ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ щIэблэр зауэлI IэщIагъэхэм хуагъасэу зэрыщытар

2021-04-10

  • Кокиев Георгий (1896 — 1955) Кавказми Урысейми фIыуэ щацIыху осетин тхыдэдж къудейкъым, бгырыс республикэхэм щыпсэухэм ящыщ япэ тхыдэ щIэныгъэлIщ, профессорщ.

  • Профессор Кокиев Георгий

    Хэлъэт зиIэ дэтхэнэ цIыху къызэрымыкIуэми ещхьу, Кокиеври IэщIэкIакъым «лъэпкъым и бийхэр» зыгъэкIуэд жаншэрхъым. «Совет гъащIэр зэтрикъутэну» пабгъэ хуэдэу нэщIыбагъкIэ кIэщIэтхыхьхэри, щIэныгъэлIыр лъэхъуэщым ирадзауэ щытащ, и псэр щыхэкIари гъэрыпIэрщ. Къэралыгъуэм и ней къыщыхуа нэужь, абы и лэжьыгъэхэр тхылъ хъумапIэхэм къыщIахыжауэ щытащ.

  • Гува-щIэхами пэжыр зэрытекIуэ хабзэм тету, щIэныгъэлIым еныкъуэкъуахэр щIым щIэкIуэдэжри, езым и цIэ лъапIэр лъагэу яIэтыжащ.
  • Нобэ ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ пасэрей адыгэхэм я щIэблэр зэрагъасэу щыта щIыкIэм Кокиевыр щытепсэлъыхь и тхыгъэр.
  • Адыгэжьхэм  я
  • шыфэлIыфэр
  • Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэм деж щыпсэуа лъэпкъ гупым язу къалъытэ, тхыдэкIэ пасэрей синд-кэркэт-зыхьэхэм ирапх адыгэхэр я зэуэкIэ IэзагъымкIэ, зэрахьэ хабзэмкIэ цIэрыIуэт.
  • Пасэрей тхыдэдж, Дамаск щыщ Николай (ди лъэхъэнэм ипэ I лIэщIыгъуэм псэуащ) къэбэрдей-шэрджэсхэм я адэжьхэм я щэныфIагъыр здынэсу щытар къигъэлъэгъуэн папщIэ, етх: «Кэркэтхэм щIэпхъаджагъэ гуэр зыIэщIэщIар тхьэлъэIупIэм бгъэдагъэхьэртэкъым». Зи цIэр тхыдэм имыхъума нэгъуэщI зы тхакIуэми (ЦIэимыIуэ Арриан — ди лъэхъэнэм ипэкIэ V лIэщIыгъуэ) щыхьэту къоув: «Кэркэтхэр захуагъэм тет лъэпкъ щэныфIэщ».
  • Нэхъ убгъуауэ адыгэ хьэлыр къегъэлъагъуэ хьэрып тхыдэдж Масуди. Ар топсэлъыхь «кэркэтхэр хьэлкIэ зэрыщабэм», иджыри жеIэ: «Мыбдежым щылъ хэгъэгухэм абыхэм я цIыхухъухэм нэхърэ фэ нэхъ зытет, нэхъ нэгу зэхэлъыкIэ екIу, пкъы къудан зиIэ яхэткъым».
  • Пасэрей тхакIуэхэм зи гугъу ящI адыгэхэм я теплъэ екIумрэ цIыхугъэмрэ XIX лIэщIыгъуэм псэуа тхыдэджхэри топсэлъыхь. Абыхэми кэркэтхэм, иджырей адыгэ-шэрджэсхэм я адэжьхэм, далъагъур ардыдэращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, XIX лIэщIыгъуэм псэуа дзэ тхыдэджхэм ящыщу дзыхь нэхъ зыхуэпщI хъуну Броневский Семён «адыгэхэр гуапагъ зыхэлъ, гукъэкI зиIэ лъэпкъ акъылыфIэу, езыхэр жьэнахуэхэрэ шхэнрэ ефэнкIэ ирамыгъэлейуэ, ныбжьэгъугъэр ягъэпэжу» щытауэ етх.
  • Нэхъ гъэщIэгъуэныжщ пасэрейхэми иджырей тхыдэджхэми адыгэ-шэрджэсхэм я зауэлI Iэзагъым, абыхэм къызыкъуах хахуагъымрэ IэкIуэлъакIуагъымрэ теухуауэ къаIуэтэжхэр. ХьэлкIэ щабэу, зэпIэзэрыту зэрыщытым къыдэкIуэу, адыгэлI щыпкъэр хахуэт, лIыгъэ хэлът, бийм щысхьыртэкъым. Куржы усакIуэ цIэрыIуэ Руставели Шота «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» и поэмэм хэт лIыхъужьхэм ящыщу бийм хуэгъэза гущIэгъуншагърэ худэмычыхыныгъэрэ зыдилъагъур зыхьэм и закъуэщ. Зыкъэзытын зымыдэ бийм теухуауэ адыгэхэр шэч хэмылъу гущIэгъуншэт, щысхьи яIэтэкъым. Ауэ зыкъэзытахэми гъэр ящIахэми ахэр зэрахущытыр нэгъуэщIут. Тамбий Аслъэнбэч илъэситIкIэ гъэру иIыгъа урыс офицерым (1836 — 1838) етхыж: «Пхъашэу къызэрысхущымытыным иужь итхэт, хьэщIэм кIэлъызэрахьа хабзэхэмкIи къызбгъэдэтт».
  • Пащтыхьыгъуэм и зауэлI тхыдэдж Дубровин-генералым и нэм илъагъур здихьын щимыщIэм, зыкъиумысын хуей хъуащ адыгэхэм зауэлI Iэзагърэ щэныфIагърэ зэрадилъэгъуамкIэ. «Хахуэу къигъэщIахэу зэрысабийрэ шынагъуэм пэщIэтын хьэл зиIэ адыгэхэм зыщытхъужыным егъэлеяуэ зыщадзей. Езым зэрихьа лIыгъэм  адыгэр зэи тепсэлъыхьыжыртэкъым, зэрыфIэемыкIум къыхэкIыу, игъэIунуи хущIэкъуртэкъым. Нэхъ щауэ хахуэ дыдэхэм шыIэныгъэ яхэлът: щэхуу псалъэхэу, зэрахьа лIыгъэмкIэ замыгъэщIагъуэу, тэджу япэ къэсыр ягъэтIысын хьэзырхэу, зэдауэ гуэр къэ-хъуами, я псалъэр пхагъэкIыным хущIэмыкъухэу. Ауэ, ягъэпудамэ, уафэхъуэпскIым хуэдэу Iэщэр къапхъуатэрти, кIий-гуоуи, шхыди, гъэшыни Iуэхум къыхэмыхьэу, къуаншэм жэуап ирагъэтыжырт».
  • Зауэ губгъуэм адыгэм хахуагъ телъыджэ къыщызыкъуихырт, и щхьэ зэребэкъуэфри нэрылъагъут. Абы жьы щIэтт, егъэлеяуи тэмакъкIыхьт. Ар и хэкум пхуемыгъэпцIыжыну хуэпэжт, и лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэм шэч закъуи къытрихьэртэкъым. Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэм адыгэм и хьэлым хипщащ ар имыхъумэу зэрымыхъунур. Аращ адыгэ джэгуакIуэхэм дунейм къытехьа сабийм тхьэ щыхуелъэIукIэ, «гъащIэ кIыхь Тхьэм уищI», «хэкур пхъумэжын Тхьэм уищI» жаIэу щIехъуэхъур.
  • Адыгэхэм зауэлI Iэзагъ къащIыдэгъуэгурыкIуэм щхьэусыгъуэ иIэщ. Абыхэм я адэжьхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ алыджхэри, урымхэри, хъэзархэри, тыркухэри, нэгъуэщI хамэщI зэрыпхъуакIуэхэри къебгъэрыкIуэу щытащ. Абыхэм япэщIэтыху езы лъэпкъми и къарум зиубгъуащ. Адыгэм щысабийм щегъэжьауэ и зауэлI Iэзагъым хигъэхъуэным ирихулIэрт зыгъэпсэху имыIэу зихъумэжын зэрыхуейм, хым зэрыпэгъунэгъум и фIыгъэкIэ хыдзэлI Iэзэхэри къахэкIырт.
  • Журтхэм я пащтыхь Иродрэ император Августрэ я ныбжьэгъуу щыта, Дамаск щыщ Николай езыр къэзыгъэуIэбжь лъэпкъ гуэрхэм я хабзэхэм я гугъу ищI пэтрэ, кэркэтхэм ятопсэлъыхь икIи жеIэ: «Зыгуэрым кхъуафэжьейр зэригъакIуэурэ щыуэмэ, псори абы йоубжьытх».
  • X лIэщIыгъуэм Кавказым щыIа хьэрып тхыдэдж Масудии щыхьэту къоув адыгэхэм я адэжьхэр игъащIэ лъандэм лIыгъэрэ хы зекIуэкIэ цIэрыIуэу зэрыщытам, хьэпшыпхэр кърашэкIыу Трапезунд нэс кIуэ-къэкIуэжу хы щIыIу зэрытетам.
  • Хыр зэрапэгъунэгъум адыгэхэм я экономикэ-щэнхабзэ зыужьыныгъэри иригъэфIэкIуащ. Сатумрэ хым щыхъунщIэнымрэ я фIыгъэкIэ абыхэм зыужьыныгъэкIэ езыхэм нэхърэ нэхъ жыжьэ кIуэта лъэпкъыжьхэр — алыджхэмрэ урымхэмрэ — зрагъэцIыхуащ. Сатумрэ хым щыхъунщIэнымрэ зыр адрейм къыдэгъуэгурыкIуэу щытащ. Кхъухьым теуэ хъунщIакIуэм хамэ хьэпшыпхэмрэ гъэрхэмрэ зыIэригъэхьэрти, ахэр Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэм Iут щыхьэрышхуэм щищэрт. СатуущIыр езыр хытет хъунщIакIуэу арат а зэманым.
  • Адыгэхэм я адэжьхэр зыщыщу щыта Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэ щыпсэу лъэпкъхэм, Страбон зэрыжиIэжымкIэ, алыджыбзэкIэ «къэмэр»-кIэ зэджэ, цIыху 25 — 30 зэрыхуэ кхъухьхэр зэрахуэрт. Апхуэдэ кхъухь бжыгъэ гуэр ежьэрти, хьэпшыпкIэ узэда кхъухьышхуэхэм ятеуэрт, ящIэнур ящIа нэужь, я кхъухьхэр плIэкIэ ирахьэжьэрти, мэзым щагъэпщкIужырт.
  • Псыежэххэм, тенджызхэм я Iуфэм зэрыIусым къарит фейдэм и фIыгъэкIэ, адыгэхэр бдзэжьей ещэным, сатум, хым щыхъунщIэным хэпсэукIыу щытащ, абы къыхэкIыу, географием хащIыкIыу, хыдзэлI гъуэзэджэхэу къэгъуэгурыкIуащ. ЗауэлI IэщIагъэрэ жьэрыIэзагъкIэ цIэрыIуэу щыта урымхэм географием хащIыкIышхуэ щыIэтэкъым, хы тетын IуэхукIи куэд яхузэфIэкIыртэкъым. Арати, Iузэв-ХыфIыцIэ Iуфэ деж щаубыда лъэпкъхэм я зэфIэкIхэр къагъэщхьэпэу щытащ, псалъэм папщIэ, адыгэхэм. ГъэщIэгъуэнщ адыгэхэм я IуэрыIуатэм хым хэс тхьэ гуащэ зэрыхэтыр, «русалкэ» жыхуаIэм ещхьу къызыфIагъэщIу, ПсыхъуэгуащэкIэ еджэу. Псыхъуэгуащэм и щIыхькIэ хы Iуфэм уджышхуэ щащIу щытащ, абы иужькIэ псоми псы зытракIэрти загъэпскIырт.
  • ГурыIуэгъуэщ илъэс мин бжыгъэкIэ хы Iуфэм Iуса адыгэхэр хыдзэлI Iэзэу щымытынкIэ, географием хамыщIыкIынкIэ Iэмал зэримыIар.
  • Пасэрей  Iэщэр
  • Адыгэхэм я пасэрей Iэщэхэм ящыщт сэшхуэр, афэ джанэр, гъущI тажыр, фэмрэ гъущIымрэ къыхэщIыкIа мэIур. ИужькIэ абыхэм къаIэрыхьащ «закъуэрыуэ, иужькIэ сэшхуэр къызыкIэлъащтэ щтауч фочыр». Адыгэм и Iэщэ-фащэр зыцIыху бийм зытригъапсэ хабзэр абы и лъакъуэхэрт, сыту жыпIэмэ, ахэрат нэхъ щIэмыхъумауэ къанэр. Осетинхэм хъыбар гъэщIэгъуэн гуэр яхъумэ адыгэхэмрэ осетинхэмрэ «Арки Раг» жыхуаIэ щIыпIэм зэрыщызэзэуам теухуауэ. А зауэзэрылIым хэтыху, хъыбарым къызэриIуэтэжымкIэ, осетинхэр блэмыукIыу адыгэхэм фочышэкIэ еуэхэрт, ауэ зыри яхуещIэртэкъым. Арати, осетин гуэрым «иIэ, я лъакъуэхэм девгъауэ» жиIэри къыхилъхьащ. Абы иужькIэщ адыгэхэм хэщIыныгъэ ягъуэтын щыщIадзар. ИтIанэми, осетинхэм текIуэн щIадза къудейуэ, уэшхышхуэ къешхщ, я гыныр псыф ищIри, текIуэныгъэр адыгэхэм яхьауэ щытащ.
  • Щхьэрыгъ хъурыфэ пыIэ бэлацэм щегъэжьауэ лъейхэмкIэ иухыжу, зэманым декIуу зызыужьа адыгэм и Iэщэ-фащэр XIX лIэщIыгъуэм нэгъэсыпауэ шу зауэм хузэпэщ хъуат. Адыгэм и фочыр упщIэм къыхэщIыкIа дохъутейм илъу и плIэм идзат, напIэ дэхьеигъуэм кърипхъуэту. Фочым и къур апхуэдизкIэ зыхуей хуэзауэ щIати, шуууэ узэрыжэм хуэдэурэ уузэду, бгъауэу, уи плIэм ебдзэкIыжыну тыншт, сэшхуэр къипхын хуэдэу.
  • Сэшхуэр бийм и псэр хуIузых, адыгэм нэхъыфI дыдэу илъагъу Iэщэрщ. Ар пхъэм е лъахъстэным къыхэщIыкIа сампIэм илъ, убыдыпIэ зиIэ сэ кIыхьщ. АдыгэбзэкIэ зэреджэр «сэшхуэщ», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «сэ ин». Адыгэм и сэшхуэр жьакIэупсым ещхьу жанщ, ар зэрызахъумэж Iэщэкъым, бийм зэреуэщ. Сэшхуэр зытехуэм я нэхъыбэр абы къелыркъым. Адыгэ сэшхуэ лIэужьыгъуэхэм я нэхъыфIщ «гъурдэ», «дыгъужь» жыхуаIэхэр. «Гъурдэ» жыхуаIэхэм хьэрыпыбзэкIэ тхыгъэ тет хабзэщ, «дыгъужь» жыхуаIэм псэущхьэ щIэпхъуа тращIыхь. А лIэужьыгъуитIым щыщ сэшхуэхэр, шэч хэмылъу, фIы дыдэщ. Езы бгырысхэм Златоуст къалэм щащIа Iэщэхэр нэхъыфIу ялъагъурт.
  • АдыгэлI узэдам иджыри зы фочэщI е тIу иIыгъ хабзэт, зыпщIэхимыхыр и къамэрт. Кавказым щащIа къамэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкIыр Базалай жыхуаIэращ. IэкIуэлъакIуэм IэщIэлъ кавказ Iэщэр — Iэщэ шынагъуэщ. Абы ищIа уIэгъэр щымыкIыжыр нэхъыбэщ.
  • Фочышэхэр пхъэм къыхэщIыкIа гынылъэхэм ярылъу «хьэзыр» жыхуаIэ фэ бгъэгущталъэхэм ирагъэсырт.
  • Адыгэм и бгым ищIауэ кърихьэкIырт щалъэ — Iэщэм щахуэ дагъэр зракIэ гъущI щталъэ зэбгъузэнатIэ; фочыр зэрызэпкърах Iэдэ; лъахъстэным къыхэщIыкIа хъуржын. Абыхэм зауэлIым Iэмал къратырт шым къемыхыу и Iэщэр зэригъэпэщыжыну. Шым къепсыхыу бийм фочышэ тезыгъэпсэну хьэзыр адыгэм и дохъутейм кIэрыщIауэ пхъэ быдэ лантIэм къыхэщIыкIа зэпэбаш къыздрихьэкIырт.
  • Iэщэ куэд кIэрыщIат адыгэм: къамэ, фокIэщIитI, сэшхуэрэ фочрэ. Ауэ зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуртэкъым. Зыгуэр къыкIэрылэлу е Iэуэлъауэу щыттэкъым, щхьэж здэщылъыпхъэм деж зэрыщылъым жэщтеуэ кIуэми гу къылъамытэну Iэмал къритырт.
  • Апхуэдэт къэзылъагъухэр IэкIуэлъакIуагърэ IэзагъкIэ зытхьэкъу адыгэхэм я зыузэдыкIэ къызэрымыкIуэр. «ГъэщIэгъуэнщ апхуэдиз Iэщэ зыкIэрыщIа зауэлIыр, — итхыжырт Данилевский-тхыдэджым, — жану, жыджэру къызэрынэр, и Iэпкълъэпкъыр тыншу зэрызэрихьэр. Ауэ адыгэ IэкIуэлъакIуагъыр зэрыплъагъуу, уи фIэщ мэхъу а лъэпкъ пелуаныр мащIэуи къызэрыхэмыщтыкIыр».
  • Адыгэхэм я дзэ нэхъыщхьэр шуудзэрт. Абыхэм я шууей Iэзагъыр пасэрей зэманым зэфIэувагъэнщ. Тхыдэджхэм зэратхыжымкIэ, иужькIэ адыгэ лъэпкъыр къызытехъукIыжа синдхэр яшхэмкIэ цIэрыIуэу щытащ. Ауэ шы Iуэхум къэбэрдей адыгэхэм я деж нэхъ лъагэ дыдэу зыщыщиужьар хуэгъэфэщауэ X лIэщIыгъуэрщ. Хъэзэрхэр къатегуплIа нэужь, а зэманым адыгэхэм я Iыхьэшхуэм я лъапсэжьу щыта Iузэв-хы фIыцIэ Iуфэр ябгынэри, къуэкIыпIэмкIэ кIуэтэн хуей хъуахэт. Апхуэдэут ахэр къызэрыщыхутар Кавказ Ищхъэрэ тафэщIым и къухьэпIэ лъэныкъуэм. Лъэпкъ куэд зэрымыса Кавказ Ищхъэрэ тафэщI хуитым адыгэхэм Iэмал къаритащ бийм зэрыпэщIэувэфын шуудзэ лъэщ зэрагъэпэщыну.
  • ЗауэлI IэщIагъэм хэзыщIыкIхэм зэтехуэу жаIэ къэбэрдей шуудзэм ефIэкI щымыIауэ. Къэбэрдейхэм ирахьэкI зауэлI гъащIэм шым мыхьэнэшхуэ щиубыду щытащ. Адыгэшыр уанэш къабзэт, шум щемыдаIуэ къыхуимыхуэу. ЗэпIэзэрыту, хьэфIым хуэдэу, зейм хуэпэжу, зауэ IэнатIэм зыхидзэ бэлыхь псоми хузэпэщт ар. Адыгэшыр псыми мафIэми щыщтэркъым. Езы адыгэлIри зэрылъэкIкIэ и ныбжьэгъу пэжым йолIалIэ. Адыгэхэм яшхэм нал щIалъхьэртэкъым, шыгъэцIывкIэ кIуэцIыуэртэкъым, зи кIапэм фэм къыхэщIыкIа бзэгу цIыкIу зыфIэлъ щIопщ псыгъуэкIэ фIэкIаи еуэртэкъым, зыри хуамыгъэузу, и теуэкIэм щIигъэIэн къудейуэ. Адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, шым щIопщI хьэлъэкIэ е шыгъэцIывкIэ узэрегуауэм иригъэш фIэкIа, щхьэпагъ закъуи къишэркъым.
  • Адыгэ уанэр уанэ псынщIэщ. Абы шым и тхыр трихыртэкъым, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ телъ хъуми. Теуэ кIуэным пIалъэ иIэу щIадзэрт адыгэхэм яшхэр зыхуей хуагъэзэн: мэкъу иратын щагъэтырт, тепIэн трапхъуэрти кърахуэкIырт, махуэм зыбжанэрэ ягъэпскIырт. Апхуэдэу ягъэхьэзыра шыхэм махуэм верст 60 — 100 зэпачыфырт.
  • Бийм къиухъуреихь хъумэ, адыгэм и шыр иукIыжырти, и фочыр зэпэбашым телъу, абы и къуагъым къуэгъуалъхьэрт, зы шэ къыхуэмынэжыху бийм еуэфын хуэдэу. Иужьреишэр иутIыпща нэужь, и фочри, и сэшхуэри икъутэрти, къамэр IэщIэлъу ажалым хуэкIуэрт. Абы фIыуэ ищIэрт къамэр IэщIэлъыху псэууэ зэраIэрымыхьэнур, арат абы и гулъытэр зытримыгъэкIыр. Бийм псэууэ уIэрыхьэным нэхърэ нэхъ напэтех щымыIэу къалъытэрти, апхуэдэ зэи къагъэхъуртэкъым.
  • Адыгэхэм езыхэм я зэуэкIэ Iэмалхэр кърахьэжьащ. Псом хуэмыдэу абыхэм гу зыщахуа зэуэкIэр уафэхъуэпскIым хуэдэу шуудзэкIэ яхэлъадэурэ сэшхуэкIэ зэрахэлъэщыхьырт. Ауэ гуп-гупурэ теуэ кIуэни я хьэлт. ЩIопщыр яIыгъыу бийхэм яхэлъадэрти, нэсыным лъэбакъуэ тIощI хуэдиз иIэжу фочхэр дохъутейм кърапхъуэтырти ягъауэрт. ИтIанэ ар я плIэмкIэ зэрадзэкIыжырти, сэшхуэкIэ яхэлъэщыхьырт. Е шым зэрытесым хуэдэу къикIуэтыж хуэдэу защIырти, жэрыжэм тету фочыр яузэдыжырт. ЗауэзэрылIым хэт адыгэм и IэбэкIэр псынщIэщ икIи IэкIуэлъакIуэщ.
  • Лъэсу адыгэхэр щызауэр бгыхэмрэ мэзхэмрэт. ЩIыпIэм къуит фейдэр егъэлеяуэ Iэзэу къагъэсэбэпыфырт адыгэхэм, жыгым е мывэ къуагъым къыщыкъуэукIым деж ахэр блэукIыртэкъым, зэбгъэрыкIуахэм тIэкIу зралъэфыхьамэ, щIым къыхэжам ещхьу, я пащхьэм къихутэрти, дунейкъутэжыр къыхуагъакIуэрт. Бийр щикIуэтым деж, щысхь ямыIэу кIэлъеIэрти, зэтраукIэрт. Адыгэхэр зэрызауэ хабзэр губгъуэ зэуэкIэут. ЗэрымыщIэкIэ гуп цIыкIу-цIыкIуурэ зэратеуэм абыхэм ехъулIэныгъэ нэхъыбэ къаритырт, зэуэ гупышхуэу щебгъэрыкIуэм нэхърэ. Яшхэр яутIыпщынти, зыщIыпIэ деж махуэ псом зыщагъэпсэхунт. Жэщым шэсынти, бийм щыщ къыхамынэу зэтраукIэнт. Арат адыгэхэм я зэуэкIэ хьэлыр. Абыхэм я жэщтеуэхэр нэхъыбэм лъыгъажэм хуэкIуэрт, зытеуа зауэлI гупым зыри къащыхэмынэжыр нэхъыбэт. Я лIыгъэмкIэ псори къахьэхуат адыгэхэм, псом хуэмыдэу абыхэм я удын куэд зыгъэва тыркухэр.
  • Адыгэхэр губгъуэм фIэкIа щымызэуэфу щытауэ къэплъытэныр щыуагъэщ. Абыхэм дзэ зэгъэпэщыкIи ящIэрт, уеблэмэ хыдзэ зэрагъэпэщынуи иужь итахэщ. Дзэ зэгъэпэщам пэувын хуей щыхъухэм деж, абыхэм я къуажэхэр быдапIэ хуэдэу яузэдырт, ихъуреягъыр блын задэкIэ къахухьырти, абы и гупэм цIыху зэфIэт зэрыхуэн щIытI къагъэувыжырт. «КъалэкIэ» зэджэ апхуэдэ быдапIэхэм я фIыгъэкIэ адыгэхэм бийхэм зыщахъумэрт. Къуажэшхуэхэм я хъуреягъыр датIыкIырти, зэтратхъуа Iуащхьэ гупэм и деж пхъэ мэIухэр къыIуагъэувэрт.
  • Лъэпкъым  и  псэукIэ хабзэхэр
  • ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ бийхэм езэуэн хуей зэрыхъуам къыхэкIыу, адыгэхэм я псэукIэри зауэ гъащIэм хуэщIа хъуат, езыхэми цIыху хахуэ, бэшэч, лIыгъэ зыхэлъ къищIыкIат. А хьэлхэм къадэкIуэу адыгэхэм шыIэныгъэшхуэ, зэпIэзэрытыгъэ ядэплъагъурт, кIуэ, ахэр бгырыс псоми я хьэлу пхужыIэнущ. Адыгэхэр зэреплъымкIэ, узэхъуапсэр, къыпфIэIуэхур, уигу ирихь-иримыхьхэр къэбгъэлъэгъуэныр цIыхухъум хуэмыфащэ хьэлщ. Адыгэм щэIу макъ къудей зэхыуимыгъэхыу хирург операцэ нэхъ хьэлъэ дыдэри хуэшэчу щытащ.
  • ЗэрымэжалIэр къигъэлъэгъуэныр адыгэм дежкIэ напэтехт. Адыгэр Iэнэм бгъэдэсыху ишхыр мащIэ дыдэт, и IэбэкIэми шыIэныгъэ хэлът. Сыт хуэдизу мымэжалIэми, адыгэм къыхуралъхьам нэхърэ нэхъыбэ ишхынутэкъым, уеблэмэ, тIэкIу къринэнут. ЗэрымымэжалIэр, ауэ лIэщIыгъуэкIэ зэфIэува хьэщIэ хабзэм и хьэтыр зылъагъу бысымым пщIэ зэрыхуищIыр абыкIэ къигъэнаIуэу арат.
  • Езы адыгэм и Iэнэр къызэрыгуэкI дыдэщ, зытеувам тет зэпытщ. ЕрыскъыхэкIхэм я нэхъыбэр зауэ губгъуэм къыщыщхьэпэ, къыздепхьэкIыну тынш шхын гъущэщ. ПIастэ быдэмрэ мэлыл гъэвамрэщ адыгэм и лъэпкъ шхыныгъуэхэм ящыщу езым нэхъыфI дыдэу илъагъур. Псы зыщIэт шхыныгъуэкIэ ерыщтэкъым. Ара къыщэкIынщ адыгэхэр къуэгъу-къуэгъуу, егъэлеяуэ къудану, пкъы лантIэу щIыщыт хабзэр. ЦIыхухъур пшэрыныр абыхэм я дежкIэ напэтехышхуэт. ЗакъуэтIакъуэххэщ адыгэ лIы пшэр ущрихьэлIэр, абыхэми цIыхухэм я жьэр кIэрагъэкIыркъым. ФадэкIи ерыщу зэи щытакъым адыгэхэр. Ефэрейуэ уахэIуэныр напэтехышхуэт, абы къыхэкIыу, чэф урихьэлIэртэкъым.
  • Дунейм къыщытехьа махуэм щегъэжьауэ, адыгэр зауэм хуагъэхьэзырырт. Кавказ лъэпкъхэм я деж щыхэIущIыIу атэлыкъ гъэсэныгъэр, зы еплъыкIэкIэ, сабийр зауэлIу къэгъэтэджын зэрыхуейм и нэщэнэт. Адыгэ сабий пIыкIэм атэлыкъ гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ щиубыду щытащ. Хабзэ хъуауэ, адыгэпщхэм я бынхэр зыпIыр езыхэратэкъым, лIыгъэкIэ, хахуагъкIэ, IэкIуэлъакIуагъкIэ, хабзэ зэращIэмкIэ цIэрыIуэ я мэкъумэшыщIэхэрт. Атэлыкъым и къалэнт и къаныр шы тесыкIэ, нэщанэ еуэкIэ иригъэсэну, жеиншагъэр, мэжэщIалIагъэр, лэжьыгъэ гугъур къыхэмыщтыкIыу ирихьэкIыфу, дзыхь зыхуэпщI хъун гъусэ иIэу теуэхэм кIуэфу, япэщIыкIэ нэхъ Iуэху тыншхэм, иужькIэ нэхъ гугъухэм тегушхуэу. КъинэмыщIауэ, атэлыкъым и гъэсэным фIэщхъуныгъэрэ хабзэрэ хилъхьэн, цIыху хэтыкIэм хуигъэIущын хуейт. И ныбжьыр ирикъуа нэужь, атэлыкъым гъэсэныр и адэм и унэм тыгъэ лъапIэхэр иIыгъыу ишэжырт, езыри гулъытэншэ ящIыртэкъым.
  • И адэм и унэм яшэжа нэужь, адыгэ щIалэм и щхьэцыр яупсырт, Iэщэ къыIэщIалъхьэрти, абдежым къыщыщIэдзауэ цIыхубэм ящыщу къалъытэрт. Ар щIалэгъуалэ зэхуэсхэм кIуэрт, хьэщIэщым щекIуэкI хабзэхэм щыгъуазэ зищIырт.
  • ХьэщIэщыр хьэщIэ зыщIашэ пэш щхьэхуэт. Ауэ ар икIи щIалэгъуалэ зэхуэсыпIэу къалъытэрт. Ар адрей пэшхэм япэIэщIэу щыт хабзэ пэш хуитт, и блыну хъуам гъущIIунэ хэукIарэ Iэщэ-фащэр къегъэщIэрэщIэкIауэ. Абы андез зэрыпщтэн тас-къубгъанрэ бжэныфэм къыхэщIыкIа нэмэзлыкъри щIэлът. Шэнтрэ гъуэлъыпIэ папщIэу хьэщIэщым щIэлъ хабзэт арджэнхэр, алэрыбгъухэр, щIакIуэхэр. ХьэщIэщхэм щIалэгъуалэр я зауэ Iуэхухэм теухуауэ щызэчэнджэщырт. Бийм зэрытеуэну щIыкIэр, щежьэну пIалъэр щызэIэпахырт. Абдеж дыдэми тет яхуэхъунур, я щэхур зыхъумэнур щыхахырт. ЗекIуэ щыкIуэну махуэр, сыхьэтыр, щызэхуэзэну щIыпIэр щаубзыхурт. ЗэхуэсыпIэм псори хьэзыру къекIуэлIэн хуейт. Iэщэ IэщIэмылъу, шы темысу, гъуэмылэншэу къакIуэм и напэр текIауэ зыхахужырт, къуентхъ къратыртэкъым, цIыхухэри къыщыдыхьэшхырт.
  • Iэзэ узыщI
  • джэгукIэхэр
  • МэкъумэшыщIэхэм я бынхэр езыхэм ягъэсэжырт. А лъэныкъуэмкIэ куэду къагъэщхьэпэрт зауэм ухуэзыгъэхьэзыр джэгукIэхэр. Апхуэдэхэм я зы щапхъэщ «диорэ» жыхуаIэ адыгэ джэгукIэр, ар нысашэхэм ирагъэхьэлIэрт. Щауэм и унэм щызэхуэса щIалэгъуалэм бжэгъу кIыхьхэр зэрагъэпэщырти, шур зылъэмыIэсыфын лъагапIэхэм теувэхэрт. Шухэр лъэсхэм ебгъэрыкIуэурэ щIопщкIэ яхэуэрт. Лъэсхэм шухэр шым кърадзыхыну хэту къеуэжхэрт. Сыхьэт бжыгъэкIэ апхуэдэу щызэхэуэ къэхъурт. ДжэгукIэм и мурадыр шухэм язым щауэм и унэм зыщIидзэу ягъэхьэзыра тыгъэр зыIэригъэхьэнырт. Зэзэуэху шухэр бжыхьхэм, блынхэм щхьэпрылъурэ, махъсымэ ягъэхьэзырамрэ дэлэнымрэ зэрызыIэрагъэхьэным иужь итт. Зыгуэрым ар къехъулIэмэ, Iуэхур зэфIэкIат, пщIантIэм тыгъэр къыдахьэрти зэзэуэн щагъэтырт. Шухэр къепсыхырт, лъэсхэми я бжэгъухэр ягъэтIылъырти, зыгъэгуси гукъани къыхэмыхуэу, псори хьэгъуэлIыгъуэ джэгум зэдыхыхьэрт. «Диорэ»-р джэгукIэ шынагъуэхэм хабжэ. Уегупсысмэ, ар зэзауэ дыдэщ, гъущI Iэщэ зэрыхэмытым и закъуэщ ар зауэм къызэрыщхьэщыкIыр. «Абы щымышынэр зауэми щыдзыхэнукъым», — щIыжаIэр арагъэнт.
  • Абы нэхърэ нэхъ зэшыгъуэтэкъым «пыIэзэфIэхь» жыхуаIэ джэгукIэри. Ари хьэгъуэлIыгъуэ махуэм къыдах джэгукIэхэм язт. Нысашэ кIуахэр къежьэжа нэужь, нысащIэр зыщыщ къуажэ щIыбым деж щызэхэувэрт. Иужьрей джэгур зэфIэкIа нэужь, хьэщIэхэм я пыIэхэр къапхъуатэрти, шым тесу я къуажэм кIуэжхэрт. ХьэщIэхэр я пыIэхэр езыхьэжьахэм якIэлъыжэрт. ХьэщIэм и шыр бысымым лъэщIыхьэмэ, и пыIэр къытрихыжырти, аргуэру нысашэм хэувэжырт. ХьэщIэм и шыр нэхъ къарууншэу къыщIэкIмэ, и пыIэм пыкIат.
  • Нысашэр унэм екIуэлIэжыху, нысащIэр джэгукIэ трагъэурт. Зым адрейм и пыIэр къипхъуатэрти, лъагэу дридзейрт. Ар къыщехуэхыжкIэ нэгъуэщI шу гуэр пыIэ драдзеям фочкIэ еуэрти, зэрыжэм хуэдэурэ фочышэкIэ пыIэр пхиудырт.
  • Гу лъытапхъэщ адыгэхэм нэщанэ еуэныр я махуэкъэс зэштегъэупIэхэм язу зэрыщытым. Пасэ зэманым абы щхьэкIэ шабзэ зэрахьэрт, иужькIэ фоч, фокIэщIхэр къежьащ. Адыгэ щIалэгъуалэм яIэщIэмыужагъуэ джэгукIэхэм ящыщт нэщанэ еуэныр. ЩIалэгъуалэр джэгум хэтыну къыщыкIуэ нысашэ махуэм щауэм и унэм нэщанэ щагъэувырт. Ар метр 25 — 30 зи лъагагъ бжэгъум трагъэзагъэрт. Бжэгъум и щхьэкIэ псыгъуэм мелкIэ е фIамыщIкIэ нагъыщэ цIыкIу тращIыхьырт. Бжэгъум и кIапIэ псыгъуэр дэгъэзеяуэ жыгым е щауэм и уэнжакъым кIэращIэрти, еуэн щIадзэрт. Абдежым кърихьэлIа дэтхэнэ зыри хуитт а зэхьэзэхуэм хыхьэну. Тезыгъэхуэфым псори къехъуэхъурт, щауэм къыбгъэдэкIыу нэхъыжьхэм ират хабзэ махъсымэ, дэлэн хуэдэ тыгъэхэр къыIэрыхьэрт.
  • Тыгъэ къэзылэжь нэщанэуапIэхэр адыгэхэм гуауэм епха дауэдапщэхэми къыщызыкъуахырт. Апхуэдэхэм дунейм ехыжам и щыгъынхэр тыгъэу щагуэшырт.
  • Шыгъажэ зэпеуэхэри щыкуэдт адыгэхэм я деж. Абыхэм ящыщт зауэм хэкIуэда е пасэу дунейм ехыжа лIыхъужьым и цIэкIэ зэхаублэ шыгъажэхэр. Абыхэм хагъэхьэрт илъэс 12 — 14 зи ныбжь щIалэ цIыкIухэр, шы 20 — 30-м нэс къызэдагъажэрт, гъуэгум и кIыхьагъкIи зэщхьэщыкIырт ахэр. Шыхъуэхэм яшхэр шыгъажэр зрикIуэну гъуэгум и кIыхьагъкIэ хьэзыру трагуашэрт. Шур кIиину, фиину, IэгукIэ шым теуIуэну хуитт, ауэ щIопщ къигъэщхьэпэныр ядэртэкъым.
  • Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, адыгэхэм пасэ дыдэ зэманхэм «гладиатор зэуэкIэ» зыфIаща, цIыхушхуэ къахэплъэу пелуанхэр щызэрагъэбэн зэхьэзэхуэхэр яIагъэнщ. Абыхэм я лъэужь ущрохьэлIэ адыгэ хъыбарыжьхэм. Апхуэдэ бэнакIуэ зэпеуэ Лабэ Iуфэ хуэзэ Псыкупс къуажэм щекIуэкIауэ къызыхэщ таурыхъ щыIэщ. А къуажэм щыщхэм «бгырыс дыгъужькIэ» еджэхэрт. ЦIыхухэр зэхэту гъэр ящIа гуэр жыгым ирапхырти, езым зэран хуэмыхъун хуэдэу, ихъуреягъкIэ шэхэр щагъэфийрт, ар «къурш дыгъужьхэм» я зэш зэрытрагъэу зэхьэзэхуэхэм язт.
  • Ауэ нэхъыфI дыдэу «къурш дыгъужьхэм» ялъагъу зэхьэзэхуэр «шы мыгъасэм» пеуэнырт. Зэхьэзэхуэм папщIэ удзыпцIэ хуитышхуэ къыхахырти, еплъынухэр ихъуреягъкIэ къетIысэкIырт. Утыкум шы мыгъасэ къраутIыпщхьэрт, абы и ужьым иту гъэру яубыда бзылъхугъэ утыкум кърашэрт. Шэхум хуэдэу и фэр пыкIауэ цIыхубзым зэм зымкIэ, зэм адреймкIэ зидзырт. Щэнейрэ утыкур къэзыжыхьыфар хуит ящIыжырт. Ауэ псэууэ а «лIэныгъэм и утыкум» къикIыжыфаIауэ хъыбар щыIэкъым.
  • Адыгэхэм мывэдз зэпеуи яIащ. ЩIалэгъуалэр къуажэбгъум деж щызэхуэсырти, мывэшхуэхэр, пудитI-щы зи хьэлъагъхэр дэнэ нэс ядзыфми еплъхэрт. ТекIуэр нэхъ жыжьэ зыдзарат.
  • Ауэ нэхъ бэнэкIэ цIэрыIуэ дыдэр цIыху тIурытIурэ зэбэнхэрт. Абы сабийхэр зэрыцIыкIурэ ирагъасэрт.
  • Iэмал щхьэхуэхэр зиIэж бгырыс бэнэкIэм IэкIуэлъакIуагъым нэхърэ къарум мыхьэнэ нэхъ щратырт. Мывэ дзынри зэбэнынри щIалэгъуалэм и къарум зезыгъэужь Iэмалхэм язт.
  • Адыгэ цIыхубэм уи цIэр фIыкIэ зэращыхэбгъэIуэфынур хахуагът, лIыгъэт, псэемыблэжыныгъэт. ЛIыгъэрэ хахуагърэ къэзыгъэлъэгъуа щIалэм уэрэдхэр хуаусырт, абы и цIэр хэти ищIэрт. Зауэм лIыгъэ зэрыщызэрихьэм нэмыщI, утыкум псалъэ щызыIэтыф цIыху жьакIуэм адыгэхэр «лIакъуэбзэгу», нэгъуэщIу жыпIэмэ, «бэм и бзэ» хужаIэрт. «ЛIакъуэбзэгу» зыхужебгъэIэныр адыгэхэм я щытхъухэм я нэхъ лъагэт.
  • Шынэкъэрабгъэхэр псоми я ауант. Абыхэм пщащэхэми дэкIуэн ядэртэкъым. ЩIалагъэм, бжьыфIагъым, беягъым щхьэкIэ адыгэ пщащэхэм къыпхуащIэнур мащIэт, а псор зыбгъэдэлъым пщIэ имыIэмэ. Псэлъыхъу къыщыхихкIи, адыгэ хъыджэбзым зи щхьэцым тхъугъэ хидза лIыхъужь нэхъ къищтэнут «шыдахэмыжэ» шынэкъэрабгъэ нэхърэ.
  • КОКИЕВ  Георгий,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, Ломоносовым и цIэр зэрихьэу
  • Мэзкуу дэт университетым и профессор.
  • 1954  гъэ
  • Франц Рубо. Адыгэхэр зауэм Iуохьэ.