ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 Къайсэр щекIуэкIащ 9-нэ Дунейпсо Адыгэ фестивалыр

2018-08-30

  • Тыркум щыIэ Къайсэр Хасэр илъэс 50 зэрырикъум ирихьэлIэу шыщхьэуIум и 23-м Къайнар къуажэм 9-нэ Адыгэ щэнхабзэ фестиваль щекIуэкIащ. Тырку хъыбарегъащIэхэм къызэратыжамкIэ, мы гъэм абы къекIуэлIащ цIыху мин 40-м нэс.

  • Хэкум щыщу фестивалым ирагъэблэгъащ уэрэджыIакIуэхэу Нэхущ Чэрим, Къэзан Сэтэней, «Хатти» ансамблыр, нэгъуэщIхэри. Тыркум щыпсэу адыгэхэм Чэрим фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ фестивалым и пэ къихуэу: «Тырку щIыналъэм щыпсэу ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ, пщIэ зыхуэсщIхэ! Адыгэ лъэпкъхэр дызэрыщыIэр адрей лъэпкъхэм ящымыгъупщэным телажьэ, Къайсэр къалэм дэт ди Адыгэ Хасэр илъэс 50 зэрырикъум ехьэлIа дауэдапщэм, санэхуафэм уэрэдкIэ, къафэкIэ, пшыналъэкIэ, джэгукIэ гъэнщIауэ щытыну пшыхьым, сыкърагъэблэгъащ. Сэри си гуапэу фэ зыфхузогъазэ зи лъэ вакъэ изылъхьэу «сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэ зыри абы фыкъекIуэлIэну».
  • УэрэджыIакIуэ къэс къэпцIыхуж теплъэ зэриIэм хуэдэ къабзэу, пшыхьым къекIуалIэ цIыхубэри зыгуэрым нэхъ къыхегъэщ. Утыку ита псоми гуапэу яIущIа ди лъэпкъэгъухэм я пащхьэм Чэрим къихьа нэужь, дэрэжэгъуэщIэ зэрагъуэтам гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Езы уэрэджыIакIуэми Iуэхур щIигъэхуабжьэрт: «Мыпхуэдэ гъуэтыгъуэ дизыгъэхуа, мыпхуэдэ дахагъэ дэзыгъэлъагъу Къайсэр Хасэ илъэс 50 ирикъур илъэси 100 ирикъуауэ Тхьэм дигъэлъагъу, дунейр щыIэхукIэ адыгэр лъэпкъыу дыщыIэну, мыпхуэдэу дызэхэтыфыну Тхьэм жиIэ!»
  • «Мыхэращ ипэжыпIэкIэ зи лъэпкъыр фIыуэ зылъагъужыр», — щетхыж Инстаграмым цIыху бжыгъэ къекIуэлIам зигу хигъа- хъуэ гуэрым. «Гурэ псэкIэ къодаIуэхэр. Ди цIыхубэр нэхъ гу щIыIэщ, абыхэм елъытауэ», — дыщIегъу нэгъуэщIым. «Зыгуэр къызэупщIат, хамэщIым игъащIэм мыпхуэдиз адыгэ зы щIыпIэ щызэхуэсауэ плъэгъуа? — жиIэри, — дыкъыщоджэ фестивалым еблэгъа, КъБР-м и телевиденэм и журналист Шыбзыхъуэ Астемыр и тхыгъэхэм. — Уэлэхьи, си къуэш, Тыркур къызогъанэри, хэкум щызмылъэгъуа», — естащ абы жэуап».
  • ЧЭРИМ Марианнэ.