Иорданием щыпсэу адыгэхэм я мэкъумэш щIэкIэр (1878 — 1978 гъгъ.)
2019-11-14
- (КIэухыр.ПэщIэдзэр №135-м итщ).
- Вэнымрэ жылэ хэпхъэнымрэ
- Ар бжьыхьэкIэм, япэрей уэшхыр къешха иужь, яублэрти, епщыкIутIанэ мазэм и кIэухым нэс екIуэкIырт, пасэуи гувауи вэхэр-сэхэр щыIэт. ХэбгъэкIасэмэ, лэжьыгъэр гугъу дыдэ хъурт. ЩIымахуэ жьапщэ щIыIэм жэщ ныкъуэм укъэтэджу, узэрывэну уи былымыр бгъэшхэн, псы ебгъэфэн хуейт, вакIуэ удэкIын ипэ. Губгъуэ нэщI фэхум загъуэрэ къуэкIыпIэ жьапщэ щIыIэ дыджыжь къыщыкъуэурт, уи Iэпэлъапэхэр къигъэщтрэ къызэгуичу, уэшхри уридэкIуеину къежэхыу. Ауэрэ махуэ псокIэ губгъуэм уитынти, шэджагъуэ нэужьыфIым укъэкIуэжынт, уи унагъуэ Iуэхухэм иужь уихьэн, уи вабдзэ буIун, уи пхъэIэщэ укIэлъыплъын хуэдэу.
- Хэнымрэ гъасэ къишыжынымрэ
- ДжэшхэкIхэр къафыщIыжыныр накъыгъэ мазэм и кIэуххэм щIадзэрти, хьэмым кърахьэлIэжырт. ИтIанэ гуэдз-хьэхэр Iэрэ гъубжкIэрэ, Iэтэ цIыкIу-цIыкIуурэ зэтралъхьэнт, гъасэ къишыным хуэгъэхьэзырауэ.
- А хэнри гугъуагъкIэ вэным къызэрыкIэрыху щыIэтэкъым, мынэхъ леймэ. Махуэ еным дыгъэ жьэражьэм тхыбыIушэу ущылэжьэнри мащIэкъым, абы ищIыIужкIэ хьэпщхупщри гъудэ-бадзэри еужьэрэкIыу я Iуэху зэращIэным иужь итт.
-
- Мэкъумэшым и Iуэнымрэ и къехьэлIэжынымрэ
- Мы Iуэхугъуэм гъасэ къишыжыныр зэраухыу и ужь ихьэхэрти, бадзэуэгъуэ мазэм яухырт.
- ЯпэщIыкIэ мэкъумэшыр хьэмым тракъухьырти, мыIув-мыпIащIэу, былым зэкIэрыщIакIэ зэхаутэрт, зэтес хъуху. ИтIанэ дуанкIэ яIуэжырт, дуанхэм е мывэ щтауч, е гъущI хьэдзэ халъхьэрт. Абы и ужькIэ самэшхуэу зэтратхъуэжырти, якIыщтэжыным иужь ихьэхэрт. КIыщтэн яуха иужь, къэпхэм иракIутэжырт.
- Пщалъэу зэрахьэм зэреджэр «мэсхьт», ар сагъитI ирокъу. «Сагъыр» килограмми 6,5-м нэс гъавэ пщалъэ цIыкIут. Гъавэ самэ зэтратхъуэжам уеувалIэу «сагъ дапщэ къипщыну пIэрэ?» жып- Iэу ухэплъэныр яфIэтелъыджэт, ядэртэкъым, «фIыкъым» жаIэрти къыпхуэхъущIэхэрт. Ари пасэрей адыгэхэм я нэщэнэу щытащ. Гъавэр щапщкIэ бжыгъэцIэхэр жаIэртэкъым, ягурэ я псэрэ етауэ фIэщыгъэ защIэкIэ Iэпэдэгъэлэл хэмылъу япщытэрт. БжыгъэцIэхэм я пIэкIэ мыхэр зэхэпхынт: «Алыхь уэхьд» — «зыр Алыхьырщ». «ТIу» жаIэным и пIэкIэ «ма лэхьу сани» — «етIуанэ, гъусэ зимыIэр» жаIэрт. «Хы» бжыгъэцIэм и пIэкIэ «ситрэк, я рэб» — «уи нэIэ, я ди тхьэ» жаIэрт. «Блы» бжыгъэцIэм и пIэкIэ «сэмхь» жаIэрт — «хьэлэлыгъэ, гупыкIышхуэ» кърагъэкIыу. Ахэр адыгэхэм хьэрыпхэм къыпа-ха хабзэхэм щыщу аращ.
- Гъавэр сагъ 20-25 — рэ зэрыхуэ къэпхэм иракIутэжа нэужьым махъшэ-шыд чырэкIэ я унэхэм, я гъавалъэхэм ирашэлIэжырт.
- Адыгэ мэкъумэшыщIэхэр я былымхэм фIыуэ егугъухэрт, хэхауэ выхэмрэ шыхэмрэ лей ирахыртэкъым, ягъафIэрт, гъэфIэцIэхэри фIащхэрт. Iэщ-былым бэзэрхэм, Амман, Ирбит, КъунейтIрэ (Джолан — Сирием) нэсхэрт, нэхъыфI хэдэ ящIу, къащэхуа иужькIи зэрыхуейм хуэдэу ягъасэхэрт.
- ЗэманыфIкIэ адыгэхэр мэкъумэшым езыр-езыру елэжьахэщ, мы щIыпIэм исхэм бжыгъэкIэ ебэкIыу щыщытам. Ауэ еджапIэхэр къызэIуаха нэужь, адыгэ щIалэ-гъуалэр щIэныгъэм хущIэкъуу, еджапIэхэм щIэтIысхьэу хуежьэри, лъэпкъитIым зэхыхьэу щIадзащ. Иордание тепщэгъуэр къызэфIэува иужь, адыгэхэр лэжьакIуэхэм хуэныкъуэ хъуащ. Абы къыхэкIыу, вакIуэу хьэрыпхэр къащтэн щIадзащ.
- Апхуэдэурэ илъэсым мазипщIыр екIуэкIырт. Къэна мазитIыр къэшэн-унагъуэ ухуэным, нэгъуэщI зэкIэлъыкIуэн-зэлъихьэн Iуэхугъуэхэм текIуадэрт.
- А лэжьыгъэхэм бзылъхугъэхэри унагъуэ Iуэхум къыдэкIуэу къыщыхэувэ къэхъурт.
- Адыгэхэм зэдэIэпыкъун IуэхукIэ щIыхьэхухэр ирагъэкIуэкIырт, сыт и лъэныкъуэкIи я лъэкIыныгъэхэмкIэ зэхьэрхуэрхэрт. Зыгуэрым зэраныгъэ къеуалIэмэ, щIэпхъаджагъэ гуэр къэхъумэ, псори зэхыхьэурэ зэдэIэпыкъухэрт.
- Адыгэхэм а зэманхэм хэхъуэу яIа закъуэр я мэкъумэш лэжьыгъэрт, зыхэпсэукIри арат. Гъэ еным зыхуей-зыхуэныкъуэхэр тыкуэнтесым щIыхуэу къыIахырт, гъавэр Iуахыжа нэужь, япшыныжырт. ЩIыхуэу къащтэ хабзэр: фошыгъу, шей удз, фэтыджэн, тутын гъэлъэлъа, ар зыкIуэцIашыхьын тхылъым-
- пIэ, къалэм, тетрадь, щэкIыщхьэхэр. ИужькIэ ахъшэр куэд хъури, зэрахуейуэ зэрагъакIуэ хъуащ.
- Гъавэр бэв щыхъухэм деж, зыхуей-зыхуэныкъуэхэр хаха иужькIэ, къанэр шыд-къыдырхэм я щIыб илъу Иерусалим, Наблус, Палестинэм яхьырт, е Дамаск мафIэгу-кIэ яшэрти къахъуэжырт. Гъэмахуэ хадэхэкIхэм ящыщу яшхынумрэ бжьыхьэ-щIымахуэм хуагъэтIылъынумрэ зэрагъэзэхуа нэужь, къэнахэр зэбграхырти ящэрт.
- Мы лъэхъэнэм и иужьрей илъэсхэм адыгэхэм я нэхъыбэм я щIым щыщ куэд яфIэкIуэдащ. Зы Iыхьэр щIыхуэм ихьащ, адрейр унагъуэ зэгъэпэщыным текIуэдащ. Нэчыхьым уасэшхуэ телът — динар 350-рэ. Ар мэкъумэшыщIэм дежкIэ ахъшэшхуэт, арати, щIы ящэрти, щхьэгъусэ къашэрт. Ауэ иужькIэ, 1952 гъэм, адыгэ лIыщхьэхэр зэхыхьэри, нэчыхьыпщIэр динари 150-м нэс кърагъэхауэ щытащ.
- Ещанэ лъэхъэнэр
- Мы лъэхъэнэу адыгэхэм я мэкъумэш щIэныр щыхэкIуэдэжар лIэщIыгъуэм и тхущI гъэхэм щыщIедзэри, блыщIхэм нос. Иужьрей адыгэ унагъуэу и мэкъумэш Iэмэпсымэхэр зыгъэтIылъыжар Уадисир щыщ Рэджэб Ахьмэд Iэюбрэ абы и къуэшхэу Мухьэмэдрэ Хьэмидрэщ. Ар къыщыхъуар 1979 гъэрщ.
- Мы лIэщIыгъуэм и хыщIрэ тху гъэхэм ирихьэлIэу мэкъумэшым зэрелэжь машинэхэр зэрагъэпэщат, щIэуэ къежьа Iэмэпсымэхэ- ри зэрахьэрт. А псоми мэкъумэшыщIэр игъэтыншырт, и лэжьыгъэр псынщIэу кърихьэлIэжырти. Ауэ абыхэми къызэтрагъэнакъым лIэщIыгъуэ енкIэ зызыужьа мэкъумэш щIэныр. Ар щIыдэхуэхыжам и щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунущ:
- Иужьрей илъэсхэм мэкъумэш лэжьыгъэм къыпэкIуэр мащIэт, щIыгулъри нэхъ тIэщIа хъуат. И пэм зы гуэдз сагъым сагъ 20-30-рэ къихьыжырт, иужькIэ ар сагъи 10-м хуэкIуащ.
- ЛэжьакIуэхэр мащIэ дыдэ хъуащ, я чырапщIэхэри фIыуэ дэуеят.
- ЩIалэгъуалэм еджэным, къулыкъу нэхъ псынщIагъуэхэм зратащ.
- Унагъуэ зэхэкIыным щIы Iыхьэ зэхэлъыр игуэшырти, Iыхьэ цIыкIу-цIыкIухэу зэпкърылъэлъыжырт.
- ХыщI гъэхэм я пэщIэдзэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэкIэ адыгэхэм щIы щэныр къахэзэрыхьауэ щытащ. Илъэс блыщIхэм и кIэуххэм щIы щэныр зы бэлыхь гуэру куэд хъугъат, щIым и уасэри фIы дыдэу дэкIуеят. Арати, адыгэхэм я щIы Iыхьэхэм я процент 80-р ящащ.
- ЩIы Iыхьэ мащIэу нобэм къахуэнэжахэр зыгуэрхэм хьэхуу ялэжь, къыпэкIуэм и Iыхьэ щанэр щIыр зейм ирату, ауэ ар щIым къытехуэ къуэдым хурикъу-хуримыкъущ.
- Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.