Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр
2020-08-22
- Адыгэхэр урысхэм нэIуасэ яхуэхъуу, Урысейм и унафэм хэгъэгум хуэмурэ зыщиубгъун зэрыщIидза щIыкIэм уриплъэжмэ, гу лъыботэ хасэмрэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ зэрызэдэлажьэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къызэрыздишам.
- Къэбэрдей пщы уэлийхэм (пщышхуэ, пщы-тхьэмадэ) ятеухуауэ япэу зыгуэр къыщытIэрыхьэр XVI лъэхъэнэм тепсэлъыхь Iэрытххэмрэ лъэпкъхэр зэрызэтепщIыкIыр къэзыгъэлъагъуэ дэфтэрхэмрэщ. Абыхэм къыхохуэ, псалъэм папщIэ, пщышхуэ къалэныр зыхьынур Мэзкуу къыщагъэлъагъуэу, ар Къэбэрдейм къабыл щащIыжын хуейуэ зэрыщытар. КъызэрыбгурыIуапхъэр — Мэзкуу къыщыхалъхьа жэрдэмыр зыдэн-зымыдэн политикэ Iэмэпсымэ Къэбэрдейм зэрыщыIарщ икIи абы и хьэтыр Мэзкуу щалъагъуу зэрыщытарщ.
- Архив дэфтэрхэм щыгъуазэ дызэращIымкIэ, а зэман жыжьэм щегъэжьауэ пщышхуэу къагъэлъагъуэр езым и фIэфIыныгъэкIи нэфI-нейкIи хахыу щытакъым, ахэр пщы Инал къытехъукIа лIакъуэм щыщу зи чэзум къылъысу арат. Япэрауэ, тетыгъуэр къызылъыс лIакъуэр зэхагъэкIырт, итIанэ а лIакъуэм пщышхуэу щытыну зыхуэфащэр къыщыхахыжырт.
- Адыгэ тхыдэм къыхощ пщы къудамэхэр КIэс жыхуаIэ Инал и адэжьым деж къызэрыщежьэр. Дэфтэрхэм зэрыжаIэмкIэ, пщышхуэ къалэныр а КIэсым къытепщIыкIа лIакъуэм (Инал и щIэблэм) щызэIэпахырт, икIи ар адэм къыбгъэдэкIыу къуэм Iэрымыхьэу, къуэш нэхъыжьым къыIэщIэкIмэ, къуэш нэхъыщIэм Iэрыхьэу къекIуэкIащ. Абы къыхэкIыу, пщышхуэ къалэныр зы лIакъуэм зэманыфIкIэ ирихьэкIынкIи хъунут.
- ГъэщIэгъуэн дыдэщ «Къэбэрдей лъэпкъыр» («Описание кабардинского народа») зыфIаща, 1748 гъэм дунейм къытехьа лэжьыгъэм Къэбэрдейм унафэр зэрыщызэIэпахым теухуауэ къиIуатэр:
- «Къэбэрдей лъэпкъыр нобэр къыздэсым Инал зи цIэ пщы закъуэм и унафэм щIэту Бахъсэнрэ абы пэгъунэгъу псыежэххэмрэ я Iуфэхэм щыпсэуащ. Инал къуитху иIащ. Я адэр дунейм ехыжа нэужь, зэкъуэшитхум къэбэрдей лъэпкъыр тху иращIыкIащ. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, нэхъыщхьэ дыдэу щытыр зэкъуэшхэм я нэхъыжьырт, ар дунейм ехыжмэ, абы къыкIэлъыкIуэу нэхъыжьыгъэр къызылъыс и къуэш нэхъыщIэм тепщэ къалэныр къыIэрыхьэрт. Къуэш имыIэмэ, унафэр зыIэрыхьэр езым и къуэ нэхъыжьырт. Дунейм ехыжа я адэм адрей и къуэхэр а нэхъыжьыгъэр зылъысам и жьауэм щIэту псэун хуейт, зыхэпсэукIыпхъэр тепщэгъуэр зылъыса я къуэш нэхъыжьым къариту, езыхэри абы и жыIэм щIэту.
- Зы лъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, ныбжькIэ е укъызыхэкIам елъытауэ, пщышхуэу ущытын къалэныр къыплъысмэ, зэфIэкIат. Ауэ зи чэзу къэсу апхуэдэ хуитыныгъэ зыгъуэтхэри лъэпкъпсо зэхуэсым, абы къикIыр — Хасэм — къабыл щащIын хуейт, абы щхьэкIэ «Къэбэрдейпсо хасэ» зэхуашэсырт.
- Псалъэм папщIэ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, 1589 гъэм пщышхуэ къалэныр зыхуэфа- щэ хъуар абы и къуэш нэхъыщIэ Жансэхъут. Абы теухуауэ урыс дэфтэрым къыщокIуэ: «Абы [Жансэхъу] пщыгъуэр Мэзкуу къыщратат, ауэ Къэбэрдейм ар къабыл щащIакъым». ИужькIэ Жансэхъу унафэр къызэрыIэрыхьам къегъэлъагъуэ Iуэхум зэрызихъуэжар. ИтIани, Адыгэ Хасэм Мэзкуу къыщыдэкI унафэр къабыл имыщIыну хуиту зэрыщытам абы зэфIэкIыу иIам и инагъыр къыбгурегъаIуэ.
- Пщыгъуэр лъэпкърэ лIакъуэкIэ, укъызыхэкIа елъытакIэ къыплъысу щыта щхьэкIэ, уи япэ итыр лIэмэ, тахътэм занщIэу уашэу утрагъэтIысхьэу зэрыщымытам и щыхьэту къоув пщышхуэр щыхахым деж «Къэбэрдейпсо чэнджэщ» зэхашэу зэрыщытар.
- Апхуэдэ «чэнджэщхэр» урыс дэфтэрхэм япэу къыщыхэувэр 1589 гъэрщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къетыкъуэ Жансэхъу тепщэгъуэр къызэрыIэрыхьарщ. Дэфтэрым къыджеIэ, Жансэхъу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжь Аслъэнбэч и бынхэри, езым ейхэри, и къуэш-шыпхъу бынхэри, езы лъэпкъри и гъусэу Къэбэрдейм щызэхуэса пщыхэм зэрахуэзам. КърабжэкI цIэ-унэцIэхэм къахощ Мамстрыкъуэр, Уэщкъаныр, Къундетыр, Хъуэтыр. Абыхэми щIыналъэм ис адрей уэркъхэми абдежым псалъэ щатащ пащтыхьым и бийхэр езыхэм я бийуэ къалъытэу, ягъэпэжу бгъэдэтыну.
- Къэбэрдей тхыдэм уриплъэжмэ, пщы-уэлийм и пщIэм щыхэхъуа лъэхъэни щыкIэрыхуаи къыхуихуащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ шынагъуэ ящхьэщымыту, езыхэр нэхъ ефIакIуэу щыщыта зэманым щхьэж лъабжьэ быдэ зэрищIыным хущIэкъурт. Абы щыгъуэм Хасэми пщы уэлийми я хьэтырыр нэхъ цIыкIут. Бий щамыIэм деж, къэбэрдеипщхэр езыхэр зэпэувыжырт, зи акъыл зэтехуэ зыбжанэм езыхэм къагуэмыхьэр хэкум щрагъэIэпхъукI къахуихуэу. Апхуэдэ дыдэу, тетыгъуэм щIэхъуэпс пщыр къыщхьэщыжын къилъыхъуэу хамэ къэралхэм щыкIуи къэхъурт. Ахэр я щхьэусыгъуэу къэбэрдей пщы къудамэхэм Урысейм щыгугъ лъэныкъуэрэ (Бахъсэнхэр) Кърымым щыгугъкIэ (Къэщкъэтаухэр) загуэшауэ щытащ. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыр Хасэращи, а тхыдэ напэкIуэцIым зедгъэубгъункъым. Гу зылъытапхъэ закъуэр 1763 гъэм, Мэздэгу быдапIэр щаухуа лъэхъэнэм пщIондэ, Хасэшхуэм ипэрей къарур зэрыбгъэдэмылъыжарщ.
- ИтIани, жыIапхъэщ пщы уэлийм и къарумрэ Хасэм и хьэтырымрэ зэпхауэ къызэрекIуэкIар: зыр дэкIуеймэ, адрейри абы кIэлъэщIыхьэрт. Ар щыхьэту къоув Хасэр пщым и уна-фэм епха зэпыту, езыми ар и унафэр зэрыпхигъэкI Iэмэпсымэу къигъэщхьэпэу къызэрекIуэкIамкIэ.
- Сыт хуэдэ къэралыгъуэу Къэбэрдейр зэрыщытар?
- 1807 — 1808 гъэхэм Къэбэрдейм щыIа Клапрот Юлиус етхыж: «Мыбы щызекIуэ къэралыгъуэ лIэужьыгъуэм цIэ фIэсщынщ жыпIэмэ, абы зэреджапхъэр «пщы-уэркъ республикэщ (республиканско-аристократический строй). Абы куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым 1818 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIам тепсэлъыхьыж Де Мариньи Тёбу жиIэр: «Шэрджэсейр пщы зыбжанэ щытепщэ феодальнэ республикэщ».
- 1810 гъэм Кавказым щыIа Броневский Семён къызэщIэубыдауэ Кавказым щызекIуэ унафэ зехьэкIэм и гугъу щищIкIэ, жеIэ: унафэ щIыкIэ лIэужьыгъуищри — монархие, аристократие, демократие — Кавказым щызокIуэ, ауэ абы псори щызэхыхьэжащ, псом хуэмыдэу япэ ититIыр.
- Адыгэ щIэныгъэлIхэм я гупсысэр Клапротрэ Де Мариньирэ я Iуэху еплъыкIэм тохуэ. Ауэ «аристократ республикэ»-кIэ щIыналъэм ущеджэфынур абы унафэр пщы-уэркъхэм я закъуэ щызэрагъакIуэмэщ. ЩытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэ къигъуэтыфащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Броневский Семён: «Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ пщы лъэпкъихым я унафэ щIэтщ, дэтхэнэ зыри и щIыналъэм щытепщэу, ауэ псори зы щIыналъэм зэрыхиубыдэм и нэщэнэу, унафэр зэхуэсышхуэхэм щызэIэпах».
- Хасэ лIэужьыгъуэхэр
- Я унафэр здынэсым елъытакIэ, хасэхэр зэщхьэщыкIыу щытащ. XVIII лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм ипэ лэжьа хасэхэм я лъэужьым дриплъэжмэ, гу лъыдотэ абыхэм Iуэху нэхъ цIыкIу дыдэм деж щегъэжьауэ лъэпкъ псом къыпэщылъхэм нэс щызэфIахыу зэрыщытар. Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр я унафэр здынэсым елъытауэт. Псалъэм папщIэ, урыс пащтыхьым, хьэмэрэ кърым хъаным деж лIыкIуэ ягъэкIуэн е ямыгъэкIуэн унафэр къэзыщтэну хуитыр пщыгъуэ щхьэхуэм и Хасэрт (удельная хаса), ауэ абы и унафэр зыгъэзэщIэну къызытехуэр езым къедзахэрт, зэры-Къэбэрдеишхуэу абы едэIуэну я къалэнтэкъым. Псоми ягъэзэщIэн хуейр Къэбэрдейпсо Хасэм и унафэм и закъуэт.
- Нобэрей дунейм зыщытплъыхьмэ, ХасэкIэ йоджэ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, Тэрч, Дзэлыкъуэ, Аруан, Бахъсэн, Шэджэм щIыналъэхэм къедза зэгухьэныгъэ нэхъ цIыкIухэми, адыгэ здэщыIэ хамэ къэралхэм щылажьэхэми. Абы пхуегъэщхьынущ пщыгъуэ-пщыгъуэкIэ гуэшауэ XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм щылэжьа хасэ лIэужьыгъуэхэр.
- Пщыгъуэ щхьэхуэхэм я хасэхэм нэмыщI, иджыри пщы зыбжанэ зэгухьэу гуп щхьэхуэ зэрыгъэхъуамэ, абыхэми Хасэ щхьэхуэ яIэжт. Хасэ лIэужьыгъуэхэр мыпхуэдэ щIыкIэу ягуэшу щытауэ хуэбгъэфащэ хъунущ:
- 1) пщыгъуэ щхьэхуэм и кIуэцI щызэхыхьэ Хасэ;
- 2) пщыгъуитI зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
- 3) пщыгъуищ е нэхъыбэ зэгухьар щызэхыхьэ Хасэ;
- 4) Къэбэрдейпсо, е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, Къэбэрдеишхуэ Хасэ.
- Тхыдэ дэфтэрхэм а псори къызэрыхэщыр «хасэшхуэ» («общая хаса») мыхьэнэм тетущ. АпхуэдэцIэ абыхэм щIыфIащар а зи гугъу ящI пщыгъуэм е щIыналъэм хыхьэ псори къызэрекIуалIэм щхьэкIэт: ар пщыгъуэ щхьэхуэми, пщыгъуищу зэхэт зэгухьэныгъэми, Къэбэрдеишхуэ Хасэу щытми.
- Ахэр къащхьэщыкIырт нэхъ зэхуэс цIыкIуу, Iуэху пыухыкIа гуэр щхьэкIэ зэхашэ, пщыхэм я уэркъхэр къраджэу щечэнджэщу щытахэм. Ауэ а «чэнджэщ цIыкIухэми» хасэшхуэхэм ещхьу заубгъужырт:
- 1) зы пщыгъуэм и кIуэцIкIэ;
- 2) пщыгъуитI зэгухьам я чэнджэщ;
- 3) пщыгъуищ зэгухьам хыхьэхэм я зэхуэс цIыкIу;
- 4) Къэбэрдеишхуэм и чэнджэщ цIыкIу.
- Къэбэрдейпсо Хасэр хабзэ къыдэзыгъэкI унафэ щIапIэ нэхъыщхьэт (высший законодательный орган). Абы къекIуалIэ пщыхэм пщышхуэу къыщыхахам хабзэр цIыхубэм ялъигъэIэсын къалэн ихьырт (высшая исполнительная власть).
- ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа пщыгъуэ щхьэхуэхэм щызэхашэ хасэхэм я гугъу пщIымэ, пщырэ уэркъыу я щIыналъэ Iыхьэм исыр къезышэлIэну хуитыр пщы-тхьэмадэм и закъуэт. Апхуэдэ «Хасэ щхьэхуэхэм» я щапхъэу къэплъытэ хъунущ 1767 гъэм мэлыжьыхьым и 4-мрэ и 11-мрэ Рослъэнбэч Хьэмырзэрэ Бомэт Мысострэ Псыжь адрыщI Iэпхъуэу, кърым хъаным и унафэм щIэувэну зэрызагъэхьэзырым тепсэлъыхьыну зэхыхьа Хасэр. Абы унафэ къыщащтат а Iуэхум Iэмал зэриIэкIэ пэщIэувэну.
- 1763 гъэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-псо Хасэ щызэхуашэса щхьэусыгъуэу тхыдэм къыхэнащ 1753 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 6 пщIондэ зэхэтар: япэщIыкIэ Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуакум дэт Хьэлышыбг къуэм деж, иужькIэ — Тохъутэмыщей (иджырей Чернэ Речкэ) деж. Абы щыгъуэщ Къэбэрдейр IыхьитI зэрищIыкIыу, Бахъсэнхэмрэ Къэщкъэтаухэмрэ я зэхуакум Шэ-джэм псыежэхыр гъунапкъэу дэтыну унафэ къыщащтар.
- 1739 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIа Белград зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр а къэралитIым я зэхуаку дэт гъунапкъэ хуэдэу ягъэуват. Абы къикIыр хэгъэгур къэралитIми щымыщу зэрыщхьэхуитырт. А Iуэхум Къэбэрдейпсо Хасэм и мыхьэнэми и къаруми хигъахъуэрт. Ауэ, зэрыхъу хабзэу, лъэныкъуэкIэ узыхуэсакъын бий зэрыщымыIэм къыхэкIыу, хэкум и кIуэцIкIэ къаугъэхэр къыщыхъеирейт. Апхуэдэу щыт пэтми, зи къару хэзыгъахъуэу лъэпкъпсо уна-фэм хэщхьэхукIыну мурад зыщI пщыгъуэхэм ар хуагъэдахэу щытакъым. Езыхэми, ирагъэлеймэ, Къэбэрдейм зэрырахуфынур ящIэрт. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, хамэ къэралыгъуэхэр лъэпкъ Iуэхум къыхэIэбэху, зэры-Къэбэрдейуэ зэрыубыдыным, зэгурыIуэным щхьэхуимыту ирихулIэрт. А къаруитIыр щызэдэлэжьауэ жыпIэ хъунущ Урыс-Кавказ зауэм ипэкIэ екIуэкIа Къэбэрдей хэгъэгу политикэм.
- Хасэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм теухуауэ
- Пщыгъуэ щхьэхуэхэм, зэгухьа гупхэм ирагъэкIуэкI хасэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр щызэхуэсыну щIыпIэм теухуауэ унафэр къэзыщтэ хабзэр а къудамэхэм тхьэмадэ яхуэхъу пщы нэхъыжьырт. Къэбэрдейпсо Хасэр щызэхыхьэну щIыпIэр къыхэзыхыну хуитыр пщы-тхьэмадэрт. Нэхъыбэм апхуэдэ щIыпIэр езы пщы-тхьэмадэм иубыд щIыхэм храгъэубыдэрт. ИтIанэми, Хасэр къуажэхэм, псэупIэхэм нэхъ япэIэщIэу зэрырагъэкIуэкIыным яужь итт.
- Пщыгъуэхэр зэныкъуэкъуу щыщыта лъэхъэнэм абы и щхьэусыгъуэр пщыхэр псори зэхуагъэдэн, зым адрейм нэхърэ Iэмал нэхъыбэ лъамыгъэсын щхьэкIэт.
- 1747 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м Къызбрун къуэм деж щекIуэкIауэ щытащ пщыгъуищу зэхэт гупым я зэхуэсышхуэ. Абы пщы нэхъыжьу къекIуэлIахэт: Бэчмырзэ Батокъуэ, Кургъуокъуэ Бомэт, Къетыкъуэ Жамболэт. Зытепсэлъыхьынур кърым хъаныр щIэмыарэзы гуэрт.
- КъыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр щекIуэ- кIауэ щытащ а Къызбрун дыдэм деж 1748 гъэм и мазаем. Утыку илъыр Кургъуокъуэ Бомэтрэ Къетыкъуэ Жамболэтрэ щэхуу, Бэчмырзэ Батокъуэрэ адрей пщыхэмрэ щабзыщIу, Кърым хъаным тхыгъэ зэрыхуагъэхьарт. Урысейр къатеуэ хъумэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Къэбэрдейм зэрырахуам теухуауэ хъаныр зэгупсысым щIэупщIэнырт я мурадыр. Зэхуэсыр зэчэнджэщын къудей папщIэ щызэхашэм дежи, ар губгъуэм зэрыщрагъэкIуэкIыным хущIэкъухэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей езым и уэркъхэмрэ Анзорхэ я уэркъхэмрэ яхуэзэн папщIэ, 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м зэхуишэса Хасэр.
- Хасэр губгъуэм зэрыщрагъэкIуэ-кIым и щхьэусыгъуэхэм язт ар цIыхухэм нэхъ япэжыжьэху, ущэхупхъэр яущэхуну Iэмал нэхъ зэраIэр. Абыи къегъэлъагъуэ а зэманым Къэбэрдейм зэгурыIуэшхуэ зэримылъыжар, зы пщыгъуэм адрейм дзыхьыш-хуэ хуищIу зэрыщымытар. Пщышхуэм, пасэ зэманым ещхьу, унафэ ищIкIэ зэфIэкIыртэкъым, зэбий лъэныкъуэхэр арэзы щIыгъуейт.
- ПсэупIэхэм япэIэщIэ щIыпIэ къыхаха нэужь, ар цIыхумрэ шымрэ яшхын-ирафын щагъуэтын хуэдэу къыщIэкIыным хущIэкъухэрт. КIуэ, къуажэ кIуэцIхэм щызэхуэси къахуихуащ. Псалъэм папщIэ, 1748 гъэм щэкIуэгъуэм и 27 — 29 махуэхэм ХьэтIохъущокъуэ Къэсей Джылахъстэнейм ирахун унафэр къыщащтам щыгъуэ, зы гупым хэт пщыгъуищыр Бэчмырзэ Батокъуэ и унэм щызэхуэсауэ щытащ. А Iуэху дыдэр къыщаIэтауэ щытащ Къанбэчыкъуэ къуажэм 1748 гъэм дыгъэгъазэм и 15 — 28 махуэхэм. Ауэ мыбдежым гу лъытапхъэщ, Хасэр къуажэ кIуэцIым щащIа щхьэкIэ, ар Къэбэрдеишхуэм фIыуэ пэIэщIэ Джылахъстэнейм зэрыщекIуэкIар.
- Хасэм хыхьэ къудамэхэр зэрызэдэлажьэу щыта щIыкIэр
- ЗэрыжытIащи, Адыгэ Хасэр къудамэ зыбжанэу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр. Дауэт зы къудамэм къищта унафэр адрейхэм яIэрыхьэу зэрыщытар? ИщхьэкIэ зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян зэритхыжымкIэ, Хасэм и къудамэхэр зэлъэIэсын папщIэ, лIыкIуэ щхьэхуэхэр хахыу щытащ, езыхэм я къудамэм и кIуэцI къыщащта унафэр адрейхэм гурагъэIуэныр я къалэну.
- Псом хуэмыдэу а хабзэм мыхьэнэ щиIэт зэпэщIэт гупхэм я зэхуакум лъэныкъуитIыр щIызэдауэ, ауэ зэгурымыIуэу щIэмыхъуну Iуэху гуэр къыдэхъуэмэ, сыту жыпIэмэ, я псалъэ зэжьэхэуэмэ, асыхьэтым ужьыхыжа къаугъэ гуэр къэхъеижу, лъыгъажэм щIидзэжынкIи хъунут. Апхуэдэ лъэпкъпсо зэхуэсхэр зэрекIуэкIам теухуа дэфтэр мымащIэ тхыдэм къыхэнащ, абыхэм урыс офицерхэр кIэлъыплъакIуэу зэрыхэтам къыхэкIыу.
- 1753 гъэм Шэджэм пэгъунэгъуу Бэчмырзэхэ я кхъэм деж щрагъэкIуэкIа зэхуэсым майорхэу Барковский И., Татаров П. сымэ зэрыхэтам топсэлъыхьыж: «Жэпуэгъуэм и 10-м Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ щыщ пщыхэр уэркъ гупыфI я гъусэу зэхуэсхэри, щхьэж езым и телъхьэ- хэр и гъусэу, щхьэхуэ-щхьэхуэу зэхэсахэщ».
- ЛIыкIуэ зыбжанэ — уэркъитI-щырэ зы бейгуэлрэ — зым адрейм хуигъакIуэурэ, щхьэж езыр зытемыкIынур адрей лъэныкъуэм лъигъэIэсырт. Гу лъытапхъэщ апхуэдэ «хъыбарегъащIэ» къалэныр цIыху къызэрымыкIуэ дыдэхэм фIэкIа дзыхь хуащIу зэрыщымытам. Апхуэдэ цIыхухэр Къэбэрдейм щекIуэкIми абы Iуэху зэрыщызэрахьэ щIыкIэми хэт нэхъри нэхъыфIу зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, хамэ къэрал къикI кIэлъыплъакIуэ- хэм ахэр зэрыдашэхыным иужь итхэт.
- Хасэр щрагъэкIуэкIыу щыта зэманыр
- Хасэр щызэхуашэсыр лъэпкъыр щытыкIэ гугъу щихуэхэм дежт икIи абы хэтхэр сыт хуэдэ сыхьэти къраджэнкIи зэрыхъунур гурыIуэгъуэт. Ауэ Iуэху блэкI щымыIэмэ, зэхуэсхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм я чэзум, махуэшхуэхэм, щакIуэ кIуэгъуэхэм, мыугъурлыуэ къалъытэ махуэхэм зэрытрамыгъэхуэным иужь итхэт.
- Езы Хасэм текIуадэ зэманым и гугъу пщIымэ, ар мыпхуэдэ щIыкIэу игуэшырт:
- 1)къекIуэлIахэр утыку кърахьа, зытепсэлъыхьын хуей Iуэхум щыгъуазэ ящIыныр;
- 2)Iуэхум тепсэлъыхьыныр;
- 3)унафэ къащтэныр;
- 4)къащта унафэм тетыну тхьэ зэхуаIуэныр.
- Зыхуей хуэзауэ ирагъэкIуэкI Хасэр нэхъыбэм махуищ-плIым зэфIэкIырт.
- Пащтыхьыгъуэм лъэпкъыр зэкъуегъэху
- 1763 гъэм иужькIэ къэбэрдей пщыгъуэхэр зэкъуэмыувэу щIэмыхъун щхьэусыгъуэхэр наIуэ къызэрыхъуам къыхэкIыу, я зэхущытыкIэми зихъуэжащ. Ар Хасэхэр щызэхуашэс щIыпIэми, зэрырагъэкIуэкI щIыкIэми хыболъагъукI. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, зэпэщIэт гупитIым я зэхуакум дагъэува гъунапкъэхэри хабзэ ткIийхэри фIыуэ къэтIэсхъат. 1767 гъэм Шэджэм деж, Бэчмырзэхэ я кхъэм пэгъунэгъуу, щекIуэкIа лъэпкъпсо зэIущIэм, Бахъсэн гупымрэ Къэщкъэтау гупымрэ я зэхуаку биигъэ дэлъу зыщIыпIэ дежи къыщыхэщыжыркъым.
- XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм урыс пащтыхьыгъуэм къэбэрдей цIыхубэр зэкъуигъэхун мурадыр пхигъэкIын щIидзакIэт. Абы лъэIэсын папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ кIуэ пэтми нэхъ гуащIэу зэрызэфIигъэнэным иужь итт. «Къэбэрдей уэркъхэм, — хуетх фельдмаршал Потёмкин Григорий корпусым и нэхъыщхьэ Теккели Пётр, — пщыхэм зэрахуэмыарэзыр ябзыщIыркъым. Абыхэм хуащI гукъанэхэр апхуэдизкIэ инщи, зыхуейр къыхуамыщIэмэ, дяпэкIэ жаIэр ямыгъэзэщIэну, атэлыкъ хабзэм тету пщыхэм я бын зыпI яхэтмэ, ахэри иратыжыну унафэ къащтащ. Зыгуэр а унафэмкIэ арэзы мыхъумэ, уэркъ псори зэхыхьэу апхуэдэм и лъапсэр зэтракъутэну зэгурыIуахэщ».
- Апхуэдэ унафэ къащтэн папщIэ, япэрауэ, зэры-Къэбэрдейуэ зэхуэмысу хъунутэкъым. ЕтIуанэрауэ, зи лъапсэм псы ирагъэжыхьыжынур пщыхэратэкъым, уэркъ Хасэм и унафэм арэзы темыхъуэ уэркъхэрт. Абы къигъэлъагъуэр зыщ: уэркъхэм нэхъыбэ дыдэу пщыхэм иращIэфынур — емыдэIуэнырт, армыхъумэ, Iэщэ яIэщIэлъу абыхэм япэувыныр Iэмал зимыIэт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а зэманым иджыри пщым и пщIэр кIуэдатэ- къым, абы зэраныгъэ епщIылIэнри ягъэдурысыртэкъым.
- Теккели и нэгъуэщI тхыгъэм къы-хощ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрызэхуэсар икIи зы лъэныкъуэр адрейм иджыри зэрыхуэмыарэзыр. Дэ гу зылъывэдгъэтэну дызыхуейр абдежым щызэрахьэ унафэхэр утыку къыщипхьэфыну щытар Къэбэрдейпсо Хасэрауэ зэрыщытырщ. ЗэфIэна лъэныкъуитI зэгъэкIужын къалэныр и пщэ дэзылъхьэжу щытари апхуэдэ хасэшхуэхэрщ.
- Хасэмрэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэмрэ
- Къэрал зызыужьахэм я тхыдэм уриплъэмэ, гу зылъыптэр зыщ: лъэхъэнэ гуэрым зэрылъэпкъыу щIызэкъуэувэн щхьэусыгъуэ ягъуэта нэужь, абы и хьэтыркIэ, зэпэщIэтхэм зым адрейм худичыхын щIедзэри, хэгъэгу щIыбкIэ къебгъэрыкIуэ шынагъуэм лъэпкъыр быдэу зэрегъэубыд. Апхуэ-дэ щхьэусыгъуэу адыгэхэм къахукъуэкIауэ щытащ 1863 гъэм Мэздэгу деж урыс быдапIэ зэрыращIыхьар.
- 1860 гъэхэм лъэпкъым и пащхьэ къиува къалэныщIэхэм Iуэху бгъэдыхьэкIэр ямыхъуэжу мыхъуну ищIащ. Иджыри къэс Урысейр Къэбэрдейм «къыщхьэщыжу» зищIа къудеймэ, иджы абы лъэпкъыр и унафэм щIигъэувэну мурад ищIат, щIыналъэр езым ищIхэм хигъэхьэну пабгъэрт.
- Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдын шынагъуэ къызэрыувам Хасэм иджыри къэс имыIа къалэн- хэр къыхуигъэувырт. 1763 гъэм ипэкIи адыгэпщхэм къахукъуэкIырт щIызэгухьэн щхьэусыгъуэхэр, ауэ а илъэ-сым щегъэжьауэ ар икIэщIыпIэкIэ гъэзэщIэн хуей пщэрылъ яхуэхъуат.
- Абы ипэкIэ апхуэдэ щхьэусыгъуэ къащыхуихуам щыгъуэ, къэбэрдей-хэм зэкъуэту 1708 гъэм Кърым хъаным и дзэр зэтракъутауэ щытащ. Абы иужькIэ Къэбэрдейм къудамитIу зигуэшри, зы лъэныкъуэр — Кърымым, адрейхэр — Урысейм щыгугъыу къекIуэкIащ. 1753 гъэм екIуэкIа зэхуэсым, зэрытщIэщи, а къудамитIыр зэрызэгуэкIар хабзэкIэ къащтат. Ауэ илъэсипщI дэкIа нэужь, къэбэрдей адыгэхэр щыхьэт техъуэжащ бий ущиIэм деж узэкъуэувэу Хасэмрэ пщышхуэмрэ уедэIуэн зэрыхуейм.
- 1764 гъэм щIышылэм и пэм пщы къудамитIри зэхуэзэри, Мэздэгу быдапIэр зэраухуам теухуауэ унафэ къащтэн зэрыхуейм тепсэлъыхьащ. Ахэр зэкъуэувэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Мэздэгу зэрафIэкIуэдар Къэбэрдейм пщыуэ исым зэран зэрахуэхъурт.
- 1765 гъэм аргуэру лъэныкъуитIым зэхуэсышхуэ ящIри, Мэздэгу быдапIэр зэрыIурагъэхыжа хъуным теухуауэ кърым сулътIаным хуагъэхьа тхыгъэм къыпэкIуа жэуапым тепсэлъыхьащ. Хъаным бдэ мыхъун фIэгъэнапIэ къапиубыда нэужь, урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ягъэкIуэну мурад ящIащ. Мыбдежми зэпэщIэт къудамитIыр зэгъусэу щызэдэлэжьащ. Пщышхуэм хэти едэIуэн зэрыхуейр псоми яфIэкъабылт. Абы и щапхъэу, 1867 гъэм зэхуэсахэр ХьэтIохъущокъуэ Къэсей и унафэм щIэувэнымкIэ зэакъылэгъу хъуахэт. Пщышхуэр Хасэм и акъылэгъуу зэрыщытым къыхэкIыу, псоми ятеухуа унафэ къищтэну Iэмал игъуэтырт.
- Пащтыхьыгъуэр адыгэпщхэр зэкъуиудыным зэрелIэлIар
- 1763 гъэм щегъэжьауэ зэкъуэувэн щIэзыдза адыгэпщхэм ахэр зэбгъэдэзыш къарухэри къахыхьэн щIадзащ. Абы и щхьэусыгъуэр пащтыхь унафэм апхуэдэ мурад зэриIэрт, адыгэпщхэр зэгуримыгъэIуэныр и зэрыпхъуакIуэ Iэмал щэхуу зэрыщы-тырт. 1770 гъэм и жэпуэгъуэм капитан Гастотти М. хамэ къэрал Iуэхухэм- кIэ министерствэм чэнджэщ ирет: «Iэмал зэриIэкIэ, адыгэхэм я зэхуаку къаугъэхэр къыщыгъэхъеин, дэ дыхуей мыхъуауэ пщы къудамитIым зэкIужыну Iэмал емытын». Хабзэ зэрыхуэхъуауэ, Урысейм нэхъ къарууншэу фэ зытет лъэныкъуэм зыщIигъакъуэ зищIурэ, ар адрейм иригъэныкъуэкъурт. Кърым хъанхэми ящIэр ардыдэрат. Абы укъыфIэкIмэ, пщы-уэркъхэмрэ къызэрыкIуэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я зэхуаку къаугъэ далъхьэнри пащтыхьыгъуэм къы- хилъхьа IэмалыщIэхэм язт. Апхуэдиз зэгурымыIуэныгъэр хуэм-хуэмурэ Къэбэрдейм и хуитыныгъэр фIэзыгъэкIуэдыфын щхьэусыгъуэ хъурт.
- Хасэмрэ шэрихьэт зэщIэхъееныгъэмрэ
- Хасэр къудамищ зэрыхъуар ефIэкIуэныгъэу щыта щхьэкIэ, къэбэрдей цIыхубэм зэкъуэхун щIидзакIэт, абы къыхэкIыу, а зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэми лъэпкъым и гъащIэм зэгурыIуэныгъэ къыхилъхьэфыртэкъым.
- 1769 гъэм къэбэрдейхэр генерал Де Медем Иоганн и унафэ щIэт дзэхэм езэуащ. 1774 гъэм Тыркумрэ Урысеймрэ зэращIылIа Къайнэрджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и Iыхьэу ягъэуват. Абы и жэуапу къэбэрдейхэм жаIащ: «Дэ зэи Урысейм и унафэ дыщIэтакъым, Грозный Иван пащтыхьым Iуэху гуэр дэтщIами, дэ абы ныбжьэгъугъэ хабзэкIэ дыдекIуэкIауэ аращ, армыхъумэ и пщылIу зэи дыщытакъым».
- Къайнэрджи ЦIыкIу зэгурыIуэныгъэм Къэбэрдейм и хуитыныгъэр щхьэщихыпатэкъым, ауэ хамэ къэралхэм зэрадекIуэкI хабзи, зэрызихъумэж Iэмал хэха гуэри здимыIэм, хэгъэгур Урысейм щыгугъыу къигъанэрт.
- А псом Хасэм и лэжьэкIэми лъэужь къытримынэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Лъэпкъым унафэ зехьэпIэ щхьэхуити хуитыныгъэ нэгъэсаи зэримыIэм Хасэми и къарур щIихащ. Зэрызэкъуэувэрэ илъэсипщI фIэкIа дэмыкIауэ, къудамищу зэхэт Хасэм щыщ пщы-уэркъхэмрэ мэкъумэшыщIэ щхьэхуитхэмрэ зэныкъуэкъужын, фейдэкIэ зэпеуэн щIадзахэщ.
- Адыгэ цIыхубэр фIыуэ зэзыгъэцIыхуа пащтыхь администрацэм гугъу зригъэхьын хуеижтэкъым и унафэр пхигъэкIын щхьэкIэ, сыту жыпIэмэ, иджыри къэс лъэпкъыр зэдаIуэу щыта Тэтэрхъан Жанхъуэти, Бомэт Мысости я нэхъыжьыгъэм хьэтырышхуэ иIэжтэкъым.
- Лъэпкъыр апхуэдэ щIыкIэу зэкъуагъэхуа нэужь, пащтыхьыгъуэм и Iэмалхэм нэхъри щIикъузэну мурад ищIащ. 1793 гъэм абы утыку кърихьащ «лъэпкъ хейщIапIэхэр». Абыхэм къэбэрдей гъащIэм къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэр щызэпкърахырт, уна-фэ къыщащтэрт, тезыр щытралъхьэрт. Абы къикIыр зыт — иджыри къэс лъэпкъыр зытета хабзэхэр мылэжьэжыну арат. Псалъэм папщIэ, «къэбэрдейхэр хуиттэкъым: щIыналъэм и унафэщIым имыщIэу хэкум икIыну; ялъ ящIэжыну; хьэщIэ къыдогъэблагъэ жаIэу щIэпхъаджащIэхэр ягъэпщкIуну; лIыгъэкIэ зэпеуэн щхьэкIэ зэхуэсыну; хейщIапIэхэм унафэ къамыщтауэ зэIущIэ ирагъэкIуэкIыну».
- Абдеж щегъэжьауэ Къэбэрдейм щылажьэ цIыхубэ зэхэтыкIэр зэтезыIыгъэ хабзэхэм лъэлъэжын щIадзащ. Псом хуэмыдэу, зэхуэсыну зэрыхуимытым къигъэлъагъуэрт Къэбэрдейм и хуитыныгъэр къэгъазэ имыIэу зэрыIэщIэкIыр. Лъэпкъыр апхуэдизкIэ къигъэгубжьат а унафэми, 1794 гъэм Iуэхур къызэщIэхъееныгъэм хуэкIуэ-ри, къызэщIэгъэстакIуэу къалъыта ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрийрэ Хьэмырзэ ХьэтIэхъущокъуэрэ Екатеринослав губернием ирырагъэшауэ щытащ.
- Абдеж гурыIуэгъуэ щыхъуат Урысейр къызэрыпэщIэтри, Къэбэрдейм и щхьэм фIэкIа зыщыгугъын зэримыIэри. Лъэпкъыр зэрызыгъэубыдыжын къарууэ диныр къалъытэри, 1798 гъэм лъэхъуэщым къикIуэсыкIыжа ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий пашэ зыхуэхъуа шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм гъуэгу игъуэтащ.
- Иджыри къэс урыс хейщIапIэхэм адыгэ хабзэр пэщIагъэувэну хэтамэ, иджы лъэпкъыр зыщыгугъыр шэрихьэтыр зи лъабжьэ хабзэрт.
- Муслъымэн диныр, зы лъэныкъуэкIэ, лъэпкъыр зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэувэн Iэмэпсымэ хъуат, адрей лъэныкъуэмкIэ — цIыхубэ гъащIэр куэд щIауэ зыхуэныкъуэ зэхъуэкIыныгъэхэм гъуэгу къытехьэну Iэмал яритырт. Шэрихьэт зэщIэхъееныгъэм и мурадыр урыс хейщIапIэхэр игъэкIуэдыжу дин хабзэкIэ лажьэ судхэр зэфIигъэувэжыным и закъуэтэкъым — лъэпкъым хуэщхьэпэну унафэщIэхэр къащтэну я мурадт, псалъэм папщIэ, пщыхэмрэ уэркъхэм-рэ хуитыныгъэкIэ зэхуэдэ ящIы- ныр.
- Пащтыхьыгъуэм и тIасхъэщIэххэм яз Кнорринг Карл итхырт: «Сэ сыщыгъуазэщ а щIалэ псынщIэхэр КъурIэным теIэбэу, зытеувам къытемыкIыну тхьэ зэраIуар, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэхуэдэ ящIыну зэрамурадыр. «Сыт Франджым къыщащтар дэри къатщтэ щIэмыхъур?» — жаIэ абыхэм. Уэркъ куэд япщхэм къабгъэдэкIыу абыхэм зэрагухьэри уолъагъу».
- Чэрим Марианнэ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).