Шыфэкъуж Данэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ дохъуэхъу
2018-08-30
- И псэм и къабзагъым хуэдиз насып-рэ узыншагъэрэ Тхьэм къыбгъэдилъхьэ, зи ужь ит Iуэхум къыпэкIуэ хъерым игу хигъахъуэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу.
- Данэ къыщалъхуари къыщыхъуари Налшыкщ, КъБКъУ-р къиухащ, Амман унагъуэ щихьащ. Иджыпсту пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ Шэрджэс школым адыгэбзэмкIэ щрегъаджэ. Данэ и гурыгъу-гурыщIэхэр усэбзэкIэ къызэриIуатэри гуапэщ, хъуэхъум и гъусэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIа усэ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ.
- НэщIэпыджэ Замирэ,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ,
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
- Пщыгъупщэжмэ си цIэр
- Сыгъынщ си нитIым
- Нэпс къыщIэмынэху,
- Сэ гуауэ хьэлъэр
- ЩIэзуфэнщ сылIэху…
- УхуэлIэ хъумэ нобэ
- Си гущIэгъу,
- БжесIэнщ сэ хуэму:
- «Псори пхузогъэгъу!»
- Арами щIэщхъум
- КъресыкI си гущIэр,
- Къызэпеуд гъэпцIагъэм
- Ди зэIущIэр…
- Сэ гуауэм сихьрэ
- Пщыгъупщэжмэ си цIэр,
- Къызэгуитхъынщ си бампIэм
- Мы щIы фIыцIэр…
- МащIэрэ куэдрэ
- Розэ плъыжьыбзэр пхузощIыр уэ тыгъэ,
- КъысфIощIыр а тыгъэр КъуэкIыпIэм
- и лыгъэ.
- Розэ хужьыбзэу сэ уэстым къыбжеIэ:
- ФIыцIагъэм си гущIэр къэхъункъым
- щриIэ.
- Розэ гъуэжьыбзэм, си щIасэ, си щIыхь,
- Гурыщхъуэ къегъэщIри, псэр хедзэ
- бэлыхь.
- Гурыщхъуэм и мащIи и куэди схуэмыхь,
- КъысфIощIыр гурыщIэм ар хъуауэ
- и щхъухь:
- ЛIэныгъэщ и мащIэр!
- ЛIэныгъэщ и куэдыр!
- ЦIыху
- Мы дунейр зэшыгъуэщ языныкъуэм.
- Дунеижьым куэдрэ согупсыс:
- ХуэмыщIауэ нобэ зи гур ныкъуэм
- ГурыфIыгъуи гуапи къылъымыс.
- Жэщыр хъумэ, къотIысхьэж мазэщIэр,
- Пщэдджыжьыпэм дыгъэр къыщIопсыж.
- Къеблэгъамэ лъахэм илъэсыщIэр,
- Гъэ блэкIар, арати, ныщIелъхьэж.
- Жэщи махуи емызэш толъкъунхэр,
- ПсыIум ахэр куэдрэ йоныкъуэкъу.
- Мывэ джей псыхьахэм къыдэкIыну
- Куэдрэ къохъу толъкъунхэр щыхущIэкъу.
- ЙокIуэтыж толъкъунхэр езэшауэ.
- Псыр губжьати къигъэнакъым лъэкI…
- Дунейм теткъым цIыхум хуэдэу зэуэ
- ЕрыщагъкIэ куэд зыхузэфIэкI.
- КъыщIишынщ къумыщIым дагъэ
- фIыцIэр,
- ЩигъэкIынщ пшахъуэщIым гъавэ бэв.
- Ауэ цIыхум куэдрэ и цIыхуцIэр
- Щогъупщэжри, бампIэ куэд егъэв…
- Мы дунейр зэшыгъуэщ языныкъуэм.
- Дунеижьым куэдрэ согупсыс:
- Щхьэ зилIэжрэ зыри хуэмыныкъуэм?!
- Щхьэ фIэкIуэдрэ лъахэм и нэмыс?!
- ЩымыIэжу хьэ зэрышхи, дауи,
- ХуэмыщIахэм къахуимыхуэу щыгъ,
- НыщIалъхьэжу тхьэмыщкIагъи гуауи
- Щхьэ мыхъужрэ цIыхухэр зэрыIыгъ!
- Гурыщхъуэ
- Уэ тенджызым сакъыу сыщохъумэ.
- Сыщохъумэ гуауэм, уемызэш.
- Жэщ мазэхэу гъуэгу сытехьэ хъумэ,
- Батэкъутэр къохъур уэ щыбгъэш.
- Уэ ухуэдэщ плъырым. Жэщи махуи
- Зы дакъикъэ нэхэр стумыгъэкI.
- Мы дунейм ущимыIэж зы Iуэхуи —
- Псэ лъэхъуэщым ибгъэлIыхьым фIэкI.
- Сыщохъумэ лъагъуныгъэм, дыгъэм,
- Губгъуэ хуитым икъухьа накъыгъэм,
- ГурыфIыгъуэм, ныбжьэгъугъэ къабзэм,
- Къуалэбзу жыгыщхьэм щыбзэрабзэм…
- Псори хъуащ гурыщхъуэм IэщIэмыкI,
- Хъуащ си гъащIэр уи бэлыхь хэмыкI.
- Псэр ныхуолIэ гурыфIыгъуэ нобэ.
- Псэм и гуфIэр гуауэм къыпегъэщ.
- О, дэ ди Тхьэ, къыумыхьыжу тобэ,
- Гъэсэхыж къэмынэу зы лъэхъуэщ!
- ШЫФЭКЪУЖ (ХьэфIыцIэ)
- Данэ.