ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Тхыдэ'

Зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэн

2021-04-17

  • «Дыщалъхуа щIыналъэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр (International Day for Monuments and Sites) гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ телъыджэхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и ассамблеем (ICOMOS) къыщищтащ. Абы кърикIуащ щэнхабзэм и щIэин щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 18-м дуней псом щыгъэлъэпIэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Адыгэ щIэблэр зауэлI IэщIагъэхэм хуагъасэу зэрыщытар

2021-04-10

  • Кокиев Георгий (1896 — 1955) Кавказми Урысейми фIыуэ щацIыху осетин тхыдэдж къудейкъым, бгырыс республикэхэм щыпсэухэм ящыщ япэ тхыдэ щIэныгъэлIщ, профессорщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Мысыр шэрджэс пащтыхьхэр

2020-12-15

  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд
  • Абыхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэхэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам экономикэ псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Щыпсэурт убыххэр Хостэ, Мзымтэ, Сочэ псыхъуэхэм

2020-09-05

  • Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэтар убых щIыналъэрщ — 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы и ужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыбгъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзымтэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр — абхъазхэмрэ шапсыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, убыххэр мин 90 хуэдиз хъууэ щытащ — Кавказ зауэм и ужькIэ мин 70 Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми. Тыркум Iэпхъуэри, куэд яхьыжакъым убыххэм: гъунэгъу зыхуэхъуахэм, адыгэхэм яхэшыпсыхьыжащ — абыкIэ «сэбэп» хъуагъэнущ убыххэм я анэдэлъхубзэм нэмыщI, адыгэбзи ящIэу зэрыщытар. Тыркум нобэ ущрохьэлIэ убых зыдэс жылагъуэ цIыкIу зыбжанэ, ауэ абыхэм щыпсэухэм зэрыубыхыр ящIэж фIэкIа, я анэдэлъхубзэкIэ псалъэр мащIэ дыдэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ и щIэблэр

2020-09-03

  • Илъэс 270-рэ ирикъуащ Къэбэрдейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ пщы ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ къызэралъхурэ. Ди газетым тетащ абы и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр .

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

2020-08-25

  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №99, 100-хэм итщ.)
  • ГъэщIэгъуэн дыдэу мы Iуэхум къыхэщыр сыт жыпIэмэ, уэркъхэм пщыхэм зыхуагъэдэныр ягу зэрырихьынур гурыIуэгъуэт, ауэ Iуэхур къыхэзылъхьар езы пщыхэрт. Абы и щхьэусыгъуэуи пхужыIэнур зы закъуэщ: Урысейм Къэбэрдейр къэгъазэ имыIэжу зэрипхъуэн мурад зэриIэр наIуэ къэхъупати, цIыхубэр быдэу зэрызыгъэубыдыфын Iэмал къэгъуэтын хуейт. Къэгъуэтыпхъэри псоми я зэхуэдэ плъапIэм телажьэ, псори зэхуэзыгъадэ Iэмэпсымэт. Абдежым «сэ уэ нэхърэ нэхъ лъэпкъыфI сыкъыхэкIащ» жыпIэу узэдауэкIэ, уи щхьэкIи фейдэ хэпхынутэкъым, лъэпкъми къыхуэсэбэпынутэкъым. Мыбдежми наIуэ къыщохъу нэхъыбэ дыдэу и щхьэ ебэкъуэн къалэныр пщыхэм къазэрытехуар. Пщыгъэр бгъэнэхъапэрэ лъэпкъ хуитыныгъэр пфIэкIуэдмэ, укъызэрызэтемынэнур хьэкът. А бгъэдыхьэкIэр уи щхьэр Алыхьым и хьэтыркIэ бгъэлъэхъшэныр езы диным зэрыпхуигъэдахэми хуэпхьыфынущ, ауэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм къыздихьа зэкъуэтыныгъэм хуэдэ Къэбэрдей тхыдэм ипэкIи иужькIи хэтакъым. Абы ипэкIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ махуэ къэс я зэхуаку къыдэхъуэ къаугъэ мыхьэнэншэхэм щызэныкъуэкъуу къекIуэкIамэ, иджы я щIыналъэм и къэкIуэнум егупсысу я акъыл зэтрагъэхуэн хуей хъуат. ИкIи плъапIэу яIэр я блэкIар зэфIагъэувэжыныр аратэкъым, нэхъ зызыужьауэ дунейм тет лъэпкъхэм я къэрал зехьэкIэ Iэмалхэр шэрихьэтым ирагъэкIуу, езыхэм къэралыгъуэ узыншэ яухуэнырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

2020-08-22

  • Адыгэхэр урысхэм нэIуасэ яхуэхъуу, Урысейм и унафэм хэгъэгум хуэмурэ зыщиубгъун зэрыщIидза щIыкIэм уриплъэжмэ, гу лъыботэ хасэмрэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ зэрызэдэлажьэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къызэрыздишам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Iуащхьэмахуэ дэкIын ипэ

2020-07-23

  • Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэу щытащ адыгэ щIыналъэхэр зэкъуачын щыщIадза лъэхъэнэр. Тхыдэтххэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абы и къежьапIэу къэлъытапхъэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кючук-Кайнаджи мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Домбеякъ лIэщIыгъуэм  и  лъэужь

2020-06-04

  • Бахъсэн щIыналъэм щыIэ «Къубэ-Тэбэ-2» кхъэлъахэм щокIуэкI археологие къэлъыхъуэныгъэхэр. Гупыр щылажьэ щIыпIэм кIуэри, Iуэхур зэрекIуэкIыр зригъэлъэгъуащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Къэбэрдей шухэм  Бромберг къащыщыщIар

2020-02-06

  • ЩIэныгъэр зи тегъэщIапIэ «БлэкIаищIэ» («Новое прошлое») журналыр Тэн Iус Ростов къыщыдокI Ипщэ Федеральнэ университетым (ЮФУ) и нэIэ щIэту. Илъэс блэкIам дунейм къытехьа абы и еплIанэ къыдэкIыгъуэм КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэчрэ а институтым и аспирант Абей Iэсиятрэ я тхыгъэ телъыджэ къытехуащ: «Бромберг щекIуэкIа хеящIэр: Кавказ-бгырыс дивизионым (Варшавэ щыIэм) щыщ къэбэрдей шухэм къащыщIар». («Бромбергский процесс — продолжение истории: происшествие с уроженцами Кабарды — всадниками Кавказско-горского (Варшавского) дивизиона»).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Иорданием щыпсэу адыгэхэм я мэкъумэш щIэкIэр (1878 — 1978 гъгъ.)

2019-11-14

  • (КIэухыр.ПэщIэдзэр №135-м итщ).
  • Вэнымрэ жылэ  хэпхъэнымрэ
  • Ар бжьыхьэкIэм, япэрей уэшхыр къешха иужь, яублэрти, епщыкIутIанэ мазэм и кIэухым нэс екIуэкIырт, пасэуи гувауи вэхэр-сэхэр щыIэт. ХэбгъэкIасэмэ, лэжьыгъэр гугъу дыдэ хъурт. ЩIымахуэ жьапщэ щIыIэм жэщ ныкъуэм укъэтэджу, узэрывэну уи былымыр бгъэшхэн, псы ебгъэфэн хуейт, вакIуэ удэкIын ипэ. Губгъуэ нэщI фэхум загъуэрэ къуэкIыпIэ жьапщэ щIыIэ дыджыжь къыщыкъуэурт, уи Iэпэлъапэхэр къигъэщтрэ къызэгуичу, уэшхри уридэкIуеину къежэхыу. Ауэрэ махуэ псокIэ губгъуэм уитынти, шэджагъуэ нэужьыфIым укъэкIуэжынт, уи унагъуэ Iуэхухэм иужь уихьэн, уи вабдзэ буIун, уи пхъэIэщэ укIэлъыплъын хуэдэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ

2019-09-17

  • СэIэбцокъуэ  Нуриет
  • Тхыдэ Iуэтэжым  щыщ  Iыхьэ
  • Урыс пащтыхь гуащэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ дунейм зэрехыжрэ мы гъэм илъэс 450-рэ ирокъу. Адыгэ пщащэм куэд къимыгъэщIами (1544 — 1569), тхыдэм куууэ къызэрыхэнэн гъуэгуанэшхуэ щIэкIат. Абы и къекIуэкIыкIам теухуауэ ятхыжар куэд мэхъу, абыхэм ящыщу нобэ ди гуапэу фи пащхьэ итлъхьэну дыхуейт Адыгейм щыщ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и тхыдэ Iуэтэжыр. «Мария. Черкешенка — царица русская» лэжьыгъэм къыхэт-ха пычыгъуэхэм къыхощ Гуащэнэ и сабиигъуэм игъуэта гъэсэныгъэм щегъэжьауэ Хэкум и зэхэгъэкIыпIэм мыхьэнэшхуэу игъэзэщIар, къэрал Iуэхум пыщIа зэрыхъуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Къэбэрдейм и лIыкIуэхэр  1921 гъэм Москва зэрыкIуар

2019-09-07

  • Бгырыс АССР-м къыхэгъэкIауэ Къэбэрдейр автоном область щхьэхуэ щIыным теухуа унафэр Къэбэрдей округым и Советым 1921 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм иригъэкIуэкIа IV съездым къыщащтащ. А жэрдэмыр Москва къадиIыгъыныр, ар пхагъэкIыныр я пщэ дэлъу Москва лIыкIуэ гуп яутIыпщауэ щытащ. КъБР-м и Къэрал архив нэхъыщхьэм и фондхэм хэлъщ Москва абы щыгъуэ кIуахэм яхэтам и гукъэкIыжхэр. Ахэр щатхар 1946 гъэ-рауэ къыщIэкIынщ, автономиер илъэс 25-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

ПсыIу теуэ

2019-05-23

  • Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Интернетым сыщрихьэлIауэ щытащ убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм (шэрджэсхэм) я лъахэм къизэрыгуа зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтар къызыхэщыж тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ. ПсэзэпылъхьэпIэу лъэхъэнэ телъыджэм екIуэкIа хъугъэ-щIагъэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщратхэкIыжа сатырхэм я нэхъыбапIэр зи къалэмыпэ къыпыкIар ахэр а зэман жыжьэм зи нэгу щIэкIауэ щыта цIыхухэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

ЩIыгум  и  блэкIари зэгъэщIапхъэщ

2019-04-16

  • Адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр зэрыса щIыналъэм и плIанэпэ куэд къызэхэзыкIухьа лъахэхутэ цIэрыIуэ Ефремов Юрий и IэдакъэщIэкIщ «Хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа щIыпIэхэм япхрыкI лъагъуэхэмкIэ» («Тропами горного Черноморья») и тхылъ гъуэзэджэу илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу здэщы-Iа щIыпIэхэм щилъэгъуахэмрэ гурыгъу-гурыщIэу щызыхищIахэмрэ щытетхыхьыжар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

« Раньше