|
Август, 2018
2018-08-18
- Мы проектыр Путин Владимир и пащхьэ щралъхьащ «Мэшыкъуэ-2018» щIалэгъуалэ зэхыхьэм. Президентым абы теухуауэ жиIащ: «Хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ»
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Мэшыкъуэ - 2010
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. къыдигъэкIа УказымкIэ 2018 гъэм шыщхьэуIум и 21 Къурмэн махуэшхуэр щымылажьэ махуэу республикэм щагъэуващ
2018-08-18
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. къыдигъэкIа УказымкIэ Къурмэн махуэр щагъэлъапIэ 2018 гъэм шыщхьэуIум и 21-р республикэм щымылажьэ махуэу щагъэуващ.
- Къурмэн махуэм тохуэ Мэчэ кIуа муслъымэнхэм я хьэжыщIыр щиухри. Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу хьэжыщI цIыху 200 щыIэщ.
-
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэжьащ Хэку зауэшхуэм илъэхъэнэм хэкIуэдахэм я хьэдэхэр къэлъыхъуэжынымтеухуа «Фэеплъ лэжьыгъэ» Iуэхур
2018-08-18
- Ар 2018 гъэм фокIадэм и 19-м нэсыху екIуэкIынущ. КъэлъыхъуакIуэ гупым Ипщэ дзэ округым и къурш фочауэ бригадэм и тIасхъэщIэх батальоным, республикэм и къэлъыхъуакIуэ, волонтёр зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу 70-м нэблагъэ хэтщ. Абыхэм къуршым хиубыдэ метр зэбгъузэнатIэ мин 15 хуэдиз щIапщытыкIынущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-08-18
- Лъэпкъ уэрэдхэм я «Этновидение-2019» япэ урысейпсо телевизионнэ фестивалыр ирагъажьэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ
Езым и нагъыщэхэр иIэжщ
2018-08-18
- Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан и жэрдэмкIэ, а районым езым и нагъыщэхэр иIэжщ: 2014 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэ лъандэрэ — ныпрэ гербрэ, 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ — гимн.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур
2018-08-18
- ЩIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советым и зэIущIэм щыхэплъэжащ Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр зыхуэфащэхэр къыхэхыным теухуауэ екIуэкIа конкурсым кърикIуахэм икIи а къулыкъум ягъэуващ Балъкъыз Артур Хьэчим и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Адыгэбзэр зыхэт гугъуехьхэр зэпкърах
2018-08-18
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту шыщхьэуIум и 17-м Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху
Мы махуэхэм
2018-08-18
- ШыщхьэуIум и 18, щэбэт
- Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм я дунейпсо махуэщ
- Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ щагъэлъапIэ я гъунапкъэхъумэ дзэхэм я махуэр
- Таджикистаным и медицинэ лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1682 гъэм Урысей Пащтыхьыгъуэм и тет хъуащ Пётр Езанэр.
- 1782 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр (иужькIэ «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» зыфIащар).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Апхуэдэр пщыгъупщэркъым
2018-08-18
- ХыщI гъэхэм, консерваторэр къэдухри Налшык къэдгъэзэжауэ, дызэрыцIыхуащ Темыркъан Юрийрэ сэрэ. Саратов дыщеджащ Бэгъуэтыж Светланэ, дирижёрхэу Абазэ Майе, Хьэщыкъуей Розэ, виолончелист Темыркъан Борис, абы и щхьэгъусэ Юлие сымэ. Ар къэдухауэ къыщыдгъэзэжам, Iэджэм дыхуэпабгъэрт, дыщIалэт, дыжанти, ди мурадхэр инт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс
Сейахатнамэ
2018-08-18
- Челеби Эвлия
- Дунейпсо тхыдэм щыцIэрыIуэ зыплъыхьакIуэ, тхакIуэ Челеби Эвлия 1611 гъэм гъатхэпэм и 25-м Истамбыл къыщалъхуащ. Абы и адэ Мэхьмэт Зилли Деруиш, Сулеймэн Телъыджэм и лъэхъэнэм уэсмэнокъуэ сэрейм дыщэкIыу щылэжьауэ ятхыж. И анэр садзны абхъаз лъэпкъым щыщ бзылъхугъэт. Эвлия Хьэмид-ефэнды щихъышхуэм и цIэр зезыхьэ мыдрисэм щеджащ, КъурIэныр зэрыщыту гукIэ зыщIэу щытахэм ящыщщ. Тырку къэралыгъуэм а зэманым ныбжьыщIэхэм бгъэдалъхьэу щыта дин щIэныгъэми, Iэщэ-фащэ зехьэкIэми, шууей хуэIуэхуэщIэхэми хуэIэзэу щытащ. Тхылъ гуэрхэм итщ Челеби гюльшаний суфий зэгухьэныгъэм хэтауэ. ЩIалэр зыплъыхьакIуэ щIэхъуа щхьэусыгъуэри гъэщIэгъуэнщ. И ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъуу, абы Бегъымбар лъапIэр пщIыхьэпIэу илъэгъуат. И нэгу щIэкIар щихъ гуэрым щыхуиIуэтэжым, абы пщIыхьэпIэм къыхурихащ гъуэгу теувэн хуейуэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
IЭКУАНДЭ ДАХЭ
2018-08-18
- Мис, тыкуэным кIуэуэ зричауэ уэрамым ирожэ. И теплъэр жыпIэмэ — игъэзэщIэну зыхуэпIащIэ къалэным зэригъэзэхуэжыну и пщэ дилъхьа нэхъей, «хэт сэ сыкъэзымылъагъужар» жыхуиIэ псэлъафэм и сурэтщ къалэкур зи куэбжэпэ унэгуащэр. Щхьэцыр IэгукIэ ирилъэщIэкIа къудейщ, ижьаи-имыжьаи. ПщIантIэм зэрыдэт хъэлатымкIэ къыдэжащ, зэплъыжаи-зэмыплъыжаи. Маникюркъым, макияжкъым. Хиджабкъым, джилбабкъым. Ауэ умылъагъу нэпцIу зыблебгъэхыну плъэкIыныр къызогъанэри, дыгъэ гуащIэм жьауэм укъызэрыхэнэм хуэдэу, щхьэхуимыту укъыбгъэдонэ. Зыуи зищIыркъым. ЖаIэ хабзэ фIэкIаи жиIэркъым. Абы уегъэбэлэрыгъри, и гупсысэ къызэрымыкIуэхэм уапхъуэтэху, къыпфIэмыIуэхуу зыIэщIэбгъэкIа и псалъэ къызэрыкIуэхэм уакIэлъыIэбэжын хуей мэхъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэшхыгъуэ йохуэ, е Пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и лIыгъэр
2018-08-18
-
- Адыгэпщ цIэрыIуэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейр кърымыдзэм къызэрыригъэлам теухуа хъыбар телъыджэм ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэм я жьантIэр къылъос. Ар дунейм щикъухьа адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ куэдым ноби щызокIуэ. Абы теухуа тхыгъэхэр тхыдэ хъумапIэхэм щыIэщ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм итщ, тхакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ куэдрэ зэIэпахащ. Псом хуэмыдэу мы хъыбарыр зыубгъуауэ щызокIуэ езыр къыщежьа ХьэтIохъущыкъуей жылагъуэжьхэм я хэщIапIэ Бахъсэн аузым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-08-18
Ахьмэдие мэжджытыр. Истамбыл къалэ
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Къурмэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр
2018-08-18
- Муслъымэн псоми ди зэхуэдэ махуэшхуэ лъапIэу Къурмэн хьидым ехьэлIауэ КъурIэн лъапIэмрэ хьэдисымрэ къыщыкIуауэ, дэтхэнэ зы муслъымэнми игъэзэщIапхъэ Iуэхугъуэхэр иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщ.
- Къурмэныр Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къызэралэжь, Тхьэм пэгъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэщ. Ауэ ар букIкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ абы ехьэлIа къалэнхэр псори къызыхуэтыншэу гъэзэщIапхъэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2018-08-18
- ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
- Пэжыр щIэхъума хъунукъым
- Тхылъым укъеджэу и купщIэр нэсу къыбгурыIуэным тхакIуэм и пщIэм хуэдизкIэ уи пщIэр къеIэт.
- Павленкэ Пётр,
- урыс тхакIуэ.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
|