ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ

2019-09-17

  • СэIэбцокъуэ  Нуриет
  • Тхыдэ Iуэтэжым  щыщ  Iыхьэ
  • Урыс пащтыхь гуащэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ дунейм зэрехыжрэ мы гъэм илъэс 450-рэ ирокъу. Адыгэ пщащэм куэд къимыгъэщIами (1544 — 1569), тхыдэм куууэ къызэрыхэнэн гъуэгуанэшхуэ щIэкIат. Абы и къекIуэкIыкIам теухуауэ ятхыжар куэд мэхъу, абыхэм ящыщу нобэ ди гуапэу фи пащхьэ итлъхьэну дыхуейт Адыгейм щыщ журналист цIэрыIуэ, тхакIуэ СэIэбцокъуэ Нуриет и тхыдэ Iуэтэжыр. «Мария. Черкешенка — царица русская» лэжьыгъэм къыхэт-ха пычыгъуэхэм къыхощ Гуащэнэ и сабиигъуэм игъуэта гъэсэныгъэм щегъэжьауэ Хэкум и зэхэгъэкIыпIэм мыхьэнэшхуэу игъэзэщIар, къэрал Iуэхум пыщIа зэрыхъуар.

  • Мцхетэ  зэрыщыIар
  • Гуащэнэ, Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и пхъур, илъэсипщI хъууэ арат Куржым и щыхьэру щыта Мцхетэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну щагъэкIуам. Къэбэрдеймрэ Куржымрэ пасэ зэман лъандэрэ зэпыщIауэ къызэдэгъуэгурыкIуэрт: экономикэ, щэнхабзэ Iуэхухэр зэдащIэрт, бийм пэщIэувэн хуей хъуами, зэгъусэт.
  • Адыгэхэр щIыпIэм и теплъэ къудейкIэ тыншу къыпхудэхьэхынукъым — езыхэм я щIыуэпсыр псысэ пэлъытэщи. Ар- щхьэкIэ Куржым, Мцхетэ къалэм я дахагъэм Гуащэнэ занщIэу ятхьэкъуащ. Бысымхэм я цIыхуфIагъымрэ гуапагъымрэ хъыджэбз цIыкIум зыхищIащ икIи и лъахэм зэрыпэIэщIэр абы нэхъ къыдигъэпсынщIащ.
  • Мыбдеж илъэс къэс уэркъ щауэ зэпеуэхэр (шууейхэр бжы яIыгъыу зэзауэрти, уанэгум къинэр текIуэу арат) щрагъэкIуэкIырт, Кавказым, Къэжэрым, Тыркум, Мысырым ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр къыщызэхуэсу. Апхуэдэ зы Iуэхум ирихьэлIат Гуащэни. Адыгэ шууей 12-р пэщIэтын хуейт апхуэдиз дыдэ хъу я хьэрхуэрэгъухэм. Къэжэрхэмрэ абыхэмрэ зыкъомрэ зэныкъуэкъуа нэужь, шэрджэсхэм бжьыпэр яубыдащ. Шэрджэс шууеитIымрэ къэжэрхэм ящыщ зыбжанэмрэ а зэныкъуэкъум фэбжь щагъуэтат. Ауэ, нэхъыщхьэрати, зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм шууей ахъырзэману, нэхъ лъэщ ды-дэу къыщалъытат убыхыпщ Дэгумыкъуэ Къаплъэн. Гуащэнэ дежкIэ ар асыхьэту лIыхъужь нэс хъуащ, иужькIи куэдрэ а Iуэхугъуэр пщащэм и нэгу къищIэувэжащ.
  • Сомтаврэ бзылъхугъэ къулъшырыфым щыпсэу Кетеванрэ Дареджанрэ Гуащэнэ ирагъэджащ, бзэхэм хагъэгъуэзат: зым латиныбзэр къригъащIэрт, адрейм — куржыбзэр. ЩIэныгъэм хуэпабгъэ пщащэ цIы- кIум нэхъуеиншэу и къэухьым хигъахъуэрт. Куржыбзэр псынщIэу къэзыпхъуэта Гуащэнэ и щэныфIагъыр псоми ягъэщIагъуэрт, уеблэмэ Картли пащтыхьыгъуэм фIыуэ къыщалъагъуну ар хунэсат, и адэ шыпхъу, куржы пщым и щхьэгъусэ Русудан тхьэIухудым и гъэфIэну зэрыщытым и гугъу умыщIыхэми.
  • ИлъэсиплIыр щIэх дыдэу блэлъэтащ. Гуащэнэ Картли пащтыхьыгъуэм зэрыщыIа пIалъэм куэд зригъэщIат, хъыджэбз цIыкIум щыгъупщэртэкъым и анэшхуэ ХьэIишэт къытригъэзэжу къыжриIэр: «Бзэр лъэпкъым и псэщ. НэгъуэщI лъэпкъым хэс цIыхум абы и бзэри ищIэн хуейщ, и хабзэхэми пщIэ хуищIыпхъэщ. ЦIыхум ищIэ бзэхэр нэхъыбэху, и псэри нэхъ къулейщ».
  • Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ.

  • Темрыкъуэ ипхъу Алтыншаш.

  • Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэрэ Иван IV и бынхэмрэ.

  • Махуэшхуэ пежьэ
  • Идар Темрыкъуэ егугъуу зыхуигъэхьэзырт ипхъу нэхъыщIэ, илъэс 14 хъуа Гуащэнэ, къызэрыкIуэжым и щIыхькIэ зэхишэну джэгушхуэм.
  • Мцхетэ зэрыщыIа илъэсхэм Гуащэнэ хъыджэбз лъагэ зэкIуж къищIыкIат, и набдзэ къурашэм зэми щIыхуфэу, зэми фIыцIафэу нэ дахитI къыщIэплъырт. И щхьэц ухуэна IувитIыр и бгым фIэкIырт, къеплъыр къехъуапсэу зыхужаIэм хуэдэ хъуат.
  • Зи гъунапкъэр нэгъуэщI лъэпкъ куэдым я щIыналъэм еуалIэ Къэбэрдейм и пщы уэлийти, Темрыкъуэ къыгурыIуэрт зэпэщIэуэм, зэгурымыIуэм хэкур фIым зэрыхуамышэнур. Ар хъарзынэу ядэгъуэгурыкIуэрт Кавказым ис лъэпкъхэм, ауэ пщыр лъыхъуэрт нэхъ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ къэралым гъунэгъу зэрызыхуищIынум. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр а зэманым зэхуаIэ хъурт, зэгъусэу зекIуэ гъуэгу зэдытехьэкIэрэ, е къан щIалэ ираткIэрэ, е я зэхуэпэжыныгъэм и щыхьэту япхъу ирагъашэкIэрэ.
  • Темрыкъуэ щIэхъуэпсырт Кавказым зы къэралыгъуэш-хуэ къыщызэригъэпэщыну. Къилъытэрт адыгэр зэкъуэмыувэмэ, лъэпкъыр зэбгрылъэлъыну.
  • Пщым и къуиплIым нэмыщI, пхъуищи иIэт: Алтыншаш, Мэлхъурыб, Гуащэнэ сымэ. Нэхъыжьыр абы щхьэгъусэ хуи- щIащ астрэхъаныпщ Бекбулат, курытыр — нэгъуей хъан Исмэхьил и къуэ Тинахъмэт. Астрэхъэн хъаныгъуэр Урысейм къыгухьа нэужь, Иван IV Бекбулэтрэ Алтыншашрэ Къасым хъаныгъуэр яритащ.
  • 1560 гъэм пащтыхь гуащэ Анастасие, Грозный Иван и щхьэгъусэр, дунейм йохыж. Мыгувэу, тхьэмахуитI нэхъ дэмыкIауэ, пащтыхьым мурад ищIащ етIуанэу къишэжыну. Лъыхъухэр зэбграгъэкIащ: Польшэм, Швецием, Кавказ КъухьэпIэм. УрысыщIым къещэ Европэм зигъэхьэзыртэкъым пащтыхьым благъэ зыкъыхуищIыну. Адыгэпщ Сибокъуи арэзы хъуакъым и пхъур Грозный Иван иритыну.
  • Пщы Сибокъу къилъытэрт урыс пащтыхьыр Кавказ КъухьэпIэм зыкIи къыхэбгъэIэбэ мыхъуну. Кавказым щынэхъ лъэпкъ ин дыдэу икIи лъэщу щыт адыгэхэм я щхьэхуитыныгъэр яфIэкIуэдынымкIэ ар япэ лъэбакъуэу ибжырт, абыхэм къищынэмыщIауи, ар зэран яхуэхъуфынут дагъыстэнхэми, шэшэнхэми, осетинхэми.
  • Темрыкъуэ нэгъуэщI еплъыкIэ иIэт. Куэд дыдэ зэлъытауэ щытыну а Iуэхум теухуауэ зэпсэлъа иужь, Шэрджэсымрэ Урысей къэралыгъуэмрэ Кърым хъаным пэщIэтынымкIэ зэуIу лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIащ.
  • Куэд дэмыкIыу 1561 гъэм Грозный Иван иратащ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ.
  • Хъыбарыр псынщIэу зэбгролъэт
  • Гуащэнэ Мцхетэ къызэрикIыжым и щIыхькIэ Темрыкъуэ зэхыхьэшхуэ къызэригъэпэщащ. Шэрджэсым и щIыналъэ псоми джакIуэ ягъэкIуащ адыгэ джэгушхуэм хэтыну къызэхуэсыну.
  • Къэбэрдеипщым ипхъу нэхъыщIэ цIыкIум и дахагъымрэ Iущагъымрэ теухуа хъыбархэр псынщIэу Хэкум щызэбгрыкIащ. Пщы лъэпкъым къыхэкIа щIалэ пажэхэм пIащIэу зыхуагъэхьэзырт джэгушхуэм я зэфIэкI къызэрыщагъэлъэгъуэнум. А джэгушхуэм ахэр щыщIэбэнынут Идар Темрыкъуэ текIуэхэм яхуигъэфэщэну игъэува саугъэтхэм: щIакIуэ хужьым, афэ джанэм, сэшхуэм. Джэгушхуэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм ящыщт адыгэ къафэхэри. Абдеж щIалэми хъыджэбзми къыщагъэлъагъуэрт я дахагъэри, зэпIэзэрытагъри, уардагъри.
  • …Къулей дыдэу хуэпауэ зи унэIутхэри зыщIыгъу цIыхуитI Гуащэнэ и цIэкIэ екIуэкI джэгушхуэм гъунэгъу къыхуэхъуащ. Абыхэм я гъусэт адыгэ шууейхэр.
  • Ахэр Иван IV Кавказым къигъэкIуа и лIыкIуэхэу Вокшерин Фёдоррэ Мякинин Семёнрэт. Абыхэм япежьащ пщы Темрыкъуэрэ и къуищымрэ: Мамсрыкъуэ, Думэныкъуэ, Бэлгъэрыкъуэ сымэ. Апхуэдэуи ящIыгъут ипхъу нэхъыжь Алтыншаш и къуэ Сэин-Болэт.
  • ХьэщIэхэм ягъэщIагъуэрт джэгум хэт хъыджэбзхэр зым нэхърэ адрейр зэрынэхъ дахэр. Ауэ, хьэтиякIуэм Темрыкъуэ ипхъу нэхъыщIэмрэ убыхыпщ Дэгумыкъуэ Къаплъэнрэ утыкум къэфэну къыщришэм, Вокшериным Мякининым зыхуигъазэри, щэхуу жриIащ: «Мис ди пащтыхьым къэшэн хуэхъунур. ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым и дахагъэм. ЕпIэщIэкIын хуейщ, апхуэдэ хъыджэбз тхьэIухуд куэдрэ дагъэсыркъым. Пщы Сибокъу дызэрыгурымыIуэфам Грознэр къигъэгубжьынкIэ хъунущ. Мыбдежи щыуагъэ щытIэщIэкIмэ, къыдищIэнур уи нэгу къыщIэбгъэхьэну шынагъуэщ».
  • ХьэщIэхэм я мурадыр а пщыхьэщхьэ дыдэм бысымым хуаIуэтащ. Пщы Темрыкъуэ махуэ зыбжанэкIэ гупсысэн хуейт. Абы Идархэ я нэхъыжьхэр зэхуишэсыну и мурадт, жаIэм едэIуэну.
  • Темрыкъуэ и анэ илъэс блыщIым щхьэдэхам илъагъурт, Гуащэнэ и ныбжьым емылъытауэ Iущыцэми, иджыри зы илъэсищ хуэдэ нэхъ мыхъуми унэм дэсыжын зэрыхуейр. Пащтыхьым щхьэгъусэ зэрыхуащIынум и хъыбарым сыт хуэдэу и гур имыкъузми, абы пщэрылъ къыщащIат и къуэрылъху гъэфIэн цIыкIум еущиену, Iуэхур зытетыр гуригъэIуэну. ХьэIишэт фIыуэ къыгурыIуэрт Темрыкъуэ а Iуэхум арэзы щIытехъуар адыгэ лъэпкъым и Iуэхур сыт и лъэныкъуэкIи иригъэфIэкIуэну зэрыарар. ИтIани, урысыпщым и пхъашагъыр зэхихати, хуейтэкъым Гуащэнэ абы иритыну. АрщхьэкIэ къэбэрдеипщ Темрыкъуэ нэхъыфI дыдэу илъа- гъуу дунейм щиIэ и пхъур щхьэузыхь хуищIыфынут Шэрджэс пщыгъуэр зы унафэм щIэту зэригъэубыда хъуным. Абы щхьэкIэ ар щIэгъэкъуэн хуэныкъуэт.
  • И адэм и мурадыр ХьэIишэт хуиIуэтащ Гуащэнэ. Хъыджэбзыр занщIэу чэсейм хуэдэу хужь хъури, и лъэр щIэхуауэ къиIущэщащ: «АтIэ, си адэм и унафэм уэри арэзы утехъуэу ара?! Нанэ гуащэ, сыт фэ къызэфщIэр? Сыхуейкъым сэ урыс пащтыхьым щхьэгъусэ сыхуэхъуну. Сыхуейкъым сэ зыми сыдэкIуэну. ИлъэсиплIкIэ сымылъэгъуа си Iыхьлыхэм гу ящысхуэжыну, ди лъапсэжь сисыжыну сыхуейщ».
  • Анэшхуэм сыт хуэдэу къемыхьэлъэкIми, унафэр ящIагъэххэти, жиIащ: «Уэ пщым урипхъущ, Гуащэнэ. Лъэпкъ Iуэхур уи щхьэ Iуэхум япэ ибгъэщыфын хуейщ. ФIыуэ егупсыс, сыщогугъ уи адэр умыгъэщIэхъуну».
  • Махуищ дэкIри, Идархэ я жэуапыр иратащ пащтыхь лIыкIуэхэм. Ауэ зы илъэскIэ хъыджэбзыр дагъэсыжыну ягурыIуащ, урысыбзэр зригъэщIэн, пащтыхь унэм и хабзэхэм зыщигъэгъуэзэн папщIэ.
  • Апхуэдэуи Гуащэнэ щашэкIэ шууей минрэ щитхурэ гъуэгум дэкIуэтэну жаIащ, и дэлъху нэхъыжьхэр зи пашэ къэбэрдей, астрэхъэн, нэгъуей, къэзакъ зауэлIхэр хэту.
  • Пащтыхьым япэу зэрыIущIар
  • 1561гъэм и бадзэуэгъуэ ма-хуэ дыгъэпсым, Гуащэнэ Москва къызэрыкIуэрэ махуитI дэкIауэ, пащтыхь Иван и цIыхухэр и гъусэу къаргъей щакIуэ дэкIащ. Ар зэпымыууэ егупсысырт и лIыкIуэхэм Кавказым къыхураха хъыбарыфIым — къыхуэгъэсыртэкъым адыгэпщым ипхъу тхьэIухуду жыхуа-Iам щыхуэзэну пIалъэр. Ауэ абы иджыри махуитI иIэт.
  • Пащтыхьым набдзэгубдзаплъэу къызэхиплъыхьащ къыдэщэкIуэну къеблэгъахэр. И нэр техуащ шы дахэ хужьым тес щIалэщIэм. Нэпкъпэпкъ псыгъуэ екIу зиIэ щIалэм уардэу зыщиIыгът шым. Ар зи гъусэу къыщIэкIар къэбэрдеипщ Темрыкъуэ и зы къуэхэм ящыщ СулътIанщ (Урысейм къулыкъу щищIэну ягъэкIуат, Черкасскэ Михаил цIэр зыфIащарат).
  • Пащтыхьым телъыджэ щыхъуащ «шагъдий» адыгэш цIэрыIуэм тес Черкасскэмрэ шы хужьыпсым пагэу тес щIалэмрэ я теплъэр. Зэми пащтыхьыр фыгъуэ мащIэ хэлъу хуеплъэкIырт бгъащхъуэ зыIыгъ а щIалэщIэм.
  • ЩэкIуэныр яублащ. Пащтыхьым унафэ итри, бэрэбанэмрэ накъырэмрэ зэдагъэжьууащ, Iэуэлъауэшхуэ къаIэтащ хьэхэмрэ шыхэмрэ. Iуэхум хуэмыхьэзыру къыщIэкIа шы хужьыр щтэри, щIалэщIэр ирихьэ-жьащ. Пащтыхьыр абы занщIэу кIэлъыпхъэращ. Грознэм зэхихащ губгъуэ щхъуантIэм илъэ-да шым тес щIалэщIэм «Самгъур!» жиIэу уафэм иутIыпща и къуршыбгъэм зэреджэр. Пащтыхьыр къэуIэбжащ, мывэм хуэдэу уафэм асыхьэту зыкъезыдзыхыу щабэу шууейм и щхьэщыгум къыщхьэщыувэжа бзур къыщилъагъум. Зы банэ макъ къыфIамыгъэкIыу шум бгъурыту жэрт щIалэщIэм и хьэ гъэсаитIри. ЩакIуэхьэхэмрэ къуршыбгъэмрэ шыр нэхъ Iейуэ ягъэщтэну пащтыхьым къыщыхъуами, илъагъурт абы хуэм зэрызищIыр. Нэхъ ипэкIэ Черкасскэ Михаил жиIэу Иван зэхихат шэрджэсхэм я щакIуэхьэхэр зэрагъасэ щIыкIэр, ауэ иджы абы а псор и нэкIэ илъагъурт. Мэз лъапэм ахэр къыщыувыIэри, щIалэщIэр шым къепсыхащ. Къыщеувэхым, абы и пыIэр щхьэрылъэтри, дыщафэ-гъуафэ хъужауэ щхьэц ухуэнаитIыр къыщIэхуащ. Хъыджэбз цIыкIуу къыщIэкIа шууейм щабэу Iэ дилъэрт и шым. СулътIан къызэрысу пыIэр къипхъуэтэжри, хъыджэбзым иритыжащ, адрейми ар псынщIэу зыщхьэритIэгъэжащ.
  • Пащтыхьыр къэгубжьати, абы пыIэр щхьэриудыжыну Iэбащ, арщхьэкIэ: «УкъызэIусыну ухэмытыт!» — жиIэри, хъыджэбзыр и сэшхуэм епхъуащ.
  • — Пащтыхь нысащIэр уэра?! ЗанщIэу укъэсцIыхуакъым. Си нэгу укъызэрыщIэзгъэхьам нэхърэ унэхъ дахэжщ, Темрыкъуэ ипхъу! УтхьэIухудщ, ауэ ущхьэзыфIэфIщ. ПщIэрэ уэ пащтыхьыр къэзыгъапцIэм иращIэр? ЯукI… Пащтыхь щакIуэм хъыджэбз хэтыну хуиткъым.
  • — Сэ лIэныгъэм сыщышынэркъым. Ари нэхъыфIщ, щхьэхуимыту упсэу нэхърэ…
  • — Лъыхъур пщIэ зыхуэтщIуи адэм деж ныщIэдгъэкIуар пщIэуэ пIэрэ уэ?
  • — Дауэ сымыщIэнрэт?! Ди шэрджэс сэшхуэхэм ущIохъуэпс, пащтыхь. Абыхэм къапэхъун дуней псом щыбгъуэтынукъым.
  • — Хьэуэ, Марие, урыс сэшхуэхэри мынэхъ Iейуэ жанщ. Сэ сызытхьэкъуар уи дахагъым и закъуэкъым. Си лIыкIуэхэм къызжаIащ уэ икIи узэрыщэныфIэр, гъэсар, губзыгъэр. Урысейр ещанэ Урым хъун хуейуэ собж сэ. ИкIи ар зэзгъэхъулIэнущ. Щхьэгъусэ пэж сы- хуейщ, си гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ сыт щыгъуи къыздиIыгъыфыну.
  • — Сэ сы-Мариекъым, атIэ сы-Гуащэнэщ. Хуэсакъ, пащтыхь, уи гурылъхэр умыцIыхум жыбоIэ.
  • Апхуэдиз пагагъэ хэлъу хъыджэбзым жэуап щитым: «Гуащэнэу ущытащ, иджы урыс пащтыхь гуащэ Марие ухъунущ. Уэ, дахэ, Гуащэ ухъун хуейуэ дунейм укъытехьащ. Ар сэращ бжезыIэр, Урысей псом и пащтыхь Грозный Иванщ», — къыжриIэжащ.
  • ЩакIуэ нэужьым
  • Пащтыхьым щакIуэ зэрыщыIар и нэгу щIэрыщIэурэ къыщIэувэжырт, псом хуэмыдэу къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ и пхъум зэрыIущIар. Езы Гуащэнэ пIащIэртэкъым Грознэм щхьэгъусэ хуэхъуну. Зэры- хуэмейр гуригъэIуэну щIэхъуэпсырти, хъыджабзаплъэ пащтыхьым деж щашэну махуэм дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа бостей шакъафэр щитIэгъэным и пIэкIэ, къащхъуафэ зыхэлъыр къыхихат. Къапщтэмэ, ар абыи зыкIи нэхъ фагъуэ щIэхъукIыртэкъым. Гуащэнэ гукъыдэж мы Iуэхум зэрыхуимыIэм Алтыншаш гу щылъитэм, гузавэри и шыпхъу цIыкIум еущиящ: «Си нэхунэ, уэ езыр уIущыцэщ. Дауи, тыншкъым уи Iуэхур, ауэ псом япэу узэгупсысын хуейр уи лъэпкъым узэрыхуэщхьэпэнырщ. Уарэзыуэ псалъэ птащи, абы уепцIыж хъунукъым. Кавказым пщIэ щызиIэ пщым урипхъущ, абы ухуэфэщэн хуейщ. Дуней псом и унафэщI нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зым и щхьэгъусэ ухъунущ. Ар цIыху Iущщ. Куэдым ухуигъэсэфынущ. Зыщумыгъэгъупщэ пащтыхьым къыхуэна сабий зеиншитIым гулъытэ яхуэпщIын, уахуэсакъын зэрыхуейри».
  • Гуащэнэ нэщхъейт, ауэ апхуэдэу зихъунщIэжыртэкъым, зэрыпIейтеяр щхьэщыкIат.
  • 1561 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м Гуащэнэ чристэн диныр Успен къулъшырыфым къыщрагъэщтащ, Марие-Магдаленэ и щIыхькIэ а цIэр иратащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм Москва дэт члисэхэм я тхьэгъэуш мини 5-м я зэщIэжьыуэ макъымкIэ щыхьэрым щыпсэухэм хъыбар ирагъэщIащ урыс пащтыхь Иван Грознэмрэ Черкасскэ Мариерэ зэрызэрышэр. Черкасскэ унэцIэр абы иратащ, къыздикIа щIыналъэм и фIэщыгъэмкIэ.
  • Марие и губзыгъагъымрэ и дахагъымрэ и напщIэ телъти, куэдым ар къащыхъурт егъэлеяуэ пагэу. Ауэ пащтыхь гуащэр псэ мыгъуэт, нэхъ мыхьэнэншэри и гум щIыхьэу. Пэжщ, и гу пцIанагъыр абы зригъэлъагъуфыр нэхъ и гъунэгъу дыдэхэрат: и шыпхъу нэхъыжьым, и щхьэгъусэм.
  • Урыс пащтыхьым насыпы-фIэу зилъытэжырт, псэкIэ пэгъунэгъу щхьэгъусэ игъуэтати. Марие и гуапагъым къищынэмыщIа, пащтыхьым илъагъурт къэрал Iуэхухэми, езым иригъэкIуэкI лэжьыгъэми ехьэлIауэ адыгэ бзылъхугъэр чэнджэщэгъу къызэрыхуэхъуфынур, ар и гуапэ мыхъууи къанэртэкъым. Уеблэмэ, пащтыхьым Марие хуригъэщIат къэрал дамыгъэр тету дыщэ Iэлъын мыхъур. АбыкIэ Гуащэнэ хуитыныгъэ иритат нэгъуэщI къэралхэм епхауэ Iуэху гуэрхэр зэхигъэкIыну. Iэлъыным тетхат «Пащтыхь гуащэ Марие и мыхъур» жиIэу. Абы жыджэру Iуэху ядищIэрт Тыркум, Къэжэрым, Кърымым я пашэхэм я щхьэгъусэхэм, дэтхэнэри и губзыгъагъкIэ къыдихьэхырт икIи яхуитххэм, къыхуатхыжхэм я фIыгъэкIэ дунейпсо щытыкIэм ахэр нэхъ щыгъуазэ хъурт, абыкIэ ар дэIэпыкъуэгъушхуэ хуэхъурт и щхьэгъусэм.
  • Гуащэнэ щыгъупщэртэкъым и анэшхуэ ХьэIишэт зэпымыууэ къытригъэзэжурэ къыжриIэу щыта псалъэ Iущхэр: «Дунейр зейр псом нэхърэ нэхъыбэ зыщIэрщ. Акъылыр къызыхэкIыр щIэныгъэращ. Пашэр Iущмэ, унафэр еIыгъыф».
  • Грозный Иван щытхъурт пащтыхь гуащэм. Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ куржы, латин, урыс, шэрджэс, тэтэр бзэхэр ищIэрт. Пащтыхьыр къэрал Iуэхухэм гуащэм зэрыхутепсэлъыхьыр къулыкъущIэхэм ящIамэ, гузэсэнт. Къапщтэмэ, пащтыхьыр Марие и Iуэху еплъыкIэм нэхъыбэрэ щIэдэIухункIэ, тепщэ гупым ящыщхэм гуащэм хуаIэ лъагъумыхъуныгъэр нэхъ ин хъууэ арат. Абы зыри гъэщIэгъуэнагъ хэлътэкъым, сыт жыпIэжын, Иван и япэ щхьэгъусэ Анастасии апхуэдэу ахэр щыхущытакIэ?!
  • — Си щIыбагъкIэ пцIы къыптралъхьэр. Ауэ а езы епцIыжакIуэхэр хэт арэзы зыхуэщIынур?! Си япэ щхьэгъусэми, я диным зэритми емылъытауэ, темылъ тралъхьэу щытащ. БзаджащIэхэм жаIэр си фIэщ сщIыри, Анастасие и нэкIэ илъагъуу и дэлъхур езгъэукIауэ щытащ. И нэкIэ илъагъуу мыщэм ар зэпкъритхъащ, — гущIыхьэ щыхъужауэ игу къигъэкIыжырт пащты-хьым.
  • Иван гукIи псэкIи фIыуэ илъэгъуат адыгэ пщащэр. Къыщишэм егупсысатэкъым ап-хуэдэ дыдэу ар абы дихьэхыну. Мурад пыухыкIахэр иIауэ арами, иджы Марие и дзыхь къилэжьыну, езыри фIыуэ къилъагъуну хуейт.
  • Гуащэнэ пащтыхь унэм тыншыпIэ щигъуэтыртэкъым. ИщIэрт и зы лъэбакъуэми, псалъэми къызэрыкIэлъыплъыр. Хуэзэшырт Къэбэрдейм и къуршхэм, хьэуа къабзэм, Iуащхьэмахуэ. Ауэ пащтыхьым зэман иIэтэкъым а псом ар къыхишыну. Иван щIэхъуэпсырт къэрал лъэщ иухуэну, гъуазджэ, къалэухуэ, архитектурэ я лъэныкъуэкIэ къаруушхуэ бгъэдэлъыну. Ар дуней псом пащтыхь цIэрыIуэ щыхъуну хуейт, Селим Езанэм, тырку сулътIаным, и къэралыгъуэм ещхьу къару хэлъу.
  • — ДыкIуэнт, Марие, уи Iыхьлыхэм я лъахэм, бгыхэм, тенджызым. Сэ унафэ сщIащ абы быдапIэ щаухуэну. А щIыр дяпэкIэ дыдеинущ. Къыщызгъуэтыну пIэрэ абы пэжу къызбгъэдэтын цIыхухэр, сэрэ Урысеймрэ хуэлэжьэну? — и гупсысэхэмкIэ пащтыхьыр дэгуашэрт и щхьэгъусэм…
  • Дыщэидэ
  • Гуащэнэ и Хэкум щыхуэзэшым дыщэидэ ищIырт. И пэш блынхэм фIэлъ алэрыбгъухэр абы дыжьын IуданэкIэ хиды-кIат. Абыхэм язым теплъагъуэрт Iуащхьэмахуэ и теплъэр. Псоми ягъэщIагъуэрт пащтыхь гуа-щэм и IэдакъэщIэкIхэр.
  • Ар гуапэу, щабэу ябгъэдэтт и щхьэгъусэм и бынитIми, яхуэсакъыпэт, езыри сабий иIэну пэплъэрт. Бзылъхугъэр куэдрэ егупсысырт апхуэдиз зэхэгъэжрэ зэпэщIэуэныгъэрэ здэщыIэ къэралым зыри зимылажьэ цIыху куэд зэрыщыхэкIуадэм, уеблэмэ, пащтыхь быну зэрыщытми емыплъу, щхъухькIэ сабииплI зэрагъэлIам, езы пащтыхь гуащэ Анастасии апхуэдэ кIэух зэриIам. Сыт атIэ къыпэплъэр хамэ лъэпкъ къыхэкIа Марие?
  • Тхьэгурымагъуэу ялъытэу щыта Блаженный Василий дунейм щехыжым иужьрей дыдэу къэхъуну жиIауэ щытам пащтыхьыр зэрытегузэвыхьым щыгъуазэт Марие. Иванрэ Анастасиерэ я къуэхэр (Иванрэ Фёдоррэ) я гъусэу абы и деж щыщIыхьам, и псэм еджэу здэщылъым Фёдор къеплъри жиIат: «Укъэзылъхуахэм я щIэиныр зылъысынур уэращ. Уэращ къыкIэлъыкIуэ пащтыхьыр».
  • Абы жиIар къэхъуат, ауэ Гуащэнэ ар къищIэну къыхуиухатэкъым. Марие дунейм ехыжа нэужь, пащтыхьыр къызэрыгубжь хабзэм хуэдэу ирихьэлIэри, и къуэ нэхъыжьыр IэщIэукIауэ щытащ…
  • Мариерэ Иванрэ я къуэ Василий дунейм къыщытехьар 1563 гъэращ. Ауэ гъащIэ кIыхь иIакъым, мазитI фIэкIа мыхъуу, ар щхъухькIэ ягъэлIащ. Нэхъ и пэкIэ къуиплI щIилъхьэну къызыхуихуа пащтыхьми Марии гуауэшхуэ къатепсыхат.
  • …Пащтыхь гуащэм фIэфIт и закъуэу Кремлым и жыг хадэм къыщикIухьыну, и гупсысэхэм дуней щIэращIэр щIигъэдэIуу. Ауэ пащтыхьым ар Марие къыхуидэртэкъым, нэхъ и гъунэгъу цIыхубзхэр къыбгъуры-тын хуейт. Иджыпстуи арат, бзылъхугъэхэр и ужьым иту къакIуэрт, и псэхугъуэр къызэпаудыным мащIэу тешыныхьу.
  • Марие и гупсысэхэм гур якъузырт. Илъэси 8 дэкIащ шэрджэс пщащэмрэ урыс пащтыхьымрэ псэгъу зэрызэхуэхъурэ. Илъэсий хъуауэ урыс пащтыхь гуащэщ ар! Ауэ мащIэ хьэзаби ишэчын хуей хъуа абы, сыт хуэдиз бзаджагъэрэ гъэпцIагъэрэ и нэгу щIэкIа?! ЦIыхухэр зыхэ-хуэ насыпыншагъэр ядимыгъэпсынщIэфынумэ, сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ ар зэрыгуащэм?! Куэд и щхьэм щыкIэрахъуэрт Гуащэнэ.
  • Лъы умыгъажэ
  • Пащтыхьым гупсысэ куухэр къытегуплIэрт. И щхьэгъусэ тхьэIухудыр щIалэ дыдэу и псэм еджэрт. Илъэс 25-рэ хъуа къудейщ. ЕтIуанэ щхьэгъусэр IэщIэкIырт Иван IV. Апхуэдэ зы гуауэм къыщыхэкIым, Марии хуэхъумэфакъым абы. Пасэ дыдэу и вагъуэр ужьыхащ. Анастасиерэ абырэ зэщхьтэкъым. Марие цIыхубз пагэт, Iущт, щэныфIэт, уечэнджэщыну нэхъыфI уигъэлъыхъуэнт. Ахэрат пащтыхьым Марие нэхъ лейуэ пщIэ щIыхуищIыр. Бзылъхугъэм и гур якIэрыпщIат Иван и бынхэми, анэ пэлъытэ яхуэхъуат: Иван илъэс 15 хъуащ, Фёдор — 11. Тыншу щытакъым Марие и гъащIэр. Урыс пащтыхь гуащэм и тажыр «банэу» къыхущIэкIат.
  • Пащтыхьыр пIэм хэлъ Марие бгъэдыхьащ, лъэгуажьэмыщхьэу хуетIысэхри, уэсят иIэмэ еупщIащ. «Лъы умыгъажэ», — къиIущэщащ Гуащэнэ.
  • КъыщIыхьащ Марие и дэлъху Михаил. ЩIалэ лъагэ зэкIужым зэрыIуплъэу, Марие и нэгу къыщIэувэжащ Къэбэрдейм я пщышхуэу и адэ Идар Темрыкъуэ. «Си адэм, си анэм, псоми схуажеIэж зэи ахэр зэрысщымыгъупщар» — къарууэ иIэр зэхилъхьэжри, къыдришеящ пащтыхь гуащэм.
  • ЗэзыдзэкIар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
  • «Мария. Черкешенка — царица русская»
  • тхылъым къитхыжащ.