ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей шухэм  Бромберг къащыщыщIар

2020-02-06

  • ЩIэныгъэр зи тегъэщIапIэ «БлэкIаищIэ» («Новое прошлое») журналыр Тэн Iус Ростов къыщыдокI Ипщэ Федеральнэ университетым (ЮФУ) и нэIэ щIэту. Илъэс блэкIам дунейм къытехьа абы и еплIанэ къыдэкIыгъуэм КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэчрэ а институтым и аспирант Абей Iэсиятрэ я тхыгъэ телъыджэ къытехуащ: «Бромберг щекIуэкIа хеящIэр: Кавказ-бгырыс дивизионым (Варшавэ щыIэм) щыщ къэбэрдей шухэм къащыщIар». («Бромбергский процесс — продолжение истории: происшествие с уроженцами Кабарды — всадниками Кавказско-горского (Варшавского) дивизиона»).

  • Хъыбарыр зытеухуар Пруссие щIыналъэм хыхьэ Бромберг къалэм щекIуэкIа суд Iуэхущ. Къэбэрдейр 1822 гъэм урыс пащтыхьыгъуэм и унафэм зыIэщIиубыда нэужь, зауэлI къулыкъухэр IэщIагъэ зыхуэхъуа адыгэ щIалэхэм урысыдзэм хыхьэну фIэкIа, нэгъуэщI хэкIыпIэ къахуэнэртэкъым. Апхуэдэ дзэ зэгъэпэщахэм язт Польшэм къулыкъу щызыхь Кавказ-Бгырыс дивизионыр. ЗауэлI къалэныр хъарзынэу езыхьэкI адыгэ шууипщIым (я цIэ-унэцIэхэри къокIуэ) дзэм и кIуэцIкIэ щызекIуэ зэхэтыкIэ пхъашэр ягу темыхуэу, езыхэм ящыщ зы тезыр ирагъэхьу зэраубэрэжьар щхьэусыгъуэ яхуэхъури, Пруссие лъэныкъуэм зратыну мурад ящIащ. Польшэмрэ Пруссиемрэ я гъунапкъэр зэпаупщIщ, Крушвицэ жыхуаIэ къалэм дыхьэхэри, «цIыхуфIхэм я тепщэ пащтыхьыфIым» и унафэ щIэувэну зэрамурадыр жраIащ къапэува плъырхэм. КъаIущIахэм апхуэдэ хуитыныгъэ яIэтэкъыми, шууипщIри Иноврацлав къалэшхуэм яшэ, зыхуейр хуащIэну загъэхьэзыр хуэдэу. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, Урысеймрэ Пруссиемрэ яку зэгурыIуэныгъэ дэлът, щIэпхъаджащIэхэмрэ щIэпхъуэжахэмрэ яIэрыхьэмэ, ахэр зейм иратыжын зэрыхуейр щыубзыхуауэ. Арати, казармэхэм бгъэдаша нэужь, адыгэ щауэхэр щыгъуазэ ящI я Iэщэр ямыту зэрымыхъунум, езыхэри я тепщэгъуэм ирамытыжыну зэрыхуимытым. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэну Iуэхум хэлъыр адыгэхэм нэмыцэбзэ зэрамыщIэрт. Ауэ лыхьыбзэ (польскэ) тIэкIу къызыгурыIуэ Нэфон Бэчмырзэ «Iэщэ» псалъэр и тхьэкIумэм иIуати, «адыгэхэм Iэщэ зыпщIэхахыркъым» яжриIащ. Зауэм теухуа роман гъэщIэгъуэным ещхьу щIэныгъэлIым къиIуэтэж хъыбарым теухуа сатырхэм къеджэну хуейр Интернетым идогъэблагъэ, газетым апхуэдэ Iэмал къызэрыдимытым къыхэкIыу. КIэщIу жыпIэмэ, Iэщэ къыпщIэхахыу урысыдзэм иратыжыну зыхуамурад адыгэ шууипщIым щыщу тIур яукIащ, иджыри тIу уIэгъэм илIыкIащ. Къэнаихыр тхыгъэр зытеухуа Бромберг хейщIапIэм утыку къыщрашэщ, укI тезыр къытралъхьэным и пIэкIэ, зэрыпхъуакIуэхэм псэемыблэжу пэщIэт лъэпкъ лъэрызехьэм къызэрыхэкIар къыхагъэщрэ пщIэшхуэ къыхуащIу я судыр ящIэри, урысей пащтыхьыгъуэм и IэмыщIэ имыхуэн хуэдэу унафэ къытращIыхьащ. Нэхъ гукъинэжу дызытепсэлъыхь тхыгъэм къыхэщыр Бромберг хейщIапIэм и уэчылым (адвокатым) и къэпсэлъэныгъэрщ. Ди щIэджыкIакIуэхэм папщIэ ар Мэрзей Аслъэнбэчрэ Абей Iэсиятрэ я тхыгъэм къызэрыщыкIуэм хуэдэу адыгэбзэм къидгъэзэгъащ.
  •  
  •  
  • Судыр зэрекIуэкIар.
  • Вольф-уэчылыр кавказырысхэм
  • къащхьэщож
  • Псэууэ къэна адыгэхэр — Нэфон Мусэ, Мэлбахъуэ Нэдий, Гуэбзакъуэ Щолэхъу, Хьэпэ Джырандыкъуэ, Ерчэн Мусэ, Кхъуафэ Умар сымэ — 1851 гъэм щIышылэм и 20-м Бромберг къалэм и суд пащхьэм иуващ. Iуэхум кърахьэлIа дэфтэрхэм къыхэщырт «ягъэкъуаншэ псоми муслъымэн диныр зэрызэрахьэр, Кавказым хыхьэ Къэбэрдейм зэрыщыщыр. Нэфоныр илъэс 26-рэ, Хьэпэр — 30, Мэлбахъуэр — 31-рэ, адрей щыр илъэс 19 зэрыхъур».
  • Нэфон Бэчмырзэ нэмыщI, ягъэкъуаншэ псоми адыгэбзэ фIэкIа зэрамыщIэм, нэмыцэбзэкIэ зэрымыпсалъэм къыхэкIыу, судым тэрмэшитI кърашэлIэныр игъуэу къалъытащ. АбыкIи зэфIэмыкIыу, Кавказым и тхыдэм хэзыщIыкI, Урысейм щыпсэуа IэщIагъэлI граф фон Симониц кърагъэблэгъащ. Къыщхьэщыж лъэныкъуэм къыбгъэдэкIыу псэлъар Вольф-уэчылырщ. Ягъэкъуаншэхэм упщIэ зэрыратари жэуап къызэрыIахыжари зэдзэкIакIуэхэр зыдагъэIэпыкъуурэщ. УпщIэр лыхьыбзэкIэ е урысыбзэкIэ хуагъэувырт, тэрмэшхэм ар адыгэбзэкIэ зэрадзэкIыжырт. ЦIыхушхуэ къызэрекIуэлIам къыхэкIыу, хейщIапIэм ихъуреягъкIэ дзэ кърагъэувэкIат. Судыр щекIуэкI пэшым цIыхур щIэзт, япэ сатырхэм бзылъхугъэ зыкъизыххэр ирикIуэу щысу.
  • Псом нэхърэ нэхъ гукъинэж ящыхъуар адыгэхэм къащхьэщыжа Вольф-уэчылым и къэпсэлъэныгъэрщ. Удихьэхрэ гум хыхьэу ар утыку къызэрихьа псалъэхэм я гугъу щыпщIкIэ, зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым Iуэхур зыхиубыда зэманыр. Мэжэр (венгр) революцэр Австрием и армэмрэ урысыдзэмрэ лъым храгъэтхьэлыхьа къудейт. Кавказым бгырысхэр щраукIыхьырт. Демократие гукъыдэжхэм иIыгъ Европэм ис цIыхубэм ар хурикъунут европей жандарму зыкъэзылъытэжа, мэкъумэшыщIэхэр зыгъэпщылI, цIыхухэр зэрыдикъузэмкIэ цIэрыIуэ Николай Езанэм гущыкI куу хуащIын папщIэ. Демократие зэщIэхъееныгъэхэм я хьэтыр илъагъури, Пруссием и пащтыхьым япэ конституцэр къыдигъэкIа къудейт.
  • Уэчылым фIы дыдэу зыхуигъэхьэзырат ягъэкъуаншэхэм къазэрыщхьэщыжыну щIыкIэм. Абы къигъэщхьэпэр Пруссием и хабзэм и закъуэтэкъым, нэмыцэ цIыхубэр зэлъэзыщIыса демократие гукъыдэжхэми захуигъазэрт, адыгэхэм я тхыдэми, я хабзэми, я гупсысэкIэми зэрыхищIыкIыр IупщIт.
  • «ЩIэпхъаджащIэ фIищу, хэт мыбдежым цивилизацэм и ней зыщихуэну зигъэхьэзырар? — щIэупщIэрт Вольф. — Шэшэнхэм, лезгинхэм, убыххэм, иджыри нэгъуэщI куэдым я гъусэу кавказ зэкъуэтыныгъэ телъыджэр зыухуа Азием и къуэхэрщ, зэрыпхъуакIуэ лъэрызехьэм зэрыпэщIэт лIыхъужьыгъэ псэемыблэжымкIэ Европэ псор къэзыгъэуIэбжьахэрщ, нобэми щхьитI зыфIэт бгъэм и закъуэпцIий пэщIэт лъэпкъ лъэщым щыщхэрщ.
  • Фэ фощIэ, зиусхьэнхэ, адыгэхэр Псыжь щегъэжьауэ Гагрэ пэгъунэгъу Бук псыежэхым нэс зыщызыубгъуа кавказ лъэпкъыу зэрыщытыр. Ахэр пщы-уэркъхэу, цIыху щхьэхуитрэ-пщылIхэу зэхэтщ, а псоми ислъам диныр зэрахьэ. ХьэщIэхуэфIхэрэ хуитыныгъэр я нэрыгъыу, ахэр зыщысхьыжыкIэ ямыщIэу хахуэхэщ, Атлантик хым щегъэжьауэ Инд хым нэс а лъэпкъым и закъуэщ урыс пащтыхьым къыбгъэдэкI шынагъуэр зыщхьэщихыным тегушхуэфыр. Псалъэхэр къызомэщIэкI, а лъэпкъым сызэритхьэкъумрэ си псэр зэрихьэхумрэ къэсIуэтэну сыщыхуежьэкIэ. Мы лъэпкъырщ, си зиусхьэнхэ, къызыхэкIар иджыпсту ягъэкъуаншэхэм я тIысыпIэм щысхэр. Ахэри уэркъ лIакъуэм щыщхэщ, лIыхъужь цIэрыIуэхэу Маазур (Шупакъуэ Хьэудокъуэ Мансур — натыхъуей уэркъ, Урыс-кавказ зауэм и лъэхъэнэм, 1830 — 1840 гъэхэм дзэзешэу щытахэм яз — М. А.),
  • Шамуц (Шупакъуэ Шамуз — Урыс-Кавказ зауэм пашэу щыта шэрджэс-натыхъуей — М. А.), Жамболэт (Бэлэтокъуэ Жамболэт — кIэмыргуеипщ, 1821-1831 гъэхэм я зэхуакум цIэрыIуэ хъуа дзэзешэ-шууей — М. А. ), псом япэу зи цIэ къиIуапхъэ, «Кавказым и аслъэн» зыфIаща, уэрэдрэ хъыбаррэ зыхуаусын ямыух Гъузбэч (Дыгъужьокъуэ ЩIэрэлIокъуэ Къызбэч — шапсыгъ уэркъ, 1810 — 1839 гъэхэм я зэхуакум шэрджэс дзэзешэу щыта, европей газетхэм «Кавказым и аслъэн» зыфIащар — М. А.) сымэ къызыхэкIам.
  • Вольф-уэчылым адыгэ щIалэхэм дзэр ябгынэн хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэм тепсэлъыхьын щIедзэ. Абыхэм щIэпхъуэжауэ зыкъалъытэжыртэкъым, сыту жыпIэмэ, 1849 гъэм Венгрием зыщыщIидза зауэм хэтыну ираджауэ арат ахэр. Уэркъ щхьэхуиту зэрыщытым къыхэкIыу, ахэр яшхэр я гъусэу, я Iэщэ-фащэр ябгъэдэлъыжу кIуэну арэзы хъури, зраджа IэнатIэм пэрыувахэт. Дзэм ухэтыныр къыщыптехуэу щыткъым Кавказым, ахэр унэIуттэкъым икIи сэлэттэкъым, щхьэхуимыту къулыкъум пэрагъэувэн хуэдэу.
  • Вольф-уэчылым адыгэ щIалэхэм езыхэм къыжраIар хэIущIыIу ищIащ: «Ахэр щхьэхуиту урысыдзэм хыхьауэ арат. Ауэ я къарумрэ я Iэщэмрэ пащтыхьым жыIэщIэ хуащIыну зэрызэгуры-      Iуар зауэр екIуэкIыху къудейт. Езыхэм я гукъыдэжкIэ зыщIэува унафэт, хэгъэзыхь зыхэмылъ зэгурыIуэныгъэ щхьэхуитт ахэр урысыдзэм щызыIыгъыр. Арами, зыгурыIуар и псалъэм епцIыжащ. Венгрием щекIуэкI зауэр иуха щхьэкIэ, адыгэ щIалэхэр ямыутIыпщыжу полкым хагъэтт.
  • Абдежи къыщыувыIахэкъым! Ящыщ зы щIалэ полкым и капитаным иубэрэжьащ. Фегупсысыт абы ищIам къикIым! Шэрджэсейм и къуэ къыгуэудар, бийм кърих лейуэ хъуар лъыкIэ зытхьэщIыжыр, яубэрэжьащ! Ауэ щыхъукIэ, лей зытехьар хабзэм и лъэхъу ткIийхэм яIыгъщ. Арати, и дзэпщым хуотхьэусыхэ. Дунейр инщ, пащтыхьыр жыжьэ щыIэщ. ЩIэпхъуэж щхьэ мыхъурэ?! ИтIани, езыр здэщыIэ гарнизоным уикIыу Кавказ къуршхэм унэсыжын папщIэ, Урысей империем упхыкIын хуейт».
  • «Абы ирихьэлIэу, абыхэм Пруссием и хъыбар зэхах, — пещэ уэчылым. — Езыхэм сабиибзэ жыIэзыфIэщкIэ зэрыжаIэ дыдэм хуэдэу жысIэнщи, «цIыхуфIхэр щыпсэу, пащтыхьыфI зиIэ» щIыналъэм и хъыбар. Зрачри, а къэралым макIуэ. Крушвиц и полицэ IуэхущIапIэм Iуохьэ. Зы жандарм закъуэ я гъусэу Иноврацлав нэс ирагъашэ. Берлин зэрыкIуэн паспорт къыIахын папщIэ тхылъхэр ират, ауэ къыхуадэркъым. Казармэм яшэри, «Iэщэр зыпщIэхэфх» жаIэри къыжраIэ. А псори зэрызэхахыр къагурымыIуэ бзэкIэщ».
  • АдэкIэ уэчылым жеIэ Iуэхур лъыгъажэм зэрыхуэкIуамкIэ адыгэ щIалэхэр зэрымыкъуаншэр. Псори зи лажьэр нэмыцэ къулыкъущIэхэмрэ зауэлIхэмрэщ. «ГущIэгъуншэу лей зрахахэм щIэпхъаджащIэ фIащыну хуежьащ. Кавказым щыщ тхьэмыщкIэхэм «Пруссием цIыхуфIхэр щызэрагъэцIыхуныр» я плъапIэт. Ислъам диныр зезыхьэхэр Хьисэ лъапIэм и лъагъуэм тетхэм я деж зыхъумэжыпIэрэ дэIэпыкъуэгъурэ къыщалъыхъуэу къекIуэлIати, къагъуэтар гужьгъэжьрэ зауэ-банэрэщ. Езыхэм дзыхь яхэлъу я псэ хьэлэлыр къызэIуахат, хьэщIэ хуэдэу чыристанхэм я мафIэм зрагъэун я мураду. Ауэ, хьэщIэм зэрыхуэфащэу, псэхэлъхьэж Iубыгъуэ къыхуашииным и пIэкIэ, ажалым и бдзапцIэшэр къраутIыпщащ. Мамырыгъэм и Iэнэм кърагъэблэгъэным и пIэкIэ, фочыпэхэр къыхуашиящ. Пруссием щыщ цIыхуфIхэм далъагъуну зыщыгугъа чыристан лъагъуныгъэр, хьэщIэ псэ къабзэхэм, цIыху жыIэзыфIэщхэм я гум тегъэпса фочышэм кIуэцIашыхьащ.
  • Сыт хуэдизу укIытэмрэ щхьэ пудыныгъэмрэ дызэщIиIулIэн хуей дэ иджыпсту! Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыдэм дэр щхьэкIэ мыкIуэдыжын щапхъэу ехъумэ илъэс ипэ муслъымэным чыристанхэм яхуэгъэзауэ къигъэлъэгъуа гущIэгъур. (Вольф зи гугъу ищIыр сулътIан Абдул-Мэжид мэжэр революцэр хилъэфа нэужь, абыхэм я пашэ Кошут Лайош нэрыбгэ 5000 и гъусэу Тыркум зэрыригъэхьарщ. Австриемрэ Урысеймрэ я тепщэгъуэхэм мэжэр пэщэр къыдэтыж жаIэри паубыдати, диным хьэщIэр бийм IэщIэтлъхьэну къытхуидэркъым жиIэри, зытригъэхьакъым. — М. А.) Ар ислъам дин зезыхьэм чыристанхэм яхуэгъэзауэ ищIащ. Мыбдежым сыт-тIэ чыристанхэм къыщагъэлъагъуэр муслъымэнхэм яхуэгъэзауэ?
  • Абдежи къыщынэркъым! Фэ фощIэ мы тхьэмыщкIипщIым шуудзэ эскадронрэ лъэсыдзэ ротэрэ зэрыпагъэувар, абыхэм маисэрэ фочышэкIэ зэребгъэрыкIуар, хьэр зраушта мэзджэдым ещхьу зэрырахужьар, IугъуэкIэ къыщIаху хьэдзыгъуанэхэм хуагъадэу, зыщагъэпщкIуа унэхэм мафIэ зэрыщIадзар. Ар къащыщыщIым, гужьеигъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ ирахулIэри, фочхэр, сэшхуэхэр, къамэхэр, я псэр яхъумэжын щхьэкIэ, кърапхъуэтащ. А зэхэуэм иныкъуэхэр хаукIыкIри, адрейхэр уIэгъэ щыхъуащ. Иджы ягъэтIысын я мураду утыку кърашащ». Уэчылым тригъэчыныхьырт адыгэхэм я лъэныкъуэкIэ къэхъуар зыхъумэжыныгъэу зэрыщытам.
  • ИтIанэ судым кърагъэблэгъа, КавказымкIэ IэщIагъэлI граф фон Симониц шэрджэсхэр зэрагъэкъуаншэ Iуэхухэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар гурыIуэгъуэ ищIын папщIэ, утыку къихьащ. «Iэщэр бийм емытыныр муслъымэн хабзэщ, — жиIэрт абы. — Ягъэкъуаншэхэр къызыхэкIа бгырыс лъэпкъхэми хабзэ ткIий яIэщ Iэщэ ямыIыгъыныр къахуимыдэххэу. Администрацэм щылажьэхэм адыгэ щIалэхэм «фи Iэщэр зыпщIэхэфх» щыжраIа щхьэкIэ, адыгэм и Iэ-щэр къеIыпхыным нэхъ емыкIу пхуегъэщIэнукъым. Iэщэр пIэщIэлъу упсэунымрэ улIэжынымрэ шэрджэсым дежкIэ хабзэ къудейкъым, ар диным къыхуигъэув пщэрылъщ. Фэ абыхэм Iэщэ къатефхыну фыхуежьащ, апщIондэху езыхэм я пщIэмрэ я гъащIэмрэ фебгъэрыкIуэу къафIощI.
  • Адыгэмрэ абы и Iэщэмрэ — зэгуэхыпIэ ямыIэу зыщ. Iэщэр абы и псэщ, и гупсысэщ, абы нэхъ лъапIэ иIэкъым. Адыгэм Iэщэр къытепхын жыхуэпIэр букIыну ухуежьэным хуэдэ дыдэщ. Лъы ткIуэпс къыщIэмынэжыху зихъумэжыныр абы и Алыхьым и унафэщ, цIыхухэм ягъэува хабзэу щыIэм япэ иригъэщу».
  • Апхуэдэ щIыкIэу фон Симониц цIыхухэм гурыIуэгъуэ ящищIащ адыгэхэм я дежкIэ Iэщэ зехьэныр дин хабзэу зэрыщытыр. АдэкIэ Вольф гупсысэ телъыджэм хуэкIуащ: «Сыт хуэдэ щIыкIэу хъуа-ми, цIыхум Iэщэр къеIызыхыну иужь ихьар абы фIэщхъуныгъэкIэ бгъэдэлъ хуитыныгъэм зрипщыта хуэдэу къокI. Апхуэдэ хамэм епщIэн дэнэ къэна, къэралым щыщым епщIэу къыпхуидэнукъым Конституцэм. Абы къыхэкIыу, адыгэхэм фочкIэ еуэну унафэ къызэращтар хабзэм ебэкъуэныгъэу къэлъытапхъэщ».
  • ИкIэм уэчылым и унафэкIэ иджыри дэфтэритI утыку кърахьащ. Зыр урыс пащтыхьым и сэрейм щылажьэ, Пруссием и пащтыхьым и флигель-адъютант граф фон Мюнстер Пруссием хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым къыхуригъэхьа тхыгъэрт. Ар мыпхуэдэ щIыкIэу иухырт: «А къэхъуа гузэвэгъуэм нэхъыбэу щхьэусыгъуэ хуэхъуар уи псэр пыту Iэщэр птыну къыпхуэзымыдэ я хабзэхэмрэ я лъэпкъ хьэлымрэщ. Iэщэр птыныр абыхэм я дежкIэ напэтех дыдэщ».
  • ЕтIуанэ дэфтэрыр — адыгэхэр судыр екIуэкIыху здэщыIа Иноврацлав къалэм и хейщIапIэм и унафэщI Штефазиус Вольф-уэчылым къыхуригъэхьа тхыгъэрт. Абы мыпхуэдэу итт: «СызэрыщыгъуазэмкIэ, зи щIыхьыр иныр Кавказым щыщ тхьэмыщкIэхэм уакъыщхьэщыжынущ. Абыхэм ятеухуауэ судым къищтэну унафэм си Iуэху зэрыхэмылъым шэч къытезмыхьэми, ягъэкъуаншэхэм я гукъыдэжымрэ псалъэ стамрэ япкъ иткIэ жысIэнуIауэ къыстехуэу къызолъытэ. Мы щIалэхэр Польшэм щымыIэу къыщIыщIэпхъуэжам щхьэусыгъуэ иIэщ. Я капитаныр захуагъэм теттэкъым, къарукIэ къапэщIэувэрт. Я тхьэусыхафэхэр хабзэкIэ зэпкърахыртэкъым. Адыгэ щхьэхуиту, я Iэщэрэ яшрэ яIыгъыжу зэрыщытым апхуэдэ унафэ къащтэныр захуа-гъэу къащигъэхъуащ. Захуэу зыкъалъытэжу къызэпаупщIащ абыхэм Пруссием и гъунапкъэр. Ахэр зыхуейр Пруссием и пащтыхьым деж къулыкъу щащIэнырт. Ауэ я Iэщэр къытрахыу къэралым ирагъэкIыжын зэрыхуейр щыжраIам, бзэри ди хабзэхэри зэрамыщIэм къыхэкIкIэ, къыпахыну зыхуейр къагурыIуакъым. Гупсысэну зэ-ман иратакъым. МафIэкIэ еуэн щIадзати, езыхэми езыр-езыру жэуап къратащ, иужькIэ щIэпхъуэри, зэрахузэфIэкIыу захъумэжащ. Захъумэжыну фIэкIа нэгъуэщI мурад яIакъым. Захъумэж пэтри, гулъытэр яфIэмыкIуэду, зыри зэрамыукIыным иужь итахэщ. Ауэ щыхъукIэ, унэм щIэубыдауэ щIэсыху абыхэм яхузэфIэкIынут къебгъэрыкIуахэм ящыщ нэхъыбэ хаукIыкIыну. Си гур къабзэу, жысIэр сщIэжу щыхьэту сыкъэувыфынущ ягъэтIысауэ махуэ 15-кIэ щысыху, абыхэм ямыщIапхъэ зыри зэрамыщIар, тэмакъкIыхьу, Iэсэу я тезырыр зэрахьар, я щэныфIагъым, гъэсэныгъэм, шыIэныгъэм, гумащIагъым я фIыгъэкIэ къепсэлъэну къызыхуихуа псоми ягухэр къызэрахьэхуар».
  • ХэкIуэдахэр щызэхагъэкIым, яукIа нэмыцэ сэлэт псори зыIэщIэкIуэдар адыгэ яукIахэр арауэ къыщIэкIащ. Ягъэкъуаншэхэм я тIысыпIэм цIыху зыукIа зыри темысу арат абы къикIыр. Езы нэмыцэ сэлэтхэмрэ мушкетёрхэмрэ а Iуэхум и щыхьэту къэуващ. Иджыри къащIэжащ щIалэхэр езыхэр лъаIуэу Иноврацлав зэрызрагъэшар, зы жандарм закъуэ фIэкIа зэрамыгъусар, гъуэгу тетыхукIи Iэсэлъасэу зэрыкIуар. Зэуэн щыщIадзар «Iэщэр къыдэфт» жраIа нэужьщ.
  • Вольф-уэчылыр зэреплъымкIэ, ягъэкъуаншэ щIалэхэм къыщыхута щIыпIэм и хабзэхэри я бзэри зэрамыщIэм къыхэкIыу, Пруссием щызекIуэ уголовнэ хабзэмкIэ бгъэкъуаншэ хъунутэкъыми, хейуэ къэлъытапхъэт. ИтIанэми, уэчылыр арэзытэкъым абыхэм зы тезыри трамылъхьэу яутIыпщыжыну, сыту жыпIэмэ, абы щыгъуэм зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ахэр Урысейм иратыжын хуей хъунут.
  • ИкIэм судым адыгэхэр Iэщэ зыIыгъ плъырхэм зэрапэувам щхьэкIэ къуаншэу къалъытэри, илъэситIкIэ быдапIэм щаIыгъыну тезыр къытралъхьащ, ауэ адрей псомкIи хейуэ къалъытащ. Судым и унафэр къыщищтэм, къыхагъэщащ Iуэхур зэхагъэкIыхуи, судым пэплъэхуи адыгэ щIалэхэр зытетыпхъэм зэрытемыкIар.
  • Унафэ къащтам лъэныкъуитIри арэзы ищIащ. Ягъэкъуаншэхэр икъукIэ гуфIат, жаIэр хузэрадзэкIыу тезырым езыхэм я пщIэр зыкIи зэримыгъэлъахъшэр къагурыIуа нэужь. Ахэр хейуэ къалъытэным нэхъ щышынэрт, сыту жыпIэмэ, итIанэ Урысейм иратыжын хуей хъунут, ар лIэныгъэм нэхърэ нэхъ Iеижт абыхэм я дежкIэ.
  • Зыгъэхьэзырар
  • ЧЭРИМ Марианнэщ.