ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Iуащхьэмахуэ дэкIын ипэ

2020-07-23

  • Илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэу щытащ адыгэ щIыналъэхэр зэкъуачын щыщIадза лъэхъэнэр. Тхыдэтххэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абы и къежьапIэу къэлъытапхъэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кючук-Кайнаджи мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа 1774 гъэращ.

  • А илъэсырщ Псыжь (Кубань) и ижьырабгъу лъэныкъуэр Урысейм, адрыщIымкIэ щыIэ щIыгушхуэу хы ФIыцIэ Iуфэм  нэс щыIэр (КIахэ Адыгэр, Абазэр, Убыхыр) Тыркум IэщIэлъхьа хуэдэу а къэралитIым къызэдалъытэн щыщIадзар, абыкIэ ахэр зи гугъу ящI щIыналъэм исхэм хуит ямыщIа пэтми.
  • Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пащтыхь администрацэр Къэбэрдейм и тепщэ щыхъуар 1825 гъэращ. Абы и хэщIапIэр а зэманым здэщыIар Константиногорск быдапIэрщ (иджырей Горячеводск пэмыжыжьэу).
  • ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм Мэшыкъуэ Iуащхьэм и Iэхэлъахэм, иджы Кавминводы зыхужаIэм, иса адыгэ, абазэ къуажэхэр щIэгъэхуэбжьауэ кърагъэIэпхъукIын щIадзат. МыдэкIэ дыкъэIэбэу, 1816 гъэм и закъуэ къэтщтэнщи, мы щIыпIэм, япэщIыкIэ Теккели, иужькIэ Ермолов генералхэм я унафэкIэ, къуажэ 18-м я псэупIэр зыIэзыбжьэм ирагъэхъуэжащ, теуэ иращIэкIри. Зэхэзехуэн ящIахэм и ныкъуэр Балъкъ псыхъуэ дагъэтIысхьащ, адрейхэм Псыжь и ижьырабгъу лъэныкъуэр хуагъэлъэгъуат.
  • 1828 гъэм Тыркумрэ Урысеймрэ аргуэ-ру зауэм зэрыхэшащ. Бгырысхэм закъыпигъэщхьэхукIыу, урыс пащтыхьыдзэм къригъэувэкIа Кавказ линием и Iэтащхьэу 1828-1829 гъэхэм щытар генерал Эммануэль Георгийщ. А лъэхъэнэрщ Къэбэрдеишхуэм иса адыгэ, абазэ лIакъуэхэм ящыщ куэдыр Псыжь адрыщIкIэ щыпсэу я лъэпкъэгъухэм я деж щыIэпхъуар. А Iуэхугъуэм, «шэми сес, шхуми сес» жыхуаIэм хуэдэу, хьэзаб тIуащIэм хишащ Псыхуабэ пэмыжыжьэу къэбэрдеищIым къина адыгэхэмрэ абазэхэмрэ: абыхэм Псыжь адрыщIкIэ къыщыхута я лъэпкъэгъухэри яфIэпсэкIуэдт, Къэбэрдейм и тепщэ хъуа урысхэми зыдрамыгъэкIуу хъуртэкъым.
  • ГущIэгъуншэ теуэхэм я Iэужь
  • Урыс-тырку зауэм зэрыщIидзэу, генерал Эммануэль Псыжь адрыщIкIэ щып-сэу бгырысхэми ярищIылIащ зи гущIэгъуншагъэкIэ хуэдэ къуигъэлъыхъуэн лъыкIпсыкI теуэхэр. Iэтащхьэм и унафэр зыгъэзащIэ пащтыхьыдзэр ебгъэры-кIуащ абы ипэкIэ Урысейм мамырыгъэкIэ къеувэлIауэ щыта, алъандэрэ я Iуэху зыхалъхьэ мыхъуу къекIуэкIа адыгэ, абазэ жылэхэми. Къэдгъэлъагъуэ хъужыкъуэмэ, къэралыгъуитIым я зэпэщIэувэныгъэм щыщIидзэжа илъэсырщ Тебэрды, Уарп, Лабэ псыхъуэхэм а зэманым дэса къуажэхэм я нэхъыбэм хьэщхьэрыIуэ теуэхэр щращIылIар. Ар икIи Iуащхьэмахуэ бгыжьым и Iэхэлъахэр псом япэ къэзэун хуейуэ къыщалъыта лъэхъэнэщ.
  • Апхуэдэу, полковник Канивальскэм и IэмыщIэ иралъхьа дзэр 1828 гъэм фокIадэм и 10-м пшапэ зэхэуэгъуэу иришажьэри, Тебэрды псыхъуэм а зэманым дэса абазэ къуажэхэм нэху мыщу яте-уащ, губгъуэм гъэтхасэу траса хур Iузыхыжыну кIуа бгырысхэм яхэлъадэри, къапэувахэм ящыщ куэд зэтраукIащ, гъавэу зыщыгугъа тIэкIури Iисраф зэтращIащ. Зэхэуэ гуащIэм абазэ къуажитIым я тепщэхэу Ло Нэгъуейрэ Биберд Хьэтэжьыкъуэрэ хэтати, «япэр, бгырыс тIощI дэщIыгъуу, яукIащ, етIуанэр уIэгъэ хьэлъэ хъуащ», — дыкъыщоджэ «Кавказский сборник» журналым и XV къыдэкIыгъуэм и напэкIуэцIхэм ящыщ зым.
  • «Мы зекIуэ цIыкIум нэгъуэщI зы ехъулIэныгъэфIи къытхудэкIуащ, — щитхыжащ Потто Василий «Кавказская война» и тхылъым. — Ар дэ, урысхэм, иджыри къэс здынэсыгъуейуэ къэтлъытэу щыта Къэрэшейм дызэрихьэфын гъуэгу нэхъ кIэщI дыдэр къызэрытхутарщ. ИкIи а «лъагъуэр» генерал Эммануэль мазэ нэхъ дэмыкIыу къигъэсэбэпащ, къэрэшейхэр къигъэсэбырын папщIэ и дзэхэр щришажьэм».
  • Iуащхьэмахуэ лъапэ пэгъунэгъуб-   зэу Псыжь и псыщхьэхэм дэса къэрэшейхэм я бжыгъэр (щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ) 1828 гъэм зэрыхъуу щытар цIыху мини 8-м нызэрыхьэсщ. Генерал Эммануэль и гугъэт, Европэм щынэхъ ин дыдэ бгым и лъабжьэм урысыдзэр щIишэмэ, адыгэбзэм ирипсалъэ бгырысхэр нэхъ тыншу зэщхьэщичыфыну. Апхуэдэуи хъуащ: пащтыхьыдзэм Къэрэшейр къызэризэууэ, къэбэрдейхэмрэ кIахэ адыгэхэмрэ а зэманым яIыгъа щIыналъэхэм «хьэлэ» къахудэмычыж я зэхуаку къыдэхутащ.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.