ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2022

Зи плъапIэхэр нахуапIэ хъуахэр

2022-06-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Рес-публикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэкъуауэгъуэм и 2-м Москва щахуэзащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Большая перемена» урысейпсо фестивалым ди щIыналъэм и цIэкIэ мы махуэхэм хэт егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Налшык и Мей хьэблэр

2022-06-04

  • КъБР-м и Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIущIащ ДОМ.РФ-м и унафэщI Мутко Виталий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Хьэмыкъуэхэ къакIэлъыкIуахэр

2022-06-04

  • ПсыншокъуэкIэ еджэу Прохладнэ районым щыIэщ адыгэ къуажэ цIыкIу. Жылэр щитIысыкIар щIыпIэ зэгъщ. Я щIыр сэтейщ, езы къуажэр Къэрэгъэшрэ КъалэкIыхьымрэ (Прохладнэ) ухуэзышэ асфальт гъуэгушхуэм пэIэщIэщи, сабэмрэ Iэуэлъауэмрэ цIыхум ялъэIэсыркъым. Налшык къалэ уикIыу абы удыхьа нэужь, кIуэаракъэ, жэнэт щIыналъэу къыпщохъу: щхъуантIагъэр щыкуэдщ, я уэрамхэм машинэ щIагъуэ щызекIуэркъым. А жылэм и нобэм, абы дэсхэм я псэукIэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Къарэ Адмир.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сабийхэм я нэкIэ

2022-06-04

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм бэрэжьейм къыщызэIуахащ «Дунейр сабийхэм я нэкIэ» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэ. КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, сурэтыщI цIэрыIуэ Ткаченкэ Андрей и цIэкIэ зэхашэ а Iуэху дахэр илъэс пщыкIуплI хъуауэ ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Депутатым къыбгъэдэкI гуапагъэ

2022-06-04

  • Мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм, къыщыщIэдзауэ ди щIыналъэм щокIуэкI IуэхуфI куэд. НыбжьыщIэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэми зэрыщIидзар къэплъытэмэ, цIыкIухэм я нэгу зебгъэужьыну, я гур хэбгъэхъуэну мы зэманым и чэзу дыдэщ, псапэшхуи зыпылъщ. Апхуэдэ гулъытэ дахэ щIэблэм яхуищIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гулъытэ

Cэ мы дунейм сыкъыIэпоху зы налъэу

2022-06-04

  •  Гугъуэт Заремэ
  •  Гущэкъу
  • Зэгуэр, гъатхэкуу, тхурабзат
  • гущэкъу,
  • Дыкъытемыхьэ щIыкIэ мы дунейм.
  • Пщэдджыжьу дыгъэр къиплъэри
  • ди нэIу,
  • Ди Iэгум трипхъат лэдэх щыкъуей…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи шхыныкIэр хъуэхъушэ, зи хъуэхъуфэр щхьэлъэ

2022-06-04

  • «Хъуэхъум хабзэ хэлъщ, хабзи пылъщ» псэлъафэм лъабжьэ иIэщ. Абы зыкъомкIэ поджэж нэгъуэщI зы жыIэгъуи: «ауэ сытми ухъуэхъуэным хъуэхъу къикIыркъым». Иджыри зы псалъэжь: «ХъуэхъущIафэр бзэхри, хъуэхъубзэр къэнащ». Зы гупсысэм зэришалIэ мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ хъуэхъум гъэзэщIэкIэ хабзэ пыухыкIахэр егъэщIылIауэ къызэрекIуэкIар, абы и зегъэкIуэкIэми хъуэхъум зэрыщыгугъ къарур епхауэ къалъытэу къызэрыгъуэгурыкIуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэ хабзэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-06-04

  • Джэш хужькIэ щIа хьэнтхъупс
  • Джэшыр зэхащыпыкI, псы хуабэкIэ ялъэсри, шыуаным ит псы къэкъуалъэм хакIутэ зэIащIэурэ. Зэ къытрагъэкъуалъэри, тхъурымбэр къытрах. Шыуаныщхьэр трапIэ, мафIэр щабэ ящIри, тхъурымбэр къытрахыурэ Iув хъуху, сыхьэтрэ ныкъуэрэ-тIукIэ, ягъавэ. ИтIанэ зэIащIэурэ абы шэгъэпщта щIакIэ, шыгъу хадзэри, мафIэр щабэу блэуэ хьэзыр хъуху ягъавэ, шыуаныщхьэри тепIауэ, зэзэмызи зэIащIэурэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Мывэ джей пIащIэхэм  къыхэщIыкIа унэхэр

2022-06-04

  • Кавказ лъэпкъхэм яхъумэ пасэрей щIэинхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ зиIэхэм хабжэ дольменхэр. Сыт дольменыр зи щIысыр? Ар мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа унэ цIыкIухэрщ — испы унэкIэ дызэджэрщ. Ахэр я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэу илъэс мини 5 и пэкIэ псэуахэм. Аращ а лъэпкъхэр зэрыс щIыналъэхэм къыщIыщагъуэтари. Мыр Урысей Федерацэм и щэнхабзэм и беягъышхуэщ. Мывэ джей фэеплъхэм нобэ Абхъаз Республикэм, Краснодар крайм, Адыгэ Республикэм уащрохьэлIэ. Сэ слъэгъуахэм ящыщщ АР-м и Хьэджэхъу дольмен гупым хабжэ испы унэхэр. Ахэращ Адыгейм щынэхъ цIэрыIуэр, турист нэхъыбэм ялъагъур. Хьэджэхъу дольменхэр Каменномост жылэм дэтщ. Гъуазэрыплъ щыIэхэр нэхъ инщ, ауэ щIыпIэкIэ зэрынэхъ жыжьэм къыхэкIыу, псори нэсыфыркъым. Абыхэм я ныбжьыр ди эрэм и пэкIэ илъэс минищым икухэм къыщежьэу хуагъэфащэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мывэ джей унэхэр куэд хъужыркъым. Нэхъапэм абыхэм я бжыгъэр 300-м нэсырт. Археологхэм иджыпсту зэфIагъэувэжыну иужь итщ абыхэм ящыщу зэтещэхахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

ЦIыкIугъафIэ

2022-06-04

  • Щхьэлыкъуэ сабий сад №1-р къэзыуха цIыкIухэм гъэфIэж пшыхь хуащIащ. НыбжьыщIэхэр усэ къеджащ, уэрэд жаIащ, къэфащ, теплъэгъуэ кIэщIхэри ягъэхьэзыращ. ГъэсакIуэхэм ахэр псалъэ гуапэкIэ, ущие дахэкIэ гъуэгу трагъэуващ. ПэщIэ-дзэ школыр къызыпэплъэхэм захуигъэзащ сабий садым и унафэщI Иуан Агнессэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха