ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ и щIэблэр
2020-09-03
- Илъэс 270-рэ ирикъуащ Къэбэрдейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ пщы ХьэтIохъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ къызэралъхурэ. Ди газетым тетащ абы и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр .
- ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ Исмел зы къуэ иIащ, МысосткIэ еджэу. И ныбжь нэса нэужь, Мысост хьэжыщI щыIащ, хьэжыкIэ еджэу щIыщытар аращ. Ар къыщалъхуа гъэри щылIэжари белджылыкъым, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, 1790 — 1794 гъэхэм тохуэ къыщалъхуар, щылIар 1860 гъэрщ е нэхъ иужьыIуэкIэщ.
- Щамил и дзэр 1846 гъэм Къэбэрдейм къыщихьам щыгъуэ, зэрихьа лIыгъэм папщIэ ХьэтIохъущокъуэ Мысост полковник цIэр къыфIащауэ щытащ. Урысыдзэм хэтурэ, 1828 гъэм щыщIэдзауэ, адыгэлI хъыжьэр зауэ куэдым хэхутащ, генерал Эмануэль и экспедицэми (1829 — 1830 гъгъ.) хэтащ. Николай Езанэм къэбэрдейхэм бэракъ къащри- тым щыгъуэ, Бытырбыху кIуа лIыкIуэхэм ящIыгъуащ ХьэтIохъущокъуэ Мысост, пащтыхьми хуэзауэ щытащ.
- Мысост езым и къуажэ ХьэтIохъущыкъуейм дэсащ, щылIари аращ. Къуищ къызэринэкIащ — Бэчмырзэ, Исмел, Темрыкъуэ сымэ.
- Бэчмырзэ 1820 гъэм къалъхуащ, щылIар 1886 гъэм иужьыIуэкIэщ. Прапорщик цIэр зэрихьащ, «За усердие» дыжьын медалыр къратащ. 1881 — 1884 гъэхэм ХьэтIохъущыкъуейм я пщы тхьэмадэу щытащ. Бэчмырзэ и къуэхэр: Адэлджэрий, ХьэтIэхъущыкъуэ, Хьэтэжыкъуэ (е Дохъущыкъуэ — ар и къуэрылъхункIи мэхъу); ипхъухэр: Жансурэт, Дзадзу, Енырхъан (Алъхъуохэ я нысащ), Зейнэтхъан (Бекович-Черкасский Темырболэт и щхьэгъусащ).
- Исмел и къуэрылъху Темрыкъуэ (Мысост и къуэр) 1839 гъэм къалъхуащ, 1886 гъэм лIащ, прапорщикыу щытащ, ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэм щыпсэуащ, и къуэш нэхъыжьым иужькIэ къуажэм я пщы тхьэмадэ къулыкъур зэрихьащ; и къуэм ЖамботкIэ еджэу щытащ.
- ГЪУКIАКЪУЭ Инал.