Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр
2020-08-25
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №99, 100-хэм итщ.)
- ГъэщIэгъуэн дыдэу мы Iуэхум къыхэщыр сыт жыпIэмэ, уэркъхэм пщыхэм зыхуагъэдэныр ягу зэрырихьынур гурыIуэгъуэт, ауэ Iуэхур къыхэзылъхьар езы пщыхэрт. Абы и щхьэусыгъуэуи пхужыIэнур зы закъуэщ: Урысейм Къэбэрдейр къэгъазэ имыIэжу зэрипхъуэн мурад зэриIэр наIуэ къэхъупати, цIыхубэр быдэу зэрызыгъэубыдыфын Iэмал къэгъуэтын хуейт. Къэгъуэтыпхъэри псоми я зэхуэдэ плъапIэм телажьэ, псори зэхуэзыгъадэ Iэмэпсымэт. Абдежым «сэ уэ нэхърэ нэхъ лъэпкъыфI сыкъыхэкIащ» жыпIэу узэдауэкIэ, уи щхьэкIи фейдэ хэпхынутэкъым, лъэпкъми къыхуэсэбэпынутэкъым. Мыбдежми наIуэ къыщохъу нэхъыбэ дыдэу и щхьэ ебэкъуэн къалэныр пщыхэм къазэрытехуар. Пщыгъэр бгъэнэхъапэрэ лъэпкъ хуитыныгъэр пфIэкIуэдмэ, укъызэрызэтемынэнур хьэкът. А бгъэдыхьэкIэр уи щхьэр Алыхьым и хьэтыркIэ бгъэлъэхъшэныр езы диным зэрыпхуигъэдахэми хуэпхьыфынущ, ауэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм къыздихьа зэкъуэтыныгъэм хуэдэ Къэбэрдей тхыдэм ипэкIи иужькIи хэтакъым. Абы ипэкIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ махуэ къэс я зэхуаку къыдэхъуэ къаугъэ мыхьэнэншэхэм щызэныкъуэкъуу къекIуэкIамэ, иджы я щIыналъэм и къэкIуэнум егупсысу я акъыл зэтрагъэхуэн хуей хъуат. ИкIи плъапIэу яIэр я блэкIар зэфIагъэувэжыныр аратэкъым, нэхъ зызыужьауэ дунейм тет лъэпкъхэм я къэрал зехьэкIэ Iэмалхэр шэрихьэтым ирагъэкIуу, езыхэм къэралыгъуэ узыншэ яухуэнырт.
- 1803 гъэм Нартсанэ (Кисловодск) деж быдапIэ щаухуэу къэзакъ станицэщIэхэр ягъэтIыса нэужь, Къэбэрдейм зыкъиIэтащ. 1804 гъэм Бахъсэн деж къэкIуа Глазенап и дзэр накъыгъэм и 10-мрэ и 14-мрэ Шэджэм деж къащытеуэри, адыгэхэр зэтраукIащ. «ТекIуэныгъэр зыхуэщ урысыдзэм и ехъулIэныгъэхэм апхуэдизкIэ къэбэрдей адыгэхэм я гур ириудащи, иджы ахэр щIэрыщIэу къаубыда лъэпкъыу къэплъытэ хъунущ», — хуитхырт зигъэщIагъуэу Глазенап Цициановым.
- 1805 гъэм и гъатхэпэм урысыдзэр аргуэру къэбэрдейхэм къатеуэри, къуажэ 80-м нэс зэтракъутащ, гуэдзрэ мэкъумылэу яIэр фIагъэсащ, адыгэхэр гъаблэм зэрырахулIэр нэрылъагъу хъуат. Абы емынэ узри къыхыхьэжащ.
- А псом иужькIи зыкъаIэтыжыну гу зыхурикъуа къэбэрдейхэм я щIыналъэри яхъумэрт, езыхэм я зэхэтыкIэр зэрырагъэфIэкIуэну щIыкIэм акъыл ирахьэлIэнуи тегушхуэфырт. Арати, Къэбэрдейр зауэлI къару къудейкIэ и унафэ зэрыщIимыгъэувэфынур пащтыхьыгъуэм къыгурыIуэри, урыс хейщIапIэхэр тричыжащ, абыхэм я пIэкIэ мэхъчэмэ шэрихьэт судхэр 1807 гъэм къызэрагъэпэщыну арэзы хъуащ.
- Къэбэрдейм диным и мыхьэнэм апхуэдизкIэ пщIэшхуэ щигъуэтати, пащтыхьым и тIасхъэщIэххэм «Урысейм къыхуэпэж дин лэжьакIуэхэр имыIэу зэрымыхъунум» теухуауэ нэхъыщхьэхэм чэнджэщ иратырт. Ар къыхощ 1808 гъэм бадзэуэгъуэм и 16-м граф Гудович Иван къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр Куракин Алексей хуигъэхьа тхыгъэм.
- Диным къару игъуэтам лъэпкъ зэхуэсхэм я лэжьэкIэри ихъуэжат. 1810 гъэм Броневский Семён етх: «ЦIыхубэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэчэнджэщын папщIэ зэхуашэс лъэпкъ зэIущIэхэр хъарзынэу зэтеухуауэ йокIуэкI. Абы хагъэхьэр япэ ит гупищым щыщхэрщ: пщыхэр, дин лэжьакIуэхэр, уэркъхэр. Япэу пщы нэхъыжьхэр ягъэпсалъэ, абыхэм я ужьым дин лэжьакIуэхэр итщ, итIанэ уэркъ нэхъыжьхэр къокIуэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху къыщагъэхъейм деж, мэкъумэшыщIэхэм ящыщ нэхъыжьхэри кърагъэблагъэ».
- Диным и мыхьэнэм зэрыхэхъуам и лъэужь лъэпкъ Хасэми къытринащ. Iуэхум и щIэдзапIэм щегъэжьауэ, духьэшыхэр пщыхэми уэркъхэми нэхърэ нэхъ лъагэ къарууэ, зэрыцIыхубэу къащхьэщыжыфын къалэныр езыхьэкI гупут къызэрежьар. Абыхэм я дежкIэ къызыхэкIа лIакъуэм и мыхьэнэр нэхъ ину щытамэ, дин лэжьакIуэхэри Хасэм и къудамэ щхьэхуэ мыхъуу, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэт къудамэхэм хыхьэнт.
- Хасэм и ухуэкIэм зэрызихъуэжар абы дин лэжьакIуэхэр зэрыхыхьам и закъуэтэкъым. Къэбэрдейм мэхъчэмищ зэрыщаухуам езы хэкур Iыхьищу ягуэша пэлъытэ ищIырт. Суд щхьэхуэ къызэрыунэхуам иджыри къэс а къалэныр зыхьа Хасэм игъэзащIэ лэжьыгъэхэм зыгуэр зэрыхигъэщIари гурыIуэгъуэт. Ауэ гъэщIэгъуэну къыхэхъуар сыт жыпIэмэ, иджы пщы уэлийр суд нэхъыщхьэкIэ зэджэ IуэхущIапIэм и унафэщI хъурт. Лъэпкъыр XVI лIэщIыгъуэм зытета унафэ щIыкIэм иджы лъабжьэщIэ игъуэту техьэжауэ арат, а зэманми пщы уэлийм суд нэхъыщхьэм и унафэщI къалэныр ихьу щытат.
- 1809 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м генерал Булгаков Сергей езым и унафэщI Тормасов Александр хуригъэхь тхылъымпIэм «къэбэрдейхэм Бахъсэн деж лъэпкъпсо зэхуэс зэрыщрагъэкIуэкIам» и гугъу щещI. Абы Жанхъуэт Кушыкурэ ХьэтIэхъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэрэ пщы уэлийуэ щыхахауэ щытащ. Зэуэ пщы уэлиитI зэрыхахари Къэбэрдей Хасэм и лэжьэкIэм и кIэм нэмыса зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщекIуэкIым и щыхьэтт. Лъэпкъым и хуитыныгъэр фIэкIуэдыпэн шынагъуэ зэрыщыIэм ипкъ иткIэ, щIыналъэр хъума зэрыхъуным теухуауэ Хасэм унафэ ткIийхэр къызэрищтапхъэр IупщIт. Ауэ пащтыхьыгъуэм и ехъулIэныгъэхэм заубгъуху, Хасэм и мыхьэнэри кIуэ пэтми нэхъ ехуэхырт.
- Хасэр пащтыхьыгъуэм и унафэр
- зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэ зэрыхъуар
- Пащтыхьыгъуэм Хасэм езым и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэ къыхищIыкIыну мурад ищIри, япэрауэ, ар, Къэбэрдейм щекIуэкI псори къищIэн папщIэ, хъыбарегъащIэ Iэмал хуэдэу къигъэщхьэпэн щIидзащ. Хэт дэтхэнэм и телъхьэми, хэт дэтхэнэм и бийми, Кавказым щыщ адрей лъэпкъхэм сыт хуэдэ щIыкIэу ялъэIэсми — а псори пащтыхьыгъуэм жезыIэжын Хасэм хэтт. Къэбэрдеишхуэми Джылахъстэнейми щылажьэ урыс приставхэм ищхьэкIэ яутIыпщ тхыгъэхэм къыщыхагъэщырт я хъыбархэр лъэпкъпсо зэхуэсхэм псом нэхърэ нэхъыфIу Iуэхум щыгъуазэхэм къыщапсэлъу зэрызэхахар.
- Псалъэм и хьэтыркIэ, 1805 гъэм накъыгъэм и 15-м урыс генерал нэхъ гущIэгъуншэхэм яз Дельпоццо Иван ари къозыгъэщтэжын Цицианов Павел хуетх: «Хасэм къекIуэлIахэм сеупщIащ: «Къэбэрдейм уз зэрыцIалэ къызэрыщежьар пэж?» — жысIэри. Бэчмырзэхэрэ Къетыкъуэрэ я нэхъыжь псоми, пщырэ уэркъыу цIыхуищэм нэс къекIуэлIахэм, жэуапу къызатащ, апхуэдэ уз къежьамэ, къысщабзыщIынкIэ Iэмал имыIэу». Къэбэрдейхэм емынэ узыр къызэрежьар ябзыщIын хуей хъурт. Ар къащIэмэ, Кавказ линиер зэраухуэрэ армырми пэIэщIэ зыхуащIа я хъупIэхэмрэ губгъуэхэмрэ ирагъэхьэнутэкъым.
- Урысейр пхъашэу къахэIэбэху, Хасэр пащтыхьыгъуэм къэбэрдейхэм къахуищI унафэр къыщыжраIэ, ахэр зэрагъэзэщIэну щIыкIэр къыщыгурагъаIуэ зэхуэс хъурт. Псом хуэмыдэу, абы щытепсэлъыхьырт пащтыхь тетыгъуэм лъэпкъым къытрилъхьэ къуэдыхэр зэрапшыныну щIыкIэхэмрэ къраухылIэ пIалъэмрэ.
- Языныкъуэхэм деж пащтыхьыгъуэм Хасэр зэхуишэсырт нэгъуэщI лъэпкъхэмрэ къэралхэмрэ щатеуэкIэ гъусэ зыхуащIынухэм ягурыIуэн папщIэ. Езыхэр зыхуитымрэ я хуитыныгъэмрэ теухуауэ къиину сыт щыгъуи къыщIэкI адыгэ пщы-уэркъхэр жыIэдаIуэ хъужхэрт, я лIыгъэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ехьэлIауэ къагъэлъэгъуэн хуей щыхъум деж. Апхуэдэ зекIуэхэм урыс тетыгъуэм и тыгъэхэмрэ къуентхъ мымащIэрэ къахуздихьырт, щIалэгъуалэми я зэфIэкI здынэсыр къыщагъэлъэгъуэн лIыгъэщIапIэ къалъыхъуэрт.
- Ермолов Алексей и зэманым пащтыхьыгъуэм Къэбэрдейм щызэрихьэ лейм зиубгъупащ. Къэбэрдеишхуэр IыхьитI ирищIыкIыу зэлъэмыIэсыж ищIын папщIэ, абы Балъкъ, Бахъсэн, Шэджэм, Налшык, Шэрэдж псыежэххэм я Iуфэм быдапIэхэр IуищIыхьат. Къэбэрдейр зыIэщIалъхьэн Iуэхур пащтыхьыдзэм и унафэ щIэт «Временный суд» жыхуаIэр къыщызэрагъэпэща 1822 гъэм зэфIэкIауэ жыпIэ хъунущ.
- ГурыIуэгъуэщ Къэбэрдейм хуитыныгъэр фIэкIуэдыпа нэужь, Хасэми бгъэдэлъа лъэкIыныгъэм и нэхъыбэр IэщIэкIыу, лъэхъэнэщIэ къэунэхуам зыдригъэкIун хуей зэрыхъуар.
- Иужьрей дыдэу Хасэм и хъыбар къызыхэщыжыр Къэбэрдей лини-ем и тетым «Временный суд» зи фIэщыгъэ хейщIапIэм 1826 гъэм хуигъэхьа тхыгъэрщ: «Мы хейщIапIэм папщIэ жэрдэм къыхызолъхьэ дяпэкIэ щхьэусыгъуэ гуэр къыкъуэкIрэ лъэпкъ зэхуэс ящIын хуей хъумэ, сыт щыгъуи сэ къызэупщIыну, и чэзур къэмыс щIыкIи хъыбар сагъэщIэну. Езы зэхуэсхэр Налшык быдапIэм щрырагъэкIуэкI, сэри сыкIуэфын хуэдэу, лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхухэр щызетхуэну Iэмал диIэн хуэдэу, хъыбар срырагъащIэ».
- А тхыгъэм къегъэлъагъуэ а зэманым къыщыщIэдзауэ Хасэр Къэбэрдейм хабзэщIэ къыщищтэу, къащта унафэхэр гъэзэщIэным теухуауэ щызэчэнджэщ IуэхущIа-пIэу щытын щигъэту, пащтыхьыдзэм и гукъыдэжхэр пхагъэкIыным хуэлажьэ зэгухьэныгъэ зэрыхъуар. Апхуэдэ Хасэми арэзы ищIыртэкъым урыс тепщэгъуэр. Пащтыхьыдзэм и унафэм щIэт гъащIэм езэгъынкIэ Iэмал иIэтэкъым зэгуэр лъэпкъыр хуиту зэрыщытар ягу къэзыгъэкIыж политикэ Iэмэпсымэм и цIэр зекIуэххэныр. Аращ Къэбэрдейм пщы-уэркъ зэхуэсышхуэ щызэхашауэ зэи иужькIэ хъыбар къыщIэмыIужар.
- ЧЭРИМ Марианнэ.