Мысыр шэрджэс пащтыхьхэр
2020-12-15
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд
- Абыхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэхэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам экономикэ псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам.
- Хэт-тIэ а мамлюкхэр? Ахэр къэрал жыжьэм дауэ къыщыхутат? Сыту щыта ахэр икIи илъэс 751-рэ лъандэрэ абыхэм я нэIэ щхьэ трагъэт?
- Мысырым, апхуэдэу абы и гъунэгъу Сириемрэ Палестинэмрэ я политикэ гъащIэр XI — XIII лIэщIыгъуэхэм икъукIэ гурыIуэгъуейт. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм и япэ илъэсипщIым Мысырым бжьыпэр щаубыдат фатIимидхэм. Абыхэм хъалиф Алий «пэжырытелъхьэмрэ» абы и щхьэгъусэ Мухьэмэд бегъымбарым ипхъу ФатIимэтрэ къызэралъхуам къыхэкIкIэ унафэ зыщI лIэу-жьу къэгъуэгурыкIуэрт. Я къэрал щыхьэру фатIимидхэм хах Нил Iуфэ 969 гъэм щаухуа Каирыр (хьэрыпыбзэкIэ аль-Къахьирэщ — «удэзыхьэх» къокI), иужькIэ щIэх дыдэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къалэхэм я нэхъ ин дыдэ хъуар. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм и кIэух-хэм фатIимидхэм къазэу Палестинэмрэ Сирием и щIыналъэ Iыхьэшхуэрэ. ФатIимидхэм (910 — 1171) я хъалифэт къохъу.
- Курыт лIэщIыгъуэм щыIа муслъымэн лIакъуэ куэдым ещхьу, зауэ хуэIухуэщIэ и лъэныкъуэкIэ фатIимидхэм я щIэгъэкъуэнт езыхэм я щхьэхъумэ гвардиер. Абы хагъэхьэхэр къыхахырт лIыщIэу къащта магърибхэм, тыркухэм, апхуэдэу Суданым щыщ негр гъэр нэхъ щIалэхэу бэзэрхэм къыщащэхуу Мысырым къашахэр, иужькIэ зауэ Iуэхухэм хурагъаджэхэм. ИкIэм-икIэжым фатIимид хъалифыр хуэм-хуэмурэ щхьэхуимыту епха мэхъу гвардием бжьыпэр щызыIыгъхэм.
- 1171 гъэм мысырыдзэм и унафэщI Сэлэдин (и лъэпкъкIэ хьэмшэрийт) гвардиер щIэгъэкъуэн ещIри, иужьрей фатIимид хъалиф аль-Адидэ тредз икIи езыр сулътIану мэув. ФатIимидхэм я тепщэныгъэр апхуэдэу еух икIи бжьыпэр илъэс 79-кIэ зыIыгъа айюбидхэм я лIакъуэр Мысырым щоув.
- Айюбидхэр текIуа иужь, фатIимидхэм я щIыналъэм суннизмэм лъэ быдэ щегъуэт. Пэжщ, диным итхьэкъуа фидаIинхэр (губгъуэрысхэр) Сэлэдин тIэунейрэ IэмыкIуэлъэмыкIуэу тоуэ, икIэм-икIэжым сулътIаныр хъумакIуэншэу мыпсэужыф мэхъу, жэщкIэ нэху къыщекIри и щхьэм хуригъэщIа чэщанэрт. Сэлэдин къигъэшын хузэфIокI щхьэзыфIэфI хъуа, зи пIэм имызэгъэж Суданым щыщ негрхэм къыхаха фатIимид гвардиер икIи къэралым и къару нэхъыщхьэ ещI пщIэкIэ яIыгъ хьэмшэрий, тырку зауэлIхэр. Ахэр къигъэсэбэпурэ, зауэ ярещIылIэ Сириемрэ Палестинэмрэ щыIэ франджыхэм.
- ЕпщыкIузанэ лIэщIыгъуэм и кIэухым ЩIыкурытых (Средиземнэ) тенджызым и къуэкIыпIэм щыIэ къэралхэм жорзехьэхэр къыщоунэху. Абыхэм Сириемрэ Палестинэмрэ фIаубыда щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ Къудус (Иерусалим) пащтыхьыгъуэр икIи абы и блыгущIэту къэралыгъуищ — Триполи, Эдессэ графствэхэр, Антиохий пщыгъуэр. А къэралыгъуэхэр феод цIыкIухэу игуэшыжырт, абыхэм я тепщэхэр баронхэмрэ лIыхъусэжьхэмрэт. Жорзехьэхэм я щIыналъэр ищхъэрэкIэ къыщыщIидзэрти, псыгъуэ кIыхьу къаблэмкIэ кIуэрт километр 1200-кIэ.
- Жорзехьэхэм Сириер зэрыщыту къазэун яхузэфIэкIакъым: абы и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр — Хьэлэб, Хьамэ, Хьэмус, Щам (Дамаск) къалэхэр зингид тырку лIакъуэм, жорзехьэхэм я бийуэ фатIимидхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр мызэ-мытIэу дэзыIыгъым, и IэмыщIэ йохуэ.
- Жорзехьэхэм я бийуэ фатIимидхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм Сэлэдин къыпещэ. Щам къеубыд, япэм зингидхэм яIэщIэлъу щыта Сирием и щIыналъэхэр абы гуегъэхьэжри, Сэлэдин «къэзэуат зауэм» щIедзэ. 1187 гъэм Тивериад гуэлым деж абы франджыхэр къыщеухъуреихь икIи Иерусалимым и пащтыхьыр, и дзэр зэригъусэу, гъэр ещI. Жорзехьэхэм къахуэнэжар Триполи графствэмрэ Антиохий пщыгъуэмрэт, хуабжьу къагъэбыдыхьа къалэ-быдапIэ Тирыр щIыгъуу. Ауэ Сэлэдин хузэфIокI Мысырри, Сириери, Месопотамием и зы Iыхьи зэман кIэщIкIэ зэгуигъэхьэну. АрщхьэкIэ езыр дунейм йохыжри, IэщIэлъа щIыналъэхэр зэкIэщIолъэлъыж. Сэлэдин иужь къинахэр зыхэтар франджыхэм мамыру ядэпсэунырт, уеблэмэ пащтыхь Фридрих ЕтIуанэм Иерусалим иратыж.
- Айюбидхэм яку къыдэхъуа зэгурымыIуэныгъэхэм лIакъуэр къигъэтIасхъэрт. Жорзехьэхэр тIэунейрэ хущIэкъуащ езы Мысыр дыдэм щитIысыкIыну. Къапщтэмэ, 1219 гъэм абыхэм зэман кIэщIкIэ яIыгъащ Дамиеттэ. Апхуэдэу иужьрей айюбид сулътIан МуIэззэм Туран-шах и зэманым, 1249 гъэм Дамиеттэ деж Людовик ЕпщыкIузанэр зи пашэ франджыдзэр щотIысыкI, арщхьэкIэ 1250 гъэм и пэщIэдзэм Мансурэ деж щекIуэкIа зауэм а дзэр зэтракъутэ, франджы пащтыхьри гъэр ящI.
- Туран-шах иужькIэ тепщэныгъэр зыIыгъа Сэлихь Нажмудин и зэманыгъуэм (1240 — 1249) мысырыдзэм нэхъ лъы пщтыр зыщIэту хэтар мамлюк-хэрт, къащэхуу зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъэса цIыху щхьэхуимытхэрт. Ахэр нэхъыбэу къахэкIат Псыжь Iуфэ lyca адыгэхэмрэ къыпчакъхэмрэ, хы ФIыцIэм Iулъ губгъуэхэм монголхэм гъэр къыщащIри Италием къикIа сондэджэрхэм иращахэт, аргуэру нэхъ лъапIэжу Мысырым и сулътIаным ищэхужахэт. Гъэр ящIахэр муслъымэн диным ирагъэхьэрти, хьэрыпыцIэ фIащырт, зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъасэрти, пащтыхьым и гвардием хагъэхьэрт.
- Зыщыпсэу хэкум щыхэхэсми, зэкIэ къыпщыхъурт ахэр тепщэхэм я щIэгъэкъуэну. Мамлюкхэм я къарур къызэрыгъуэтыжа иужь, езы сулътIан дыдэр IумпIафIэ къащI. Къэралым нэгъуэщI дэIэпыкъуныгъэ щимыIэу, ар мамлюк дзэ унафэщIхэм я бжьым щIохьэ, езыхэр хуеймэ ар абыхэм трахуфынут е нэгъуэщIкIэ зэрахъуэкIыфынут.
- Ар къыщощI иужьрей тепщэу щыта айюбид сулътIан МуIэззэм Туран-шахым. 1250 гъэм и накъыгъэм Мансурэ деж жорзехьэхэр щыхагуа иужь, мамлюкхэм ар яукI икIи абы и пIэм Шэджэрэт ад-Дурр сулътIану ягъэув. АрщхьэкIэ мазищ нэхъ дэмыкIыу а цIыхубзыр традз, бжьыпэр еубыд мамлюкхэм я дзэзешэ Айбек (1250-1257). Абдеж щыщIедзэ бахъритхэм я тырку мамлюк лIакъуэм. Абы игъуэта цIэр къежьэныр къызыхэкIар мамлюк-хэм я казармэр япэ щIыкIэ Нил хэт хытIыгухэм ящыщ зым — ар-Рэудэм — зэрыщыIарт. «Бахър» псалъэм «тенджыз» жиIэу къокI. «ЩIэныгъэ» тедзапIэм 1971 гъэм къыщыдэкIа «Муслъымэн лIакъуэхэр» тхылъым (зэзыдзэкIар П. А. Грязневичщ) Манчестер дэт университетым и профессор Клиффорд Босуорт щетх: «Мамлюк-хэм я унафэ щIыкIэр гъэщIэгъуэнт, абыхэм езыхэм яхэтыжт езы сулътIаным и «уней дыдэхэр». Зи щхьэ хуимытыж мамлюкхэрт лъагэу дэкIуеифынухэр. Мамлюк щхьэхуитхэм, я бынхэри ящIыгъуу, дзэми къэралми къулыкъу нэхъ лъахъшэхэрт щаIыгъыну зыхуитыр».
- Бжьыпэр яубыда нэужь, тырку мамлюкхэм хьэмшэрийхэр лъэныкъуэ ирагъэз икIи къэралым и тепщэхэм яхохьэ. Илъэси 130-кIэ зыми я блыгу ахэр щIэтакъым. А зэманым къриубыдэу Iэтащхьэу мамлюк 25-рэ зэблахъуащ, абыхэм яхэтащ адыгэхэри.
- Сыт хуэдэ зэфIэкI бахъритхэм ямыIами, ахэр адыгэ мамлюкхэм япэщIэувэфакъым. 1382 гъэм бурджитхэм я тепщэныгъэр ягъэув. К. Босуорт къызэрилъытэмкIэ, а цIэр Каир дэт быдапIэ аль-Бурджым, Къэлэун сулътIаным и гвардиер здэщыIам, къытокI. Иужьрей къэхутэныгъэхэр тегъэщIапIэ тщIыкIэрэ, языныкъуэ Iуэхугъуэхэр дубзыхуну дыхуейт. Пэжу, Бурдж цIэр Къэлэун и цIэм епхащ. «Аль-Бурдж» быдапIэр «Бэдж» адыгэ унэцIэм къытокIыж. Ар зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ хьэрып тхыдэтх Бадрэддин Элайни (1361 — 1451), къулыкъу IэщIэлъу сулътIан зыбжанэм Каир щадэлэжьар. «Чингиз-хъан и IуэхущIафэхэр мазаем и 25-м 1221 — мазаем и 14-м 1222 гъэхэм» лэжьыгъэм абы щетх: «Абы и тепщэныгъэм зиужьа нэужь, и къуэхэр хэку зэмылIэужьыгъуэхэм игъэкIуащ, яхузэфIэкIыр къаубыдыну, зыпэлъэщыр ягъэкIуэдыну…
- Абыхэм лъэгущIэт ящIащ тырку лъэпкъхэр, аланхэр, ассхэр, адыгэхэр, урысхэр, а къэралхэм щыпсэу нэгъуэщIхэри; ахэр къагъэIурыщIащ ятеуэкIэрэ, яхъунщIэкIэрэ, гъэру яубыдкIэрэ, я щIыналъэхэр нэщI ящIкIэрэ. Гъэр хъуа лъэпкъхэр Сириемрэ Мысырымрэ яшащ. Ахэрщ мамлюкхэр къызытехъукIыжари»…
- К. Босуорти абы щыхьэт тохъуэ: бахъритхэр нэхъыбэу къызытехъукIар монголхэмрэ хьэмшэрийхэмрэ яхэзэрыхьыжа, къаблэ лъэныкъуэмкIэ урыс губгъуэхэм щыпсэуа къыпчакъхэра-мэ, бурджитхэм я нэхъыбэр зыщыщар Кавказым щыпсэу адыгэхэращ. Мамлюкхэм я тепщэныгъэр иухыным нэблэгъэху (XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм) зауэлIхэм я нэхъыбэр адыгэхэм къыхашу щытащ»…
- Головин Иван итха «Кавказ цIыхухэр» тхылъым, 1854 гъэм Лондон къыщыдэкIам, итщ: «ХIII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ Бэгъдад и бэзэрхэм щащэрт зэуэкIэм хуэIэзэ адыгэхэм я сабийхэр». Абыхэм ящыщ щIалэ цIыкIу гуэрым зэреджэр Мыхьмуд Бейбэрст. ЯпэщIыкIэ ар Бэгъдад щащэ, иужькIэ Хьэлэб къыщащэхуж Сэлихь Нажмудин и гвардием щхьэкIэ.
- Бейбэрс — еплIанэ мамлюк сулътIаным — и къекIуэкIыкIар гъэщIэгъуэнщ, лъэпощхьэпои и куэдщ. ЗэуэкIэм щыхурагъаджэ курсыр къиуха нэужь, ар мамлюкыдзэм хагъэхьэ, псынщIэуи докIуей. Мансурэ деж щекIуэкIа зэхэуэшхуэм акъыл зыхэлъ дзэзешэу зыкъыщегъэлъагъуэ. Жорзехьэхэр зэрызэхакъутэу, Туран-шах сулътIаным и бийхэм я унафэщI щэхуу мэхъу икIи ар зыукIахэм ящыщ зыт. Апхуэдэу къэгъазэ имыIэу абы и гъуэгум трегъэкIуэт Къутызи.
- 1260 гъэм, муслъымэнхэр монголхэм ятекIуа иужь, абы сулътIан тахътэр еубыд. Мысырымрэ Сириемрэ я унафэщIым цIэщIэ — аз-Захир Рукн ад-Дин Бейбэрс Езанэ аль-Бундукдари — зыфIещыж. И лъэр къэралым щегъэбыдэри, и гъунапкъэхэм хигъахъуэу щIедзэ. ТекIуэныгъэ щIэмычэу къызэрихьым, къихъунщIэхэр щымысхьыжу и дзэм зэрахуигуэшым къыхэкIкIэ, мамлюк хъыжьэхэм деж ар цIэрыIуэ щохъу икIи илъэс пщыкIублкIэ къыхэмыщтыкIыу сулътIан унафэр еIыгъ.
- МысырыщIым къит хъерыр къиIэтын мурадкIэ, абы унафэ ещI псы зэрыщIагъэлъадэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыжыну, IущIапIэхэр, кIэнауэхэр яухуэну. Абы и тетыгъуэм Мысырымрэ Сириемрэ я щIыналъэхэр щIэрыщIэу ягуэшыж.
- Бэгъдад монголхэм зэраIэрыхьар, хъалифэтым и къуэкIыпIэ щIыпIэхэм дежкIэ нэщхъеягъуэшхуэу щытар, сэбэп мэхъу Мысырым и къэрал щIыб сатум зиужьынымкIэ.
- ЕпщыкIущанэ лIэщIыгъуэм и кум къыщыщIэдзауэ Мысырым кIуэцI-рыкIт Индием, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Африкэм, ЩIыкурытыхым и Iуфэм Iyc къэралхэм къикI гъуэгу нэхъыщхьэ-хэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Бейбэрс и тетыгъуэм щыгъуэ Каиррэ Александриерэ КъуэкIыпIэр КъухьэпIэм щещахуэ щIыпIэм и кум кIуэцIрыкI къалэ мэхъухэр. СулътIаным сату IуэхухэмкIэ зэгурыIуэныгъэ зыбжанэ ярещIылIэ Генуи, Сицилиеми, Испаниеми.
- Мысырым и тхыдэтх цIэрыIуэ аль-Макризи (1364 — 1442) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Бейбэрс къыщалъхуар къыпчакъ губгъуэхэрт, абы и нэхэр щхъуантIэт, езыр къамылыфэт, макъ лъэщ иIэт, гуащIэт. Инджылыз къэхутакIуэ Уильям Моер зэритхымкIэ, а сулътIаныр тыркут. «Аль-Мазарэт аль-исламие уэл асар ал-Арабие» («Хьэрып муслъымэн мавзолейхэмрэ кхъэлэгъунэхэмрэ», 4-нэ том, 406-нэ нап.) тхылъым дэ къыщыдогъуэт Бейбэрс сулътIаныр къызыхэкIар адыгэу. «Аз-Захир Бейбэрс сулътIаным и гъащIэм и къекIуэкIыкIар» лъэпкъ романым («Художественнэ литературэ» тхылъ тедзапIэм 1975 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ) дыкъыщоджэ: «ИтIанэ сулътIаным унафэ ищIащ и блыгущIэт Шахин улемхэм кърата чэнджэщыр игъэзэщIэн хуейуэ. Шахин и пщылIхэм ящыщ зы гъэрхэр зыщэм я нэхъы-жьым деж игъэкIуащ. ЗэкIуэлIэнум и пащхьэ къиувэри, ежьам жиIащ: «СулътIаным щхьэхъумэ нэс къыхуэхъуну мамлюк къищэхунут. Ар хуейщ гъэр 75-рэ — абы щыщу 25-р адыгэу, 25-р абхъазу, 25-р куржыуэ».
- СулътIаным къыхуагъуэт мамлюкхэр. Абыхэм яхэтт адыгэ щIалэ Бейбэрс, нэгъуэщIу жыпIэмэ «бий пэрыс» — бийм япэ лъэщIыхьэ. Абы теухуа хьэрып лъэпкъ романыр илъэсищэ зыбжанэкIэ зэхалъхьащ. А тхыгъэм и цIэр япэ дыдэу къызыхэщар Мысырым и тхыдэтх Ибн Ийас (1448 — 1524) и лэжьыгъэрщ.
- Европэм щыщ кIэлъыплъакIуэ, Мысырым и медицинэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI франджы Клот-бей 1840 гъэм томитI хъууэ къыдигъэкIат а къэралым щыгъуазэ узыщI тхылъ икIи абы къыщегъэлъагъуэ Бейбэрс теухуа романыр зэрыцIэрыIуэр.
- Абы лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ сулътIан Iущым и къуэдзэу щыта Мухьэдин ибн Абд аз-Захир (1223-1293) итхахэр, тхыдэтххэу аль-Макризирэ Ибн ТIэхьри-Бырдирэ (1409-1470), нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэхэр. Иджырей хьэрып тхакIуэ Тахьэ Хъусейн и сабиигъуэри къуажэм щигъэкIуащ, «Махуэхэр» зыфIища и гукъэкIыжхэм Бейбэрс теухуа романыр къуажэдэсхэм фIы дыдэу зэралъагъум, абы щIэх-щIэхыурэ къахуеджэу зэрыщытам и гугъу щещI.
- Дунейпсо Ленин саугъэтым и лауреат инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ Олдридж Джеймс и «Каир» тхылъым зэрыщитхымкIэ, Бейбэрс и пщIантIэр, таурыхъхэм зэрыщыжаIам хуэдэу, гъэщIэгъуэнт, къулейт, и дэтхэнэ зы блыгущIэтми IэнатIэ гъэщIэрэщIа иIэт, къапщтэмэ, мыпхуэдэхэу: Шыхэм я тет, Хьэкъущыкъузехьэ, Шхыным и IэфIагъыр зэхэзыгъэкI, Жэщ вакъэ-хэр зыхъумэ, нэгъуэщIхэри. Ахэри мамлюкхэт, пщы хьэкъ къахьырт, быдапIэм щрагъэкIуэкI зэIущIэхэми хэтт.
- Дэтхэнэ зы эмирми езым фIэфIыпсу Бейбэрс и тахътэр иубыдынут. АрщхьэкIэ аль-Макризи «псори зылъагъу» аз-Захир и гъащIэ къекIуэкIыкIам зэрыщитхыжымкIэ, сулътIаныр Iэмал хуекIуэрти щIыпIэ куэдым къыщыхутэрт. Зыми ищIэртэкъым дэтхэнэ дакъикъэм ар дэнэ деж щытынуми, абы щигъауэрт зыукIыну къещэхэр. Бейбэрс тутыни шагъыри Каир зыри щригъафэртэкъым, къалэр «игъэкъэбзэн» щхьэкIэ, ефапIэ псори зэхуищIыжат, жорзехьэхэм къыздрашэкIыу щыта, Европэм къраша цIыхубз къэхьпэхэри хэкум ирихужат. И быдапIэм и гъунэгъуу абы Пэжым и телъхьэ чэщанэ щеухуэ, тхьэмахуэмрэ мэремымрэ зэIущIэхэр щригъэкIуэкIын папщIэ, лIыкIуэхэр къригъэблагъэрт. 1264 гъэм Бейбэрс унафэ къыдегъэкI цIыхубз-хэм щхьэтепхъуэ, цIыхухъу щыгъын зэрахьэну хуимыту. А илъэсым Каир гъаблэ къыщохъу икIи сулътIаным уэркъ псоми къалэн ящещI езыхэм я хьэкъкIэ щыхьэрым щыпсэу къулейсыз унагъуэ пыухыкIахэр ягъэшхэну.
- Мамлюкхэм ятеухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дэ къыщыдогъуэтыж Мысырым щыщ тхыдэтх икIи бзэ щIэныгъэхэм елэжьа Амин аль-Хьэули деж. Абы и тхылъ «Нилрэ Индылрэ я зэпыщIэныгъэхэм» (КъуэкIыпIэ литературэм и тхылъ тедзапIэ, Мэзкуу, 1962) дыкъыщоджэ: «Мысыр сулътIанхэм мамлюк минхэр яIащ» икIи абыхэм я бжыгъэм зэпымычу хэхъуэрт, сыту жыпIэмэ «мамлюк зылъэкIхэм я Iыхьлыхэмрэ я гъунэгъухэмрэ зрашалIэрт, зэрахузэфIэкIкIэ къулыкъушхуэ къаубыдынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъурт».
- Мамлюкхэм хьэрыпхэм ирагъэцIыхуащ къымызыр — шышэм къыхэщIыкIа фадэр. Аз-Захир Бейбэрс уеблэмэ къымыз щраф Iэнэхэр къызэригъэпэщырт.
- Мамлюкхэм ядэплъейри Мысырым щыпсэу цIыхубэм я нэхъыбэм адыгэ пыIэ щхьэратIагъэу щIадзащ. Нобэ Нил Iуфэ щыпсэухэм щIыхь зыпылъу къалъытэ Кавказ лIыхъужьхэм зегъэпщэныр.
- Бейбэрс зэрымыщIэкIэ хэкIуэдащ. Езым и ныкъуэкъуэгъу Къахьер иригъафэу IуипIэн мурадкIэ щхъухь зыхэлъ фадэбжьэ игъэхьэзырат. АрщхьэкIэ Къахьер Iэмал хуокIуэри, бжьэр зэрехъуэкI. Бейбэрс а щхъухьыр ирифа иужь, махуэ щэщIщ зэрыпсэужар. Абы щыгъуэ ар илъэс 50-м зэрыщхьэдэха щыIэтэкъым.
- Монголхэм щезэуа лIэщIыгъуэм муслъымэнхэм я зыгъэпщкIупIэ нэхъыщхьэу щытар Каирщ. КъэхутакIуэ Димышкъи 1300 гъэм итхыгъат: «зэи мыкIуэдыжыну» къалэм щыпсэухэр абы щыгъуэ зы мелуаным нэст, сыту жыпIэмэ муслъымэн къэралхэм щыпсэухэр монголхэм яIэрымыхьэн папщIэ мыбы щызэхуэсырт.
- Адыгэ мамлюк сулътIанхэм ягъэпажэрт щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. Илъэс 200-кIэ ахэр сэбэпышхуэ хуэхъуащ щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм Каир и щэнхабзэ гъащIэм зрагъэIэтынымкIэ. Къалэм мамлюкхэм щаухуащ мэжджыти 150-рэ, еджапIэхэр, мавзолейхэр. А псори архитектурэ гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщт. Олдридж Джеймс и «Каирым» щетх: «А лъэхъэнэм унэщIэ хьэлэмэт куэд яухуащ, адыгэ мамлюкхэм я IэдакъэщIэкIыу Каир къыщагъэнащ архитектурэ фэеплъу плIыщI».
- Бахърит сулътIан Къэлэуни (къызыхэкIар адыгэщ), нэхъ иужьыIуэкIэ абы и къуэ Ан-Насири Каир ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэр щрегъэкIуэкI. 1284 — 1285 гъэхэм МуIIиз уэрамым Къэлэун щрегъэухуэ къалэм и псэуалъэ дахэ зэхэт. Ар Iыхьищу игуэшырт: мавзолейр, сымаджэщыр, еджапIэр. Мавзолейри еджапIэри нобэр къыздэсым я дахагъэр яфIэмыкIуэдауэ щытщ, ауэ сымаджэщым щыщу къэнар абы и блынхэрщ. Ар 1284 гъэм къыщыщIэдзауэ 1850 пщIондэ лэжьащ, сымаджэхэм щеIэзэн папщIэ абы Iэмал псори щыщыIэт.
- Къэлэун езым ухуакIуэхэр кърихулIэрт. Танжер щыщ къэхутакIуэ Ибн БатIутIэ, 1326 гъэм сымаджэщыр зылъэгъуам, зэритхымкIэ, «абы и дахагъэр къызэрыбгъэлъэгъуэн псалъэ къэгъуэтыгъуейт».
- Къэлэунрэ абы и къуэ, монгол принцессэ Аслъун Хьэтун къилъхуа ан-Насир ад-дин Мухьэмэдрэ Мысырыр илъэс 52-кIэ яIыгъащ. Каир и тхыдэм пхуэмыIуэтэн хуэдизу къулеягъ щигъуэта, абы щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ лъагэу зыщиIэта лъэхъэнэм щыIа унафэщI IэкIуэлъакIуэхэм я сатырым ан-Насир хоувэ. Ар адрейхэм къащхьэщыкIырт фIэщхъуныгъэ ин хэлъу, зыхуейр пхигъэкIыфу, зыми емыпха унафэщIу зэрыщытамкIэ, уеблэмэ езым нехьэкъехуэ мамлюкхэм сулътIаныр щыту я макъ зрагъэIэтыфыртэкъым. Ибн БатIутIи игъэщIагъуэрт ан-Насир и цIыхуфIагъыр, и напэ къабзагъэр, апхуэдэу абы и гугъу ищIыжырт сулътIаным пщIэкIэ лIыукIхэр къищтэурэ и ныкъуэкъуэгъухэм зэребэнар.
- Феодализмэм хабзэ хуэхъуа и зэныкъуэкъуныгъэхэр хыумыбжэмэ, мамлюк дзэзешэхэм фIэщхъуныгъэ яхэ-лъу Мысырым я лъэр щагъэбыдэрт. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр мырат: ахэр Нил Iуфэ къэкIуатэкъым хамэщI къаубыдын мурадкIэ дзэ къашэу хьэмэ абы ис лъэпкъхэр Кавказ жыжьэм щыпсэу адыгэхэм я фейдэ папщIэ яхъунщIэну. Ахэр къэкIуатэкъым мыбы Камбиз зи пашэ къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм, Македонский Александр зи Iэтащхьэ алыджхэм, Сэлим Шынагъуэр зи дзэзешэ тыркухэм хьэмэ Наполеон зи унафэщI франджыхэм ещхьу… Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ахэр Мысырым къыщыхутакъым. Кавказым пызыщIэ псори абыхэм трахат.
- Мамлюкхэм я уэркъ псэукIэр сэбэп хъурт къэралыр зэгуэгъэхьэнымкIэ. Апхуэдэу сату гъуэгухэр, псом хуэмыдэу ЩIыкIурытыхыр, монголхэми жорзехьэхэми зауэ драгъэкIуэкI пэтми, адыгэ сулътIанхэм я зэманым нэхъ шынагъуэншэт. Зэманым кIуэцIрыплъыфа ан-Насир езым и фейдэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэхэр нэгъуэщI къэралхэм ярищIылIэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, Дыщэ Ордам, къуэкIыпIэмкIэ щыIэ монголхэм я бийм, ириухылIар. Ар дыдэмкIэ абы и гъунапкъэхэр егъэбыдэ. КъимыдэкIэ, ан-Насир Константинополь мамырыгъэ щытыкIэ диIыгът. Апхуэдэ щытыкIэкIэ Мысырыр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и курых къэралхэм ящыщу нэхъ зызыужьар, къухьэпIэм е къуэкIыпIэм къикIа къэзэуакIуэхэм я къебгъэрыкIуэныгъэхэм пэлъэщырт. Хабзэ ткIий зыхэлъ, сыт и лъэныкъуэкIи зи IуэхущIафэхэр даIыгъ мамлюкхэм я дзэ лъэщым хузэфIэкIащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр, щэнхабзэр, зыужьыныгъэр ихъумэжыну.
- Мыбдеж гу лъытапхъэт мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэм. XIII — XV лIэщIыгъуэхэм щыIа европей тхыдэтххэр мамлюкхэм я зэманыгъуэм мыIупщI дыдэу тепсэлъыхьырт. Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: мамлюк сулътIанхэм мызэ-мытIэу жорзехьэхэм удын ирадзащ. Мысырымрэ Сириемрэ ахэр щытепща илъэсхэм ЩIыкурытыхым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэхэм нэхъапэм къыщаубыдауэ щыта щIыналъэ куэди абыхэм яIэщIэкIыжат. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым, курыт лIэщIыгъуэм Европэм щыпсэуа тхыдэтххэм, зыплъыхьакIуэхэм Нил Iуфэ къэрал зэгуэт щыухуэнымкIэ мамлюкхэм я фIыщIэр зэхъуэкIауэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ.
- Ан-Насир иужькIэ абы и къуибгъум Мысырыр зэрахьащ. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэри куэдрэ тетакъым. Бахърит мамлюкхэм я тепщэныгъэр и кIэм нэблэгъат.
- 1382 гъэм сулътIан ящIащ аз-Захир Сейфеддин Бэркъукъу. Абдеж щыщIедзэ адыгэ мамлюкхэм я лIакъуэм. Абыхэм бжьыпэр илъэси 135-кIэ яIыгъащ. Мамлюкхэм я къарумрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ адыгэхэм я деж псом хуэмыдэу нэхъри IупщI щохъу. Муслъымэн дунейм абыхэм къыщахь пщIэшхуэ, монгол мажусийхэмрэ чыристан жорзехьэхэмрэ я зэхэкъутакIуэ щIыхьыр. Адыгэхэм я IэмыщIэ илът къухьэпIэмкIэ Киренаики нэс, къаблэмкIэ Нубиерэ Массавэрэ, бещтокIэ Тавр бгыхэм нэс. НэгъуэщIу жыпIэмэ адыгэ мамлюк пащтыхьыгъуэм нэхъ империе абрагъуи нэхъ лъэщи а лъэхъэнэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIакъым. Абыхэм яхъумэрт Аравием и щихъ-къалэхэр. ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм адыгэ мамлюкхэм я бий нэхъыщхьэр уэсмэн сулътIанхэрат. Я къэрал кIэрыдзэну абыхэм къухьэпIэм щаIыгът Дийарбакррэ Зулгадыр-огуллары тыркумэн пщыгъуэмрэ.
- К. Босуорт зэритхымкIэ, адыгэ мамлюкхэр Мысырымрэ Сириемрэ я тепщэу щыщытам абыхэм я экономикэ псэукIэм лъагэу зиIэтат, щэнхабзэм, гъуазджэм заузэщIат, псом хуэмыдэу архитектурэм, кхъуэщын гъэжьэным, гъущIым елэжьыным заужьат. Абыхэм я зэманым къыщыщIедзэ дамыгъэм и къежьапIэм. ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и къыщIэдзапIэрщ адыгэхэм ныкъуэкъуэгъу щагъуэтар. Ахэр португалхэт, Васкэ да Гамэ и фIыщIэкIэ, Африкэм и хъуреягъкIэ гъуэгу щыпхызышу мамлюкхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкI КъухьэпIэ Гъунэгъум кIуэрыкIуэм тету щрагъэкIуэкI сатур къэзыгъэмэщIахэр.
- Бахъритхэмрэ бурджитхэмрэ я лIэщIыгъуэм Мысырым щыпсэухэт а зэманым и тхыдэтх ин дыдэу тIу — аль-Макризирэ ибн-Хъалдунрэ. Ибн-Хъалдун Бэркъукъу щытепщэм щыгъуэ хеящIэт. Абы итха «Пролегоменэ» лэжьыгъэ цIэрыIуэм цIыху псэуныгъэм теухуауэ къыщиIэта Iуэхугъуэ куэдым нобэр къыздэсым я мыхьэнэр кIуэдакъым. «Ибн-Хъалдун и тхылъыр, — етх Олдридж Джеймс, — Макиавелли и лэжьыгъэхэм, илъэсищэ дэкIа иужь дунейм къытехьа пэтми, я щхьэкIэ мэув. Ибн-Хъалдун Маркс ипэ илъэсищэ бжыгъэкIэ гу лъитат зэрылажьэ Iэмэпсымэхэмрэ IуэхущIапIэ мылъкумрэ тхыдэ зыужьыныгъэм зэрепхам». Бэркъукъу и тепщэгъуэм ар щыхьэт зытехъуэр умыгъэщIэгъуэну пхузэфIэкIыркъым: «Къэрал унафэм и хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэр фIагъырщ.
- ЦIыхубэр дэзыхьэх сулътIаныр — дэтхэнэ хьэпшыпми и уасэр фIыуэ зыщIэмрэ къэралым губзыгъэу унафэ щызыщIымрэщ».
- Бэркъукъу бжьыпэр щиубыдам, адыгэ мамлюкхэм я бжыгъэр минитIым нэблагъэрт. Абы и тепщэгъуэм и кIэхэм (1399 гъэм) а бжыгъэр, тхыдэтх Ал-Бэдр ал-Айни къызэригъэлъагъуэмкIэ, зауэлI минитхум щIигъуат. В. Тизенгаузен и «Дыщэ Ордам и тхыдэм щыщ» тхылъым (Бытырбыху, 1884, езанэ том) дыкъыщоджэ: 1394 гъэм гъатхэпэм и 23-м Бэркъукъу сулътIаныр Щам къэкIуащ икIи абы къып- чакъ хъан Тохъутэмыщ и хъыбарзехьэр къригъэблагъэри езыхэм я зэхуэдэ бийуэ къалъытэ Тамерлан зэгъусэу ебэныну елъэIуат. Абдежым адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэм Самаркандым и эмир шынагъуэм тхыгъэ хуегъэхь, Мысырымрэ Сириемрэ къагуэтхэм я Iуэху химылъхьэну. Тамерлан бжьыбжьу Бэркъукъу жэуап къретыж: «Дэ дыбжыгъэншэщ. Дэ датокIуэ зы-ри зыпэмылъэщхэм. Дэ къытпэщIэмыувэр псэууэ къонэ. Дэ и Iэр къытхуэзыIэтыр иужькIэ щIогъуэж…»
- Ауэ абы Бэркъукъу игъэшынакъым. Абы и дзэр Самаркандым и тепщэхэм я бийуэ еунэтI. АрщхьэкIэ Тамерлан, «адыгэ мамлюкхэр щымышхэм щригъэтIэхъун» гурылъыр зэрехъуэкIри, Тохъутэмыщ хъаным и дежкIэ зегъазэ. Тхыдэтх ибн-Хьэджарэ Эласкалани мыпхуэдэу етх: 1395 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыпчакъхэр зэрыщыту зэхакъутауэ щытащ. Мысырым и сулътIаныр хунэсакъым абыхэм ядэIэпыкъуну.
- Захир Сейфеддин Бэркъукъурэ абы и къуэ Фэрэджрэ ирагъэкIуэкIа IуэхугъуэфIхэм ятеухуауэ дэ дыкъыщоджэ епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм псэуа тырку къэкIухьакIуэ Эвлие Челеби къыдигъэкIа «ЗекIуэлIым и тхылъым» («ЩIэныгъэ» тедзапIэ, Мэзкуу, 1983): «Тамерлан и дзэ фIыцIэр Иылдырым Бэезид-хъан, Къарэ-Исуф сымэ щебгъэрыкIуам Ахьмэд Джелаир сулътIаныр (Бэгъдад и унафэщIыр — Хь. М.) кхъухьым итIысхьэу Анталье къикIыу Мысырым щыкIуэжам Бэркъукъу сулътIаным деж гъэпщкIупIэ къыщигъуэтат».
- Бэркъукъу Мысырымрэ Сириемрэ я сулътIан тахътэр тIэу иубыдат: 1382-1389 икIи 1390-1399 гъэхэм. Тыркумэнхэу Диярбакыррэ Къарэмамидхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэхэр къигъэсэбэпурэ, уэсмэнхэм щезэуам, абы и гъунапкъэхэр зыкъомкIэ егъэбыдэ.
- Бэркъукъу и мавзолейр абы и къуэ ан-Насир Фэрэдж еухуэ, и адэм иужькIэ ар илъэс 13-кIэ сулътIанащ. 1405 гъэм ар зэрехъуэкI аль-Мэнсур Издин Абдул-Хьэзиз, ауэ мазэ бжыгъэ нэхъ димыгъэкIыу Фэрэдж тепщэгъуэр еубыдыж. 1411 гъэм дунейм япэ дыдэу Фэрэдж пщылIыпIэ цIыхухэр ирамыгъэтыну хабзэ къыдегъэкI.
- Аргуэру зы илъэс докIри, Бэркъукъу и къуэр зэрехъуэкI МуIэед Щихъ сулътIаным. Ар хабзэ дахэ зыхэлът, усакIуэт, музыкантт. Езыр хьэпсым щрагъэса щIыпIэм деж МуIэед щрегъэухуэ Каир нэхъ къекIуу иджы дэт мэжджытыр.
- Адыгэ мамлюк лIакъуэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Ашраф Сейфеддин Барэсбей сулътIаныр. Каир и Iэгъуэблагъэхэм абы флот ин щеухуэ икIи 1426 гъэм Кипрыр къеубыд. ХытIыгум и унафэщIыр Барэсбей гъэр ещIри, Iэхъулъэхъу илъу Мысырым къешэ. Илъэс 16-кIэ сулътIанащ, а зэманым къэралым и гъунапкъэхэр Азие ЦIыкIум къыщыщIидзэрти, Евфрат и Iуфэхэм нэсырт. Мысырым и къэзэуныгъэр а лъэхъэнэм и щыгу дыдэм нэсат икIи щIэныгъэхэм я доктор Ибрэхьим Алий ТIэрхьэн «Адыгэ мамлюкхэм я къэралыгъуэр» тхыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, ар муслъымэн дунейми муслъымэн щэнхабзэми я курыкупсэ хъуат.
- Барэсбей 1438 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м емынэм ихьащ. Абы иужькIэ екIуэкIа илъэс 30-м бжьыпэр яIыгъащ адыгэ Iэтащхьэхэу Исуф, Джэкъмакъ, Инал ЕтIуанэм, Хъущкъуэдэм, Былбей сымэ…
- Къулеягъри тхьэмыщкIагъэри Каир щызэгъусэт, дыгъуэныр псори зэсэжат, абы щхьэкIэ тезыр хьэлъэ тралъхьэми. Сатум пыщIахэр къулей зэрыхъум къишэрт абыхэм я егъэлеиныгъэр. ХущIыхьэгъуэ зэрагъуэтыр пыщIат зэрагъэщIэращIэ ислъам гъуазджэм зэрызиужьым, тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр щыплъагъурт мэжджытхэмрэ дин Iуэхум щыхуеджэ еджапIэхэмрэ я мызакъуэу, мамлюк къулейхэмрэ сатуущIхэмрэ я унэхэм. Ауэ къызэрыгуэкI цIыхухэри щIэкъухэрт я псэупIэхэр ягъэщIэрэщIэну. «Каир зы уни дэткъым жэзым къыхэщIыкIа хьэпшып гъэщIэрэщIа гуэр щумыгъуэтыну», — епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм етх ал-Макризи. Мамлюк къулейхэм я унафэкIэ ислъам гъуазджэм и тхыпхъэщIыпхъэхэм IэщIагъэлIхэм адыгэ дамыгъэхэм ящыщ гуэрхэр халъхьэрт. Ноби ахэр щыплъагъунущ курыт лIэщIыгъуэм яухуа чэщанэхэу, унэхэу, быдапIэхэу Сирием (Щам, Хьэлэб, Хьэмус), Ливаным, Палестинэм, Мысырым (Ка- ир, Александрие, Дамиеттэ) щыхъума хъуахэм. Джеймс Олдридж и «Каирым» щыжеIэ: «Нобэр къыздэсым щытщ абыхэм (адыгэхэм — Хь. М.) яухуа фэеплъ инхэр. Ахэр куэд мэхъу, ауэ фэеплъитIыр нэхъ дахэщ, адрейхэм ямыщхьу нэхъ хьэлэмэтщ, нэр пIэпихыу архитектурэм ущыдэзыхьэхщ».
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).