплъытэ хъунур?»
  • Абы и жэуапым дыщолъыхъуэ Къэрэшей-Шэрджэсым къихьэжауэ щыта ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр здекIуэлIа, илъэс бжыгъэкIэ зи нэIэ щIэта Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) къуажэм. Абы и Iэтащхьэ Иуан Руслан ди псэлъэгъущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэчиифIэ  Щауэжь  Нарт

2018-08-04

  • ЩIэх-щIэхыурэ щыгъуазэ фыхуэтщI хабзэщ Щамым (Сирием) къикIыжа ди лъэп-къэгъухэм я псэукIэм. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм цIыху гъэщIэгъуэнхэр куэду яхэтщ. Апхуэдэщ Щамым щалъхуами, адыгэ щэнхабзэр, гъуазджэр зи лъым, зи гум, зи псэм хэт Щауэжь Нарт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Малъхъэдис

2018-08-04

  • Псалъэжьхэр
  • ЛIы ищIа иIуэтэжыркъым
  • КъыпкIэлъымыкIуэм узыкIэлъигъэкIуэнукъым.
  • КъыптекIуэр лъэщщ.
  • Къыхэдзэ закъуэ — дежьуун бгъуэтынщ.
  • Къэбублэр хабзэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис