Зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэн
2021-04-17
- «Дыщалъхуа щIыналъэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр (International Day for Monuments and Sites) гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ телъыджэхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и ассамблеем (ICOMOS) къыщищтащ. Абы кърикIуащ щэнхабзэм и щIэин щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 18-м дуней псом щыгъэлъэпIэныр.
- Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуащхьэхэм, къалэжьхэм, кхъэлъахэхэм цIы-хубэ хозяйствэм ехьэлIа хуэIухуэ-щIэхэр щемыгъэкIуэкIыным, абыхэм гъавэ щемыгъэщIэным хуэгъэза унафэ 1924 гъэм СССР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссариатым къыдигъэкIауэ щытащ. Ауэ илъэсипщI дэкIри, 1934 гъэм, къэралым хозяйствэ ухуэныгъэхэм зэрызыщаубгъуам къыхэкIыу, япэрейр зыкъутэж унафи щыIащ.
- 1976 гъэм Совет Союзым тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымрэ ахэр къызэрыбгъэсэбэп хъуну щIыкIэмрэ теухуа хабзэ къыщащтащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар гъащIэм зэрыщыхапщэ щIагъуэ щымыIэу нобэрей зэманым дыкъэсащ. Зэрыщытыр аращи, хабзэм еба- къуэхэм ткIиягъ хэлъу ябгъэдыхьэркъым, Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэр зы- лэжьхэм яхуэгъэзауэ щыIэ унафэхэр дахэ-дахэу ягъэзащIэркъым, абыхэм къытемыкIхэри мащIэ дыдэщ. Тхыдэм пыщIа щIыпIэхэм, фэеплъхэм, мэз гуэрэнхэм, зэрахуэфащэм хуэ-дэу, щысхьыркъым. «АбыкIэ къуаншэ щыIэ?» — жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, щы-Iэщ, ауэ апхуэдэхэр жэуапым щрашалIэр мащIэ дыдэщ.
- ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Европэм щыIэ къэралхэм абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ. Абыхэм блэкIам пщIэ зэрыхуащIым и щапхъэщ, тхыдэм и щIэину къалъытэ щIыпIэ дахэхэр, фэеплъхэр зэрыщытам хуэдэу ди нэгу къызэрыщIагъэувэжыным зэрыхущIэкъури, щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэхэр зэхэлъыкIэу яIам зэрыхуагъэкIуэжри. Псалъэм папщIэ, Инджылызым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ, «Iэпэ зылъамыгъэIэсам хуэдэу», нобэр къыздэсым щахъумащ, Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуарэ зэкIэлъыхьауэ кърагъэкIуэкIа «Адриан и къуэтIыхь» шытхыр. Километри 117-рэ зи кIыхьагъ, щIым къыхэха «блыныр» зи унафэкIэ зэтрезыгъэтхъуауэ щытар Римым и император Адриан Публийщ, къэралыгъуэ абрагъуэм и ищхъэрэ гъунапкъэхэр къыхуэмыгъэдаIуэ лъэпкъхэм ящихъумэн папщIэ.
- Тхыдэм пыщIа щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ я махуэр хэзыгъэунэхукIахэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжар, зэрыгурыIуэгъуэщи, щэнхабзэм и щIэину дунейпсо мыхьэнэ зиIэхэм хуэсакъынымрэ хъумэнымкIэ лэжьыпхъэхэм жыла- гъуэм гулъытэ нэхъыбэ хуегъэщIынырщ.
- Мы махуэм ирагъэкIуэкI хабзэщ дяпэ итахэм щэнхабзэм и щIэину къытхуагъэнахэр хъумэн зэрыхуейм щытепсэлъыхь зэхыхьэхэр, экологхэр щызэIущIэ конференцхэр, тхыдэм пыщIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр. Уеблэмэ, зи гугъу тщIы Iуэхур дэзыIыгъхэм языныкъуэ музейхэм цIыхухэр пщIэнщIэу щIагъэхьэ, адрей махуэхэм зэхуэщIа архитектурэ комплексхэм я куэбжэхэр хузэIуах.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, щэнхабзэ щIэин теплъэ зиIэ щIыпIэу мин бжыгъэ итщ. Абыхэм ящыщу 425-р къэрал тхылъхэм иратхащ, 76-р археологием и хъугъуэфIыгъуалъэщ, 321-р тхыдэм и щIэинщ, 40-р гъуазджэм пыщIащ, 74-р архитектурэм и къулеигъэщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.