|
Июнь, 2022
ПУТИН Владимир: Ди куэдщ зыужьыныгъэм дыхуэзышэну IэмалыщIэхэр
2022-06-18
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ, мэкъуауэгъуэм и 17-м, къыщыпсэлъащ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и пленарнэ сессием. Мэкъуагъуэм и 15 лъандэрэ лажьэ форумым и утыку кърахьащ дунейпсо экономикэ щытыкIэм, абы и лъэныкъуэкIэ къэралхэм ягъуэт зыужьыныгъэмрэ ахэр зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэмрэ ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр. Зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ журналист цIэрыIуэ Симонян Маргаритэ. Къэралым и Iэтащхьэм и къэпсэлъыныгъэр онлайн щытыкIэм иту къагъэлъэгъуащ ПМЭФ-м Интернетым щиIэ сайтымкIэ, УФ-м и «Япэ», «Россия 1», «НТВ», «Мир» канал нэхъыщхьэхэмкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Медицинэм и лэжьакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэрехъуэхъур
2022-06-18
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
- Медицинэ лэжьакIуэм и IэщIагъэм укъыхуигъэщIауэ щытын хуейщ. Фэ фи гъащIэр хуэвгъэпсащ мыхьэнэшхуэ зиIэ икIи щхьэпагъышхуэ зыпылъ Iуэхугъуэм — цIыхухэм еIэзэным, нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэр — цIыхум и гъащIэмрэ узыншагъэмрэ — хъумэным. Фи лэжьыгъэм къалэн къыфщещI жэуаплыныгъэшхуэ, гущIэгъу, гулъытэ фхэлъыну, псэемыблэжу фыщытыну, фызыпэрыт IэнатIэм къаруушхуэ ефхьэлIэну. Дэнэ фыщылажьэми — поликлиникэми, сымаджэщми, фельдшер-акушер пунктми — фэ куэдкIэ фэлъытащ цIыхухэм, абыхэм я унагъуэхэм я гъащIэр, ди лъэпкъым и къэкIуэнур. ФIыщIэ фхузощI фыкъэмылэнджэжу фи IэнатIэм фызэрыпэрытым, фи лэжьыгъэ мытыншым фи гур зэретам, фи IэщIагъэм къалэн къыфщищIхэм фазэрыхуэпэжым папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
Улахуэм хагъэхъуэнущ шыщхьэуIум и 1-м щыщIэдзауэ
2022-06-18
- Правительствэм и лэжьакIуэхэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ хэту мэкъуауэгъуэм и 15-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщигъэуващ бюджет IэнатIэм пэрытхэм я улахуэр къэIэтыным хуэунэтIауэ нэгъабэ ирагъэжьа лэжьыгъэхэм пащэну. Республикэм и унафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ цIыхухэм я хэхъуэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ щIыным теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир къигъэува къалэныр псоми япэ игъэщын зэрыхуейр, абы и лъэныкъуэкIэ республикэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм къакIэрыху зэрымыхъунур.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр
Санкт-Петербург щокIуэкI XXV Дунейпсо экономикэ зэхуэс
2022-06-18
- ЗэгурыIуэныгъэ щхьэпэхэр
- Санкт-Петербург къалэм мы махуэхэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и лэжьыгъэм хэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ УФ-м и Правительствэм и нэIэм щIэту лажьэ Аналитикэ центрым и унафэщI Калинин Константин. Абыхэм Iэ традзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Аналитикэ центрымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа дэфтэрым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
НэгъуэщI хъуэпсапIэ иIакъым
2022-06-18
- ЦIыхум IэщIагъэ хуэхъунур, и гъащIэр щхьэузыхь зыхуищIыну Iуэхур хэти школым щIэсу, хэти балигъыпIэ иува нэужь къыхех. Аргудан щыщ Бро зэщхьэгъусэхэм — Мухьэдинрэ Маритэрэ — япхъу Анжеллэ пасэу, иджыри сабийуэ, хьэкъ щыхъуат и гъащIэ гъуэгур зытриухуэнур. Хъыджэбз цIыкIум нэгъуэщI хъуэпсапIэ иIакъым, дохутыру лажьэ и адэ-анэм я гъуэгум ирикIуэн мыхъумэ. ТIэкIу нэхъ къыдэкIуэтея нэужь, къэзылъхуахэм къыжраIащ а IэщIагъэр зэрыгугъур, абы ирилажьэхэм жэуапышхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр, ауэ Анжеллэ апхуэдизкIэ щIэхъуэпсырт дохутыр хъунуи, нэгъуэщI гуэрым хуеджэну и гущхьэм къэкIыртэкъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Тхьэгъэлэдж и хъуэхъухэр
2022-06-18
- ВакIуэдэкI дауэдапщэхэм мыхьэнэшхуэ ирату къызэрекIуэкIам щыхьэт тохъуэ ар теплъэгъуэ куэду зэрызэхэтыр икIи гъэщIэгъуэн дыдэу зэрызэхэухуэнар. Дэтхэнэми зэкIэлъыкIуэкIэ пыухыкIа яIэу, ахэр зэблэпхъункIэ Iэмал имыIэу теубыдауэ и пIэ иту илъэсищэ бжыгъэхэм къызэрыгъуэгурыкIуам къеIуатэ адыгэхэм псалъэм халъхьэ фIэщхъуныгъэм и мызакъуэу, а псалъэр зыхаухуанэ тхьэлъэIу хуэIухуэщIэхэм я зэкIэлъыхьыкIэри илъэсыфI техьэным, гъавэ бэв къайхъулIэным, лъхугъэбэ къащIэхъуэным хуэгъэпсауэ къалъытэу зэрыщытари. Лъэхъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэм я хуэмэбжьыми трихьами, вакIуэдэкI дауэдапщэхэр зы сурэт хуэдэу уи пащхьэм къоувэ, лъэпкъ щэнхабзэм лантIэу зиужьу, гъащIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэм пэджэу, фIэщхъуныгъэм и купщIэри ямыгъэкIуэду зэрыщытар нэрылъагъу къыпщохъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Дунейм зыгуэр тезыха щыIэкъым
2022-06-18
- Бригадир МатIэ пщэдджыжьым жьыуэ къыдыхьэу щыслъагъум сигу къэкIащ: «Сэращ къыщIэкIуар». Сыщыуатэкъым… Си адэм къыжреIэ:
- — Уи щIалэр пщыIэм нысхудэгъэкI, Къасым. ЕзгъэщIэнышхуи щыIэкъым, Бэч выхэр егъэхъури, дэзгъэIэпыкъуну арщ. Шыди естынщ, уанэ телъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Тхыдэм и напэкIуэцIхэр
2022-06-18
- 1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград деж текIуэныгъэ къыщахьащ. Сталинград зауэм Гитлер къришэлIат дзэ хэплъыхьауэ дивизие 22-рэ, псори зэхэту зауэлI мин 330-рэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2022-06-18
- А фIэщыгъэм щIэту уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Зарэ (Мгоян Зарифэ) Налшык дэт Театр щхъуантIэм иджыблагъэ концерт ин щитащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр
Гугъэ мыухыжхэр
2022-06-18
- Зыкъом щIащ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм щыщ Щоджэн Риммэ и цIэр тхылъеджэхэм зэрызэхахрэ, и IэдакъэщIэкIхэр зэраIэщIыхьэрэ. Зи гъащIэр бын пIынымрэ унагъуэ зехьэнымрэ хэту къэзыхьа цIыхубзым тхэным гу зэрыхуищIрэ куэд мыщIами, и тхыгъэхэр Iэджэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ, щIэупщIэ ягъуэтащ. Щоджэным и тхыгъэхэр зауэ нэужьым цIыхум и фэм дэкIа бэлыхьхэм, зэтекъута хъуа къэралыр щызэфIагъэувэж лъэхъэнэ гугъухэм ятеухуащ, ауэ абы IупщIу къыхощ цIыхур дунейм тезыгъэт, къэкIуэну махуэхэм фIэщхъуныгъэ хуезыгъэщI хъуапсэхэр, гугъапIэхэр, гурыщIэхэр. Риммэ и щIэджыкIакIуэхэр къызэрыдихьэхыр зэрытхэ бзэм и къабзагъэм и закъуэкъым, атIэ къиIуатэм хэлъ пэжагъым удехьэх, блэкIа гъащIэм сыт хуэдиз щыщIэныгъэрэ хьэлъэрэ хэлъми, цIыхухэм я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэ дахэм цIыхупсэр зэрыхуэзэшыр зыхыуегъащIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|