ЩIыгум и блэкIари зэгъэщIапхъэщ
2019-04-16
- Адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр зэрыса щIыналъэм и плIанэпэ куэд къызэхэзыкIухьа лъахэхутэ цIэрыIуэ Ефремов Юрий и IэдакъэщIэкIщ «Хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа щIыпIэхэм япхрыкI лъагъуэхэмкIэ» («Тропами горного Черноморья») и тхылъ гъуэзэджэу илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу здэщы-Iа щIыпIэхэм щилъэгъуахэмрэ гурыгъу-гурыщIэу щызыхищIахэмрэ щытетхыхьыжар.
- ЗэрыщIалэ гурыхуэм, гумызагъэм, къызэрыгуэкI щIыпIаплъэу зэрыщымытым къыхэкIыу, Ефремовым, фIэгъэщIэгъуэн хъури, Москва дэт тхылъ хъумапIэхэм къыщилъыхъуат КъухьэпIэ Кавказыр Урысей къэралыгъуэм зэрызыIэригъэхьа щIыкIэм теухуа дэфтэрхэр.
- «А лъэныкъуэр кIуапIэ щысхуэхъуагъащIэхэм сыдэзыхьэхыу щытар щIыуэпсым и дахагъэмрэ щIыналъэм и зэхэлъыкIэ телъыджэмрэт, — игу къегъэкIыж Ефремовым. — Ауэ, КъухьэпIэ Кавказыр зэгъэцIыхун Iуэхур абыкIэ зэрызэфIэмыкIынур къызгурыIуэжри, япэщIыкIэ Сочэ пэгъунэгъуу щыIэ Къуэбыдэ (Красная поляна, Кбаадэ) щIыпIэм и тхыдэм щыгъуазэ зыхуэсщIыну мурад сщIащ. Нэхъ тыншыр арати, зыгъэпсэхуакIуэхэм къадэлажьэхэм къыздрахьэкI тхыгъэхэм щыгъуазэ зыхуэсщIащ. Телъыджэщ, ауэ фи фIэщ зэрыхъун, абыхэм зи гугъу сщIы щIыналъэм и блэкIам теухуауэ зы псалъэуха нэхъ мыхъуми къыщызгъуэтакъым, «гъуэгугъэлъагъуэхэр тхыдэ хъыбархэм щымыгъуэзэххэу ара, атIэ!» жыуагъэIэу».
- Лъахэхутэм зэритхымкIэ, Къуэбыдэ и Iэшэлъашэм зыщызыгъэпсэхуну гупыж зыщIхэм я дежкIэ куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ, а щIыпIэми КъухьэпIэ Кавказым и адрей плIанэпэхэми пасэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэр къадэлажьэмэ. «Кавказым зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр дэзыхьэхын хуейр абы и щIыуэпсым и дахагъэм и закъуэкъым, атIэ я лъэр здынахус щIыгум ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм я тхыдэми щэнхабзэми хащIыкIыпхъэщ», — щыжеIэ адэкIэ лъахэхутэ цIэрыIуэм а и тхылъым.
- Ефремов Юрий зэритхымкIэ, КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм къизэун щыщIидзари щиухыжари Къуэбыдэ къуэладжэрщ. Ар къыщIыхигъэщыр, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу, бийм пэува шэрджэсхэм а щIыпIэм исахэм нэхъ ерыщ къахэмыкIауэ къызэрилъытэрщ. «Къурш жьанэхэм дэубыдауэ щыта мы тIуащIэр, зэрыекIуэлIэгъуейм къыхэкIыу, адрей щIыналъэхэм япэIэщIэт. Сыщыгъуазэщ, хы ФIыцIэ Iуфэм и кIыхьагъкIэ щаухуауэ щыта япэ урыс быдапIэхэр зэрыщызэтракъутэжами, Урысей пащтыхьым и тIасхъэщIэх Торнау Фёдор и щэхурыкIуэ зекIуэхэм ящыщ зыр мы щIыпIэм зэрыщыпхыкIами, нэгъуэщIхэми…», — щитхыгъат а и тхылъым зи гугъу тщIа лъахэхутэ цIэрыIуэм.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.